«АДЫГАГЪЭ, АДЫГЭ ПСАЛЪЭ».
ЕпщIанэ классым щекIуэкIа урок зэуха.
УРОКЫМ И ЕКIУЭКIЫКIЭР:
I.Хэзыгъэгъуазэ
1.ХЪУЭХЪУХЭР (адыгэ мэкъамэ - Кабардинская)
II.Адыгэ лъэпкъым и къежьапIэ
III. Адыгагъэ - адыгэ хабзэ (манеры поведения в обществе)
IV.Адыгэ псалъэ
V.Адыгэхэм я нэщэнэхэр (презентацэ)
1.фащэ
2.1эщэ
3.нарт эпосыр
4.адыгэ къафэ
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр:
1.Адыгэ фащэ
2.Адыгэ лъэпкъым къигъэсэбэпу щыта Iэщэхэр(сурэту)
3.Мэкъамэхэр
4. Выставкэ
Зыгъэхьэзырари езыгъэкIуэкIари: Танэ Риммэ 10 классым и унэфэщI
Апрель 2018 гъ
1.Хэзыгъэгъуазэ
Ведущий 1.Хуит дыфщI нобэрей ди зэIущIэу «Адыгагъэ, адыгэ псалъэ» зыфIэтщар зэ1ущ1эр къызэIутхыну.
Ведущий 2 . Дэ нобэ ди хьэщэщ зи бзэр фIыуэ зылъагъу, зи лъэпкъым хуэнэхъуеиншэу щыт цIыху щэджащIэхэр. Ахэм псоми дывпожьэ адыгэ фэхъускIэ: «ФЫКЪЕБЛАГЪЭ»
Ведущий 1.Адыгэм нэхъ псалъэ пажэу, нэхъ дахэу иIэр хъуэхъухэрщ
Ведущий2. Дыхуейщ хъуэхъукIэ мы едгъэжьа Iуэхыр къыщIэддзэну.
Ведущий 1. Ди нэхъыжьхэу нобэ кърихьэлIахэм дынывохъуэхъу дэрэжэгъуэр фикуэду, гуфIэгъуэм фыхэмыкIыу, дэнэк1э фымыгъазэми фи Iуэхур ефIакIуэу. Псом нэхъапэр узыншагъэщи, узыншагъэ быдэ фи1эу дунейм фытетыну!.
Ведущий 2.
Ди псэукIэр зэхэту,
Дызыхэтым дадекIуу,
ЩIалэу диIэр екIу защIэу,
Пщащэу диIэр гумащIэу,
ЯщIэр IэфIу,
ЯфIэфIыр яIэу,
Я Iэм дыщэр къыпыщу,
Я пщэдейр гуфIэгъуэу,
ХьэгъуэлIыгъуэ хэмыкIыу,
ХыхьэхэкIым хуэIэзэу.
Зауэ-банэ дымыщIэу,
ЩIалэгъуалэр псэуну.
Нэрэ-псэрэ дахуэхъуу,
Хъуэхъуу жытIэр тхуэбатэу,
ГъэфI и тыгъэ тхьэм къыдит!
Ведущий 2.
Ди щIалэхэр гъущIыпсэу ,псэ быдэу, зубыдым елъэщэкIыу.
Зытесхэр ПщIэгъуалащхъуэу,
Куафэ щхъуантIэу,
Я щхьэр ягъэкIыу,
Я кIэр яудэу,
Данэ щIопщыр ягъаджэу,
Зэджэ-зэбэр я гупсэу,
Псыблэм хуэдэу заупщIу,
ПцIащхъуэ лъатэм къыдэжэу,
И жэрагъыр алъпыжьу,
Ди ныбжьыщIэхэр ирегъэпс!
Ведущий1.
Ди хъыджэбзхэр –
Къэрэкъатинэу,
Бэрэтинагъуэу,
Данагъуэ Iупэу,
Щхьэцыпэ дыкъуакъуэу,
Щхьэнтэм тесым – тхьэрыкъуэу,
Заукъуэдиямэ – аслъэну,
Аслъэным и сокур я щхьэцу,
Кърым бжьэхуцыр я щIыфэу,
Я нэкIу цIыкIуитIыр сэхусэплърэ,
Я нитIыр вагъуэрэ лыдыжу.
Мазэу къурашэр я набдзэу,
Я псалъэр IэфIрэ
Я Iуэхур ефIакIуэу,
Я нэмысыр инрэ
Я акъылыр изу,
Хэкушхуэм япхъу пэрыту,
Дахащэхэр куэдрэ ирепсэу!
Я щIалэхэм – «Дэ дежьэнщ»,
ЖаIэу мурад щащIым деж:
Я гъуэгур бзэпсу,
Я псыр чэнжу,
Дыщэплъри я пащIэу,
МазэщIэр я натIэу,
Хы мылыр къащIэу,
Хы щIанэр къагъуу,
Выгъуэр ягъэдакъэу,
Гъэ мин гъащIэкIэ гъэпсэу!
II.Адыгэ лъэпкъым и къежьап1э Багова Сатаней
Адыгэхэр
Мэзхэм щ1агъэна бгы лъагэхэм я зэхуакухэм, Каспий гуэлымрэ, хы ф1ыц1эмрэ я зэхуакум щыпсэу лъэпкъ дахэхэм ящыщ зыщ адыгэхэр.
Ди лъэхьэнэм ипэк1э еянэ л1ыщ1ыгъуэм къыщыщ1эдзауэ ди лъэхьэнэм и епщык1ущанэ л1ыщ1ыгъуэм адыгэхэм къеджэу щытащ меотк1э, зихк1э.синдк1э, касогк1э. Епщык1ущанэ л1эщ1ыгъуэм щыщ1эдзауэ адыгэхэм нэгъуэщ1 лъэпкъхэр къеджэн щ1адзащ черкеск1э ик1и тхыдэм а ц1эмк1э хыхъащ. Адыгэхэр сыт щыгъуи езыхэм я Хэку исыжащ. Адыгэ щ1ыналъэу ябжу щытащ ищхъэрэмк1э ТЭН (ДОН) псым къыщыщ1эдзауэ Кавказ мылылъэ бгыжьхэм ипщэк1э еуал1эу.
Я 1эпкълъэпкъым и зэк1ужык1эк1э, 1уэху еплъык1эк1э, я гупсысэ куумрэ,сыт хуэдэ щытык1э гугъуми хэк1ып1э псынщ1эу къызэрыхуагъуэтыфымк1э адыгэхэр Къуэк1ып1э Гъунэгъум щыпсэу адрей лъэпкъхэм, уеблэмэ Европэм щымыщ адрей лъэпкъ гъунэгъухэм къахэщт.
Ахэр зэик1 хущ1экъуакъым я Хэкур зэлмыгъэк1э нэхъ ин ящ1ыну,зэик1 дихьэхакъым зэрыпхъуак1уэ 1уэхугъуэхэм. Ахэр зэп1эзэрыту ик1и насыпыф1эу щыпсэут я бгыжь лъапэхэм, ик1и хамэ мылъкум зэик1 хуэнэпсеякъым, ауэ шынэ ямыщ1эу я хабзэмрэ, хуитыныгъэмрэ яхъумэжт.
Ди лъэпкъым и къежьап1эу убж хъунущ илъэс минитхук1э узэ1эбэк1ыжмэ щы1а хьэт (ХАТ) къэрэлыгъуэжьыр,а къэралыгъуэм хыхьэу щытащ хы Ф!ыц1э 1уфэхэр хиубыдэу АНАТОЛИЕР
(и джы ТЫРКУЕЙР), Къухьэп1э Кавказыр (иджырей Грузиер, Абхъазыр, Краснодар крайр,Адыгейр). СЛАЙД
Адыгэхэм я хабзэхэр, адыгагъэр, я фащэр, 1эщэхэр, нарт эпосыр, я щ1ыгу лэжьык1эр,адыгэшхэр, 1эщ зехуэк1эр адрей лъэпкъ гъунэгъухэм къахэщтт. Ди лъэпкъыр зэик1 тыншакъым, залмыгъэ куэд кърахащ. Ауэ ар и щхьэр 1этау и нэмысымрэ и хэхуагъымрэ япэ иту сыт хуэдэ 1уэхугъуэми къыхэк1ыжащ. Урыс лъэпкъым щыщ тхак1уэхэм феда1уэт жа1эжым:
« Куэдым къафIощI зы муслъымэн лъэпкъыр адрейм едутIыпщмэ, лъэпкъхэр зэрылъагъу мыхъуу тхуэщIыну. Сэ ар щыуагъэу къызолъытэ. Сыт хуэдизрэ къумыкъухэр шэшэнхэм, шэшэнхэр къэбэрдейхэм, къэбэрдейхэр псыжь адрыщIкIэ щыпсэухэм, псыжь адрыщI нэгъуейхэр абэзэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ едгъэзэуа, арщхьэкIэ абы щхьэкIэ нэхъ жагъуэу зэрылъагъу хъуакъым ахэр. Iэмал закъуэ къызэрагъуэту, лъэпкъ къэс зыр адрейм дэIэпыкъуну хьэзырщ, ди тепщэныгъэр зыщхьэщагъэкIын папщIэ. Гужьгъэжь зыхуаIэр цIыху лIэужьыгъуэ гуэркъым, атIэ ахэр ди унафэм къыщIэмыувэу зэрымыхъунур къызыгурыIуауэ дэ къыддэIэпыкъу нэрыбгэ щхьэхуэхэрщ. Апхуэдэт, псалъэм папщIэ, генерал-майор Бекович-Черкасскэр. Дэ тщыщ гуэр яукI нэхърэ, бгырысхэр нэхъ хуэпабгъэт ар яIэрыхьэным. «
Итхыжащ Вельяминов Алексей
Адыгэхэр, шэч хэмылъу, хуитщ урысхэр ялъагъу мыхъуну. КъухьэпIэ Кавказым ещхьу, лъэпкъ псо щызэтраукIа щIыпIэ куэд тхыдэм дигу къигъэкIыжкъым.
Гугъущ къэпщIэжыну тенджыз ФIыцIэм щегъэжьауэ Лабэ нэс бгырысу исам я бжыгъэр здынэс дыдэу щытар. Абыхэм ящыщу къэнар дыдей къэIэпхъуэжа минищэ къудейрщ. Мин щитхум щIигъу Тыркум кIуащ, я нэхъыбэр гъуэгум тету кхъухьхэм илIыхьащ е Тыркум нэса нэужь дунейм ехыжащ. Ирахужьа нэужь, ди деж щекIуэкIа зэхэуэхэм, узым, мэжэщIалIагъэм, тенджыз Iуфэм нэсауэ е нэмысу, кхъухьым итIысхьэным пэплъэу хэкIуэдахэр минищэм щIегъу…
ДахагъкIэ узытхьэкъу щIыналъэ берычэтышхуэм илъэс мин бжыгъэкIэ щыпсэуа лъэпкъыр зэрыщыту апхуэдэ щIыкIэкIэ «ирагъэкъэбзыкIащ».
Итхыжащ Тихомиров Лев
Лъэпкъым теуха уэрэд ИСТАМБЫЛАК1УЭ
III. Адыгагъэ - адыгэ хабзэ (манеры поведения в обществе) Отарова Диана
Адыгэ хабзэ
Ди лъэпкъыр езыр зэрызэджэжу щытар адыгэщ,бзэуэ я1урылъар адыгэбзэщ; гъащ1э щ1ык1эу, гъэпсык1эу,ц1ыху зэхущытык1эу я1ар адыгагъэщ, адыгэ хабзэщ.
Дунеижьыр щымыджэмыпц1эу, мы щ1ы ф1ыц1эр щызэпц1агъащ1эм къыщыщ1эдзауэ ди лъэпкъ 1ущым къытхуигъэщ1а бэлыхь куэдми, гугъуехь мыухыжхэми къыщымыт1асхъэу, ат1э к1уэ пэтми нэхъ быдэ хъуурэ жырыщхъуэм хуэдэу зэхэжыхьауэ, лъэпкъым и тхыдэжьыр къэзык1уа, гъуазэ емыпц1ыжусыт щыгъуи къыхущыта гъусэпэжщ АДЫГЭ ХАБЗЭК1Э дызэджэр.
Адыгэ хабзэ - псалъэ т1ущк1э жып1энумэ ц1ыхуми ц1ыхум и напэмрэ и хутыныгъэмрэ, ц1ыху хыхьэк1э- хэк1ык1эм,дуней къызыухъуреихьым хуи1э щытык1эм и лъэныкъуэ псори зык1уэц1ылъ гъащ1э мардэщ,
Адыгэ хабзэм къыгуэпх мыхъуну сыт щыгъуи абы и гъусэщ АДЫГАГЪЭР.
АДЫГАГЪЭМ пкъыгъуэу хохьэ: ц1ыхугъэ,щэн1эдэб,нэмыс, 1улыдж, шынэ-ук1ытэ, щыпкъагъэ, напэ, Тхьэ ,л1ыгъэ, Хэкум, ц1ыхум яхуи1э 1уэхущ1афэ, хьэтыр, гущ1эгъу, псапэ,зэхэщ1ык1, ц1ыху хэтык1э мардэ, блэк1амрэ, къэк1уэнумрэ зэрахущытыр, бынунагъуэ, лъэпкъ гупсысэк1э жыхуи1э гуры1уэгъуэхэр псори зэхуэхьэсыжауэ .
Сы адыгэщ зыхужызы1эж дэтхэнэри псом япэу хуэкъабзэу щытыпхъэщ и лъэпкъым, абы и хьэлэмэтхэм, Хэкум и щ1ыхьым. Адыгэ ц1ыхум хэлъын хуейщ нэмыс, к1ухьэн, 1улыдж.
Т1эк1у уадыгэу, тэк1у хабзэри п1ыгъ хуэдэу щыту,уи анэдэлъхубзэри къомыдзащэу упсэун уигугъэк1э къик1ын щы1экъым. Е уадыгэщ, е уадыгэкъым.Е лъэпкъым урибынщ, е абы ури1эщ1ыбщ.Уи лъэпкъ ХабзэмрэУи лъэпкъ гупсысэрэ уимы1эжмэ, улъэпкъыж1ым, гуп щхьэрыут1ыпщу укъызэхонэ нэхъ. Абы Тхьэм дыщихъумэ!
АДЫГЭ ХАБЗЭХЭР
Адыгагъэр зэрыщыту къапщтэмэ , хабзэхэр куэду егуэш :нэхъыжьым ехьэл1а, Хэку щ1ыхьым,бзылъхугъэм зэрихьэн хуей хабзэхэр,адрей лъэпкъым зэрыхэт хабзэхэр,гъуэгум щызэрахьэ хабзэхэр, адыгэ 1энэм и хабзэ,хьэщ1эм, бысымым хуэгъэза хабзэхэр, сабийм к1элъызэрахьэ,л1ыгъэмрэ лъагъуныгъэмрэ щ1элэгъуалэр зэрыхуагъазэ хабзэхэр. Ауэ нобэ мы си ныбжьэгъу хъыджэбз ц1ык1ухэм я гу къэзгъэк1ыжыну сыхуейт Хъыджэбзым зэрихьэн хуей хабзэхэр:
1.Пщащэр анэ-адэм, къыдалъхуахэм,1ыхьлыхэм яхуэ1эф1у, яхуэгуапэу щытын хуейщ. Псалъэ гуапэм пщ1э щ1эпткъым, ауэ уэ пщ1э къырыбохь.
2. Хъыджэбзым сыт и лъэныкъуэк1и (и щыгъынк1и, и щ1ыфэк1и, и 1эдэбк1и и дуней тетык1эк1и) къэбзэныгъэр хэлъын хуейщ. Ц1ыху къабзэм пц1ыр тезагъэкъым, ф1ей кърапэсыну хуейжьэ1ами къык1эрыпщ1экъым.
3. Хъыджэбзыр псом и нэхъапэу дэхэн хуейщ и ц1ыхугъэк1э,1эдэбк1э, щэнк1э и зы1ыгъык1эк1э, ц1ыху хыхьэк1э-хэк1ык1эк1э, и щыгъынк1э. Теплъэк1э дахэу псори къигъэщ1къым, ауэ хуеймэ псоми псэк1э дахэу загъэсэфыр.
4. Хъыджэбзыр нэхъыжьхэм ямыщ1эу зыщ1ып1э к1уэныр, абы куэдрэ къэтыныр емык1ущ.
5.Хъыджэбзыр джэгу, театр, кино - сыт е концерт к1уэнумэ, и дэлъху е и 1ыхьлы щ1алэ и гъусэу к1уэмэ, хабзэщ,гъэсагъэщ.
6.Хъыджэбзыр еджэу 1эщ1агъэ зригъэгъуэтын хуейщ. Ар гъащ1э гъуэмылэщ. Щ1эныгъэ лейрэ. 1эщ1агъэ лейрэ щы1экъым.
7. Хъыджэбзыр и закъуэми,гуп яхэтми ину псалъэу , дыхьэшхыу къезэгъкъым.
8. Адыгэ бзылъхугъэр фадэ ефэкъым,
9.Адыгэ ц1ыхубзыр и зек1уэк1эк1э и плъэк1э къудеймк1э адрейхэм къахэпц1ыхук1ыу щытын хуейщ
1. Адыгэ ц1ыхубзыр хьэлыншэу, имыкурэ имыбгыу ину дыхьэшхыу, куэд жи1эу – ар ди лъэпкъ хьэлтэкъым.
Адыгэ псалъэ Мисроков Чэрим
Ц1ыху ц1ык1ум дунейм къытригъэхьа псом нэхърэ нэхъ телъыджэщ ПСАЛЪЭр.
Зыщ1ып1эм къыщымынауэ гъэщ1эгъуэнщ ик1и удэзыхьэхщ псалъэхэм я къэхъук1эм, ахэм як1уэц1ылъ мыхьэнэр щ1а1эн щ1эхъуам ук1элъыплъыныр, ар бджыныр. Нобэ ди зэ1ущ1эр къызэ1утхащ адыгэ псалъэ гуапэк1э «еблагъэ» жыхуи1эр. Абы къик1ыр ди унагъуэ къихьи тхуэхьэщ1э, благъэ тхуэхъу жыхуи1эщ. А адыгэ псалъэм къызэщ1иубыдэ мыхьэнэ куум хуэдэ и1э зы псалъи къыщыгъуэтыгъуейщ нэгъуэщ1 лъэпкъхэм я бзэхэм.Тхыдэр щыхьэт тохъуэ адыгэ псалъэм къэру зэри1ам, джатэм нэхъри нэхъ лъэщу зэрыщытам.Мы дунейм зы лъэпкъ теткъым а бзэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэм адыгэм ф1ищыфа ц1эм хуэдэ ф1эзыщыфа: псэ+ лъэ, псэм и илъып1э, и гъэт1ылъып1э.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди адыгэбзэ дахэм, лъэщым и зэф1эк1ымрэ и кууагъымрэ и 1ыхьэ пщ1ани дэ нобэ къэдгъэсэбэпыфкъым.
АДЫГЭБЗЭ
Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж,
Си гукъыдэж, си гурыфIыгъуэ,
Дунейр уэрыншэм ныбгъуэхьэшт,
УзиIэу зыми семыфыгъуэ.
УзиIэу зыми семыиж -
АбыкIи, си бзэ, уэрщ си щапхъэр:
Сэ уи беягъкIи сыбейжщ,
Адрейхэм сщIэнуи сыхуопабгъэр.
Уарыншэм гъащIэр шхын мышут,
Мо дыгъэ къепсыр щхьэкIуэ шут,
Абдж къызэрыкIуэт вагъуэ мыщIэр.
ЖызыIэ щыIэщ псалъэгъэху
Уэ къэбгъэщIэнур къэбгъэщIауэ,
И псалъэ кIапсэр зэрихъэху
УфIэмыIуэхуу, къопэбжьауэу.
Сэ зы дакъикъи семыдэIу
Абы я псалъэ мыжьэ - мывэм.
Къуршыпс ежэхыр хуэщIкъым дэгу
Абы зыгуэрым хидза мывэм.
Псыр тожри мывэхэр къонэж,
Гъуэгу зарытехьэрэ а псыпэр
ЗэринэкIар абы гъунэжщ
Мывэ пкIэлъейрэ щхьэдэхыпIэу.
Си адыгэбзэ, уэ улъэщщ,
ЦIыхугу дэтхэнэри къотIэщI,
Уэ ущагъабзэкIэ Iэрыхуэу.
Зэм, си бзэ, уохъури уэ жьгъру,
Адыгэ пшынэу уобзэрабзэ,
Зэм къызыкъуохри уи къарур,
ХеящIэ джатэу ар уогъабзэ.
Анэ быдзышэу уэ уIэфIщ,
УщыщхьэщыскIэ сабий гущэм,
Гухэлъ уэрэди жыбоIэф,
ЗэригъэзэкIыу пщащэ гущIэр.
Уэ уафIэжьгъейми къэбгъэщIащ
Зарыдунейуэ зэджэ "Нартхэр",
Гъэ минхэр, си бзэ, уэ бгъэщIащ
Иджыри мащIэкъым уи натIэр...
Си лъэпкъым щIэблэ къыщIэхъуам
Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу
Я нэхъ тхьэмыщкIэ ар щыхъуам
УреIэ уэ, си адыгэбзэ!
Ар си анэбзэщ ,си адыгэбэщ –уэрэдыр ягъэзащ1э
I V.Адыгэхэм я нэщэнэхэр (презентацэ)
1.Нарт хъыбархэр адыгэхэм я къежьап1эу къалъытэ . Нобэ дуней хъурейм деж щынэхъ телъыджэ щынэхъыжь дыдэ къагъэщ1ыгъэхэм ящыщщ нарт хъыбарыжьхэр. Нарт хъыбарыжьхэм я нэхъ мащ1эми илъэс мини3, 5 я ныбжьщ.. Ди лъэпкъыр зэрыинын, зэрыгушхуэн адэжь 1эрык1щ а хъыбархэр.
2. Нартхэм я зэманым къыщегъэжьауэ адыгэмрэ 1эщэмрэ зэгуэпх мыхъуну зэгъусэщ.
Нартхэм я Тхьэ пэлъытэу щыта, гъук1э псоми я гъук1эж Лъэпщ ищ1ыфу щытауэ къе1уэтэж хъыбарыжьым сыджыр зыпызыупщ1ыфа джатэ. Гъущ1ым и къыщ1эхык1эр, и гъэтк1ук1эр, къэгъэсэбэпык1эр япэ дыдэу къэзыт1эсыфа лъэпкъэм ящыщщ адыгэхэри .Нэгъэсауэ 1эзагъэ я1ащ адыгэ гъук1эхэм, ахэм ящ1 1эщэхэр зыгъэдэхэж дыщэк1хэр.Хаттхэм я зэманым 1эщэу щы1ахэр: къамэ, джатэ,сэкъауэ(боевой топор),уэщ зэмыл1эужьыгъуэхэр,шабзэ, убыдакъ (Булава), токъмакъ, бжы(копьё) ,къыутан(боевая колесница)- мыхэр псори бийм зэребгъэрыкуэ 1эщэт. Зэрызахъумэжхэр: мэ1у(щит),афэ джанэ(кольчугэ).таж (шлем), тэджэлей (афэджанэм и щ1агъым щ1алъхьэ к1агуэ к1эщ1,афэ 1элъэхэр,афэ лъейхэр, нэ1урыдзхэр( нэк1ур яхъумэт), бгъэгурыдзхэр(жыр быдэм къыхэщ1ык1а тепщэч сурэту бгъэм к1эрагъэубыдэ жыр п1ащ1э). Иужьк1э сэблэр къожьэр(урыс сэблэ зыф1ащар). А сэблэм и п1эм къоувэ сэшхуэр, урысхэм шашкэ жыхуа1эр. Шэгынк1э уэ фочхэр, фоч к1эщ1хэр.
3. Шызехуэнымрэ, зехьэнымрэ хуабжьэу хуэ1эзэу щытащ ди лъэпкъыр. Адыгэхэм апхуэдизк1э я гумрэ я псэмрэ хыхьат а псэущхьэ дахэр, щхьэпэри абы ф1ащащ я анэ къадилъхуахэм я ц1эр- «ШЫ» (къуэш,шыпхъу,анэш)Ди лъэпкъым къинэмыщ1ауэ апхуэдэ гъэлъэп1эныгъэ зыми хуищ1акъым шым. Аращ иригушхуэу ди лъэпкъым жезыгъы1эри: «Адыгэшрэ.адыгэл1рэ».А т1ур зэгуэпх мыхъуну ялъытэрт, адыгэл1ым и шыр ф1эк1уэдамэ и щ1элъэныкъуэр гуэхуауэ арат. Шым ехьэл1ауэ адыгэхэм хабзэшхуи зэрахьащ, къызэрымык1уэ щ1эныгъи ябгъэдэлъащ.
Дэ иджы «адыгэшк1э» дызэджэ хъуну къытхуэнэжар къэбэрдеиш закъуэщ. Абы ящыщ «шагъдийр»
3 Адыгэ фащэ
Дэ нобэ адыгэ фащэк1э дызэджэм зэф1эувэн иригъэжьауэ ялъытэ еханэ л1ыщ1ыгъуэм Щызэтеувар е18 и к1эмрэ е19 и пэмрэщ. Адыгэл1 фащэм хыхьэ: щ1агъщ1элъ, джанэ, бгырпх зэтелъ,цей,т1ууэ зэгуэк1 гъуэншэдж, шырыкъу лъапщэ к1эщ1ым дэупщ1ауэ, афэ джанэ. Пы1эу щхьэрыгъыр тажщ1элъ(тюбетейкэ). Бзылъхугъэ фащэхэм хыхьэт: щ1агъщ1элъ,джанэ, бгырыпх телъу бэхуцей,гъуэншэджхэр тт1ууэ зэгуэк1ыу,шырыкъу. Пы1э лъагэ. Щэк1хэк1хэр дарийт,данэт,шылэт.Щ1ымахуэ щыгъыну,джэдыгу(тулуп),щ1ак1уэ,гуэбэныч.Ц1ыхубзхэм хуадт хъурыфэм,бажэм, дзыдзэхэм къыхэщ1ык1а джэдыгу гъэщ1эрэщ1ахэр.Дыжьынк1э ягъэщ1эращ1эжырт.
4.Адыгэ къафэхэр
Къафэхэм къагъэлъагъуэ лъэпкъым и дуней тетык1эр, дуней еплъык1эр, гупсысэр, лъэпкъым и фэеплъщ. Адыгэ къафэхэм я ныбжьк1э илъэс мин бжыгъэ зэпачащ. Къафэм ущрихьэл1энущ сценэмрэ адыгэ джэгумрэ. Сценэм къыщыфэн псоми яхузыф1эк1ынукъым , ауэ щ1элэгъуалэр адыгэ джэгум щыплъэгъунущ.
Джэгу хыхьэныр 1уэхугъуэ тегъэк1ыу къэплъытэ мыхъун 1уэхущ. Абы хабзэ дахэ епхащ.
Абы къыхэк1ыу тщ1апхъэщ:
-Джэгур зэран щ1ап1экъым.
-Уи щхьэ закъуэ къинэмыщ1ауэ уэ анэ-адэми, уи лъэпкъ укъызыхэк1ами урал1ык1уэщ
-Джэгум нэхъ щыгъыныф1, уи1эр щыпт1эгъэн хуейщ,къабзэу фэ птету ук1уэн хуейщ.
-Пщащэхэр е нысащ1эхэр я закъуэу джэгум к1уэкъым
_Укъэфэфу щытын хуейщ, уи къэфэгъуэр къэсамэ зомылъэфыхь, зэбгъэлъэ1уныр емык1ущ.
- Джэгум щ1алэр къафэм япэ къыдэк1ыпхъэщ, 1эдэб и1эу, къыздэфэ пщ1ащэм пщ1э хуищ1у
- Джэгум деж щ1алэмрэ пщащэмрэ куэды1уэрэ къызэдэфэнри ек1укъым
Адыгэ къафэхэр куэд мэхъу . ауэ нобэк1э къэнахэр мащ1э дыдэщ: къафэ,ислъэмей,лъапэщ1эсэ,удж.
Ди адыгэ уэрэдхэри куэд мэхъу ик1и дахэщ.
Текст песни ДАХЭЖАН ПШУКОВ АРТУР
Уи щхьэцыгъуэ дахэри ф1ыуэ зэ1убох,
А уи нэ нагъуит1ым нурыр къыщ1ех.
Уи нэм сыщ1эплъэхъук1э си гур с1эпех,
А уи нэ нагъуит1ым сэ сыдэхьэхащ!
Сэ ф1ыуэ слъагъуу Дахэжан,
Си нэм хуэду Дахэжан,
Си псэм хуэду Дахэжан,
Дахэ дыдэу Дахэжан!
Сыт силажьэр, Дахэжан? сы щ1алэ къуданщ.
Узыхуэмей щ1алэхэм щхьэ сэ сахубжа?
Усхуемейуэ щытымэ сыт щ1ыжомы1ар?
Лъагъуныгъэр гущ1эгъуншэу сыт къыщ1эбгъэнар?!
Сэ ф1ыуэ слъагъуу Дахэжан,
Си нэм хуэду Дахэжан,
Си псэм хуэду Дахэжан,
Дахэ дыдэу Дахэжан!
Ф1ыуэ узолъагъу жып1эу щхьэ сыдепхьэха?
Маф1эр 1эк1э сыбгъэубыду у1ук1уэтыжа,
Жыжьэу укъыщыту сэ укъыск1элъоплъ,
Псы пэгуныр 1эк1э п1ыгъу маф1эм сыбогъэс!
Сэ ф1ыуэ слъагъуу Дахэжан,
Си нэм хуэду Дахэжан,
Си псэм хуэду Дахэжан,
Дахэ дыдэу Дахэжан!
Щ1алэ дахэ улъыхъумэ, дахэр дахэлъыхъущ,
Щ1алэ дэгъуэ улъыхъумэ уэ пхуэдэ сыхъунщ,
Щ1алэ хъыжьэу уи яужь итхэр пк1эрылъэлъыжынщ,
Е ущыуэу 1эщ1ыб сыпщ1мэ ухущ1егъуэжынщ!
Сэ ф1ыуэ слъагъуу Дахэжан,
Си нэм хуэду Дахэжан,
Си псэм хуэду Дахэжан,
Дахэ дыдэу Дахэжан!
Т1эк1у нэхъ хъыжьэу уи яужь итхэм гум укъыранэнщ,
Нэсыпыншэу т1ысыжахэм уахэт1ысхьэжынщ,
Уэ 1эзэгъуэ димы1эжу щхьэ дыкъэбгъэна?
А уи нэ нагъуит1ым сэ сытек1уэдащ!
Сэ ф1ыуэ слъагъуу Дахэжан,
Си нэм хуэду Дахэжан,
Си псэм хуэду Дахэжан,
Дахэ дыдэу Дахэжан!
Ведущий1.
Зыми дримыгъэхъуэпсэну дахэщ, нэгъэсауэ куущ ди адыгэбзэр. Ауэ дэ абы иджыри пхъэмыфым хуэдэу и щхьэм дытес къудейщ., и дэхап1эмрэ и лъэщып1эмрэ нэс хэ1эбэфхэр нэхъыбэмэ бзэри нэхъыф1ыжу, нэхъ жаныжу тхуэлэжьэнт.Дыхуэвгъэсакъ, дывгъэхъумэ ди адыгэбзэр.