Урокыр зытеухуар: Нало Заур и «Ц1ыху напэ» балладэм и ещанэ 1ыхьэр.
Мурадыр: «Напэ» псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын;
- Уд фызыжьым и образымк1э Налом къигъэлъэгъуар убзыхун;
-Ди зэманым балладэм щхьэпэныгъэу щи1эр щ1эгъэхуэбжьэн;
-Балладэм и гупсысэ нэхъыщхьэр псалъэжьхэм епхын;
-Бзэм зегъэужьын.
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр: Нало Заур теухуа гъэлъэгъуэныгъэхэр(выставкэ),усак1уэм папщ1э гъэхьэзыра видео теплъэгъуэр,презентацэхэр,псалъалъэхэр,тест лэжьыгъэхэр,сурэтк1э зэрылэжьэну 1эмэпсымэхэр.
Урокыр зэрек1уэк1ынур.
1. Пэублэ ,урокым хуэзыгъэуш дакъикъэхэр.
Егъэдж. Махуэф1к1э нобэ сыфхуоусэ,ц1ык1ухэ!Ди дерсым сыхуейт ирищ1эддзэну мы видео пычыгъуэмк1э.(Нало Заур теухуауэ Москва щрагъэк1уэк1а пшыхьым и зы пычыгъуэ доплъ).
Иджы сыхуейт къызжеф1эну-хэт ди псалъэмакъыр зыхуэгъэпсар нобэ?
Еджак1уэхэм упщ1эм и жэуапыр къа1уатэ.
Егъэджак1уэ:Пэж дыдэщ.Мы пычыгъуэм зытепсэлъыхьыр лъэпкъ литературэм зи гуащ1эр щхьэузыхь хуэзыщ1а,ц1ыхупсэм ехуэбыл1э тхыгъэ купщ1аф1эхэр зи къалэмыпэм къыщ1эк1а,псоми ф1ыуэ ялъагъу Нало Заурщ.
2.Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын
Нало Заур и 1эдакъэщ1эк1ыу дэ дызэджахэм сыт хуэдэ тхыгъэр ящыщ?-мы упщ1эр хэзышэ дощ1 унэ лэжьыгъэр къэпщытэжыным.Адэк1э едджак1уэхэр къыдопщытэж.
1) Упщ1эхэмк1э гъэлэжьэн
Егъэдж.
Доскам псори доплъ.
Доскам Нало Заур и сурэтыр ф1элъщ, итщ:
-Сытк1э пыщ1а мы илъэс бжыгъэхэр Нало Заур и гъащ1эм?
1. 1928гъ. 4. 1954гъ.
2. 1948гъ. 5. 1956гъ.
3. 1952гъ 6. 1959гъ.
1928гъ – Старэ Урыху къуажэм къыщалъхуащ.
1948гъ – къуажэ еджап1эр ф1ы дыдэу къеух, Къэбэрдей – Балъкъэр пединститутым адыгэбзэмрэ литературэмрэ и отделенэм щ1от1ысхьэ.
1952гъ – пединститутыр къеух, институтым егъэджак1уэу лэжьэн щ1едзэ.
1954гъ – Къэбэрдей – Балъкъэр щ1эныгъэ – къэхутак1уэ институтым щылэжьэн щ1едзэ ик1и, нобэр къыздэсым, Нало Заур абы щолажьэ.
1955гъ – къыщыщ1эдзауэ дунейм къытохьэ Налом и тхыгъэхэр, сабийхэм папщ1э усэхэр, рассказхэр, новеллэхэр.
Егъэджак1уэ:А лъэхъэнэм щыщ1едзэ Налом ди пащхьэ кърилъхьэн тхыгъэ купщ1афэхэр.Апхуэдэщ «Ц1ыху напэ» балладэри.Сыхуейт къызжеф1эну-сыт балладэк1э дызэджэр?
Балладэ-тхыдэм е таурыхъым къыхаха сюжетым тету строфаурэ тха усыгъэ мыин.
Строфа-усэм и 1ыхьэ,часть стиха.
Усэ-усак1уэхэм зэгъэк1уауэ псалъэк1э зэхалъхьа тхыгъэ мыин.
Усак1уэ-усэ зэхэзылъхьэ ц1ыху.
Усэн-слагать,сочинять.
- Зытепсэлъыхьым и щытык1эр зэхэщ1эгъуэу, нэгум къыщ1агъэхьэу, къа1уэтэж щхьэк1э, ар нэгъуэщ1 зыгуэрым ирагъэщхьу, ирагъапщэу къыщыжа1эм деж зэгъэпщэныгъэк1э йоджэ.
«Ц1ыху напэ» балладэм гупсысэ нэхъыщхьэ хуэхъуар абы дызыхуриджэм к1эщ1у тепсэлъэхьын.
Егъэдж. Дэтхэнэ зы усэ едзыгъуэми фыкъеджурэ къыжыф1эт. Усак1уэм удым и шыфэл1ыфэр къыщигъэлагъуэк1э сыт хуэдэ художественнэ 1эмал къигъэсэбэпми.
- Сыт хуэдэ пщ1э хуищ1рэ усак1уэм ц1ыху напэм? Фэ сыт хуэдэ щытык1э хуви1э ц1ыху напэм?(Дэтхэнэ зы усэ едзыгъуэми усак1уэм къыщегъэсэбэп зэгъэпщэныгъэхэр,егъэлеиныгъэхэр.Усак1уэм напэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ди пащхьэ псалъэк1э кърелъхьэ.Ц1ыхум псори ф1эк1уэд хъунущ,ауэ напэр зыф1эк1уэдам ф1ок1уэдыр гъащ1э дахэр,дыгъэпс гуапэр,ц1ыхум и пщ1эр.
Егъэдж. Балладэр усэу тхащ. Абы усак1уэм и зэхэщ1эныгъэм нэмыщ1и гъащ1эм къыщыхъу, л1ыгъэк1э гъэнщ1а 1уэхугъуэ къегъэлъагъуэ. Балладэм и щапхъэщ «Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умрэ», «Ц1ыху напэ» усэхэр.
3.Темэщ1эр егъэджын.
Макъамэ гуапэ къоуэ.
1) Нало Заур и балладэ «Ц1ыху напэ» ещанэ 1ыхэм егъэджак1уэр къоджэ.
2) Упщ1эхэр гъэувын,абыхэмк1э ещанэ 1ыхьэр зэпкърыхын.
-Ет1уанэ илъэсым удыр къэк1уащ л1ыжьым и напэр ихьыну.
-Напэм и п1эк1э удым ихьар сыт?
-Удым напэр л1ым къыщримытым сыт хуэдэ 1эмал удыр зыхуэк1уэр?
-Сыт усак1уэм л1ымрэ удымрэ я образхэмк1э дигъалъэгъуну зыхуеяр?
- Ц1ыхугъэр, ц1ыху напэр псом ящхьэу зэрыщытыр дауэ къигъэлъэгъуэфа усак1уэм?
-- Ц1ыхугъэмрэ напэмрэ псом нэхърэ нэхъ лъап1эу зэрыщытыр Нало Заур къыдигъэлъэгъуащ л1ым и напэм и п1эк1э и гурыгъугурыщ1эхэр къызэри1уатэ и бзэр, дунейм и дахагъэр зэрилъагъу и нэр, уеблэмэ, и псэ дыдэри удым зэрыритымк1э. И бзэм, и нэм, и псэм нэхърэ нэхъ лъап1эу къилъытащ абы и ук1ытэмрэ и напэмрэ.
Ижь – ижьыж лъандэрэ адыгэм псом япэ иригъэщу щытащ и напэр, и ц1ыхугъэр. Адыгэхэм пщ1э хуащ1ырт напэ зи1э, ц1ыхугъэ зыбгъэдэлъ ц1ыхухэм. Нэмыплъ иратырт зи напэпэри зи ук1ытэри 1эщ1ыб зыщ1а ц1ыхухэм. Абы и щыхьэтуи ди бзэм псалъэжь куэд къыхэнащ. Фэ фщ1эуэ п1эрэ ц1ык1ухэ, апхуэдэ псалъэжь.(слайдым тет псалъэжьхэр еджак1уэхэм я пащхьэ идолъхьэ)
- Псэр ящэри напэ къащэху.
- Нэмыс зи1эм насып и1эщ.
-Ук1ытэр щагъуэтым бжэкъуагъым къуэсащ.
- Напищэ нэхърэ зы напэ.
-Ук1ытэ зимы1эм ц1ыхугъи и1энкъым.
-Балладэр Щоджэнц1ык1у Алий и фэеплъу зэрыщытар дощ1э. Хэт жи1эн сыту п1эрэ усак1уэм мы тхыгъэр Щоджэнц1ык1у Алий фэеплъ щ1ыхуищ1ар?
- Нало Заур и балладэр Щоджэнц1ык1у Алий. Сэ къызэрысщыхъумк1э, фэеплъ щ1ыхуищ1ар мыращ: нэмыцэ концлагерым щисам бийм къыпиубыдауэ щытащ нэмыцэ зэрыпхъуак1уэхэм я тек1уэныгъэхэр зыгъэлъап1э усэ иригъ итхын хуейуэ. Арщхьэк1э Алий и Хэку, и напэ епц1ыж нэхърэ л1эмэ, гъащ1э итмэ нэхъ къищтащ. Нэмыцэ1уэм Алий къыдисахэм къызэра1уатэжамк1э, абы куэдрэ жи1эрт «Зи лажьэр к1уэду зы1уэтэжынха адыгэ напэр фымыгъэулъий, зывмигъэдзыхэу ди нэмысыр фхъумэ». Ик1и жып1э хъунущ Щоджэнц1ык1у Алий и напэм, и ц1ыхугъэм, и Хэкум емыпц1ыжу а псом щхьэк1э гъащ1эр итауэ.
Егъэджак1уэ: Пэжщ, Щоджэнц1ык1у Алий илъагъу хъууэ щытакъым, нэмыплъ иритырт зи напэм, зи Хэкум епц1ыжа, ц1ыхугъэ зыбгъэдэмылъ ц1ыхухэм. «Зи напэ епц1ыжа ц1ыхум и 1эр ф1еипсым хэлъу и гъащ1эр ехь», - жи1эрт абы.
И дуней тетык1амк1и, и къигъэнахэмк1и къилэжьыжащ Щоджэнц1ык1у Алий апхуэдэ тхыгъэ гъуэзэджэ, нэгъуэщ1 куэди фэеплъ хуащ1ыныр.
Нало Заур и «Ц1ыху напэ» балладэр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ ц1ыхугъэм, ц1ыху напэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эм, ар пщэ е къэпщэху зэрымыхъунум. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджырей зэманым куэдрэ дыщрохьэл1э мылъку зэхуэхьэсыным дихьэхауэ напэ 1эщ1ыб зыщ1а ц1ыхухэм. Абыхэм къагуры1уэкъым мылъкур уэсэпсу зэрыщытыр. Уэсэпсым ещхьу мылъкур к1уэдыжынущ. Къэнэнур напэмрэ ц1ыхугъэмрэщ. Ар зыщывмыгъэгъупщэ фигу илъу фыпсэумэ, ц1ык1ухэ, пщ1э къыфхуащ1у дунейм фытетынщ.
Сыхуейт удым и теплъэр зы еджак1уэм ищ1ыну,адрейм напэ,ук1ытэ,л1ыгъэ псалъэхэр тегъэщ1ап1э зыхуэхъун теплъэгъуэ.
4.Егъэбыдыл1эн
Балладэм и ещанэ 1ыхьэм еджак1уит1-щы къегъэджэн,еджак1уит1ым тест лэжьыгъэхэр егъэщ1ыжын:
Тхыгъэм и ещанэ 1ыхьэр:
Гъатхэ пасэщ ещанэгъэр,
Пц1ащхъуэр уэгум щос.
Л1ыжьыр дэлъу гъатхэ дыгъэм
Удыр занщ1эу къос.
Блэм и щ1ыфэу,уд 1э гъурыр
Л1ыжьым ще1усам,
Щылъэтащ ар щтэ1эщтаблэу
Ещхьу блэ зэуам.
«Сувы1энкъым,-же1э удым,-
Сымыхьау уи напэр;
Зэф1эк1ынущ ар тынш дыдэу,
Що1усам си 1эпэр.
Уи ук1ытэр сэ къызэптым,
Уи яужь сок1ыж.
Уи ни уи бзи уи ук1ытэм
Пэк1уэу узотыж.
Ц1ыхум напэр зэран хуохъур,
Насыпыншэ ещ1.
Ц1ыхум напэр игъэлъап1эм,
Мэхъу и жыпыр нэщ1».
«Хьэуэ!-же1эр л1ыжьым игук1э,
Зыми димыхьэх:
-Сэ схуэщэнкъым си ук1ытэр,
Ухуейм ,си псэр хэх».
«Ауэ щыхъук1э,-же1эр удым,-
Телъхьэ ин пхузощ1:
Дунеишхуэм ф1ыгъуэу телъыр
Уасэ хъун къысф1ощ1».
«Хьэуэ!-же1э л1ыжьым игук1э,-
Ухэмыт а псом,
Ук1ытэншэу упсэу нэхърэ
Нэхъыф1щ умыпсэум».
«Армэ хъункъэ,-же1эр удым,-
Уи псэр къыхызох.
Уи ук1ытэр уигу пымык1ым,
Ар,ухуейм,къыхэх».
«Захуэщ!»-же1эр.Зы тк1уэпс закъуэ
Нэпсу нэм къыщ1ок1.
Асыхьэтым щ1оху и лъакъуэр,
Хуэму и псэр хок1.
Тест упщ1эхэр:
1. Хьэтуей къуажэм къыщалъхуащ…
а) К1уащ Бет1ал
б) К1ыщокъуэ Алим
в) Щомахуэ Амырхъан
г) Нало Заур
2. Нало Заур и «Ц1ыху напэ» тхыгъэр жанр и лъэныкъуэк1э…
а) рассказ;
б) поэмэ;
в) балладэ;
г) усэ.
3. Налом и балладэ «Ц1ыху напэр» фэеплъ хуищ1ащ …
а) Щоджэнц1ык1у Алий
б) Джэдгъэф Борис
в) Журт Биберд
4. Цы 1уданэ плъыжьк1э и нэр
Хуэдэщ къэдыхьам,
Псалъэу жи1эм гур е1ул1эр
Ещхьу хуэш хыхьам.
Мы псалъэхэр зытепсэлъыхьыр…
а) гъуэгурык1уэ;
б) уд;
в) л1ым
5. «Ц1ыху напэ» балладэр щыдодж :
а) етхуанэ классым;
б) еханэ классым;
в)ебланэ классым
Классым щ1эс еджак1уэхэм упщ1э яхуэгъэувын:мы балладэр зытепсэлъыхь 1уэхугъуэр фэ къыфщыщ1амэ,сыт хуэдэ хэк1ып1эт фи1энур?Дунейм фи бзэр бзэрабзэу,нэхэм дахагъэ псори ялъагъуу фытетынут напэр фимы1эжу,хьэмэрэ а дахагъэ псоми фыхуэхейуэ,ауэ фи напэр хужьу фыпсэупхъэт.Жэуап къатахэм ипкъ итк1э еджак1уэхэр гупит1у гуэшын.Апхуэдэ жэуап къызэратам тегъэщ1ауэ я гупсысэхэр утыку кърегъэлъхьэн.
5.Урокыр зыщ1экъуэжын
Егъэдж. -Ц1ык1ухэ,урокыр иризэщ1эткъуэжыну сыхуейт синквейнк1э.Псалъэхэр:напэ,л1ыгъэ,уд
- Ди зэманым сытк1э щхьэпэ мы балладэр.
6.Унэ лэжьыгъэр етын.
1. «Ц1ыху напэ» балладэм гъэхуауэ еджэн;
2. Тхыгъэм и ещанэ 1ыхьэр гук1э зэгъэщ1эн.
3. Гупсысэ к1эщ1 тхын «Напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э щы1экъым».
4.
7.Дамыгъэхэр гъэувыжын.