СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Внеклассное мероприятие "Анэм и нэпс"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Внеклассное мероприятие "Анэм и нэпс"»





Классщ1ыб дерс зэ1уха

«Анэм и нэпс» повестыр

Зыгъэхьэзырар: Нарткъалэ дэт Шыд

Хьэзрит Къасбот и къуэм и ц1эр зезыхьэ

курыт ет1уанэ еджап1эм къэбэрдей-

шэрджэсыбзэмрэ литературэмк1э

егъэджак1уэ Къурашэ Э. Хь.



2021 гъэ

Урокым и темэр: классщ1ыб къеджэныгъэ «Анэм и нэпс »повестыр

Урокым и мурадыр : 1.Анэм быным хуи1э лъагъуныгъэр повестым

къызэрыщыгъэлъэгъуам тегъэпсэлъыхьын;

2.Абы и идейно-нравственнэ щытык1эмрэ

гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэмрэ

еджак1уэхэм я гупсысэр ешэл1эн;

3.Хэку зауэшхуэм и зэманым ди ц1ыхухэм

ятелъа гугъуехьымрэ хьэзабымрэ повестым

къызэрыхэщыр къызэщ1егъэкъуэжын.

Къехьэл1апхъэхэр:компьютер,презентацэ,тхыгъэр,псалъэжьхэр,усэхэр,кастерыр,видеоролик, сочиненэхэр, псалъэжьхэр, сурэтхэр.



Урокыр зэрек1уэк1ынур.

I.1.Урокыр къызэгъэпэщын (организационнэ лэжьыгъэ).

2.Анэм теухуа макъамэк1э, Тхэгъэлэдж Светланэ и «Анэ» уэрэдымк1э урокыр щ1эдзэн.

3.Усэ»Анэ»

Жэщи махуи тетщ уи нэ1э

Тумыгъэк1ыу быным анэ.

Псэ тыншыгъуэ уэ уимы1э

Плъагъухунк1э ар бынунэу.



Т1ысыжами быныр унэу

Ар сабийуэ уэ къолъытэр.

Умылъагъумэ,уигу зэф1энэу,

Уи псэм япэу къыболъытэр. (Гъубж М.)

II.Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.

( упщ1эхэмрэ лэжьыгъэхэмрэк1э)



1.Повестк1э зэджэр ягу къэгъэк1ыжын.

Повестыр рассказым нэхърэ нэхъ убгъуащ, абы нэхъ лъэхъэнэ нэхъыбэ къызэщ1еубыдэ, персонаж нэхъыбэ (зыхыбл) хэтщ.

1.Сыт хуэдэ лъэхъэнэ повестым къи1уатэ 1уэхугъуэр къыщыхъуар?

(Хэку зауэшхуэм и зэманымрэ зауэ нэужь илъэсхэмрэщ).

2.Дауэ зэ1ущ1эрэ Линэ фызыжьымрэ щ1алэ еджак1уэмрэ?

3.Сыт фхужы1эну Линэ и теплъэм , и щытык1эм теухуауэ ар автобусым щисым щыгъуэ ?

4.Сыт хуэдэ псалъэмакъ къыдэхъуэрэ а т1ум я зэхуакум?

5.Щ1алэр сытк1э дэ1эпыкъуэгъу хуэхъурэ Линэ, ик1и сыт ар абы дэ1эпыкъуну гукъыдэж щ1ищ1ар?

6.Фэтэрым сыт хуэдэ хъыбар къыщыжри1эжрэ Линэ щ1алэщ1э еджак1уэм?

Ар щыжи1эжым абы и теплъэр, и щытык1эр фи нэгу къыщ1эвгъэхьэрэ?

7.Сытыт Линэ щ1алэм епсэлъэнуи, зыкъригъэц1ыхунуи, и 1уэху зэтетыр къригъэщ1энуи щ1ыхуэмеяр?

8.Сыт Линэ еджак1уэ щ1алэм къыхуигъанэр, ик1и сыт абы ахъшэр езым иримыту сеткэм щ1рилъхьар?

9.Линэ къылъыса лейр дауэ зыхищ1эрэт щ1алэщ1эм?

10.Сыт абы мы хъыбар къи1уэтэжыр игу къэзыгъэк1ыжыр?

11. «Уи япэк1э мывэ хъурей бгъажэмэ, у1уощ1эж» псалъэжьыр сытк1э епхьэл1э хъуну мы тхыгъэм?

( Ар къуэмрэ нысэмрэ зэрахьа лейр езы дыдэхэм къазэрылъысыжарщ).

12.Сыт хуэдэ псалъэжь епхьэл1э хъуну абы?

(Iей пщ1ауэ, ф1ы ущымыгугъ)

13.Анэм и гумащ1агъыр, и хьэлэлагъыр, и быным хуи1э ф1ылъагъуныгъэр дауэ тхыгъэм къызэрыхэщыр?

14.Дунейм и теплъэр, и щытык1эр, пейзажыр дауэ къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэм? (пычыгъуэ къеджэн)

15.Сыт тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр?

( Анэр сыт хуэдэ гугъуехьрэ бэлыхьрэ хэмытами-ар сытым и дежи и быным хуэхльэлэлщ, хуэгумащ1эщ, хуэгупц1анэщ.Анэм нэхърэ нэхъ 1эф1 зыри щы1экъым .Аращ мы тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр зыхуэк1уэжри.



Абы теухуауэ зы щапхъэ къахуэхьын:

Зы къуажэ гуэрым зы фыз дэст, зы къуэ закъуэ ф1эк1 имы1эу.Анэм къуэр ип1урэ ар балигъ хъуащ, ик1и жы1эмыда1уэу къэхъуащ.Щ1алэр гуп мыхъумыщ1э гуэрым хэхуащ: куэзыр джэгухэу, ахъшэ къахьу.Апхуэдэурэ щ1алэм и ахъшэшхуэ ф1ахьэхуащ, яритыну и1этэкъым, абы къыхэк1ыуи и «ныбжьэгъухэм» абы къыжра1ащ и анэр иук1рэ абы и гур абыхэм яхуихьмэ, ахъшэ имыту 1уэхур зэф1эк1ыну.апхуэдэу имыщ1эмэ, езыр яук1ыну.Сыт ищ1энт щ1алэм? Дауи, абы 1уэхур зытетыр и анэм жри1ащ,анэми уэ уаук1 нэхърэ, сэ сыбук1ым нэхъыф1щ, жи1эри къуэм анэм зригъэук1ащ. Гур ихьу щ1алэр мэзымк1э к1уэц1рык1ыу, лъэпэрапэри джэлащ, гури сабэм хэхуащ.Сабэм хэхуа гур къэпсалъэри жи1ащ: « Игъэуза1а, си щ1алэ?»

Мис апхуэдизк1э анэгур зэрыгумащ1эр, зэыхьэлэлыр,зэрытхьэмыщк1эр къигъэлъагъуэу аращ мы хъыбарми.

III.Темэр пыщэн.

Анэм теухуауэ видеоролик « Одноглазая мать» жыхуи1эм егъэплъын.

Анэм теухуауэ сыт хуэдэ тхыгъэ феджауэ фщ1эжрэ?

( Къущхьэ Сулът1ан «Анэ», Кулиев Кайсын « Анэ).

А тхыгъэхэр сытк1э зэщхь, сытк1э зэщхьэщык1рэ?

(Зэщхьу хэлъыр - псоми анэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэрщ, зэрызэщхьэщык1ыр- ар лъэныкъуэ зырызк1э къызэрыгъэлъэгъуарщ).

Анэм теухуауэ сыт хуэдэ усэхэр фщ1эрэ?

(Усэ ящ1эхэр жегъэ1эн)

Къурашэ Эммэ «Анэ псэ 1эф1ым сыдожей »

Сф1ыщ1эжу нэпсхэр, стхым телъалъэу

Мы усэр, си анэ. Уэ пхузотх.

Ус1эщ1ихауэ гъащ1эм пасэу,

Си гущ1эр гуауэм къысф1ретхъ.



Уи ныбжь зыщ1ып1и нэмысами,

Узыжьым ар игъэк1уэтащ,

Ди гущхьэм зыми къэмык1ами,

Щ1ы ф1ыц1эр щ1эхыу уэ п1ухуащ.



Схузэф1эмыкк1ыу куэдрэ къохъур ,

1эмал имы1эу сыплъыхъуэн,

Сыноупщ1ыну гъащ1э 1уэхук1э,

Сэ си чэнджэщхэр уэсхьэл1эн.



Уи кхъащхьэм куэдрэ сэ сынок1уэ,

Бзэмы1уу сэ сынопсэлъэф.

Къысф1ощ1ыр уэри джэрпэджэжу

Жэуап си упщ1эм къептыжыф.



Абдежым си гур къызэф1онэ,

Слъэмык1ыу си лъэр сэ сф1ыщ1оху.

Сыхэтым ещхьу сэ жэщ пщ1ыхым,

Анэ псэ 1эф1ым сыдожей.



Гукъэк1ыжыф1хэм са1ул1ауэ,

Хуэм-хуэму сэ зызо1этыж,

1э дызолъэж анэ фэеплъми,

Кхъэ пщ1ант1эм сэ сыкъыдок1ыж.



Ц1ыху псоми сэ зывхузогъазэ,

Псалъэжьым пц1ы имыупса,

Щы1энкъым анэм нэхъ ц1ыху лъап1э,

Флъэк1ыф анэгур фэ фхъумэн!



Аф1эунэ Лиуан «Анэр лъап1эщ».

Анэр лъап1эщ,

Анэр гуапэщ.

Ар си1эхук1э си дунейщ!

Нэхъ гумащ1э, нэхъ гупц1анэ,

Нэхъ хьэлэли гъуэтыгъуейщ.



Бицу Анатолэ « Зэгуэр уи анэм…».

Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,

Ухэтми дэпым уэ зэщ1эувы1ык1.

Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,

Ажалу щытми къожьэр къызэплъэк1.



Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,

Сэр ныкъуэкъихмэ, самп1эм ар илъхьэж.

Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,

Шэ бут1ыпщам лъэщ1ыхьи къегъэгъэзэж.



Маф1эс, къурш лъалъэ,

Дунейр зыхьыж псыдзэ.

Щымы1э, си анэ, сэ сызыубыдын.

Щызэхэсхам къыбжьэдэк1ауэ, си ц1э,

Ар схулъэк1ынущ, сэ уэ сурибынщ.



Ауэ сыкъожал1эм щтэ1эщтаблэу,

Дапщэщи хуэдэу къызже1э къудей

«Сигу укъэк1ауэ арат т1эк1у , си щ1алэ»

Гуф1эгъуэм си псэр хэтк1ухьынщ абдей.

Семыжьэ,хьэуэ 1ей,

Тхьэм имыухк1э къэхъуну,

Яужь дыдэ сыщебджэж.

Ит1ани къытезгъазэу жызо1эж:

Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,

И пащхьэм псынщ1эу нэси сыну щыж.



Бицу Анатолэ «Мамэ»

Сыту пасэу жьы ухъуа уэ, мамэ,

Сыту к1асэу сэ балигъ сыхъуа.

Жэщи махуи иджы 1э бдэслъами,

Схуэщ1ыжын сэ щ1алэ уи щхьэ тхъуар?



Сот1ысэх уи гъащ1эм сегупсысуи ,

Хъуам уи теплъэм къезытар гухэщ1.

Зэрешам уэ апхуэдизу уи псэр

Си зэрану куэд хэлъу къысф1ощ1.



Дунейм теткъым хунэсауэ анэм ,

Хуищ1эжыну игу илъ псор зы бын.

Ауэ мырщ сэ жи1эр сигу ит1ани:

Си гулъытэ пасэр уэ пщ1ыгъуамэ,

Щ1эх мыпхуэдэу , мамэ, умыхъунт.

А гупсысэм сэ иджы сыкъес,

Уэ уи гъащ1эр уохь иджы хэлъ-хэсу,

Сэри уи п1э лъапэм,мис сытесщ.

Схупыщэну махуэ сщ1ам уи гъащ1эм,

Уэ си гъащ1эр щхьэузыхь пхуэсщ1ынт.

Махуэ къэс иджы сыныпхуоп1ащ1э,

Си нэ къик1ыу уэ сынып1уплъэн.



Апажэ Ахьмэд « Анэ».

Уэ напэ уи1эм, анэм хуэпэж,

Уи жагъуэ къищ1ми, уемыгуэуэж.

Уи 1уэхур 1еймэ,ар мэгу1эж,

Ф1ы къохъул1амэ, къощ1эрэщ1эж.



Щомахуэ Амырхъан « Уэ иджыри жьы ухъуакъым, мамэ».



Уэ иджыри жьы ухъуакъым , мамэ,

Ум щхьэц налъэр хъуами уэс чэсей.

Сыт щ1ыжып1эр жьы ухъауэ, мамэ,

Хъурэ жьы Хэку=анэр,щ1ыр,дунейр?.

Гъатхэ пасэу ди щ1эщыгъуэ, ди анэ,

Жьы ухъуакъым, уэ иджыри,мамэ.



Жьы ухъуакъым уэ иджыри ,мамэ,

Нэк1у дыщафэм ибэми зэлъа.

Сыт щ1ыжып1эр жьы ухъуауэ, мамэ,

Уи 1эужь тетыхук1э щ1ы хъурейм.



Гу щабагъэр зи фэеплъу,анэ,

Псэм и щ1асэу, нэм и хъуахуэу,мамэ,

Зи 1эф1ыгъэр гъащ1э къару щэху.

Сыт щ1ыжып1эр жьы ухъуауэ,мамэ.

Уи псэр 1уту ц1ыху дунейм тетыху?

Уэ жумы1э жьы ухъуауэ, мамэ,

Жьы ухъуакъым уэ иджыри,мамэ.



Жырк1агуэ Фэтихь (Сирие) « Анэм и макъыр».



Анэм и макъыр къыщызэубзэк1э,

Бзухэм я макъыр сф1ощ1 ефэгъуэк1.

Гъащ1э, зыгуэрк1э укъысхуэупсэмэ.

Анэм и макъым сыпомыгъэк1.

IV.Бзэм зезвгъэужь лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын.



Анэм теухуауэ ятха сочиненэхэм къегъэджэн.

« Ди анэхэр дывгъэхъумэ».

« Анэр нэм хуэдэщ».

« Си псэу, си мамэ!»



Анэм теухуа псалъэжьхэр жыдвгъэ1эт, иджы.

1.Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.

2.Адэр дэм хуэдэщи, анэр нэм хуэдэщ.

3.Анэ зимы1эм гу1эр и махуэщ.

4.Анэ зимы1э сабийр , адэ и1эми, ибафэщ.

5.Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.

6.Анэнэп1эсыр уэсым нэхърэ нэхъ щ1ы1эщ.

7.Анэшыпхъу анэ палъэщ, адэкъуэш адэ палъэщ.

8.Къомыхъуэжынур, къомыщэжынур -уи анэрэ уи нит1рэщ.

9.Анэ быдзышэм щ1акхъуэри кхъуейри хэлъщ.

10.Анэм и 1эр ину и1этми, хуэму тохуэ.

Анэнэп1эсым и 1эр ц1ык1уу и1этми, ину тохуэ.



Доскам ф1элъ сурэтым къыщыгъэлъэгъуар повестым и сыт хуэдэ 1ыхьэм деж епхьэл1э хъуну? ( Студентым нанэр автобусым дэ1эпыкъуурэ къыщришым деж).



Дигу къэдвгъэгъэк1ыжыт, 1уэры1уатэмрэ литературэмрэ я зэпыщ1эныгъэр.

( Ди адыгэ тхак1уэ, усак1уэхэм я тхыгъэ куэдхэм 1уэры1уатэр лъабжьэ зэрыхуэхъур).

1уэры1уатэм щыщ хъыбарыжьу сыт хуэдэ епхьэл1э хъуну мы тхыгъэм?

«Нартхэм япэм яхэлъа хабзэжьыр», «Нарт Бэдынокъуэ нартхэм къахилъхьа хабзэф1ым» тегъэпсэлъыхьын.

V. Темэр егъэбыдыл1эн.

Сыт нобэ щ1эуэ къэтщ1ар?

Анэм нэхърэ нэхъапэ зэрыщымы1эр, ар ф1ыуэ лъагъун зэрыхуейр, анэм и псалъэ т1у зэрымыщ1ын хуейр, и гум, и псэм ежэл1эн псалъэ, 1уэху лэжьын зэрыхуэмейр.

Иджыпсту нобэ ди повестым хэта литературнэ л1ыхъужь нэхъыщхьэ Линэ и образыр кластерк1э зэхэдгъэувэжынщ.



Кластерыр

Иджы адрей къэна псалъэхэр хэт зэтхьэл1э хъунур? (Жэуапхэр).

Нобэрей гъащ1эм дыщрихьэл1эу п1эрэ анэм пщ1э хуэзымыщ1хэм?

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэрей ди зэманым щы1эщ адэ-анэхэм емыда1уэ, пщ1э яхуэзымыщ1, уеблэмэ, езыхэр псэууэ , « Жьы хъуахэр щап1ыж» унэм езыт.Ар хуабжьу емык1ушхуэщ. Абы и щапхъэщ доскам к1эрылъ сурэтыр.

Стардом сурэтыр

Апхуэдэ 1уэхугъуэ блэжьыну ди адыгэ напэми , хабзэми, нэмысми къезэгъыркъым.Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми къыгуры1уэу щытын хуейщ, дэ тщ1эр ди бынхэм къыдащ1эжынк1э зэрыхъунур.Мис абы псори дегупсысу дыпсэун хуейщ.

VI.Унэ лэжьыгъэр етын.

Къык1элъык1уэ классщ1ыб къеджэныгъэм зы хъыбар ягъэхьэзырыну.

VII. Урокыр егъэбыдыл1эн.

Нэхущ Чэрим и « Анэ» уэрэдымк1э.