СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Обобщающий урок по адыгскому фольклору

Категория: Литература

Нажмите, чтобы узнать подробности

Разработку можно использовать для проведения обобщающего урока по УНТ.

Просмотр содержимого документа
«Обобщающий урок по адыгскому фольклору»

Адыгэбзэмрэ литературэмк1э езыгъаджэ К1эдык1уей Н. Ч., Шэджэм Ет1уанэ къу.

Темэр: Адыгэ 1уэры1уатэр къызэщ1эзыкъуэж урок.

Мурадхэр: 1)1уэры1уатэм теухуауэ ящ1эр къэпщытэн, я1э щ1эныгъэм хэгъэхъуэн; 2) 1уэры1уатэр зэхуэхьэсыжыным нэхъыф1у елэжьахэр ягъэц1ыхун; 3) я гупсысэм зегъэужьын, я бзэм зегъэужьын.

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэ 1эмэпсымэхэр: интерактивнэ доскар, презентацэр, видеороликыр, аудиозаписыр, карточкэхэр.

Урокым и ек1уэк1ык1эр

1.Фи махуэ ф1ыуэ. Нобэ, ц1ык1ухэ, сэращ фезыгъэджэнур. Фыкъызэрызэджэнур Нелли Чамаловнэщ. Сэ си закъуэу сыкъэк1уакъым, мы си гъусэри зэвгъэц1ыху. Абы фэ письмо къыфхуихьащ, Шэджэм Ет1уанэ къуажэм и ещанэ курыт еджап1эм и еджак1уэ ц1ык1ухэм къыфхуатхауэ. Дэтхэнэ урокым ещхьу дэ тщ1эхэр къэтпщытэжынущ, дымыщ1э гуэрхэри къэтщ1энущ, дылэжьэнущ, дыджэгунущ, к1эщ1у жып1эмэ, дызэрыц1ыхунущ.

2.Доскамк1э фыкъаплъэт.(Щ1энэк1алъэ роликым йоплъхэр)

3. Хэт ищ1эрэ сыт иджыпсту дызэплъар зищ1ысыр? (Щ1энэк1алъэ) (Ямыщ1эмэ зищ1ысыр к1эщ1у яже1ауэ ари 1уэры1уатэм и жанру зэрыщытыр къагурыгъэ1уэн)

4.Нобэ ди темэу щытынур къывгуры1уауэ п1эрэ? Хэт жи1эн?

5. Пэжщ, дэ нобэ 1уэры1уатэм теухуа къызэщ1экъуэж урок ди1энущ.

6. (3 слайд) 1уэры1уатэ псалъэр езыр къызэрыригъажьэ «1уэ» 1ыхьэм къик1ыр «жы1э» жыхуи1эу арщ. Нэгъуэщ1у жып1эмэ, 1уэры1уатэм къик1ыр жы1эры1уатэщ.

Адыгэ 1уэры1уатэм къызэщ1еубыдэ нарт хьыбархэр, псысэхэр, таурыхъхэр, псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, уэрэдхэр, гъыбзэхэр, псынщ1эрыпсалъэхэр, нэщэнэхэр, дэгук1эхэр, щ1жнак1алъэхэр, нэгъуэщ1хэри.

7.(4 слайд) Япэу къуажэхьхэм я гугъу тщ1ынщ.

Абыхэм къагъэлъагъуэ ц1ыхум и губзыгъагъэр, и акъылым и жанагъыр. Къуажэхь джэгуным дихьэхырт сабийри балигъри. Къыщыхъу щы1эт къуажэ гъунэгъухэр щызэпеуи, хэт и къуажэхьыр нэхъ дахэми, нэхъ къэщ1эгъуейми зэхагъэк1ын мурадк1э. Къуажэхь щ1ыф1ащари щыджэгук1э къэзымыщ1эфым къуажэ итын хуей хъурт, къуажэ нэхъыбэ къэзыхьыр тек1уэу арат. Фэ фщ1эуэ къыфхуэщ1эу п1эрэ къуажэхьхэр? ( 5,6,7слайдхэм ит къуажэхьхэр къащ1э, звездочкэхэр къэзыщ1эхэм ират)

8.(8 слайд) Псалъэжьхэр.

Мыхэр ц1ыхум и нэгу щ1эк1а, гурэ псэк1э зэхищ1э, л1эщ1ыгъуэк1эрэ зык1элъыплъа 1уэхугъуэ гуэрхэм ехьэл1ащ.

(Сыт хуэдэ псалъэжь ящ1хэми абыхэм къарык1ри жа1э)

9.(9 слайд) Псынщ1эрыпсалъэхэр зэхуэдэ макъ зыхэт псалъит1у е я къэпсэлъык1эк1э гугъуу зэпха псалъэ гупу зэгъусэу къок1уэ. Псынщ1эрыпсалъхэр куэдрэ къэзыгъэсэбэпым и бзэр псалъэк1эм нэхъ «хуэкъута» мэхъу, зеужь; къэпсэлъык1э гугъум и ужьк1э къызэджэнур тынш къыщохъу.

(Ящ1эж псынщ1эрыпсалъэхэр жа1э)

10.(10 слайд) Къебжэк1хэмрэ джэгузэхэшэхэмрэ.

 Зэрабж усэ ц1ык1ухэм я къалэн нэхъыщхьэр гупыр джэгук1э гуэрым хуэгъэхьэзырынырщ. Апхуэдэхэмк1э къыщ1адзэ джэгук1эхэмк1э псори аразыщ. Зэрызабж усэм и щ1эдзап1эр хуозэ усэр жызы1эм, адэк1э псоми я бгъэм е1усэурэ усэм щыщ зы пычыгъуэ е псалъэ ц1ык1у къэс къа - лъегъэс, и к1э дыдэ пычыгъуэр зытехуэр хок1, апхуэдэу къыщ1адзэжурэ забж, псори хэк1ыу, зы ф1эк1а къэмынэжыху.

11.(11 слайд)

1. Инэмыкъуэ.

2. Уэри-уэр.

3. Зэк1.

4. Унэку.

5. Шэ фэндырэ.

6. Инэ коп.

(Мы слайдым ит къебжэк1ымк1э классыр гупищу догуэш)

12.(12 слайд) Таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ.

Ахэр хьэлэмэту зэхэлъщ, купщ1аф1эщ, на1уэщ, шэрыуэщ. Абыхэм сыт щыгъуи пэжыр пц1ым, ф1ыр 1ейм щыток1уэ.

Зытепсэлъыхь 1уэхугъуэ елъытак1э таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ гуп - гупу зэщхьэщок1.

13. (13 слайд) Сурэт къридзэхэм девгъэплъи таурыхъэмрэ псысэхэмрэ къыхэщ л1ыхъужьхэр къэдвгъэц1ыхужыт.

Иджыпсту зыуэр фезгъэдэ1уэнущи гупсэхуу феда1уэ. Ар зищ1ысыр къэфщ1эн хуэдэу, си упщ1эхэм жэуап ефтыфын щхьэк1э.(Зэрыпсысэр жа1э, псысэ нэщэнэу хэлъхэм гу лъатэ)

14. Хьэщ1эм къахуихьа письмор ц1ык1ухэм ярет, абы ит лэжьыгъэр ягъэзащ1э, жэуапхэр зэпкърахыж. ( Ди урокыр и к1эм нос, т1эк1уи фезэшауэ къысщохъу. Фыкъэтэджи зыдгъэпсэхунщ, хьэндыркъуакъуэ ц1ык1ухэм дакъыдэфэнщ)

15. (14 слайд) Фэ фымыц1ыхуу сигу къэзгъык1ыххэркъым, ауэ иджыри зэ Нало Заур 1уэры1уатэр зэхуэхьэсыным, нэгъуэщ1 лъэпкъхэм я 1уэры1уатэр зэридзэк1ыным хилъхьа лэжьыгъэшхуэм щхьэк1э зэ дигу къэдгъэк1ыжым си гуапэу аращ. " Сабий щэнгъасэ" (ябгъэлъагъуурэ езы тхылъыр) тхылъри фэр щхьэк1э къыдигъэк1ащ Нало Заур. А тхылъым псысэхэр, къебжэк1хэр, усэхэр, къуажэхьхэр, псалъэжьхэр, уэрэдхэр итщ. Езы тхылъым сабийхэм я псалъалъи хэтыжщ. Икъук1э хьэлэмэтщ ик1и сэбэпщ.

16. (15 слайд) Мы Къардэнгъущ1 Зэрамыку фэ фц1ыхууи къыщ1эк1ынкъым, ари 1уэры1уатэ зэхуэхьэсыжыным жыджэру хэта щ1эныгъэл1щ, ар ик1и тхак1уэщ, "Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ" пьесэр итхащ, еянэ классым вджынущ. Къардэнгъущ1ыр щ1ыхь зи1э ц1ыхубэ уэрэджы1ак1уэуи щытащ.

17.Нобэ жыджэру хэтахэм ину си гуапэ фщ1ащ. Гупищым тек1уахэм( е псори ф1ыуэ лэжьамэ) фи егъэджак1уэм ту зырыз фхуигъэувыну жес1энщ.

18. Ди урокыр и к1эм нэсащ. Ар къызэрыфщыхъуар къэтщ1энщ иджыпсту. (16 слайд)

19. Унэ лэжьыгъэу асабий адыгэ джэгук1э щы1эу щытахэр къащ1эну ятын. (17 слайд) Сабийхэм дохъуэхъужри сэлам идохыжри урокыр доух.