СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ! Внеклассное мероприятие, посвященное Дню адыга

Нажмите, чтобы узнать подробности

Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ! Классщ1ыб лэжьыгъэ.

Просмотр содержимого документа
«Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ! Внеклассное мероприятие, посвященное Дню адыга»

Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ!


Езыгъ.: -Пщ1э зыхуэтщ1 ди егъэджак1уэхэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ, ди ныбжьэгъухэ, фыкъыдогъэблагъэ адыгэхэм ди махуэр иридгъэлъап1эу нобэ фхуэдгъэхьэзыра концертым.


Езыгъ.: - Ди республикэм и унафэщ1 К1уэк1уэ Юрэ и унафэк1э фок1адэм и 20-р адыгэхэм я махуэшхуэр догъэлъап1э.

Езыгъ.: -Ик1и дыхуейт ди лъэпкъ ныпымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ныпымрэ дригушхуэу утыку кърахьэну фи 1эгуауэ макъым щ1эту


Гугъап1э

Адыгэр зэрыпсэур гукъэкIыжщ.

Адыгэр зэрыпсэур пщэдей махуэрщ:

ГумэщIу, гушхуэу и блэкIар еджыж,

Тхыдэжьхэм хэщыпыхьурэ я сахуэм.


Ар ирогушхуэр хабзэ хэлъыгъам

Дунейм зэ щыцIэрыIуэу щыта лъэпкъым.

Шууей зэрамыщIэжхэу нарт Iэпкълъэпкъхэм

ЯIа щыпкъагъэ быдэм, яIа лIыгъэм.

БлэкIам къыуиткъым, пэжу, гукъыдэж,

АрщхьэкIэ дэ пщэдейр ди щIэгъэкъуэнкъэ!

Дуней гъуэгу псори зэ зэхолъэдэж.

Абыхэм къахэкIынщ деж къэкIуэни.


СедэIукъым апщIондэхукIэ жаIэм сэ

Адыгэр зэхэтIысхьэу зыгъеижхэм:

Адыгэм я дыгъуасэр вагъуэижым,

Пщэдейр адыгэм дыгъэу къытхэпсэнщ.


Къафэ

Езыгъ.: -Зехьэ Хабзэ - Адыгэ лъэпкъ!
Езыгъ.: -Уи щхьэр лъагэу Iэт - Адыгэ щIалэ!
Езыгъ.: -Зехьэ Хабзэ - Адыгэ лъэпкъ!
Езыгъ.:-Уи напщIэр дахэу егъэхуэх - Адыгэ пщащэ!
Езыгъ.: -Зехьэ Хабзэ - Адыгэ лъэпкъ!
Езыгъ.: -Нэхъыжь-нэхъыщIэ - зыщомыгъэгъупщэ! 
Езыгъ.:-Зехьэ Хабзэ - Адыгэ лъэпкъ!
Езыгъ.:-Уи бзэр быдэу уигу иубыдэ!
Езыгъ.:-Хабзэ зехьэ - сэ си лъэпкъ!
Езыгъ.: -Дунейм цIэрыуIэ дэ дыхъуну!
Езыгъ.: -Хабзэ зехьэ - Адыгэ лъэпкъ!


Езыгъ.: -Дуней гуфIэгъуэ дэ диIыну!
Езыгъ.:-Хабзэ зехьэ - сэ си лъэпкъ!

-Дунейм тетым сыт нэхъ дахэ?

-Адыгэ хъыджэбзырщ.

-Абы нэхъ дахэжыр сыт?

-Адыгэшу къабзэрщ.

-Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?

-АдыгэлI губзыгъэращ.

-Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?

-И бзэрщ- адыгэбзэрщ. Мыкъуэжь А.


Езыгъ.:-Иджыпсту феплъ Тэтрокъуэ Астемыр и «Телефон гуащэ» рассказым къытещ1ык1а теплъэгъуэ, Ало Викториерэ Хъуэк1уэн Марьямрэ ягъэзащ1эу.

Сценкэ

Езыгъ.:Адыгэбзэр жаIэ кIуэдыжыну.

Езыгъ.:Ар уи фIэщ хъурэ, си ныбжьэгъу?

Езыгъ.:Зэхэпхар уигу къеуэу умышынэ,

Езыгъ.:Ди бзэр хуэныкъуэххэкъым гущIэгъу.


Уэрэд


Езыгъ.: Иджыпсту феплъ Абыт1э Хъызыр и «Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умрэ» басням къытещ1ык1а теплъэгъуэ ц1ык1ум.

(Къэгъэлъэгъуэныгъэ)

Езыгъ.: Теплъэгъуэр ягъэхьэзыращ ик1и къагъэлъэгъуащ 7-нэ классым щ1эс еджак1уэхэм: Щак1уэ Каринэ, Бат1 Алинэ, Ехъул1э Каринэ Мэкъушэ нухь сымэ. Дахуевгъауэт ину 1эгум!

Уэрэд

Езыгъэ.: -сыту дахэ адыгэбзэр,

Езыгъэ.:-изогъэщхьыр псынэпс къабзэм,

Езыгъэ.:-1уащхьэмахуэ телъ уэс хужьым,

Езыгъэ.:-къуршыпс уэру бгым къыщ1эжым,

Езыгъэ.:-уафэ къащхъуэм,

Езыгъэ.:-щ1ылъэ щхъуант1эм,

Езыгъэ.:-губгъуэ хадэм,

Езыгъэ.:-адэжь пщ1ант1эм,

Езыгъэ.:-жэщ мазэгъуэм,

Езыгъэ.:-ди щ1алэгъуэм,

Езыгъэ.:-ди адыгэ хьэгъуэл1ыгъуэм,

Езыгъэ.:-л1ыхъужьыгъэм,

Езыгъэ.:-лъэпкъ дамыгъэм,


Си лъэпкъ!

Тхьэ лъапIэр си щыхьэтщ, щыхьэтщ ныбжьэгъухэр,

ЦIыху фIыуэ сыкъэзыщIэхэр щыхьэтщ:

Си лъэпкъ, сэ зэикI уи нэмыс згъэщIэхъуу,

ЦIыху Iейуэ сыщытынкъым зы сыхьэт.

Си лъэпкъ!

Къыщызапэс к1э схуэмыфащэ,

Захуэзгъэгусэ мыхъумэ ар зыщIам,

ХуэстIыну сыпылъынкъым зэикI мащэ,

Я хьэкъ си гугъэу ахэр IузгъэщIэн.


Си лъэпкъ!

Сэ бампIэм си гур зэгуиуду щыхъукIэ,

Сащысхьу «щIэгъэкъуэн» абы хуэхъуам,

Си гъащIэ мыкIуэмытэм папщ1э сэ сыщыгъуэу,

ТхылъымпIэм щыс1уэтэнщ сэ сигу сигу дэгъуар .


Си лъэпкъ!

Си гъащIэр схьами сэ жыIэзыфIэщу,

Зыгуэрхэм жаIэр хъууэ сэ си фIэщ,

Нэжэс щэн-хьэлыр гъащIэ хабзэ сщ1ыуэ,

Къэхъункъым цIыхум сэ дыгъужь щыфIэсщ.


Си лъэпкъ!

Си нитIыр къыщипхъуауэ щхьэхуещагъэм,

Зы цIыхуи сэ и мылъку фIэзмыубын,

Е щэхуу кIэлъызесхьэу хъуагъэщагъэ,

Зыгуэрми и лъэр сэ щIэзмыудын.


Си лъэпкъ!

Тхьэ лъапIэр си щыхьэтщ, щыхьэтщ ныбжьэгъухэр,

ЦIыху фIыуэ сыкъэзыщIэхэр щыхьэтщ:

Си лъэпкъ, сэ зэикI уи нэмыс згъэщIэхъуу,

ЦIыху Iейуэ сыщытынкъым зы сыхьэт.


Езыгъ.: -«сыадыгэщ» жып1эным куэд къызэщ1еубыдэ,

Езыгъ.: - Адыгэр - ар фащэщ,

Езыгъ.: -Адыгэр- ар къафэщ.

Езыгъ.: - Адыгэр – ар хабзэщ


Езыгъ.:

Сыадыгэщ жып1эн и пэ, ущыгъуазэу щытын хуейщ абы къыдек1уэк1 1уэхугъуэхэми.

Езыгъ.:

Иджыпсту деплъыну дыхуейт фэ мы 1уэхугъуэхэр зэрыфщ1эми.

Езыгъ.:

Фи акъыл жанагъыр иридгъэнахуэу джэгук1э едгъэк1уэк1ынущ.

Езыгъ.:

Ди джэгук1эм зэреджэр «Фщ1эуэ п1эрэ?»

Езыгъ.:

Фыхьэзыр фыджэгуну?

Езыгъ.:

Фыкъэда1уэ-т1э!


  1. Адыгэхэм я макъамэ 1эмэпсымэу 3-м нэс хэт жи1эн

(шык1эпшынэ, пшынэ, бжьамий, пхъэц1ыч,)

  1. Сымаджэм пасэм щыгъуэ иращ1эк1ыу щыта 1уэхугъуэ-

щ1эпщак1уэ.

  1. Адыгэ хьэгъуэл1ыгъуэм щек1уэк1 хабзэ- 1уэхугъуэу 3 къыжыф1э

(унэишэ, нэчыхьытх, щауэишыж

  1. Адыгэ псалъэжьу 5-м нэс.

  2. Псынщ1эрыпсалъэу 3-м нэс.

  3. Къуажэхьыу щы хэт ищ1эрэ?

  4. Нэхъыжьым и т1ысып1э зэреджэр–

жьант1э

  1. Хьэщ1э къызыхуэк1уахэм зэреджэр-

хэгъэрей

  1. «адыгэ» псалъэм къыпыщэн адыгэхэм ехьэл1ауэ къадек1уэк1 1уэхугъуэу 5-к1э (адыгэ фащэ, адыгэ напэ, адыгэ нэмыс, адыгэ хэку, адыгэш, адыгэл1, адыгэ псалъэ, адыгэ къафэ, адыгэ хабзэ, адыгэ нып)

  2. Сыт къигъэлъагъуэрэ ди адыгэ ныпым тет дамыгъэхэм?

  1. (уэрэд)

  2. Езыгъ.: . Лъэпкъ л1ыхъужьым укъыщыхэк1ак1э Хуейщ ар уи гум ибгъэлъын.

  3. Езыгъ.: Узыхуэдэр,къоплъмэ, укъац1ыхуу «Ар Адыгэщ!» - жа1эу упсэун.

  4. Езыгъ.: Лъэпкъыр ф1ыми 1ейми къызэращ1эр и хабзэрщ. Дунейм зы лъэпкъи тету къыщ1эк1ынкъым адыгэм и хабзэхэм хуэдэу хабзэ дахэ зи1э. Ар нэхъыжьым,

  5. Езыгъ.: ц1ыхубзым,

  6. Езыгъ.: хьэщ1эм хуащ1 пщ1эрщ,

  7. Езыгъ.: гуф1эгъуэм,

  8. Езыгъ.: гузэвэгъуэм ехьэл1а хабзэхэрщ,

  9. Езыгъ.: щ1алэгъуалэм яхэлъ нэмысырщ,

  10. Езыгъ.: сабийм и гъэсэк1эрщ.

  11. Езыгъ.: Ат1э апхуэдиз дахагъ, ф1агъ зыхэлъ ц1ыхуу, адыгэу, ущытыныр ар насыпкъэ?!

  12. Езыгъ.: Ди насыпщ, дыадыгэщи!

  13. Езыгъ.: Ди насыпщ ,Къэбэрдей- Балъкъэрым дыщопсэури

  14. Езыгъ.: Ди насыпщ , дыадыгэщи!

  1. Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ!

  2. Бзэрабзэ си бзэу адыгэбзэ!

  3. Узыншэу, ди щIэблэ Iумахуэ!

  4. Еф1ак1уэ, гъагъэ адэжь лъапсэ!

  5. Ет1энэгъэ ф1ык1э, си адыгэ махуэ!

  6. Езыгъ.: Ат1э адыгэхэм сыт хуэдэ я гуф1эгъуэ зэхуэсри, зэрыхабзэщи, уджк1э еухри, фыкъыдогъэблагъэ ди удж хэшым.

  7. Утыку джэгу.

  8. Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ!

  9. Бзэрабзэ си бзэу адыгэбзэ!

  10. Узыншэу, ди щIэблэ Iумахуэ!

  11. Еф1ак1уэ, гъагъэ адэжь лъапсэ!

  12. Ет1энэгъэ ф1ык1э, си адыгэ махуэ!

  13. Си лъэпкъ!

  14. Тхьэ лъапIэр си щыхьэтщ, щыхьэтщ ныбжьэгъухэр,

  15. ЦIыху фIыуэ сыкъэзыщIэхэр щыхьэтщ: 2 раза

  16. Си лъэпкъ, сэ зэикI уи нэмыс згъэщIэхъуу,

  17. ЦIыху Iейуэ сыщытынкъым зы сыхьэт. все вместе!

  18. Си лъэпкъ!

  19. Къыщызапэс к1э схуэмыфащэ,

  20. Захуэзгъэгусэ мыхъумэ ар зыщIам,

  21. ХуэстIыну сыпылъынкъым зэикI мащэ,

  22. Я хьэкъ си гугъэу ахэр IузгъэщIэн.

  23. Си лъэпкъ!

  24. Сэ бампIэм си гур зэгуиуду щыхъукIэ,

  25. Сащысхьу «щIэгъэкъуэн» абы хуэхъуам,

  26. Си гъащIэ мыкIуэмытэм папщ1э сэ сыщыгъуэу,

  27. ТхылъымпIэм щыс1уэтэнщ сэ сигу дэгъуар .

  28. Си лъэпкъ!

  29. Си гъащIэр схьами сэ жыIэзыфIэщу,

  30. Зыгуэрхэм жаIэр хъууэ сэ си фIэщ,

  31. Нэжэс щэн-хьэлыр гъащIэ хабзэ сщ1ыуэ,

  32. Къэхъункъым цIыхум сэ дыгъужь щыфIэсщ.

  33. Си лъэпкъ!

  34. Си нитIыр къыщипхъуауэ щхьэхуещагъэм,

  35. Зы цIыхуи сэ и мылъку фIэзмыубын,

  36. Е щэхуу кIэлъызесхьэу хъуагъэщагъэ,

  37. Зыгуэрми и лъэр сэ щIэзмыудын.

  38. Си лъэпкъ!

  39. Тхьэ лъапIэр си щыхьэтщ, щыхьэтщ ныбжьэгъухэр,

  40. ЦIыху фIыуэ сыкъэзыщIэхэр щыхьэтщ: 2 раза

  41. Си лъэпкъ, сэ зэикI уи нэмыс згъэщIэхъуу,

  42. ЦIыху Iейуэ сыщытынкъым зы сыхьэт.

  43. гугЪАПIЭ

  44. Адыгэр зэрыпсэур гукъэкIыжщ.

  45. Адыгэр зэрыпсэур пщэдей махуэрщ:

  46. ГумэщIу, гушхуэу и блэкIар еджыж,

  47. Тхыдэжьхэм хэщыпыхьурэ я сахуэм.

  48. Ар ирогушхуэр хабзэ хэлъыгъам

  49. Дунейм зэ щыцIэрыIуэу щыта лъэпкъым.

  50. Шууей зэрамыщIэжхэу нарт Iэпкълъэпкъхэм

  51. ЯIа щыпкъагъэ быдэм, яIа лIыгъэм.

  52. БлэкIам къыуиткъым, пэжу, гукъыдэж,

  53. АрщхьэкIэ дэ пщэдейр ди щIэгъэкъуэнкъэ!

  54. Дуней гъуэгу псори зэ зэхолъэдэж.

  55. Абыхэм къахэкIынщ деж къэкIуэни.

  56. СедэIукъым апщIондэхукIэ жаIэм сэ

  57. Адыгэр зэхэтIысхьэу зыгъеижхэм:

  58. Адыгэм я дыгъуасэр вагъуэижым,

  59. Пщэдейр адыгэм дыгъэу къытхэпсэнщ.

  60. уэ гъуэгум текIуэдахэм Щана псэ нэхухэм я фэеплъщ мы сынри, Адыгэ, зэтеувыIи, хуэгумэщI… («Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм») Лъэпкъыпсэ зыIут, лъэпкъылъкIэ псыхьа, псэм ехуэбылIэ мы псалъэхэр зигу къыдэкIа усакIуэр зэрыуахътыншэр шэч зыхэмылъыжщ. Бемырзэ Мухьэдин и цIэр ноби адыгэу дунейм тетым яIурылъщ, и усэхэр дзапэ уэрэду зэпадзыжу цIыхубэм хэлъщ. А уэрэдыр зэрыкIэншэр тхьэгурымагъуэм хуэдэу зэманым гурыгъуазэкIэ пхырыплъыфа усакIуэпсэм, дауикI, зыхищIат, мыпхуэдэ сатырхэр щиусым: Уэ яжьэ ухъужами – псэущ уи усэр, УлIами – уи уэрэдыр зэрыпсэущ. Ар щэхуу жеIэр уафэм къехуэх уэсым, Акъужьым щызэблех адыгэщI псом... («Уэрэдыр лIэкъым, жьыгъэм игъэшкъым…»)

  61. АДЫГЭР ЗЭИ ХУЭПСЭУАКЪЫМ И ЩХЬЭМ

  62. Адыгэр зэи хуэпсэуакъым и щхьэм,

  63. ЩхьэхуэфI гупсыси и щхьэм къимыхьа,

  64. Зэгуэрми и фейдэр игъэнэхъыщхьэу

  65. НэгъуэщIхэм я фэжагъуэ къимыхьа.

  66. Хуэмыгъуэу ену и гур и нэмысым,

  67. («Лъэпкъ къызбгъэдэсхэм сыт къысхужаIэн!»)

  68. Псэуащ ар, и щхьэ Iуэхум хунэмысрэ

  69. НэгъуэщIхэм ятрипIэу и шхыIэн.

  70. АрщхьэкIэ къуэш пэлъыту и утыкум

  71. Лъэпкъышхуэ итыгъар и бий хъужау,

  72. Шы лъабжьэм щIэхуа цIыхуу щыхутыкъуэм,

  73. Абы зыгуэри къыщымысхьыжа:

  74. Ди лъэпкъыр зрахуа щIыналъэ дахэм

  75. Абыхэм зэуэ щхьэкIэ зрадзащ,

  76. ИкIи тIэкIу дэкIри, а щIы къаубыдахэм

  77. Дэмысагъэххэу къыщIрагъэдзащ.

  78. АрщхьэкIэ ноби екIэ къытхуэдалъэ

  79. КъахэкIыу щытми дызыхуэупсам,

  80. Допсэур, шэ зилъа ди бгъэгущталъэм

  81. Къайгъэншэу итлъхьэжауэ пхъэ упса.

  82. Псалъэжьым, пэжу, егъэлъэщ хэкухьэр,

  83. АрщхьэкIэ ди лъэпкъ щэныр дэнэ пхьын? –

  84. Къуршыпсыр IузыщIам къыпимыкIухьмэ,

  85. Псыдзэшхуэу къыщихунт е ифыхьынт…

  86. СИ ЛЪЭПКЪ

  87. Си лъэпкъ!

  88. Тхьэ лъапIэр си щыхьэтщ, щыхьэтщ ныбжьэгъухэр,

  89. ЦIыху фIыуэ сыкъэзыщIэхэр щыхьэтщ: 2 раза

  90. Си лъэпкъ, сэ зэикI уи нэмыс згъэщIэхъуу,

  91. ЦIыху Iейуэ сыщытынкъым зы сыхьэт. все вместе!

  92. Си лъэпкъ!

  93. Къыщызапэс к1э схуэмыфащэ,

  94. Захуэзгъэгусэ мыхъумэ ар зыщIам,

  95. ХуэстIыну сыпылъынкъым зэикI мащэ,

  96. Я хьэкъ си гугъэу ахэр IузгъэщIэн.

  97. Си лъэпкъ!

  98. Сэ бампIэм си гур зэгуиуду щыхъукIэ,

  99. Сащысхьу «щIэгъэкъуэн» абы хуэхъуам,

  100. Си гъащIэ мыкIуэмытэм папщ1э сэ сыщыгъуэу,

  101. ТхылъымпIэм щыс1уэтэнщ сэ сигу сигу дэгъуар .

  102. Си лъэпкъ!

  103. Си гъащIэр схьами сэ жыIэзыфIэщу,

  104. Зыгуэрхэм жаIэр хъууэ сэ си фIэщ,

  105. Нэжэс щэн-хьэлыр гъащIэ хабзэ сщ1ыуэ,

  106. Къэхъункъым цIыхум сэ дыгъужь щыфIэсщ.

  107. Си лъэпкъ!

  108. Си нитIыр къыщипхъуауэ щхьэхуещагъэм,

  109. Зы цIыхуи сэ и мылъку фIэзмыубын,

  110. Е щэхуу кIэлъызесхьэу хъуагъэщагъэ,

  111. Зыгуэрми и лъэр сэ щIэзмыудын.

  112. Ирехъу и Iэнэр узэда

  113. Езы хьэтыкъри ирегъаблэ,

  114. Адыгэм и гур зыт зэтар –

  115. Къащымыхъунырт ар ныбаблэ.

  116. Шей фIыцIэ ефэми езыр,

  117. Хуей хъумэ и щхьэм щIэмыпIастхъэу,

  118. И хьэщIэм папщIэкIэ хьэзырт

  119. Абы сыт щыгъуи и шыгъупIастэр.

  120. И хэкур дахэт, и щIыр бейт,

  121. И Iэщым тафэр яуфэбгъурт,

  122. И зы бгъум хыр къыщыукъубейт,

  123. Тен Iуфэ нэсырт адрей и бгъур.

  124. И щIалэм зищIу лъэгущIэтын,

  125. И напэр кIапэкIэ имыщэт.

  126. Е, ажал пащхьэм хуитт итын,

  127. И гъащIэм лъаIуэкIэ пимыщэт.

  128. И пщащэм и щхьэм пщIэ хуищIыжт,

  129. Бзылъхугъэ щIыхьыр ихъумэфырт,

  130. ДахагъкIэ – гъащIэр щыз зыщIыжт,

  131. ГуапагъкIэ – унэм и жьэгу мафIэт.

  132. Адыгэ щIэблэр вагъуэ бынт,

  133. Адыгэ лIыжьхэр акъыл бащэт –

  134. Адыгэм сыт ядэбгъуэфынт,

  135. Насып щаIатэмэ мы гъащIэм...

  136. Дунейм тетым сыт нэхъ дахэ?

  137. -Адыгэ хъыджэбзырщ.

  138. -Абы нэхъ дахэжыр сыт?

  139. -Адыгэшу къабзэрщ.

  140. -Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?

  141. -АдыгэлI губзыгъэращ.

  142. -Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?

  143. -И бзэрщ- адыгэбзэрщ. Мыкъуэжь А.

  144. Дунейм тетым сыт нэхъ дахэ?

  145. -Адыгэ хъыджэбзырщ.

  146. -Абы нэхъ дахэжыр сыт?

  147. -Адыгэшу къабзэрщ.

  148. -Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?

  149. -АдыгэлI губзыгъэращ.

  150. -Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?

  151. -И бзэрщ- адыгэбзэрщ. Мыкъуэжь А.

  152. Сценкэ Викэ, Марьям