Темэр: «Псалъэухам и пкъыгъуэ ет I уанэхэр. Дополненэ».
Фи махуэ ф I ыуэ,ц I ык I ухэ!
«Зыгуэр сэ нэхърэ нэхъыф I у пщ I эмэ, къыздэгуашэ;
Умыщ I эмэ,сэ уэзгъэщ I энщ»
Гораций
Дыгъэ къыщ I эк I агъащ I эм пшэншэ уафэм хуэмурэ зыкъыщи I этырт.
Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр,псалъэухам и пкъыгъуэ ет I уанэхэр,дополненэ,
подлежащэ,сказуемэ.
Темэр: «Псалъэухам и пкъыгъуэ ет I уанэхэр. Дополненэ».
Псалъэухам и пкъыгъуэ ет I уанэхэр
1)дополненэ;
2) определенэ;
3) обстоятельствэ .
- А) Щ I алэм тхылъыр библиотекэм ихьыжащ.Абы ахэр щ I иджык I ащ. щ.ц I .
- Б) Анэм хужьыр къыхуихьащ нэхъыщ I эм. плъ.
- В) Сабийхэм джэгуныр зыпащ I щы I экъым. инф .Пщ I ым пл I ы хэх. бж.
- Г) Тхылъу зыбжанэ еджак I уэхэм къащэхуащ. обст.п. ит щ.+бж.
- Д) Ф I ыуэ лажьэм псори хуэарэзыщ. прич. е инф. об.
- Е) Пщыхьэщхьэм нэм къыщ I э I эбэр зэрумылъагъур Мусэ ищ I эрт. з.м.пс.з.
- Ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэ «хьет» жригъэ I эу щыпсэуащ Францием. Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан (Иринэ) – аращ абы и ц1эр.
- Фашист зэрыпхъуак I уэхэр Францием 1940 гъэм къыщытеуа махуэм щегъэжьауэ зауэр иухыху Иринэ сэлэт щыгъыныр щихакъым. Ар дохутырт. Адыгэ пщащэм и унагъуэм щ I эт сымаджэщым ц I ыху мин бжыгъэ ажалым къригъэлащ. Хьэгъундокъуэр мызэ-мыт I эу зауэм щыхэта къэхъуащ. Абы и л I ыгъэр, гулъытэр, псэ I эф I агъыр псоми яф I этелъыджэт. «Адыгэ Жаннэ д’ Арк», - арат абы зэреджэр.
- Иринэ къыхуагъэфэщащ «Пщ I э лъагэ зи I э легион», «Зауэм щи I а щ I ыхьым папщ I э», «Дзэ Жор» орденхэр, «Л I ыгъэ зэрихьам папщ I э» медалыр ик I и нэгъуэщ I француз дамыгъэ лъап I эхэр.
- Къызыхэк I а лъэпкъым хуэфащэу псэуащ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан. Абы и I уэхущ I афэми и дуней тетык I эми уримыгушхуэнк I э I эмал и I экъым. Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан (Иринэ) и ц I эр Францием и тхыдэм дыщэпск I э хатхащ.
- Хъыджэбзым хьэкъущыкъухэр итхьэщ I ащ.
- Сэ си анэр егъэджак I уэу мэлажьэ.
- Прямой дополненэк I э йоджэ глагол лъэ I эсым къыхуэк I уа дополненэу им.п. итым.Адрей падежхэм итхэм косвеннэ дополненэк I э йоджэ .
1 Псалъэухахэм къыхэгъэща псалъэхэм дополненэр къыхэгъуэтэн
- А) Унэр дэрк1э зэлъы I уха хъуащ.
- Б) Сэ къыхэсхащ дохутыр I эщ I агъэр.
- В) Си шыпхъур дохутыру мэлажьэ.
- Г) Сэ лэжьыгъэр Ислам езгъэщ I ыжащ.
2 Псалъэухахэм прямой дополненэ зыхэтыр къыхэгъуэтэн
- А) Тхылъхэр зэбгрыдзауэ ст1олым телъщ.
- Б) Мэзхъумэр зыгъэпсэхуак1уэхэм елъэ1уащ маф1э ямыщ1ыну.
- В) Пщащэм уэрэдыр дахэу жи1ащ.
- Г) Мазэр пшэ ф1ыц1эхэм ягъэпщк1уащ.
3.Псалъэухам хэт подлежащэр дополненэ е дополненэр подлежащэ щ1ын.
- 1 вариант
- Мазэр пшэм игъэпщк I уащ.
- Анэм пхъур ф1ыуэ елъагъу.
- Кхъухьлъатэр махуэкум Налшык къилъэтык I ынущ.
- 2 вариант
- Махуэм жэщ къык I элъок I уэ.
- Си адэм бдзэжьей къиубыдащ.
- Джэдур уэрамым дэтщ.
4.Тест лэжьыгъэ 1. Дополненэр сыт хуэдэ упщ I эхэм жэуап хуэхъурэ?
- А) хэт? сыт? сытыр? сытым? хэтк I э? сытк1э? хэту? сыту?
- Б) дауэ? дэнэ? дапщэщ? сыт щхьэк I э?
- В) сыт хуэдэ? сытым и? дапщэ?
- Г) сыт ищ I эр? сыт къыщыщ I рэ?
2.Косвеннэ дополненэ зыхэт псалъэухар къэгъуэтын.
А) Бажэм адакъэр къиубыдри и гъуэм ихьащ.
Б) Щ1алэр спектаклым дихьэхауэ йоплъ.
В) 1эхъуэм хъушэр къуажэм къыдихуэжащ.
Г) Нысащ1эм пщ1ант1эр къабзэу ипхъэнк1ащ.
3.Дополненэр щыуагъэу къыщыхэгъэщар къэгъуэтын.
А ) Бысымыр щ1алэм елъэ1уащ ерыскъым хэ1эбэну.
Б) Цыжьбанэм и пл1эм илъу мы1эрысэ ехь.
В) Уэнжакъым 1угъуэ ф1ыц1э къреху.
Г) Къуэм анэм псалъэ дахэ жри1ащ.
4.Дополненэр зэк I эщ I эпч мыхъу псалъэ зэпыщ I ауэ къыщык I уэр гъэбелджылын.
А ) Щак I уэм щ I ак I уэ ф I ыц I э щыгъщ.
Б) Щ I алэм джыдэр мывэк I э елъ.
В) Нанэ и махуит I зэрызэхуэмыдэм къуэр тегузэвыхьырт.
Г) Тхыпхъэр машынэк I э тещ I ыхьащ.
5. Сыт хуэдэ падежым иту къак I уэрэ прямой дополненэр?
А ) И.п.
Б) Э.п.
В) П.п
Г) О.п
Жэуапхэр : 1) А , 2) Б, 3) В, 4) В, 5) А.
Еджак I уэхэм я щыуагъэхэр къыхагъэк I ыж,нагъыщэ зыхуагъэувыж.
- Щыуагъэ зимы I эм «5»
- Зы щыуагъэ зи I эм «4»
- Щыуагъит I зи I эм «3»
- Щыуагъищ е нэхъыбэ зи I эм «2»
5 Иджы гупищу зыдгуэшынущ
- 1 гупым интеллект-картэ ягъэхьэзыр псалъэуха псалъэмк I э.
- 2 гупым кластер ящ I дополненэм теухуауэ
- 3 гупым карточкэм ит лэжьыгъэр ягъэзащ I э .
1 гупым интеллект картэ ягъэхьэзыр псалъэуха псалъэмк I э.
2 гупым кластер ящ1 дополненэм теухуауэ
3 гупым карточкэм ит лэжьыгъэр ягъэзащ1э .
- Дополненэхэр псалъэухахэм хэгъэувэжын. Псалъэухахэм пыщэн.
- 1 Гъатхэ дыгъэм … игъэтк I ужащ. Гъавэм елэжьхэм … явэ,.. ящ I , … ясэ. Дадэрэ сэрэ жыг хадэм … щыхэтсащ.Махуэ къэс сэ абы … щ I ызок I э.Нанэрэ си шыпхъу ц I ык I умрэ …, …, … хасэ.Бжэндэхъухэм … жа I э, пц I ащхъуэхэм ди гуэщ блыным … к I эращ I ыхь.
- 2 Гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ … къык I элъак I уэ.Ар гъэм и зэман нэхъ щ I ы I эми,сэ … зыхуэзгъэхьэзыращ. Дадэ гъэмахуэм … езгъэщ I ащ,нанэ … хуабэрэ … I уврэ схуищ I ащ. Иджы япэ … сытемыпы I эжу сыпоплъэ.Ар щ I ым зэрытесэу ,хьэблэ сабийхэм … ,… къэджыхьынущ. ………..
Интеллект картэ
- Сыт щ I эуэ къэфщ I а?
- Мурад зэхуэвгъэувыжахэр къывэхъул I а?
- Сыт нэхъ къывэхьэлъэк I ар?
Унэ лэжьыгъэ.
Псоми п.13,нап.29-30 еджэн.
1 гупым художественнэ текстым дополненэхэр къыхагъэщ. Тетр. н.36 л.1
2 гупым псалъэуха зыхыбл зэхалъхьэ дополненэ хэту. Тетр н.36 л.4
3 гупым лэжь.42 условием тету ягъэзащ I э. Тетр. н.36 л.2
Узыншэу фыщыт!