СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Внеклассное мероприятие "Гъагъэ, ефIакIуэ, Джылахъстэней!"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Внеклассное мероприятие "Гъагъэ, ефIакIуэ, Джылахъстэней!

Просмотр содержимого документа
«Внеклассное мероприятие "Гъагъэ, ефIакIуэ, Джылахъстэней!"»

КлассщIыб лэжьыгъэ

Гъагъэ, ефIакIуэ, Джылахъстэней !

Езыгъ.I-ФIэхъус апщий,нобэ ди пшыхьым кърихьэлIа псоми! Ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ!

Езыгъ.2Адыгэм хабзэр и бзыпхъэщ, Iуэху щиублэкIэ,хъуэхъукIэ щIедз.Дэри а хабзэр нобэ ткъутэнкъым.Ди зэIущIэр дыхуейщ къызэIутхыну ди лъэпкъым теухуа хъуэхъукIэ.

Едж.IМаржэ, ди щIэблэу лъэпкъым и набдзэ,

Адыгэ хабзэр фи псэу фыпсэу,

КъытщIэхъуэ щIэблэр лъэпкъым и набдзэу,

Хабзэ дахащэм дэ дропсэу.

Едж.2Ди лъэпкъ Iумахуэу адыгэ лъэпкъыр,

Хабзэр я бзыпхъэу тетщ дуней псом,

Къаджэм пэджэжу,жанщ я Iэпкълъэпкъыр,

Зэбын, зэунэу, зэпсэу допсэу.

Езыгъ.IДи хьэщIэ лъапIэхэ! Дэ нобэ фи пащхьэ итлъхьэну дыхуейщ фIыщэу тлъагъу ди Джылахъстэней щIыналъэм и къалащхьэ Тэрч илъэсищэрэ плIыщIрэ щрикъум ирихьэлIэу дгъэхьэзыра пшыхь.

«Джылахъстэней» усэ. (макъамэ щIэту)

Псэм и щIасэу Джылахъстэней,

Налкъут насмэсыр зи щыгъэ

Зи щIыхьыр дахэу ди щIыгу

Тэрч и толъкъуным дэгъагъэ

Адэжь щIыналъэм и щIыгу.

Нэмыс мыухым и щIыпIэ

Хабзэ дахащэм и Хэку

ТхьэIухуд нэсхэм я лъахэ

ЩIалэщIэ есхэр зи куэд

Джылахъстэнейуэ ди напIэ

Ди псэм и хъуахуэу щIыналъэ

Уэ упыщIащи ди гъащIэм

Мы дунейшхуэр дыдейщ.

Илъэс Iэджэ хъуауэ дэ дызэдопсэу,

Зым Iэпыхур зым къищтэжу,

Лъагъуныгъэ ди якум дэлъу,

НэхъыжьыфIхэм пщIэ яхуэтщIу,

НэхъыщIэхэр фIыуэ дызэрылъагъуу.

Дэ дыпсэукъым, зы лIыр джэдыгуибгъурэ, лIибгъур джэдыгуншэу.

«Джылахъстэней» уэрэдыр жаIэ.

Едж.Абгъуэм къикIыу бзум лъэтэнум,

Хуейкъэ дамэр ишэщIын.

ЦIыхум цIыхуу зилъытэнум,

Хуейкъэ тхыдэм хищIыкIын.

Езыгъ.2Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми мы уафэшхуэм и щIагъым щиIэщ зыпищI щымыIэ щIыпIэ ,къыддалъхуа, ди бынжэр щыпаупщIа щIы кIапэ тIэкIу,иужькIэ дэнэ дыщымыIами, ар тщымыгъупщэу допсэу,а щIыпIэм епха псори ди псэм и лъащIэм щыдохъумэ.Псэм щытхъумэ закъуэ мыхъуу,дыхуейщ фэри щыгъуазэ фытщIыну ди Джылахъстэней щIыналъэм. Абы ехьэлIауэ ди лицейм и еджакIуэхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэм щыщ Iыхьэ фи пащхьэ идолъхьэ.



Едж.Хъыбарыжьхэм къызэрыхэщымкIэ, е I4-I7 лIэщIыгъуэхэм къриубыдэу Къэбэрдейр тIууэ гуэша хъуащ: Къэбэрдейшхуэрэ Къэбэрдей цIыкIуу. Е-I8 –нэ лIэщIыгъуэм,тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Къэбэрдей цIыкIур унагъуэ щий хъууэ арат.Талъостэнейр-унагъуэ щих хъурт.Ауэ пасэм адыгэ унагъуэхэр унагъуэшхуэу зэрыщытар къэплъытэмэ,ахэр бжыгъэ мащIэтэкъым.

НэгъуэщI хъыбарыжьхэм къыхощыж пщы Инал и къуэрылъхухэм я быныжхэу Идар,Талъостэн,Беслъэн,Джылахъстэн сымэ унафэр щаIэщIэлъа зэманым къэхъуауэ,Идаррэ Беслъэнрэ КъэбэрдеишхуэкIэ зэджэ щIыналъэм къинауэ,Джылахъстэнрэ Талъостэнрэ иджырей Джылахъстэнейм и щIыналъэм къэIэпхъуауэ,Джылахъстэн и щIыналъэм Джылахъстэней фIащыжащ.Абы хыхьащ Талъостэнейм щыщу Тэрчыпсым и ижь лъэныкъуэм Iуса жылэхэри.Дауэ мыхъуми, Джылахъстэнейм и цIэр пыщIауэ долъагъу пщы Инал.

Едж.Хьэлэмэтщ Муртазэхэ я къекIуэкIыкIари. Ахэр Тэрч и адрыщI лъэныкъуэм щыпсэуащ.ЛъыщIэж хабзэ бзаджэм ипкъ иткIэ Муртазэхэ я лъэпкъыр кIуэдыжащ.Хабзэ ткIийм зыщихъумэу Муртазэхэ я нысэр и дыщ ХьэпцIей игъэзэжащ.А нысащIэм игъуэта сабийм къытекIыжащ Муртазэ лъэпкъыр.Ахэр иужькIэ къитIысхьэжащ иджырей Мэртэзей къуажэр здыщыпсэу щIыналъэм.Апхуэдэ щIыкIэкIэ цIэ игъуэтащ Мэртэзей къуажэми.

Революцэм,Сталиным и зэманым екIуэкIа Iуэху мыщхьэпэхэми,иужькIэ Хэку зауэшхуэми Муртазэхэ я лъэр щIиудыжащ.

Лъэпкъыр кIуэдами,ахэм я цIэр фIащыжащ Муртазэхэ щыпсэуа щIыпIэм пэмыжыжьэу къыщызэIуаха гъущI гъуэгу станцым.

Едж.Тэрчым и тхыдэри щыщIедзэ минрэ щийрэ блыщIрэ хы (I876) гъэм, а станцыр лэжьэн зэрыщIидзам щIыгъуу минрэ щибгъурэ тIощI (I920) гъэм къащта унафэмкIэ.А гъэ дыдэм Муртазовэ станцым и Iэгъуэблагъуэм къетIысэкIа жылэ цIыкIум Тэрч цIэр фIащащ,зи Iуфэ Iус Тэрчыпс уэрым и цIэкIэ, икIи окружной центр ящIащ.

Минрэ щибгъурэ хыщIрэ блы (I967) гъэм абы къыхуагъэфащэ къалэ цIэр.А цIэ лъапIэр екIуу зэрихьащ си къалэм, нэхъри ефIакIуэу, щIэращIэ хъу зэпыту илъэсищэрэ плIыщIкIэ.

Езыгъ.IЗи акъылыр жыжьэ плъэуэ,захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ и телъхьэу псэуа,ди тхыдэм щыцIэрыIуэ лIы Iущ Къэзэнокъуэ Жэбагъы жиIэгъат: «ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу». Нобэ Джылахъстэнейм нэхъ къулеягъэшхуэу иIэр и цIыхухэр арщ.Абыхэм къыхэкIащ дунейм цIэрыIуэ щыхъуа цIыхушхуэхэр, щIэныгъэлIхэр, лIыхъужьхэр, тхакIуэхэр, сурэтыщI Iэзэхэр.Нобэ хуэдэ махуэм щхьэпэщ абыхэм я цIэ къипIуэну.

Едж.Тэрчым и бын пажэхэу:

Мэлбахъуэ Темборэ-районым и Iэтащхьэу щытащ;

Сэхъу Владимир-госдумэм и депутату лэжьащ;

КIэрэф Мурэдин-

Едж.Зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу:

Гъасташэ Наталья

Къумыкъу Хьэмыщэ

Быдэ Хьэсэн

Пщыншэ Галим

Хьэтыхъу Эдик

Хьэрэдурэ Динэ

Бэрэгъун Марьянэ

Шэрыб Валерэ

Нэфлъашэ Светэ

Гуазэ Тимур

Iэбэнокъуэ Рустам

Тут Заур

Хъыдзэдж Борис

Емкъуж Анзор

Едж.Адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, Джылахъстэней щIыналъэр дунейпсо утыку изыша тхакIуэ,усакIуэ Iэзэхэу:

Бэрэгъун Мухьэмэд

Емкъуж Мухьэмэд

Тубай Мухьэмэд

Щомахуэ Амырхъан

Сокъур Мусэрбий

Теунэ Хьэчим

Iэщыж Борис

ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ

Тхьэгъэзит Зубер

Къэжэр Петр

КIуантIэ Iэзид

ХьэкIуащэ Андрей

Едж.Олимп джэгум,Дунейпсо зэпеуэхэм увыпIэ нэхъыщхьэхэр къэзыхьахэу:

Ахэмын Еленэ

Бэхътыр Петр

Хъущт Аслъэнбэч

Умар Артем

Шерий Амир

Хъущт Iэхьмэд

Езыгъ.2 Ди езанэ еджапIэм и тхыдэми щымащIэкъым апхуэдэ цIыхухэр.

Едж. Дэ тщыгъупщакъым ди еджапIэм щеджэгъахэр. Дропагэ зэфIэкI инхэр зиIэ хъуа цIыху нэсхэм.ЩIэныгъэфIхэр ди еджапIэм къызэрыщIахам.

Едж. Ди еджапIэр къэзыуха цIыху цIэрыIуэхэм щыщщ:

Едж. Пэнагуэ Максим Азэмэтджэрий и къуэр-щIыпIэ администрацэм и унафэщI IэнатIэм илъэс куэдкIэ пэрытар.

Едж. Гуо Музэ- Нью-Йорк къалэм Христофор Колумб и цIэр зезыхьэу дэт институтым и дохутыр пэрыту лэжьащ.

Едж. Джэтыгъэжь Аслъэн, ГъукIэпщ Алексей, КIэрэф Валерэ –илъэс куэдкIэ къулыкъу пэрытхэр районым щызыIыгъахэр.

Едж. Шынтыкъуэ Хьэсбиянрэ Бекъшокъуэ Анярэ-псэемыблэжу сабийм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ етыным телэжьахэр.

Едж. Дэ «щIэблэр» абыхэм дрогушхуэ,ди щхьэр лъагэу дагъэIэт, щапхъэ тхуохъу.

Езыгъ.I«Анэ IэфIагъкIэ дызыгъэнщIа,

Адэ Iущагъэр къытхэзылъхьа,

ГугъэфI къегъэщIыр уэ уи пщэдейм.

Хабзэ,нэмыскIэ уэ укъулейщ.»

ЩIэпщакIуэ

Езыгъ.2 Тхыдэм и мызакъуэу дэ дыщыгъуазэщ ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэжьхэм.Абыхэм щыщщ сабий кIэлъызэрахьэ хабзэхэу -гущэхэпхэ,кхъуейплъыжькIэрыщIэ,лъэтеувэ;хьэгъуэлIыгъуэм ехьэлIауэ –нысашэ, унэишэ , щауэишэж, ныуэжь щIэпхъуэж, нэгъуэщIхэри. Хабзэжьхэм щыщу дэ нэхъ гъэщIэгъуэн тщыхъуащ «ЩIэпщакIуэ» хабзэр, икIи фэдгъэлъагъуну дыхуейт.

Едж. Адыгэм пасэм зэрыжаIэу щытаращи, «хущхъуэр зыщхьэмыпэм псалъэр щхьэпэ хуохъур».Щхьэпэ щIалэ сымаджэм хуэхъуа «ЩIэпщакIуэ» хабзэр зэрекIуэкIыу щытар мыпхуэдэущ.

ЩIэпщакIуэ зыхуащIыр зи къупщхьэ къутар е уIэгъэ хьэлъэ зытелъхэрт. «Пщэ», «епщэ» псалъэхэм къытекIауэ хуагъэфащэ.Нобэм жаIэ щIэупщакIуэ псалъэри абы къытекIыжауэ.

ЩIэпщакIуэр щызэхыхьэр пшапэ зэхэуэгъуэрт.Абы еджэ хэмыту зыхэзыха дэтхэнэ зыри къекIуэлIэну хуитт.Хъыджэбзхэм «щIэпщакIуэ мэжаджэ»,шхын щIэщыгъуэхэр здахьырт.

Пшапэ зэхэуэгъуэм къекIуэлIа дэтхэнэри уадэ цIыкIукIэ бжэ щIыхьэпIэм фIэдза вабдзэм еуэн хуейт.

ЩIэпщакIуэм кърихьэлIахэм гупитIу загуэшт: щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ. ЩIалэхэм щыщу кIэгъу хахт.Ар щIопщкIэ «кIуэцIакъухьу» защIт. КIэгъур зэрыдэуейм-зэрыдэлъейм сымаджэри игъэдыхьэшхыу. ЩIалэгъуалэр гушыIэрт, хъуэр псалъэхэр зэпадзу.

ЩI. Ди тхьэрыкъуэ пщэхухэм фи Iуэхур зэкIэ лъэныкъуэ евгъэзи.

Къудан щIалэфIхэр тIэкIу къыдэфхьэх.

Фи Iупэ цIыкIухэр балий ныкъуэхъуу къивлыкI.

Фи напIэр вгъэлIи,

Унэкур вгъуэтмэ, фи джатэр къифх.

ЩI.(игу ирихьа пщащэм жреIэ)

Жылэр къехъуапсэрэ псэр игъэтышмэ-ар Чэзибанщ.

Хъ. ЛъащIэм къыщIэпщрэ мырэмысэм къепщылIэмэ Къэралщ.

ЩI.И щхьэцыр кIыхьрэ и акъылыр нэхъ кIыхьыжмэ-

Хъ.Лэгъуп пкъом къыдэплъурэ хьэнтхъупс щхьэкIэ зиплъыхьмэ Былэчщ.

ЩI.Пшынэр игъэджэгумэ джэгур игъэдахэмэ Дыжьынэщ.

Хъ. Цей Iэщхьэр лалэрэ,лал жиIэу къижыхьым МытIутIщ.

ЩI.Тхьэрыкъуэ пщэхурэ IуэхущIафэ дахэмэ КIэфIыцIэщ.

Хъ. Гуэншэрыкъ лъащхьэхъурэ шыфэ гъур бгырыпхмэ Гуагуэщ.

ЩI.Дахэм и напэ пIастэ ирагъэпщIыркъым.

Хъ. Дахагъэм дагъуищэ егъэпщкIур.

ЩI. ЗызыщIэж щыIатэмэ, зызылIэж щыIэнт.

Хъ. Сыномысэлъэну сыбзагуэкъым,

Удж бдэзмыщIынуи сыпагэкъым.

УуэршэракIуэмэ, шэщIэхум кIуэ,

Ухъыджэбзаплъэмэ, усхэкIыжащ.

ЩI. УIуэрбжэрылэу хэт ищIэнт,

Уд фызыжь щIыкIэу щIыкIей.

Къаз къурмэкъейуэ пщэ псыгъуэ,

УтхьэIухудуи уимыгугъэж.

Хъ. Бгъэплъыщэмэ, мывэри зэгуоуд. Сызэгуэбгъэудыну уи гугъэмэ,ущоуэ.

ЩI. ГушыIэкIэ зымыщIэ IэштIымкIэ мауэ.

Хъ. Бадзэм и кIуэдыжыгъуэм дзэкъэрей мэхъу.

Дж. Дахэм къимыхь Iейм къихьыркъым.

ЩI. Жэщыр си махуэу

Махуэр си псэхупIэу

ПIэкIуэцI симыгъуалъхьэу

Сэ сызылъыхъуэ Хъуэстхэ

Япхъу гъэфIэнырати, укъэзгъуэтащ…

Иджы укъэсшэну сыхуейщи,

СызытемыкIынымкIэ сыпхуоупсэри къэдаIуэ:

Лъэпс имыIэу шырыкъуитI

«ЦIутI» жимыIэу зы пшынэжь,

Дыжьын я гугъэу зы аршав щIыIу

Уи пхъуантэ кIапэ ныпхудэслъхьэнщ.

Си лэгъунэбжэр пхузэIусхынщ.

Хъ. Уэ сэ слъагъур,щIалэ фIыцIэжь цIыкIу,

Iэзэгъуазэ уолъыхъуэ

Ауэ щыхъукIэ:

Аргъуей зэз,

Бадзэ тхьэмщIыгъу,

ПкIауэ ныбапхъэ къэхьи сыноIэзэнщ,

Си Iэзэгъуэр сэбэп къыпхуэхъурэ,

Иджыри зэ укъыслъыхъуну

Гукъыдэж пщIымэ,

ХъуэнкIэ псалъэ иумыгъажьэ,

Iуэхур жьажьэуи уэ зумыхьэ,

Къысхуэпхьыфынум

Джылэхъстэнейм зы къаз,

Шэшэным зы бзу,

Гъэмахуэм къесауэ зы уэс Iэбжьыгу,

ЩIымахуэм къэкIауэ зы удз IэмыщIэ

ПIыгъыу укъысхуэкIуэмэ,

СыныбдэмыкIуэм си тобэщ.

Арыншамэ, си напIэр

КъыпхуэсIэтынкIэ укъысщымыгугъмэ,

Уи гурыгъыр ижынщи,

Уи гур джабэм ежэхынщ.



ЩI. Уэ натIэ гъуджэр,

Уэ джэгукIэ мыщIэр,

ЗызмыщIэжу дэпсэлъейр,

Зи лъэ вакъэ изылъхьэр,

ЖьэкIэ къэзыгъаплъэм,

Уи мэ къысщIихьэнуи,

Сызыхуэмеиххэщ.

Укъэмыщтэ,си тIасэ,

Уи унагъуэ дахэу исыж

Илъэсищэ гъащIэкIэ…

ЩI. Зэ къэувыIэт си ныбжьэгъужь,

Армыхъуамэ укъэгубжьынурэ,

ГъэфIэж къыптехуэнущ.

Абы нэхърэ уи лъэгум

ДыщIэгъаплъи нэхъыфIщ,

Хъыджэбзри нэхъ къыдэпхьэхынкIи хъунщ.

ЩI. Уей, сэ мы Хъуэстхэ

Япхъу пагэм жыхуиIэ

Си гурыгъ джабэм ежэхар

Къыдэеижыху къафэ симыIэ.

Абы нэхърэ си ныбжьэгъухэр

Къэвгъафи нэхъыфIщ.

ДжэгуакIуэ. Къэвгъанэт иджы фэ хъуэрыбзэр,

Фэ фыщIалэфIыр пэжмэ,

Фи къуажэ хъыджэбзхэр къыдэфхьэхыф.

Фэри, фыхъыджэбзыфIыр пэжмэ,

Фи къуажэ щIалэхэм фемыгуэуэкI.

Иджы фи щIэнэкIалъэхэр щывгъэти,

Фи лъэгум зэ дыщIэвгъаплъэ,

Феуэ иджы Iэгум…(къафэ)

Зэрытлъэгъуащи, джэгурэ гушыIэкIэрэ гъэнщIауэ екIуэкIа а щIэпщакIуэм къекIуэлIахэм я гур зэIухауэ хэтт, зыгъэгуси, жагъуэ щIыни хэмыту.

«Ди нэхъыжьыфIхэм хъуэхъур яIэт,

Пэжагъэр тхэлъу дунейм дытетщ.

Джылахъстэнейхэр дэ дызэкъуэтщ,

ХьэщIэ къытхуэкIуэм дыкъимыкIуэт»

Адыгэм хьэщIэ и щIасэщ. Нобэрей тхьэлъэIум хьэщIэ лъапIэ куэд кърихьэлIащ.Зэрыхабзэщи, хьэщIэ нышымрэ щхьэлъэныкъуэр къахь.

ХьэщIэ нэхъыжь.

- Уэлэхьи хъарзынэу дыщысам, хабзэфIи къыткIэлъызефхьам. Иджы , Аубэчыр, адэкIэ хабзэ къытхуэпщIэныр, шыгъу пIастэ дыбгъэшхыныр тхузэфIэгъэкIи дегъэжьэж.

Хэгъэрей нэхъыжь.

- ХьэщIэ нышыр къэхь,щIалэ.

- УщIэлъэIуа хьэщIэ нышыр къыпхуезгъэхьащ.

(апхуэдэу жеIэри блэгъур хьэщIэ нэхъыжьым хутрегъэувэ)

Мыр къутэ, иплъи, дыгъэшх.

ХьэщIэ нэхъыжь.

- Тхьэр арэзы къыпхухъу, хьэщIэ ныш фыукIын фиIэу, зыхуэвукIын хьэщIэ фикуэду, гуфIэгъуэкIэ шыгъу- пIастэ къэзыщтэн лъэпкъыжь Тхьэм фищI. Сэ мыр скъутэнкъым, хьэщIэ нышыр къытхуебгъэхьащи, берычэт бесын, мыр уэ тхуэкъути иплъэ. (жеIэри хэгъэрейм деж къытрегъэувэж)

Хэгъэрей нэхъыжь

- Мы дызэрыс унагъуэр, гуфIэгъуэр щекIуэкI лъэпкъым хьэщIэ куэдрэ гIфIэгъуэкIэ къалъихьэу, хьэщIэ ныш хуагъэхьэзырыфу, апхуэдэ берычэт Тхьэм къарит.

Псоми «Тхьэм жиIэ» жаIэ.

(блэгъур екъутэри Iэнэм щысхэм яхуегуэш, блэгъур зэIэпахкъым, и бгъум щысхэри йоплъэри, ещанэм блэгъур дичыну хуитщ)

- Нэхущ, Iуэхур угъурлы Тхьэ ищI,ФIы тхьэм къыдигъакIуэ.

ХьэщIэ нэхъыжь

- НытIэ, къыкIэлъыкIуэ хабзэр къытхуэпщIэу дебгъэжьэжыну сынолъэIу.

Хэгъэрей нэхъыжь

- Щхьэлъэныкъуэ къэхь, щIалэ.(щхьэгъэрытым жреIэ)

- ХьэщIэ нышым и щхьэлъэныкъуэр къыпхуезгъэхьащи, уэ хабзэр адэкIэ егъэкIуэкI, итIанэ хуит фысщIынщ. (щхьэр къещтэри хъуэхъу жеIэ)

ХьэщIэ нэхъыжь

- Берычэт бесын, пщIэ къытхуэфщIащ, ерыскъы IэфI дывгъэшхащ, хабзэ дахэ къыткIэлъызефхьащ,фи лъэпкъыр хьэщIэ кIуапIэ хъуну, хьэщIэ ныш гуфIэгъуэкIэ фыукIыну Тхьэм жиIэ. Уэ дыкъыздэкIуа лъэпкъым я хабзэр къытхуэпщIащи, щхьэлъэныкъуэр пкъутэу дыбгъэшхыну сынолъэIу.

(къещтэ тепщэчри щхьэм и тхьэкIумэр я зэхуакумкIэ щыIэу, и пэр бжэмкIэ гъэзауэ хэгъэрейм къретыж)

Хэгъэрей нэхъыжь

Мы хьэщIэ нышыр щIаукIар фэращи, фшхари фызэфари хьэлэл фхудощI

(жеIэри екъутэ)

ХьэщIэ нэхъыжь

ХабзэфIыр ди адэжьхэм хабзэ дахэу къытхуагъэнащ. Ярэби, Аубэчыр,

уэ куэд плъэгъуащ, куэди зэхэпхащ, лъэпкъым нэхъыжьыфIу ураIэщ, мы

щхьэлъэныкъуэр нэхъыжь Iыхьэ щIэхъуам и хъыбарым дыкъебгъэдэIуатэм ди гуапэт, мыбдеж щIэт щIалэхэми ар гъуазэ яхуэхъунт.

Хэгъэрей нэхъыжь

- Уей, а хъыбарыр кIыхьу къокIуэкIым, ауэ абы теухуауэ сэ зэхэсхар нывжесIэнщ.

Хъыбарыр къыщежьэр адыгэхэмрэ кърым тэтэрхэмрэ зэIупэфIэгъуу, зэныкъуэкъуэгъуу щыщыта зэманым щыгъуэщ. Зэгуэрым кърым хъаным и деж адыгэпщ гуп щыхьэщIэрт. Хъаным къапиубыдат, сэ сыкъэралыгъуэщ, адыгэхэр си унафэ фыкъыщIэмыувэу хъунукъым жиIэри. Ар адыгэпщхэм ядакъым . Хъаныр абы иригубжьащ икIи абы нэмыплъ къарихыр къыгъэлъэгъуащ и гъэхьэщIэкIэ къудеймкIэ, гуапэу игъэхьэщIэн, игъэтхъэн

ипIэкIэ. Адрей и хьэщIэхэм я Iэнэм къытена шхахуэхэр хуахьыну унафэ ищIащ, зырырацIыхуж жыхуиIэу. А шхахуэхэм хэлъу мэлым и щхьэлъэныкъуэр хэлъу къыхуахьат. Гупым я нэхъыжьым щхьэлъэныкъуэр

къищтэри еплъщ, и гъусэхэри, хэщIэщым щIэт тэтэрхэри зэпиплъыхьщ, абыхэм адыгэбзэ зыщIэ яхэтынIкэ зэрыхъунум егупсысри зыри жиIакъым.

Щхьэлъэныкъуэ и тхьэкIумэр къытригъэжри я нэхъыщIэм хуишиящ: умыбэлэрыгъ, уи тхьэкIумэр гъэжан къригъэкIыу. ИтIанэ пэнцIывыр къипищIыкIри и къуэдзэм хуишиящ: мэкIэ Iэзэу щыт, сытри зэгъащIэ жыхуиIэу. ИужькIэ щхьэпхэтIыгур тIууэ зэгуищIыкIри нэщIащэр зыхуэзэр

пщы тхьэмадэм и Iэнэм дэтIыс , и ныбжьэгъум иритащ: сыт и лъэныкъуэкIи

уи нэр гъэжан, Iуэхур щIагъуэкъым жыхуиIэу. Езым щхьэкуцIыр зэрылъыр

къызыхуигъэнащ: сэ мы Iуэхум дыкъыхэкIа зэрыхъуным сегупсысынщ, сакъын хуейщ жиIат жаIэ пасэрейм.

НытIэ, псоми псори къагурыIуауэ тэтэрхэр жэщым къащытеуэм , зыри жейртэкъыми, абы зэрахуэфащэкIэ яIущIат. Абы щыгъуэ пщы тхьэмадэм унафэ ищIауэ щытащ: «Ажалым дыкъезыгъэла щхьэ щIылъэныкъуэ ижьыр адыгэхэм ди гуфIэгъуэм къыщащтэрэ хъуэхъу тражыIыхьу хабзэ тхурехъу»,-

жиIэри. Аращ абы и хъыбарыр зэрыхъур.

ХьэщIэ нэхъыжь

- Упсэу, жьыщхьэмахуэ ухъу, икъукIэ хъыбарыжь гъэщIэгъуэн дебгъэдэIуащ, а хабзэр дэ зэикI тщыгъупщэн хуейкъым.

Хэгъэрей нэхъыжь

- ФыздэкIуэжым, фи нэхъыжьхэм сэлам тхуефхыж, гъуэгуанэ дахэ Тхьэм фытригъэувэж.

Дызыхыхьэм дакъыхэщу,

Дыплъэм тлъагъуу,

Къаплъэм гу къытлъатэу,

Ди бзэр, ди хабзэр,ди къафэр,

Ди фащэр щапхъэ ящIу

Ди лъэпкъыр куэдрэ Тхьэм дигъэпсэу!

Тхьэм жиIэ!

Ди хьэщIэ лъапIэхэ!

Нобэрей пшыхьымкIэ фэдгъэлъэгъуну ди мурадащ ди еджакIуэхэм Джылахъстэнейм и тхыдэм зэрыщыгъуазэр, хабзэм зэрыхащIыкIыр, бзэ къабзэ зэраIурылъыр, гушыIэкIэ дахэ зэраIэр,лъэпкъым и къэкIуэным зэригъэпIейтейр.

Феуэ иджы, маржэ! (Хьэтыхъу Эдик уэрэд жеIэ, цIыкIухэр къофэ)