Просмотр содержимого документа
«Адыгэ хъыджэбз.Презентацэ.»
Адыгэ хъыджэбз
Ди адыгэм и хъыджэбзхэр
Хъыджэбз псоми я нэхъ лейщ.
Ди адыгэм и хъыджэбзхэм
Дощ1эращ1э мы дунейр.
Ди адыгэм и хъыджэбзхэм
Ягъэлъап1э къэзылъхуар.
Къагъэбжьыф1эу яхэлъщ ахэм
Нэхъ хабзэф1у щы1эу хъуар.
Ижь ижьыж лъандэрэ адыгэ ц1ыхубзым пщ1эшхуэ хуащ1у щытащ. Унагъуэм и нэхъыщхьэр ц1ыхъуху нэхъыжьырат, абы и унафэм псори еда1уэрт, ауэ зы унафэ гуэр къыщищтэнум деж ц1ыхубзым ечэнджэщырт. Ц1ыхубзыр к1утэркъым зэхуэсми, хасэми, щ1ып1э жыжьи. Хабзэтэркъым абы зыщ1ып1э зыкъыщыхигъэщыну. Еджак1уи, лэжьап1и к1уэтэркъым адэ-анэм емыупщ1у, хуит къамыщ1у.
Адыгэ хъыджэбз ц1ык1у.
Адэ-анэм хуит къамыщ1ауэ л1ы дэк1уэну хуиттэкъым. Адэ-анэхэр зэгуры1уэрти иратырт ц1ыхубзыр, уасэ къра1ыхыу. Арэзыми мыарэзыми ц1ыхубзым зыкъригъэщ1эну къек1уртэкъым нэхъыжьхэм. Нэгъуэщ1 унагъуэхэм, хуит ящ1ыурэ хъыджэбзыр зыхуем дагъак1уэрт. Унагъуэ ихьа иужь, ц1ыхубзыр и щхьэгъусэм псомк1и едэ1уэн хуерт, абы жи1эхэр ищ1эн хуерт. Ауэ абы къик1ыркъым ар абы игъэпщыл1ыу.
Ц1ыхубзым ар анэ ирехъу, шыпхъу ирехъу, пхъу ирехъу, пщ1эшхуэ хуащ1ыу къагъуэгурык1уащ. Сыт и лъэныкъуэк1и ц1ыхубзыр яхъумэрт, хуэсакъырт. Абы унагъуэр, лъэпкъыр зэригъэбагъуэм мыхьэнэшхуэ иратырт. Сабийхэм я гъэсэныгъэм к1уэд хилъхьэрт анэм. Абы нэмыщ1 унагъуэр зэрихьэрт, пщаф1энри и пщэ илъырт, ауэ лэжьыгъэ хьэлъэр къылъагъэсыртэкъым. Зыгуэрк1э, лэжьыгъэ хьэлъэ ищ1эн хуе хъуамэ, абы къыдэ1эпыкъурт гъунэгъу ц1ыхухъхэр.
Л1ыр куэдрэ къэтыну ежьамэ, ц1ыхубзым къыдэ1эпыкъурт и адэ и дэлъху и 1ыхьлыхэр. Пхъэ гъэсыни, йэщым и шхыни ц1ыхубзым кърагъэгъуэтыртэкъым. Адыгэ ц1ыхубзхэр зэй гъуэгу жыжьэ техьэртэкъым, гъусэ имы1эу. Ауэ апхуэдэ къэхъуамэ, гъуэгум къыщыхуэза ц1ыхухъум ар нигъэсын хуейт.
Ит1анэ ц1ыхубзым хуит къищ1ырти, л1ыр и гъуэгу теувэжырт. Ц1ыхубз щыту зэф1энэни, зэзэуэни къезэгъыртэкъым адыгэхэм я деж. Я нэхъ 1ейуэ зэзауэхэри, къигъэувы1эфырт ц1ыхубзым. Абы и 1элъощ1ыр зэтрихыу якум дидзамэ зэзауэр къэувы1эн хуейрт. Зыгуэр зыук1э, зыу1а ц1ыхухъум и щхьэр кърихьэл1амэ, къригэлыну хуитт. Ар абы к1элъыплъырт, игъэпщк1урт, къыщ1эупщ1э ами къримыгъащ1эну и къэлэнт.
Ц1ыхубзым и жагъуэ зыщ1а е еуа ц1ыхухъум, и напэ тек1ауэ ябжырт. Ц1ыхубзым зыгуэрк1э лей зэрихьамэ, ц1ыхухъум ар хуигъэгъурт. Адыгэм я1эрщ псалъэжь «Ц1ыхубз пшэрыхь хущанэ». Абы къик1ыр мылъку 1уэхукъым, ат1э пщ1э, нэмыс ину ц1ыхубзым зэрыхуащ1ыр, сыт и лъэныкъуэк1и зэрахъумэращ. Ахэр зыхуащ1э ц1ыхубзми, а пщ1эр къилэжьу щытын хуещ. Абыхэм псоми къыхощ, адыгэм ц1ыхубзым хуищ1а пщ1эм.