СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Открытый урок:на тему: «Таурыхъхэр ди хьэщ1эщ»

Нажмите, чтобы узнать подробности

Мурадхэр.

1.Сабийхэм я псынщIэрыкъеджэри я гъэхуауэ, удихьэхыу къеджэкIэри егъэфIэкIуэным елэжьын, я бзэм зегъэужьын, зэхэщIыкIым хэгъэхъуэн. 2.Таурыхъым гурыхь ящыхъуахэмрэ ягу иримыхьахэмрэ къыщыжаIэкIэ, сабийхэм я гупсысэр тэмэму яухуэфу, къаIуэтэжыфу, я жэуапхэр тхыгъэм хэт псалъэхэмкIэ щIагъэбыдэфу, адрей еджакIуэхэм я гупсысэм едэIуэфу, жаIэм арэзы темыхъуэмэ, Iэдэбу и пэжыр пхигъэкIыфу,къедаIуэхэм я фIэщ ищIыфу егъэсэн.  3.Лъэпкъыр цIыху щхьэхынэхэм зэрыхущытыртаурыхъымкъызэрыщыгъэлъэгъуам кIэлъыгъэплъын, апхуэдэ  

Просмотр содержимого документа
«Открытый урок:на тему: «Таурыхъхэр ди хьэщ1эщ»»

МИНИСТЕРСТВО ПРОСВЕЩЕНИЯ, НАУКИ И ПО ДЕЛАМ МОЛОДЕЖИ КБР

Государственное бюджетное общеобразовательное учреждение

«Школа-интернат для детей-сирот и детей,

оставшихся без попечения родителей,№5»

(ГБОУ «ШИ №5» Минпросвещения КБР)



Адыгэбзэмк1э ещанэ классым щек1уэк1а урок зэ1уха.

Темэр:


«Таурыхъхэр ди хьэщ1эщ»







Езыгъэк1уэк1ар:

Адыгэбзэмрэ литературэмрэк1э егъэджак1уэ-Шэшэн О.З.





2021 гъэ.


Темэр. Дыщэ сом (таурыхъ).


Мурадхэр.


1.Сабийхэм я псынщIэрыкъеджэри я гъэхуауэ, удихьэхыу къеджэкIэри егъэфIэкIуэным елэжьын, я бзэм зегъэужьын, зэхэщIыкIым хэгъэхъуэн.
2.Таурыхъым гурыхь ящыхъуахэмрэ ягу иримыхьахэмрэ къыщыжаIэкIэ, сабийхэм я гупсысэр тэмэму яухуэфу, къаIуэтэжыфу, я жэуапхэр тхыгъэм хэт псалъэхэмкIэ щIагъэбыдэфу, адрей еджакIуэхэм я гупсысэм едэIуэфу, жаIэм арэзы темыхъуэмэ, Iэдэбу и пэжыр пхигъэкIыфу,къедаIуэхэм я фIэщ ищIыфу егъэсэн. 
3.Лъэпкъыр цIыху щхьэхынэхэм зэрыхущытыртаурыхъымкъызэрыщыгъэлъэгъуам кIэлъыгъэплъын, апхуэдэ
цIыхухэм сабийхэм гущыкI хуегъэщIын, лэжьыгъэ фIыуэ зылъагъууу тхыгъэм
хэтхэм, гъащIэм щацIыхухэм я щапхъэхэмкIэ еджакIуэхэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэ ядегъэк1уэк1ын.
4.Яджым дерс къыхаххэр я хьэл­щэным зэрыхапщэным хущIэкъуу гъэсэн.
5.Урокым ехьэлIапхъэхэр:
Гъэлъэгъуэныгъэр, лэжьыгъэм теухуа псалъэжьхэр. 
Урокыр зэрекIуэкIынур.
Сабийхэм я IуэхущIафэхэр щыплъагъу сурэт


I. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.

  1. Хъыбарым щекIуэкI Iуэхугъуэхэм ящыщу нэхъ гурыхь ящыхъуам сабийхэм хуащIа сурэтхэмкIэ зэпсэлъэныгъэ егъэкIуэкIын. 
    2. Тетрадым ит лэжьыгъэхэр зэрагъэзэщIам щыгъуазэ зыщIын.
    3. Хъыбарым хэт лIыхъужьхэм я сэфат ихьэу сабийхэр хъыбар­таурыхъым
    къегъэджэн. 
    4. «Дзей» хабзэм цIыхухэм къахуихьу щыта сэбэпым, нобэ а хабзэр губгъуэ
    бэджэндэу къэзыщтэхэм я деж зэрыщекIуэкIым теухуауэ сабийхэм къащIар
    къегъэIуэтэжын.
    5. Текстым хэбгъэувэм хэзэгъэну къащыхъу псалъэжьхэр сабийхэм
    кърегъэIуэн, ахэр яджа хъыбарым екIуу къыщIалъытэм и щхьэусыгъуэр
    къыжегъэIэн




6. Ещанэ классым зэджэ тхыгъэхэр сабийхэм ягу къагъэкIыжу «Делэм
къилэжь и Iыхьэщ», «ЛэжьакIуэфI и фIыщIэ щIэми, жьыми яIуатэ»
псалъэжьхэр зыхуэфащэхэм я цIэр кърегъэIуэн. 

II.

  1. Псалъэжьхэм къегъэджэн. Ахэр къазэрыгурыIуэр жегъэIэн.
    ТемэщIэм елэжьын. 
    Къуат къэуаткъым, къэблэжьырщ къэуатыр.
    ИгъащIэм и Iэ псы щIыIэ хищIакъым.
    Къыумылэжьар гъэкIуэдыгъуафIэщ.
    Лэжьэным хэзагъэр щIэныгъэми хогъуазэ.
    ЦIыхур зыгъэщIэращIэр и гуащIэщ.


2. «Дыщэ сом» адыгэ таурыхъым езыр-­езыру къегъэджэн.

Къеджэн щIамыдзэ щIыкIэ псалъэ къагурымыIуэнухэм я мыхьэнэр езы сабийхэм(зэчэнджэщыжурэ,егъэгъэбелджылын.псалъалъэм къыщалъыхъуэурэ)
КъыщеджэкIэ, ипэкIэ зэлэжьа псалъэжьхэм ящыщ таурыхъым щыхэбгъэувэ
хъуну щIыпIэхэр къегъэхутэн.



3. Псалъэжьхэр хагъэувэурэ зым зыр къыпищэу таурыхъым сабийхэр
къегъэджэн.



4. Адэмрэ къуэмрэ къазэрыщыхъуар сабийхэм къегъэIуэтэн.
5. Сатыр къэс тес сабийхэр зэгъэчэнджэщыжурэ таурыхъым щIэлъ гупсысэ
нэхъыщхьэр къегъэхутэн, ар езыхэм я псалъэкIэ е псалъэжькIэ къегъэIуэтэн.
Гупхэм я гупсысэхэм зэрыклассу хэгъэплъэжын, нэхъ тэмэму къалъытар
тетрадым ирегъэтхэн.

6. ИпэкIэ зэлэжьа псалъэжьхэмящыщу нэхъ гурымыхьу къащыхъум
къегъэджэн, ягу щIримыхьар жегъэIэн.
7. Лэжьэным хэзагъэр щIэныгъэм нэхъ хэгъуазэу къыщIалъытэр жегъэIэн. 
8. ЕджакIуэ къэс дерс къызыхихыну нэхъ къищтэ псалъэжьым къегъэджэн.


III. Унэ лэжьыгъэ: Таурыхъым хуэгъэува упщIэхэм жэуап хуэгъэхьэзырын,
лэжьыгъэхэр гъэзэщIэн. Нэхъ гурыхь фщыхъуар къэзыгъэлъагъуэ сурэт
таурыхъым хуэщIын.