СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

21 мая, День траура

Категория: Прочее

Нажмите, чтобы узнать подробности

21  мая  каждый год у  нас в школе   проходит  траурное мероприятие, посвященное  трагическим событиям в истории адыгского народа.  В митинге принимают участие учащиеся  5-11 классов.

 Мы стараемся, чтобы дети не забывали о тех страшных и долгих годах и понимали, что  адыгский народ, на протяжении тысячелетий признававший в качестве высшей ценности стремление к свободе и любовь к родной земле, уважение к личности, не исчез вопреки всем невзгодам и тяжким испытаниям, сохранил и хранит свое достоинство и высокий духовный  потенциал. Ныне он в единой многонациональной семье народов России уверенно строит новую жизнь, занимает достойное место в российском и мировом сообществе.

Просмотр содержимого документа
«21 мая, День траура»





«Истамбылак1уэ гъуэгум тек1уэдахэм…

Адыгэ, зэтеувы1и хуэгумэщ1ыт!»



КАВКАЗ ЗАУЭМ ХЭКIУЭДАХЭМ Я ФЭЕПЛЪ МАХУЭМ ТЕУХУАУЭ













Зыгъэхьэзырар – Алэкъей М.М.









1уэхугъуэр къыщы1ыдодзэ Мысостышхуэ Пщызэбий и «Истамбылак1уэ» уэрэд-гъыбзэмк1э, макъамэ щ1эту

Лъэпкъ щ1ыхьым зи псэр щ1эзытыжу,

Яук1ыхунк1э бийм хуимык1уэтахэм,

Хьэжрэту мыжурэпэм ирихужьэу,

Истамбылак1уэ гъуэгум тек1уэдахэм

Щана псэ нэхухэм я фэеплъщ мы 1уэхури,

Адыгэ, зэтеувы1и хуэгумэщ1ыт….

Пщащэм: Ныбжьэгъухэ! Кавказ зауэжьым игъэна ц1ыхупсэ минхэм, щтап1э ихьэжу Истамбыл гъуэгужьым тек1уэдахэм, Хэкужьымк1э къаплъэурэ гъащ1эр зыухахэм дахуэвгъэщыгъуэ щыму зы дакъикъэ…. ар ек1уэк1ыху сыхьэт макъ къо1у.

Щ1алэм: Майм и 21-м 2016 гъэм (илъэсищэ тхущ1рэ т1у) 152 ирокъу илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Урыс – Кавказ зауэр зэрыувыIэрэ.

Пщащэм: Кавказ зауэр щиухауэ ябжыр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-рщ. Абы и ужькIэ щIэхуэбжьащ адыгэхэм я Iэпхъуэныр – ИстамбылакIуэшхуэкIэ зэджэр.

Щ1алэм: ЦIыху мелуаным нэс адыгэ лъэпкъым щыщу къэнар мащIэ дыдэщ, нэхъыбэр яук1ащ, е хым хэкIуэдащ, узым ихьащ, е Тыркум Iэпхъуащ.

Пщащэм: ЦIэрыIуэу, Кавказым ис лъэпкъ псоми къацIыхуу щыта шапсыгъхэм, натхъуэджхэм, абазэхэм ящыщу къэнар мащIэ дыдэщ, убых лъэпкъыр к1уэдыжыпащ.

Щ1алэм: Кавказ зауэм адыгэ лъэпкъым къулейсызыгъэу, насыпыншагъэу, нэщхъеягъэу къахуихьам хуэдиз къэзыхьа зауэ дунейм къытехъуауэ жыIэгъуейщ.

Пщащэм: Адыгэпсэу ягъэна бгъу къэс зы цIыху хуэщыгъуэжу аращ, сыту жыпIэмэ, а зауэ угъурсызым пщIы къэс зыщ къелар, адрей бгъур хэкIуэдащ.

Щ1алэм: Щ1ыфэм игъуэта у1эгъэри зэманым дожэпхъыж … ауэ щы1эщ зэи мык1ыж у1эгъэ – ар псэм къытехуэ удынырщ.

Пщащэм: Псэ узыр гущ1эгъуншэщ: ар къэятэжурэ зэпытурэ йок1уэк1. Апхуэдэ щытык1эм хэмык1ыурэщ адыгэр зэрыпсэуар.

ИРАШТ СИ ЛЪЭПКЪЫР И ХЭКУЖЬ.­

Слъэгъуакъым сэ – седжа къудейщ,­
ИтIаникI нэпсхэр уэру къощэщэхыр...­
ГуIэгъуэу, гуауэу къылъысам лъэпкъ хейм­,
СхузэфIэмыкIыу си лъэр сфIыщIегъэхур. .­.


Хы ФIыцIэр плъыжьу лъыпсым щыриIам,­
Мы уэшхт щIэпсыфыр щIыр, щIэпсыфыр нэпс­т!
А нэпсым, къыфIэщIынут зылъэгъуам, ­
ЩIыр пхырисыкIыу, и щIэ дыдэм нэс!­


Адыгэм джэгурэ къафэрэ щаублэу­
Щытауэ Хэкур, хэти ищIэжынт? ­
А лъапсэкIуэдым щахъумэну щIэблэр, ­
Къэнахэм ди щIыналъэр ябгынэжт…­


Ябгынэт Хэкур, я псэр къыщанауэ, ­
Гыз макъым игъэзджызджу мы дунейр.­
Ябгынэт Хэкур. Я лъэр быдэжауэ­
Къагъэзэжынри я хъуэпсапIэ лейт…­

Пщащэм:Псори фIыуэ дыщыгъуазэщ езыхэм яфIэфIу я щIыпIэр, къагъанэу лъэпкъ псор зэрымыIэпхъуэным, нэгъуэщI къэрал зэрымыкIуэным, шынагъэкIэ, залымыгъэкIэ ямыхумэ.

Щ1алэм: Абы и щыхьэтщ адыгэ мин Iэджэм я гъащIэр я щIыпIэм, я щхьэхуитыныгъэм щхьэкIэ зэратар.

Пщащэм: ИстамбылакIуэр адыгэ тхыдэм дэнэ къэна, дуней псом къыщыхъуа мыгъуагъэхэм я нэхъ Iейщ, я нэхъ дыджщ. ИгъащIэм апхуэдэ залымыгъэ къэхъуауэ тхыдэм ищIэжыркъым.

Щ1алэм: Щхьэхуитыныгъэм епха сыт хуэдэ дамыгъэри 1эщ1ахат ди лъэпкъм, е л1эн, е л1ын – нэгъуэщ1 зыхэдэн къыхуагъэнатэкъым абы.

К1ыщокъуэ А. и « Лъапсэ» романым щыщ пычыгъуэ гук1э



Пщащэм: Адыгэхэр нобэ къэралыгъуэ пл1ыщ1рэ тхум (45) щопсэу. Ахэр абыхэм я дежкIэ хэхэсщ, хамэщ. Абыхэм сыт хуэдэ псэукIэ ямыIэми, тхьэмыщкIагъэщ.

Щ1алэм: Мылъкуракъым къулеигъэр, гъащIэр зыгъэдахэр уи лъэпкъ, уи къуэпс здэщыIэ щIыналъэрщ. Аращ адыгэ псоми Урыс – Кавказ зауэр щиуха майм и 21-рэ махуэр щыгъуэ махуэу щIэувар.

«Мухьэжырхэм я уэрэд»

Щ1алэм:Нобэ къыздэсым я псэр хамэ щ1ыналъэм щагъэт1ылъакъым зи щ1ыналъэ гъэпц1агъэк1э ик1а хъуа адыгэхэм. Нобэ къыздэсым къэк1уэжын, зы дыхъужын гугъэрщ ахэр зыгъэпсэур…

Пщащэм: Я гур Кавказым къыхуопабгъэ. Абыхэм я адэжь щIыналъэр зэи ящымыгъупщэу псэуахэщ, къэнахэри мэпсэу.

Сыт щыгъуэ?

Мазэм зегъазэ…

Дыгъэм къегъазэ…

ЖыIэ, сыт щыгъуэ

Дэ дгъэзэжыну? Уэсу къехуэхыр

Бахъэ мэхъужыр,

ЖыIэ, сыт щыгъуэ

ДекIуэлIэжыну?

МафIэм димысу, ди гур имысу,

Кхъэм дынэмысу дынэсыжыну?

Ди бзэр мык1уэду,

Ди псэр хэмыкIыу,

Ди фэр темыкIыу

Дэ дыкIуэжыну?


«1уащхьэмахуэ и щыгу хужьыр»


1уащхьэмахуэ и щыгу хужьыр

Ди нэгу щ1эту гъащ1эр блок1.

Ди гухэлъым, ди хэкужьым

Дгъэзэжыну ди нэ къок1.

Къаджэ, къаджи си хэку дыщэ,

Уэ уи куэщ1 п1эщхьагъ щытхуэщ1.

Къаджэ, къаджэ си хэку дыщэ.

Дикъухьащи, ди гур хощ1.

Къаджэ, къаджэ си хэку дыщэ.

Уи бжэкъуагъ дыкъуэгъэсыж.

Къаджэ, къаджи си хэку дыщэ,

Уэ уи куэщ1 п1эщхьагъ щытхуэщ1.

Къаджэ, къаджэ си хэку дыщэ.

Дикъухьащи, ди гур хощ1.



Къаджэ, къаджи си хэку дыщэ,

Уэ уи куэщ1 п1эщхьагъ щытхуэщ1.

Къаджэ, къаджэ си хэку дыщэ.

Дикъухьащи, ди гур хощ1.


Пщащэм: Зэманыр мак1уэ, къэмыувы1эу. Адыгэр дыпсэущ нобэ, гукъеуэ ди куэдми. Дыпсэу, дызэмыгъуэсэми. Дыпсэущ, сыт хуэдэ гугъуехьми емылъытауэ… ди бзэр т1урылъыху… Дэтхэнэ зы ц1ыхуми и ф1эщ хъун хуейщ бзэр к1уэдыным нэхъ гузэвэгъуэ дунейм къыщыхъунк1э зэрымыхъунур.


«Фи анэбзэр вгъаф1э»


Фи анэбзэр вгъаф1э,

ар бгъэдамэу фшэщ1.

Адэжь и жьэгу пащхьэу

фхуахъумам ар пэфщ1.

Я фэеплъщ адэжьхэм

бзэм я нэхъ къулейр,

Зи бзэ зымыджхэм

зэи фадэмыплъей.

Зи бзэ хуэмеижыр –

ар лъэпкъыншэ мэхъу

Зи лъэпкъ 1уэху еижыр Самирэ

гъащ1эм къегъэщ1эхъу.

Бзэр 1эщ1ыбмэ, йобэ,

мэхъу тэджыжыгъуей.

Ар хъумэныр нобэ,

1эщ1агъ псом я лейщ.



Щ1алэм: Псэм и узыр к1ыжыгъуейщ. Ауэ ц1ыхур ц1ыхуу щытынтэкъым, гукъэк1ыж имы1атэм, и блэк1ам хуемыплъэк1ыжу щытам.

Пщащэм: Нобэ зи гугъу тщ1ы гуауэшхуэм ди пащхьэ къригъэувэ упщ1эхэм зэи жэуап яхуетыну щыткъым. Ауэ дэ тхузэф1эк1ынущ ар зыщыдмыгъэгъупщэну.

Щ1алэм: Зы лъэпкъми и нэгу щ1ремык1 апхуэдэ гукъутэ. Зы ц1ыхуми и псэм къытремыхуэ апхуэдэ удын.