БЖЫГЪЭЦIЭХЭМ Я ТХЫДЭР
ХЭЗЫГЪЭГЪУАЗЭ
Лэжьыгъэм и мыхьэнэр. БжыгъэцIэ лъабжьэхэр, аффиксальнэ морфемэхэр я бжыгъэкIэ куэд мыхъуми, псалъэ къэхъукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр яIэщ икIи разряд зыбжанэу зэщхьэщокI бжыгъэцIэхэр. А псалъэ къэхъукIэхэм я нэхъыбэр икIи разряд нэхъ пажэхэр къэхъуащ адыгэбзэр тIууэ щызэщхьэщымыкIа лъэхъэнэм. Абыхэм яхэтщ абхъазыбзэ-убыхыбзэхэм щызэтехуи-щызэлъабжьэгъуи. Ауэ ди нобэрей диплом лэжьыгъэр зытеухуар къэбэрдей-шэрджэсыбзэ бжыгъэцIэрщ икIи мы тхыгъэ мащIэмкIэ дэ дгъэбелджылащ абы и тхыдэр, бжыгъэцIэр джыным мыхьэнэуэ иIэр. Апхуэдэу мы лэжьыгъэм къыщыбгъуэтынущ къэбэрдей адыгэхэмрэ шэрджэс адыгэхэмрэ щIыпIэкIэ зэпэжыжьэ хъуа нэужь, абыхэм я бжэкIэм щхьэхуагъэ гуэрхэр игъуэтауэ зэрыщытыр, нэгъуэщIхэри.
Лэжьыгъэм и мурадымрэ къалэнымрэ. Нэгумэ Шорэ и деж къыщыщIэдзауэ нобэрей щIэныгъэлIхэм я деж щиухыжу къэбэрдей-шэрджэсыбзэ бжыгъэцIэр псалъэ лъэпкъыгъуэ щхьэхуэу къыхагъэкI, ауэ абы и разрядхэр къызэрыхагъэкI щIыкIэми, ахэр зэрыхъу бжыгъэхэми зэтемыхуэ мымащIэхэр хэтщ. А зэщхьэщыкIыныгъэхэр къэзыша Iуэхугъуэхэр сэтей тщIын ди мураду мы лэжьыгъэр тхын щыщIэддзэм мыпхуэдэ къалэнхэр зэхуэдгъэувыжащ:
1) къэбэрдей-шэрджэс бжыгъэцIэхэм я тхыдэр, я къекIуэкIыкIар къэхутэжын;
2) бжыгъэцIэхэм я мыхьэнэр гъэбелджылын;
3) бжыгъэцIэм и разрядхэмрэ ахэр къызэрыхъуахэмрэ щIэныгъэ лъабжьэм тету зэхэгъэкIын;
4) я зэхэтыкIэкIэ (зэрызэхыхьа морфемэ лъабжьэкIэ) къэбэрдей-шэрджэс бжыгъэцIэхэр зэригуэшыр къэгъэлъэгъуэн;
5) бжыгъэцIэхэм я склоненэм кIэлъыплъын;
6) бжыгъэцIэхэм я синтаксическэ къалэнхэм тепсэлъыхьын икIи щапхъэхэмкIэ къэгъэлъэгъуэн.
Темэр къыщIыхэтхар. Адыгэбзэ морфологием и темэ псоми щыщу бжыгъэцIэхэм (абы и разрядхэм) хуэдэу гъэщIэгъуэнрэ узэлэжьыну нэхъ удэзыхьэхрэ яхэткъым. Аращ нэхъыщхьэу апхуэдэ темэ къыхэтхыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар.
Лэжьыгъэр къыщыбгъэсэбэп хъунущ курыт еджапIэхэм, колледжхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм къэбэрдей-шэрджэсыбзэ бжыгъэцIэхэм и мыхьэнэр, абы и разрядхэр, склоненэр, я синтаксическэ къалэнхэр щаджкIэ.
БжыгъэцIэм и темэ псоми щыщу еджакIуэхэм нэхъ къогугъуэкI къутахуэ бжыгъэцIэхэр джыныр. Апхуэдэу щыт пэтми, еджапIэхэм мы бжыгъэцIэ къэкIуэкIэм хуэфащэ гулъытэ щыхуамыщIу куэдрэ ухуозэ. БжыгъэкIэ тха къутахуэ бжыгъэцIэхэм еджакIуэхэр къеджэфу егъэсэным папщIэ, абыхэм гу лъегъэтэн хуейщ знаменателым къигъэлъагъуэр къызыхах къутахуэ псоми я бжыгъэр ару зэрыщытыр, числителым абыхэм щыщу къащтэ бжыгъэр къызэригъэлъагъуэр. Ар фIыуэ егъэщIа хъунымкIи мы диплом лэжьыгъэр щхьэпэ хъунущ икIи гугъуехьыншэу еджакIуэхэм къыгурыбгъэIуэфынущ, къутахуэ бжыгъэцIэхэм дакъыщеджэкIэ, япэ щIыкIэ знаменателыр жытIэу, абы числителыр къыщIыкIэлъыдгъакIуэр (2/3 – щанитI, 16/17 – пщыкIубланэ пщыкIух). Мыр гурыIуэгъуэщ, къызыхэтх къутахуэ псоми я бжыгъэр зыхуэдизыр числителымкIэ догъэбелджылыж. А къомыр щIыжытIэращи, бжыгъэцIэхэр зэребгъэджын методикэ щызэхэплъхьэкIи мы диплом лэжьыгъэр сэбэпынущ.
Къэбэрдей-шэрджэсыбзэ бжыгъэцIэр джа хъунымкIэ, зэфIэувэнымкIэ я гуащIэ халъхьащ щIэныгъэлI куэдым. Абыхэм ящыщщ Нэгумэ Шорэ, Л.Г.Лопатинскэр, Г.Турчаниновымрэ М.Цаговымрэ, Н.Ф.Яковлев, Елберд Хьэсэн, Балъкъэр Борис, Къумахуэ Мухьэдин, Урыс Хьэтэлий сымэ.
Зи гугъу тщIа щIэныгъэлIхэм къэбэрдей-шэрджэсыбзэ бжыгъэцIэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр ятхауэ щыIэми, абыхэм зыри яхэткъым бжыгъэцIэм теухуауэ лэжьыгъэшхуэ (диссертацэ е тхылъ щхьэхуэ) зытха. Ауэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и лъапсэгъу адыгеибзэм а псалъэ лъэпкъыгъуэр куууэ щызэпкърахащ. Абы щыхьэт тохъуэ адыгейбзэ бжыгъэцIэм теухуауэ диссертацэ ятхауэ зэрыщыIэр. БжыгъэцIэхэм я тхыкIэ хабзэхэм щыщу еджакIуэхэр нэхъ зэлIалIэр зэпыту, екъуа дэту тхын хуей щыхъурщ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъур и гъунэгъу бжыгъэ къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэцIэ зэхэлъхэмрэ зэрагуэш бжыгъэцIэхэмрэ я тхыкIэр абыхэм я грамматическэ щытыкIэм и мызакъуэу, лексикэ-семантическэ мыхьэнэми епхауэ зэрыщытырщ.
БжыгъэцIэхэм я орфографием теухуа тхыгъэхэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIри абыхэм я тхыкIэ тэмэмымрэ бзэм зегъэужьынымкIэ бжыгъэцIэхэм епха творческэ лэжьыгъэхэмрэщ. Лэжьыгъэхэм ящыщ куэдыр жьэрыIуатэу ягъэзэщIэну къыщIагъэувыр къыхокI цифрэкIэ тха бжыгъэцIэхэм сытым дежи еджакIуэхэр хуэIэижьу зэрыщымытым, псом хуэмыдэу къутахуэ бжыгъэцIэхэм я къэпсэлъыкIэм.
1. БЖЫГЪЭЦIЭХЭМ Я ТХЫДЭ
Адыгэбзэм (къэбэрдей-шэрджэсыбзэ, адыгеибзэ) и тхыдэр лъэхъэнитI ищIыкIын хуейщ: а) ижь зэманым къыщыщIэдзауэ XIX-нэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм къэс; б) адыгэбзэм и тхыгъэ щыIэ щыхъуа лъэхъэнэм (XIX-нэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм) къыщыщIэдзауэ ди нобэм къэсыху.
Адыгэбзэм и лъапсэгъущ адыгеибзэр, абхъазыбзэр, убыхыбзэр, абазэ-бзэр, – ижькIэ уIэбэжмэ, ахэр зыбзэу щытауэ къалъытэр. А бзэхэм я пасэрей тхыгъэ дэ нобэк1э диIэкъым, абыхэм тхыгъэ зэраIэм и лъэужь утезыгъэхьэ гуэрхэр щыIэу щытми. Тхыдэм япэ лъэхъэнэм бзэм щиIа пасэрей щытыкIэр, абы и тхыдэр къызэфIэбгъэувэжын папщIэ, япэ хэкIыпIэу щыIэр пасэрей тхыгъэхэрщ.
Апхуэдэу Iуэхур щыт пэтми, адыгэбзэм и тхыдэм щыщ Iуэхугъуэ зыбжанэ зэхуэхьэса, джа икIи тха хъуащ, и лъапсэгъу бзэхэр, абыхэм я диалектхэр, IуэрыIуатэр, пасэрей адыгэ уэрэдхэр къагъэсэбэпурэ, сравнительнэ-историческэ методым тету бгъэдыхьэурэ. Япэ лъэбакъуэр зычахэщ Нэгумэ Шорэ, Борыкъуей ТIутIэ, Н.Ф.Яковлев, Г.Ф.Турчанинов, Цагъэ М., Елберд Хьэсэн, Урыс Хьэтэлий сымэ.
Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэбзэм и морфологием елэжьа щIэныгъэлIхэм я тхылъхэм упхрыплъмэ, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым абыхэм адыгэ бжыгъэцIэхэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэр, гуэшыкIэр зэрызэпэгъунэгъум, ауэ зэрызэтемыхуэм, зэщхьэщыкIыныгъэ гуэрхэр яIэу зэрыщытым.
Пэжщ, къэхута, зэхуэхьэса хъуа Iуэхугъуэ гуэрхэмкIэ зэтемыхуэ еплъыкIэ адрей псалъэ лъэпкъыгъуэхэми щыIэхэщ, бзэм и тхыдэр джыныр нэхъ гугъу къащIу. Зэтемыхуэ еплъыкIэ здэщыIэр автор щхьэхуэхэм я лэжьыгъэхэми къыщынэркъым. Грамматикэми щымащIэкъым зэтемыхуэу къэгъэлъэгъуа хъуа морфологическэ, синтаксическэ Iуэхугъуэхэр. Псалъэм папщIэ, Борыкъуей ТIутIэ къилъытэу щытащ адыгэбзэм падеж, еигъэ къэзыгъэлъагъуэ цIэпапщIэ имыIэу. Определенэу фIэкIа къэмыкIуэ еигъэ цIэпапщIэхэр префиксу къэзылъытэ щыIэщ. Тэмэму къэхута мыхъуа, зэхэгъэкIа хъуауэ щымыт нэгъуэщI Iуэхугъуэри щыIэщ бзэщIэныгъэм и литературэм.
Ищхьэк1э зэрыщыжыт1ащи, зэтемыхуэ еплъыкIэхэмрэ бгъэдыхьэк1э зэхуэмыдэхэмрэ хыболъагъуэ нобэрей ди диплом лэжьыгъэр зытеухуа къэбэрдей-шэрджэсыбзэ бжыгъэцIэм ехьэлIауэ щы1э тхыгъэхэми. Сыт ат1э апхуэдэ Iуэху еплъык1эр къэзышэр? Дэ дызэреплъымк1э, псом япэу ар зэлъытар – бжыгъэц1эхэм къагъэлъагъуэ мыхьэнэр л1эужьыгъуэ зыбжанэу зэригуэшырщ. Гъэщ1эгъуэныр аракъэ, щIэныгъэлIхэм къыхагъэкI разрядхэр зэтехуэми, ахэр къызэзыгъэпэщ бжыгъэцIэхэр лэжьыгъэ щхьэхуэхэм щыщызэщхьэщыкI щыIэщ.
Къэбэрдей-шэрджэсыбзэ бжыгъэцIэм и тхыдэр тхыдэтх, еджагъэшхуэ Нэгумэ Шорэ и деж къыщыщIедзэ жыпIэми ущыуэну къыщIэкIынукъым. Г.Ф.Турчаниновым 1959 гъэм къыдигъэкIа, Нэгумэ Шорэ и филологие лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъым зэритымкIэ, Нэгумэм къэбэрдей-шэрджэсыбзэ бжыгъэцIэр псалъэ лъэпкъыгъуэ щхьэхуэу къыхегъэкI икIи бжыгъэцIэм и определенэр мыпхуэдэу къехь: “Имя числительное означает число предметов или порядок в коем они один за другим следуют” (Ш.Б.Ногма. Филологические труды, т.2. Нальчик, 1959, с.65).
ЩIэныгъэлIым бжыгъэцIэм и определенэр ирита къудейкъым, атIэ разрядитхууи игуэшыжащ:
1.Количественнэ бжыгъэцIэхэр.
2.Порядочнэ бжыгъэцIэхэр.
3.Дробнэ бжыгъэцIэхэр.
4.Собирательнэ бжыгъэцIэхэр.
5.Увеличительнэ бжыгъэцIэхэр.
Зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэ бжыгъэцIэр иджкIэрэ Нэгумэ Шорэ къыхигъэкIа разрядитхур ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа лэжьыгъэм зэрызыххэурэ щызэпкърех икIи дэтхэнэми определенэ ярет, я щапхъэхэр къехь, къызэрыхъуа щIыкIэхэр къеIуатэ. Абы разрядхэм хужиIахэм кIэщIу дэри дыкъытеувыIэнщ.
1.Количественнэ бжыгъэцIэхэр. Мы разрядым и определенэр Нэгумэ Шорэ мыпхуэдэу ирет: “количественные числительные обозначают число предметов, щапхъэ: зы, пщыкIух, тощI” (еплъ, нап. 67). А бжыгъэцIэхэр къызэрыхъуам щытепсэлъыхькIэ Нэгумэ Шорэ къыхегъэщыр зым къыщыщIэдзауэ пщIым нэс пычыгъуэ закъуэу зэрыщытыр, пщIым адэкIэ щыIэ бжыгъэхэр пщIы лъабжьэм нэгъуэщI лъабжьэхэр къыпыувэу къызэрыкIуэр.
Нэгумэ Шорэ жиIахэм арэзы удэхъуми, къыхэгъэщыпхъэщ пщIы (десятка) бжыгъэхэр къызэрыхъум и гугъу зэримыщIыр, ахэр зэрызэхэлъым зэрытемыпсэлъыхьар.
2.Порядочные числительные обозначают порядок предметов. Порядочные числительные составляются из количественных, переменяя последнюю букву количественных ы на э и прибавлением перед числительным буквы е и окончаний –нэр, -нэрей, -нэрейр, например: етIуанэр – етIуанэрейр, еплIанэр – еплIанэрейр – етх Нэгумэ Шорэ. (Мыр адыгэбзэкIэ зэдмыдзэкIыу къыщIэтхьар, определенэм иужь кIэщIу щапхъэр иту къакIуэти аращ).
3.Дробнэ бжыгъэцIэхэр. БжыгъэцIэм и разряд ещанэу Нэгумэ Шорэ къыхигъэкIа дробнэ бжыгъэцIэм и определенэр мыпхуэдэу етх: “Дробные числительные обозначают часть целого числа” икIи щапхъэу къехь: ныкъуэ, тIурэ ныкъуэрэ (еплъ, Филологические труды, т.2. Нальчик, 1959). АдэкIэ Нэгумэр тотхыхь а бжыгъэцIэм и разрядыр къызэрыхъу щIыкIэм икIи пэжу къегъэлъагъуэр абыхэм я къэхъукIэ нэхъыщхьэхэр.
Урыс Хьэтэлий къыдигъэкIа “Адыгэбзэм и тхыдэ” тхылъым щIэныгъэ лъабжьэ иIэу къыщыгъэлъэгъуащ дробнэ бжыгъэцIэхэр, ахэр къызэрыхъухэр, зэрабж бжыгъэцIэм къытекIыу зэрыщытыр, ауэ Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэм теухуауэ абы зыри щыжыIакъым (еплъ: Урыс Хь.Щ. Адыгэбзэм и тхыдэ. Налшык, 2000, нап. 99).
4.Собирательнэ бжыгъэцIэхэр щызэпкърихым деж Нэгумэ Шорэ мыпхуэдэу щыжеIэр: “… означают известное число предметов собирательным образом” икIи щапхъэу къехь: зырызуэ, зырызуэрэ, тIурытIхэурэ.
5.Увеличительнэ бжыгъэцIэхэр. Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэм зэрыщитхымкIэ, увеличительнэ бжыгъэцIэхэм деж собирательнэ бжыгъэцIэмрэ количественнэ бжыгъэцIэмрэ зэщIыгъуу къокIуэ: зыуэрэ зы.
Iущагъышхуэ зыбгъэдэлъа Нэгумэ Шорэ адыгэ бжыгъэцIэхэм склоненэ зэраIэм гу лъитауэ щытащ. Пэжщ абы зи гугъу ищIа склоненэхэр иджырей адыгэбзэм къыщагъэсэбэпкъым, ауэ дэтхэнэ бзэщIэныгъэлIым и дежкIи ар мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэщ.
Количественнэ бжыгъэцIэхэр щыIэцIэхэм хуэдэу зэхъуэкIа мэхъур. БжыгъэцIэр щыIэцIэм и определенэу къэгъэсэбэпамэ, определенэмрэ зи определенэмрэ языхэзу яужь итырщ падеж кIэухыр зыпыувэр. Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэм къыщыхьащ порядочнэ числительнэм и склоненэр мыпхуэдэу:
И. етIощIанэрей илъэс
Р. етIощIанэрей илъэсым
Д. етIощIанэрей илъэсым
В. етIощIанэрей илъэсыр
Т. етIощIанэрей илъэсымкIэ
Турчаниновым къыдигъэкIыжа Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэсыжа етIуанэ тхылъым рэ-кIэ иух бжыгъэцIэм и склоненэр мыпхуэдэу къыщыгъэлъэгъуащ:
И. тIощIрэ ныкъуэрэ
Р. тIощIрэ ныкъуэрэм
Д. тIощIрэ ныкъуэрэм
В. тIощIрэ ныкъуэрэр
Т. тIощIрэ ныкъуэрэмкIэ
Аращи, еджагъэшхуэ Нэгумэ Шорэ бжыгъэцIэр псалъэ лъэпкъыгъуэу къыхегъэкI, определенэ ирет, ар разрядитхуу егуэш, бжыгъэцIэхэм склоненэ зэраIэр къегъэлъагъуэ (бжыгъэцIэр падежкIэ зэрехъуэкI щыIэцIэ ямыгъусэу къыщыкIуэм деж).
Л.Г.Лопатинскэм 1891 гъэм Тифлис къыщыдигъэкIащ грамматикэм и етIуанэ Iыхьэм адыгэ псалъэ лъэпкъыгъуэу и къыщыхегъэкI (Л.Г.Лопатинский. Краткая кабардинская грамматика. Тифлис, 1891. Раздел II). А лэжьыгъэм бжыгъэцIэр еплIанэу къыщокIуэ икIи авторым адыгэ бжыгъэцIэм мыпхуэдэ разрядхэр иIэу къелъытэ:
1.Количественнэ бжыгъэцIэхэр.
2.Порядковэ бжыгъэцIэхэр.
3.Разделительнэ бжыгъэцIэхэр.
4.БжыгъэцIэ наречие.
5.Увеличительнэ бжыгъэцIэхэр.
Лопатинскэм и грамматикэм зэритымкIэ, адыгэбзэми, адрей кавказыбзэхэми хуэдэу, количественнэ бжыгъэцIэхэр тIощIырыбжэущ (двадцатиричнэу) къызэрыщагъэсэбэпыр: тIощIитI, тIощIищ, тIощIиплI. ЩIэныгъэлIым пэж дыдэу гу зэрылъитащи, пщыкIузым къыщыщIэдзауэ пщыкIубгъум нэс зэзыпх кIу лъабжьитIым я кум дэту щытщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ пщIы бжыгъэр япэ итщ, итIанэ зэзыпх –кIуы- (глаголым къытехъукIа), иужьым закъуэ бжыгъэр (единицэр) пытщ.
“Порядковэ бжыгъэцIэм и деж зэрабж бжыгъэцIэм япэ къоувэ цIэпапщIэ лъабжьэ е-я, бжыгъэ лъабжьэм суффикс –анэ къыпоувэри апхуэдэ щIыкIэкIэ къохъу” - жеIэр Лопатинскэм (еплъ, ар дыдэм деж, нап. 88). Разделительнэ бжыгъэцIэхэм я гугъу щищIкIэ Лопатинскэм жеIэр – бжыгъэ лъабжьэм къытригъэзэжурэ къызэрыкIуэр икIи –ры-, -уэ суффиксхэмкIэ къэхъуу. Разделительнэ бжыгъэцIэм и щапхъэу къехь: зырызуэ, пщIырыпщIуэ. БжыгъэцIэ наречиеу Лопатинскэм къелъытэ зыурэзы, блыурэблы жыхуиIэхэр. Ахэр Нэгумэ Шорэ увеличительнэ бжыгъэцIэу къыхигъэкIауэ щытащ.
Адыгэ бжыгъэцIэм и тхыдэр джынымкIэ, зыпкърыхынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ Г.Турчаниновымрэ М.Цаговым я грамматикэми. ЗанщIэу жытIэнщи, адыгэ бжыгъэцIэр мыбыхэм нэхъыфIу икIи нэхъ куууэ зэпкърахащ, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа лэжьыгъэхэм нэхърэ. А тIум адыгэ бжыгъэцIэм разрядибл иIэу къахутащ:
количественнэ бжыгъэцIэхэр: зы, тIу, пщIы-кIуы-зы, пщIы-кIуы-тIу, тIощIрэ зырэ;
кратнэ бжыгъэцIэхэр: зэ, блэ, пщIэ, пщыкIузрэ, тIощIрэ, тIощIрэ зэрэ;
порядковэ бжыгъэцIэхэр: япэ е япэрей, тIощIрэ езанэрейрэ, плIыщIрэ етхуанэрэ е плIыщIрэ етхуанэрейрэ, еплIыщIанэ, ехыщIанэ;
разделительнэ бжыгъэцIэхэр: зырыз, хырых, пщыкIуз-пщыкIуз, тIощI-тIощI, плIыщI-плIыщI, тIощI-тIощIрэ зырызрэ, щэрыщэ (по сто), мин-мин (по тысяче);
качественнэ бжыгъэцIэхэр: закъуэ;
соизмерительнэ бжыгъэцIэхэр: защIэ, тIуащIэ, щащIэ;
дробнэ бжыгъэцIэхэр: ныкъуэ, щанэ 1/3, плIанэ 1/4, пщIанэ 1/10 (еплъ: Г.Ф.Турчанинов, М.Цагов. грамматика кабардинского языка. М., 1940, нап. 70-72).
Апхуэдэ щIыкIэкIэ Турчаниновымрэ Цаговымрэ ягуэш адыгэ бжыгъэцIэм и разрядхэр. Мыбдежым къыжыIапхъэщ соизмерительнэ бжыгъэцIэхэр (ар грамматикэхэм зэритыр слоевой бжыгъэцIэ жиIэущ) япэ адыгэбзэм иIэу жызыIар ахэрауэ зэрыщытыр. Турчаниновымрэ Цаговымрэ я грамматикэм бжыгъэцIэр щызэпкърахыр еханэ Iыхьэрщ, абы къызэщIеубыдэ параграфхэу 98-118 нэс.
Н.Ф.Яковлевым зэрыжиIэмкIэ, псалъэ лъэпкъыгъуэхэр адыгэбзэм зэрыщызэфIэувар куэду IупщIщ, урысыбзэм нэхърэ. Аморфнэу щыт, н.ж. морфологие зимыIэ бзэм псом япэу къыхэхъукIыр цIэпапщIэхэрщ. Абы кIэлъыкIуэу бзэм къыхэхъукIыр глаголырщ. Глаголыр морфологическэ формэр иIэу хъуныр цIэпапщIэр бзэм къыхэщхьэхукIыным епхащ, абы и фIыгъэщ, сыту жыпIэмэ глаголыр щхьэкIэ зэхъуэкIа зэрыхъур цIэпапщIэр абы пыувэныгъэмкIэщ (Яковлев Н.Ф. Грамматика литературного кабардино-черкесского языка. М.-Л., 1948, нап. 66).
Шэч хэмылъу, бжыгъэцIэхэри бзэм къыхощхьэхукIыр. Н.Ф.Яковлевым адыгэ бжыгъэцIэм разрядитху иIэу къелъытэ:
количественнэ бжыгъэцIэхэр,
кратнэ бжыгъэцIэхэр,
разделительнэ бжыгъэцIэхэр,
порядковэ бжыгъэцIэхэр,
собирательнэ бжыгъэцIэхэр.
Пасэрей дыдэ бжыгъэцIэу адыгэхэм яIар тхум фIэмыкIыу зэрыщытам и щыхьэту къэбгъэлъагъуэ хъуну Н.Ф.Яковлевым къелъытэ мыр. “Куэд бжыгъэм и суффикс –хэ-р бжыгъэцIэм хы-м и кратнэ формэу щытщ икIи абы къикIыу къыбгурыIуэ хъунущ “куэд-куэдагъ”. Абы къигъэлъагъуэ хуэдэщ лъэхъэнэ, бжыгъэ/бжыгъэцIэ псори тхуы-м фIэмыкIыу щыщыта, н.ж. зы Iэм Iэпхъуамбэу пытым хуэдиз, тхум и щхьэкIэ щыIар хэ куэд псалъэкIэ къэгъэлъэгъуат”, - етх Н.Ф.Яковлевым (Грамматика литературного кабардино-черкесского языка. М.-Л., 1948, нап. 118).
Н.Ф.Яковлевым гу лъитащ адыгэбзэм тIощIырыбжи, пщIырыбжи зэрыщыIэм икIи мыпхуэдэу етх: “Бзэм иIэщ тIощIырыбжи – нэхъ пасэрей (архаичнэ) щIагъуэрэ къамыгъэсэбэпыж – бжэкIэри, беслъэней диалектым, адыгеибзэм хъума щыхъуар” (Ар дыдэм деж): тIощIрэ пщIырэ, тIощрэ пщыкIузрэ, тIощIрэ пщыкIубгъурэ, тIощIитI, тIощIитIрэ бгъурэ, тIощIитIрэ пщIырэ, тIощIиплI, тIощIиплIрэ пщыкIузрэ.
Кратнэ бжыгъэцIэхэр къыщагъэсэбэпыр лэжьыгъэр зэрыщIа бжыгъэр къигъэлъагъуэущ, обстоятельствэущ. Абы къыхэкIкIэ абыхэм Н.Ф.Яковлевыр йоджэ “бжыгъэцIэ наречиекIэ” (Н.Ф.Яковлев. Грамматика литературного кабардино-черкесского языка. М.-Л., 1948, нап.120).
Адыгэ морфологиемкIэ щыIэ лэжьыгъэхэр къызэрыдэкIрэ зэман мымащIэ дэкIащ, ахэр гъуэтыгъуей хъуащ тхылъеджэхэм я дежкIэ. КъызэрыдэкIрэ куэд щIами, адыгэ морфологием и тхыдэм ехьэлIауэ узыхуей лэжьыгъэщ Елберд Хь.У., ТIажь Щ. 1951 гъэм Налшык къыщыдагъэкIа “Адыгэбзэ учебникыр. А школьнэ учебникым Елберд Хьэсэн бжыгъэцIэр псалъэ лъэпкъыгъуэ щхьэхуэу къыщыхегъэкI икIи абы и разрядыр тхууэ егуэш:
1. Зэрабж бжыгъэцIэ: зы, тIу, щы.
2. ЗэрызэкIэлъыкIуэ бжыгъэцIэ: япэ, етIуанэ, ещанэ.
3. Зэрагуэш бжыгъэцIэ: тIурытI, щырыщ, плIырыплI.
4. Дробнэ бжыгъэцIэ: щанэ, плIанэ, тхуанэ.
5. Кратнэ бжыгъэцIэ: зэ, тIэу, пщыкIузрэ.
ЗанщIэу жытIэнщи, мы учебникым бжыгъэцIэм и разряд псори тэмэму къыщыгъэлъэгъуащ. Елберд Хьэсэн фIыщIэ хуэпщIыну щхьэусыгъуэ ирокъу, нэхъапэкIэ елэжьа щIэныгъэлIхэм къагъэлъэгъуа количественнэ, порядковэ, разделительнэ жыхуиIэ бжыгъэцIэхэр зэрабж, зэрызэкIэлъыкIуэ, зэрагуэш жиIэхэу адыгэбзэкIэ зэритха къудейм и закъуэми.
Автор гупым ятха грамматикэми бжыгъэцIэр зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэ щхьэхуэу къыхегъэкI (еплъ: Грамматика кабардино-черкесского языка. М., 1957, 1970). ГъэщIэгъуэныракъэ, 1957 гъэм къыдэкIа грамматикэм ит бжыгъэцIэ разделыр зытхари Елберд Хьэсэнщ, ауэ абы школьнэ учебникым щитхамрэ мыбдеж итымрэ зэщхьэщокI. Грамматикэм къыщыгъэлъэ- гъуащ адыгэ бжыгъэцIэм и разрядхэр блы хъууэ:
Зэрабж бжыгъэцIэ: зы, тIу, щы.
Зэрагуэш бжыгъэцIэ: тIурытI, щырыщ, плIырыплI.
Кратнэ бжыгъэцIэ: зэ, тIэу, пщыкIузрэ.
Кратнэ-разделительнэ бжыгъэцIэ: зэрызэ, щэрыщэ.
Дробнэ бжыгъэцIэ: щанэ, плIанэ, тхуанэ.
ЗэрызэкIэлъыкIуэ бжыгъэцIэ: япэ, етIуанэ, ещанэ.
Слоевой бжыгъэцIэ: защIэ, щащIэ, тхуащIэ.
Апхуэдэущ адыгэ бжыгъэцIэм и разрядхэр зэригуэшыр академическэ грамматикэм (еплъ: Грамматика кабардино-черкесского литературного языка. Издательство Академии наук СССР. М., 1957, нап. 77-82). Мы лэжьыгъэм къыщыхьащ бжыгъэцIэм и разрядхэм я характеристикэ, ахэр къызэрыхъу щIыкIэхэр, абыхэм я склоненэр зыхуэдэр. Псалъэм папщIэ, зэрабж бжыгъэцIэм и склоненэр напэкIуэцI 81-м мыпхуэдэу къыщыгъэлъэгъуащ:
Им. зыр тIур тIощIыр
Эрг. зым тIум тIощIым
Посл. зымкIэ тIумкIэ тIощIкIэ
Обст. зыру тIуру тIощIу
Абыхэм иужькIэ грамматикэм щыжиIащ зэрабж бжыгъэцIэхэм куэд бжыгъэ формэ зэрамыIэр, ауэ зы жыхуиIэ бжыгъэ лъабжьэр куэд бжыгъэ мыхьэнэ иIэу къэкIуэнкIэ зэрыхъунур, куэд бжыгъэм и аффикс -хэ-м и гъусэу къыщыкIуэм деж. Зи гугъу тщIы тхылъым абы и щапхъэу мыпхуэдэ псалъэуха итщ: Зыхэм апхуэдэу жаIэ, адрейхэм нэгъуэщIу жаIэ (еплъ, нап. 81-м).
Зи гугъу тщIа грамматикэм разряд щхьэхуэу къыщыгъэлъэгъуащ слоевой бжыгъэцIэхэр, ауэ напэкIуэцI 82 деж къыщыхьа сноскэм мыпхуэдэу итщ: “Слоевой бжыгъэцIэхэр плъыфэцIэхэм ещхьу зэрыщытым папщIэ, щIэныгъэлI языныкъуэхэм бжыгъэцIэу ялъытэркъым” (Грамматика кабардино-черкесского литературного языка. Издательство Академии наук СССР. М., 1957).
Джаурджий Хьэтыкъэрэ Дзасэжь Хьэсаншрэ къыдагъэкIа “Адыгэбзэ” тхылъми къэбэрдей-шэрджэсыбзэ бжыгъэцIэр зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэу къыщыгъэлъэгъуащ (еплъ: Джаурджий Хь.З., Дзасэжь Хь.Е. Адыгэбзэ, япэ Iыхьэ. Налшык, 1991, нап. 138-150. Мы тхылъым бжыгъэцIэм и разрядхэр плIы хъууэ къыщыгъэлъэгъуащ:
1.Зэрабж бжыгъэцIэхэр: пщыкIуз, тIощI, мин.
2.ЗэрызэкIэлъыкIуэ бжыгъэцIэхэр: ещанэ, еханэрей.
3.Зэрагуэш бжыгъэцIэхэр: тIурытI, блырыбл.
4.Къутахуэ бжыгъэцIэхэр: ханэ, бланэ, бгъуанэ.
ЗанщIэу жытIэнщи, къэбэрдей-шэрджэсыбзэ бжыгъэцIэм теухуауэ щIэуэ зыри мы тхылъым щыжыIакъым. Уеблэмэ бжыгъэцIэм ирата определенэр еханэ, ебланэ классхэр зэреджэ “Адыгэбзэ” учебникым зэритым ещхьыркъабзэщ. Пэжщ, мы тхылъым щыбгъуэтынущ бжыгъэцIэхэм я тхыкIэхэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр. Псалъэм папщIэ, напэкIуэцI 147-149-хэм къыщыхьащ зэрабж бжыгъэцIэ зэхэлъхэм я тхыкIэр (зэрабж бжыгъэцIэ зэхэлъхэр зэпыту щатхыр, екъуа цIыкIу дэту щатхыр), щыIэцIэмрэ цифрэкIэ тха бжыгъэцIэхэмрэ щызэдэщIыгъум деж зэратхыр, нэгъуэщIхэри.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Джаурджий Хь. Дзасэжь Хь. я тхылъым къыщыгъэлъэгъуэххакъым кратнэ бжыгъэцIэри, кратнэ-зэрагуэш бжыгъэцIэри, слоевой бжыгъэцIэри. Иджыри къэс къыдэкIа грамматикэ псоми къыщыгъэлъэгъуа бжыгъэцIэхэр зи гугъу тщIы тхылъым авторхэм щIырамытхар (апхуэдэ бжыгъэцIэхэр адыгэбзэм иIэу къамылъытэу арами) дэркIэ мыгурыIуэгъуэу къонэ.
БжыгъэцIэхэм я тхыдэм теухуауэ куэд пхужыIэнущ икIи пхуэтхынущ. Ауэ ди нобэрей диплом лэжьыгъэр зытеухуар иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и морфологическэ, синтаксическэ къалэнхэрщ. Ауэ пасэу тхыбзэ дызэримыIам къыхэкIыу бжыгъэцIэхэм я тхыдэми жыжьэ уашэфкъым, аращ абыхэм я гугъу умыщIауэ, ахэр къыу мыхутауэ иджырей бжыгъэцIэхэр бджынкIэ Iэмал щIимыIэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэбзэм апхуэдэу щытыр бжыгъэцIэхэм я закъуэкъым, атIэ адрей псалъэ лъэпкъыгъуэ зыкъомри апхуэдэщ.
БжыгъэцIэхэм я тхыдэм теухуауэ ди лэжьыгъэм хэдгъэхьа Iыхьэ мащIэр абдеж щыдоух. Ауэ зы щIыдгъужыну дыхуейт. КъыжыIапхъэщ бжыгъэцIэхэм теухуа тхыгъэ адыгэбзэм дызэриIэр. Ар зи Iэдакъэ къыщIэкIар щIэныгъэлI гъуэзэджэ, профессор Урыс Хьэтэлийщ (еплъ: Урыс Хь.Щ. Адыгэбзэм и тхыдэ. Налшык, 2000, нап. 96-100). Тхылъым авторыр щытепсэлъыхьащ зэрабж бжыгъэцIэхэм, зэрагуэш бжыгъэцIэхэм, зэрызэкIэлъыкIуэ бжыгъэцIэхэм, дробнэ бжыгъэцIэхэм, кратнэ бжыгъэцIэхэм и тхыдэм. Урысым и лэжьыгъэм зи гугъу щищIыр бжыгъэцIэ лъабжьэхэмрэ аффиксальнэ морфемэхэмрэ къэхъукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэраIэрщ икIи ахэр разряд зыбжанэу зэщхьэщыкIыу зэрыщытырщ. Дэ ди лэжьыгъэм абы дызэрыбгъэдыхьар нэгъуэщI пщалъэкIэщ, сыту жыпIэмэ къэбэрдей-шэрджэс бжыгъэцIэм елэжьа щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэр зэпкърытхауэ аращ.
2. БЖЫГЪЭЦIЭМ И МЫХЬЭНЭР
ИщхьэкIэ мы ди диплом лэжьыгъэм зэрыщыжытIащи, къэбэрдей-шэрджэсыбзэ бжыгъэцIэр япэу зыджар еджагъэшхуэ, тхыдэтх Нэгумэ Шорэщ. Аращ бжыгъэцIэм япэу определенэ езытари, псалъэ лъэпкъыгъуэу къыхэзыгъэкIари. Абы лъандэрэ адыгэ бжыгъэцIэм щIэныгъэлI куэд тетхыхьащ, абы и мыхьэнэр IупщIу къагъэлъэгъуащ, и разрядхэр ягъэбелджылащ, и склоненэхэр къахутащ.
Абыхэм къахэкIкIэ иджырей адыгэ бзэщIэныгъэм бжыгъэцIэр еджыр зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэу. Псалъэ лъэпкъыгъуэу щыткIэрэ, бжыгъэцIэм къызэщIеубыдэ мыхьэнэ зиIэ лексемэхэр. Аращ предметхэм я бжыгъэр е предметхэр щабжкIэ, ахэр зэрызэкIэлъыкIуэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэм бжыгъэцIэкIэ щеджэр.
БжыгъэцIэр бжыгъэ гуэрым и фIэщыгъэцIэщ: зы, щы … пщIы, тIощ, щэ. БжыгъэцIэхэм предметым и бжыгъэ къагъэлъагъуэ: унипщI, тхылъ пщыкIух, мэл щищ, е предметхэм я зэкIэлъыкIуэкIэ къагъэлъагъуэ щабжкIэ: ещанэ унэ, епщыкIутхуанэ тIысыпIэ, етIощIанэ номер. Абы къыхэкIкIэ мыпхуэдэхэм зэрызэкIэлъыкIуэ бжыгъэцIэкIэ йоджэ, япэрейхэм (зы, пщIы, унищ) зэрабж бжыгъэцIэкIэ йоджэ. Я мыхьэнэ, къэгъэсэбэпыкIэ елъытауэ зэрабж бжыгъэцIэм хохьэ зэрагуэш, къутахуэ бжыгъэцIэхэр.
БжыгъэцIэхэр зэщхьэщокI зэрызэхэт морфемэкIэ (морфемнэ структурэкIэ) къызэрыкIуэ – зы лъабжьэ морфемэу щыт: зы, хы, блы, бгъу, пщIы, щэ; зэхэлъ – лъабжьэ морфемитIу, щыуэ щыт: пщыкIуз, пщыкIубгъу, тIощI, зытIущ, щырыщ, зытхух; зэхэт – лъабжьэ морфемитIу е нэхъыбэу щыт: щэрэ зырэ, тIощIрэ ебланэрэ, щищрэ плIыщIрэ бгъурэ.
Адыгэ бжыгъэцIэ псалъэ лъабжьэхэр куэд хъуркъым – псори пщыкIузщ зэрыхъур (закъуэ бжыгъэ (единицэхэр) лъабжьипщI икIи щэ-(100). Мин, миллион, миллиард-хэр нэгъуэщIыбзэхэм щыщу адыгэбзэм къищтащ. А псалъэ лъабжьэ мыкуэдым къытекIыжащ адрей бжыгъэцIэхэр.
БжыгъэцIэ лъабжьэхэр, аффиксальнэ морфемэхэр я бжыгъэкIэ куэд мыхъуми, псалъэ къэхъукIэ зэмылIэужьыгъуэ яIэщ икIи разряд зыбжанэу зэщхьэщокI бжыгъэцIэхэр. А псалъэ къэхъукIэхэм икIи разрядхэм я нэхъыбэр икIи нэхъыщхьэхэр къэхъуащ адыгэбзэр тIууэ щызэщхьэщымыкIа лъэхъэнэм. Абыхэм яхэтщ абхъазыбзэ-убыхыбзэхэм щызэтехуи – щызэлъабжьэгъуи: къэб.-адыг. зы, убых за, абаз. за, тIкIуа, убых. тIкъIуа, плIы, убых. шъхы, абхъ., абаз. хъуа, хы, убых. фы, абхъ. ф-блы, убых. блы, абхъ. бжь, бгъуы, убых. бгы.
ЗэрыжытIащи, бжыгъэцIэр предметым я бжыгъэр (зы, тIу, щы, плIы …) е предметхэр щабжкIэ, ахэр зэрызэкIэлъыкIуэр (япэ махуэм, етIуанэ классыр, ещанэ жыгыр) къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр къызэщIэзыубыдэ псалъэ лъэпкъыгъуэщ.
Я мыхьэнэ, я къэхъукIэ икIи къэгъэсэбэпыкIэ елъытакIэ бжыгъэцIэхэр мыпхуэдэу зэщхьэщагъэкI:
Зэрабж бжыгъэцIэ: тIу, щы, плIы.
ЗэрызэкIэлъыкIуэ бжыгъэцIэ: етIуанэ, ещанэ.
Зэрагуэш бжыгъэцIэ: тIурытI, щырыщ.
Къутахуэ бжыгъэцIэ: щанэ, плIанитI.
Кратнэ бжыгъэцIэ: пщIэ, пщыкIузрэ.
Кратнэ-зэрагуэш бжыгъэцIэ: зэрызэ, щэрыщэ.
КъедбжэкIа бжыгъэцIэхэм щыщу курыт еджапIэхэм зэрыщеджэ учебникым къыщыгъэлъэгъуар япэ ит разрядиплIырщ (еплъ: Урыс Хь.Щ., Iэмырокъуэ И.I. Адыгэбзэ, 6-7 класс. Налшык, 1997, нап. 37-38). Апхуэдэу ар зэритыр IэщIагъэ щызэрагъэгъуэт курыт еджапIэхэмрэ школ, класс щхьэхуэхэу адыгэбзэр программэ хэхакIэ нэхъ куууэ зыджхэмрэ папщIэ къыдэкIа тхылъми (еплъ: Джаурджий Хь.З., Дзэсэжь Хь.Е. Адыгэбзэ, япэ Iыхьэ, нап. 138-144).
БжыгъэцIэм и разрядхэм хэзыгъэхьэ щыIэщ бжыгъэцIэхэм интерфикс –а + суффикс –щIэ-кIэ къатекIа плъыфэцIэхэр. Абыхэм къагъэлъагъуэр предметыр зыхуэдэщ, армыхъумэ абы и бжыгъэкъым: защIэ – зы+а+щIэ, плIащIэ – плIы+а+щIэ (еплъ: Грамматика кабардино-черкесского литературного языка. М., 1970, нап. 180).
4. КЪЫЗЭРЫКIУЭ, ЗЭХЭЛЪ, ЗЭХЭТ БЖЫГЪЭЦIЭХЭР
БжыгъэцIэхэр езыр зэрызэхэт елъытакIэ лIэужьыгъуищу зэщхьэщокI: 1) бжыгъэцIэ къызэрыкIуэ; 2) бжыгъэцIэ зэхэлъ; 3) бжыгъэцIэ зэхэт.
БжыгъэцIэ къызэрыкIуэкIэ йоджэ зы лъабжьэ фIэкIа мыхъу бжыгъэцIэхэм: зы, блы, бгъу, щэ, етIуанэ, еханэ, епщIанэ, плIанэ. Щапхъэхэм къызэрагъэлъагъуэщи, бжыгъэцIэ къызэрыкIуэхэм яхэтщ зэрабж бжыгъэцIэхэри (щы, плIы), зэрызэкIэлъыкIуэ бжыгъэцIэхэри (езанэ, етхуанэ), къутахуэ бжыгъэцIэхэри (щанэ, бгъуанэ). ЗэрызэкIэлъыкIуэ бжыгъэцIэхэм деж бжыгъэ морфемэ лъабжьэм и гъусэщ префикси, суффикси, ауэ къутахуэ бжыгъэцIэм и деж лъабжьэ морфемэм пыту къакIуэр суффиксым и закъуэщ.
БжыгъэцIэ зэхэлъкIэ йоджэ морфемэ лъабжьитI зэхыхьэу къэхъуа бжыгъэцIэхэм: бгъущI, пщыкIуплI, епщыкIуплIанэ, щэщI, тхущI, щанитI.
БжыгъэцIэ зэхэлъ къэзыгъэхъу лъабжьэхэр щызэхыхьэкIэ абыхэм я къэпсэлъыкIэкIи, я тхыкIэкIи зэхъуэкIыныгъэ щагъуэт щыIэщ. Къапщтэмэ, бжыгъэцIэ пщыкIузым къыщыщIэдзауэ пщыкIубгъум нэсыху бжыгъэцIэ зэхэлъхэм лъабжьэхэр пычыгъуэ кIу-кIэ зэпхащ, пщIы-р пщы-уэ къапсэлъ хъуащ, и ужь ит лъабжьэхэм хьэрфзешэ ы-р поху: пщыкIуз (пщы+кIу+зы), пщыкIутху (пщы+кIу+тху).
ТIощIым къыщыщIэдзауэ бгъущIым нэсыху пщIы-р щI-м хуэкIуащ: тIощI, щэщI, еплIыщIанэ, хыщI, бгъущI.
БжыгъэцIэ зэхэткIэ йоджэ бжыгъэцIэ къызэрыкIуэхэу е бжыгъэцIэ зэхэлъхэу бжыгъэцIитIу е нэхъыбэу зэхэтхэм (ауэ зы псалъэ зэхэлъхэу зэхэмыхьахэм): тIощIрэ бгъурэ, минрэ щихрэ щэщIрэ тIурэ, плIыщI-плIыщIрэ хырыхрэ, минитIрэ щэрэ бгъущIрэ.
Адыгэбзэм бжыгъэцIэ зэхэт къэзыхьу бжыгъэцIэхэр суффикс –рэ-рэ-кIэ зэпхауэ къокIуэ: щэрэ зырэ, тIощIрэ щырэ, минрэ щищрэ плIыщIрэ тIурэ.
Къэбэрдей адыгэхэмрэ шэрджэс адыгэхэмрэ щIыпIэкIэ зэпэжыжьэ хъуа нэужь, абыхэм я бжэкIэм щхьэхуагъэ гуэрхэр игъуэту хуежьащ.
Япэ псоми къызэдагъэсэбэпу щыта бжыгъэцIэхэу плIыщI, хыщI, пщIей жыхуэтIэхэр къэбэрдей адыгэхэм я дежкIэ дызытепсэлъыхь бжыгъэхэм я фIэщыгъэцIэ закъуэ мэхъу, шэрджэс адыгэхэм мы бжыгъэцIэхэм ябгъукIэ щыту къагъэсэбэп тIощIитI, тIощIищ, тIощIиплI жыхуэтIэхэри.
Урысыбзэм и щапхъэкIэ совет лъэхъэнэм пщIырыпщIурэ бжэныгъэм и системэр нэхъ къагъэсэбэпу хуожьэ. ПщIы хъурейхэм я бжыгъэ къэзыгъэлъагъуэхэм щыщу дэтхэнэ зыми фIэщыгъэцIэ егъуэт.
Къэбэрдей адыгэхэм иужьрей пщIы бжыгъэхэр къызэрагъэхъур тIощI зи зэхуакуурэ къакIуэ пщIы хъурейхэм я фIэщыгъэцIэхэр къызэрагъэхъуам хуэдэурэщ (зэлъыт: плIыщI, тхущI, хыщI, блыщI).
Шэрджэс адыгэхэми пщIырыпщIурэ бжэныгъэм и системэр къагъэсэбэпу хуежьащ. Абы щыгъуэми тIощI, плIыщI, хыщI жыхуэтIэ бжыгъэцIэхэр бзэм зэрыхэту абыхэм ябгъукIэ къагъэуващ тIощIыр къыхиубыдэу ищхьэкIэ щыIэ пщIы хъурей псоми я фIэщыгъэцIэ. А фIэщыгъэцIэхэр къэхъуащ пщIы хъурей псалъэр япэ иту, абы и бжыгъэр къэзыгъэлъагъуэ зэрабж бжыгъэцIэр иужь иту, ахэр зэпыгъэувэныгъэмкIэ (пщIитI, пщIищ, пщIиплI …). Иджы шэрджэс адыгэхэм къагъэсэбэпынкIэ мэхъу плIыщI, хыщI жыхуэтIэхэм я щIыкIэм тету къэхъуа бжыгъэцIэхэри пщIиплI, пщIиххэм хуэдэу къэхъуари. Иужь лъэхъэнэм плIыщI, хыщI жыхуэтIэхэм я щIыкIэм тету къэхъу бжыгъэцIэхэр къэгъэсэбэпыным шэрджэс адыгэхэми еджапIэм, радиом, газетым нэхъ пщIэ щыхуащIу хуежьащ. Мы системэр шэрджэс адыгэхэм я бжэкIэми лъабжьэу игъэувынымкIэ еджапIэхэр сэбэп хъун хуейщ. Сыту жыпIэмэ мыбы хэлъщ къэпсэлъыкIэр литературнэу къэплъытэным папщIэ псом ящхьэу ув щытыкIэр – а бзэм ирипсалъэ цIыхубэ псом зэдайуэ ар щытыныгъэр. Апхуэдэ щытыкIэ яIэкъым пщIиплI, пщIих жыхуэтIэхэм я щIыкIэм тету къэхъуа бжыгъэцIэхэм. Мы иужьрей бжэкIэм и пщIэр нэхъ мащIэ хъу фIэкIа ар къэбэрдей-шэрджэсыбзэм ирипсалъэ псоми зэдащтэным хуэкIуэныгъэ къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ гуэри щыIэкъым.
Хуэфащэ гулъытэ хуэщIын хуейщ бжыгъэцIэ зэхэтхэм падеж кIэуххэр зэрыпагъэувэми.
БжыгъэцIэ зэхэтхэм падеж кIэух щыпагъэувэкIэ, а кIэухыр зыпыувэ хабзэр иужь дыдэ ит бжыгъэцIэ псалъэрщ (щэрэ тIощIрэ зыр). Абы щыгъуэм а падеж кIэух зыпыувэ псалъэр суффикс –рэ-р пымыту къагъэсэбэп къэбэрдей адыгэ псоми, шэрджэс адыгэхэм щыщу иныкъуэхэми. Ауэ шэрджэс адыгэхэм щыщ куэдым апхуэдэ бжыгъэцIэ зэхэтхэр падеж кIэуххэр пыту къыщагъэсэбэпкIэ иужь псалъэми суффикс –рэ-р пыту къахьу ухуозэ (щэрэ тIощIрэ зырэр).
КЪЫЗЭЩIЭЗЫКЪУЭЖ
БжыгъэцIэ лъабжьэхэр, аффиксальнэ морфемэхэр я бжыгъэкIэ куэд мыхъуми, псалъэ къэхъукIэ зэмылIэужьыгъуэ яIэщ икIи разряд зыбжанэу зэщхьэщокI бжыгъэцIэхэр. А псалъэ къэхъукIэхэм я нэхъыбэр икIи разряд нэхъыщхьэхэр къэхъуащ адыгэбзэр тIууэ щызэщхьэщымыкIа лъэхъэнэм. Абыхэм яхэтщ абхъазыбзэ-убыхыбзэхэм щызэтехуи-щызэлъабжьэгъуи, псалъэм папщIэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм, адыгеибзэм зы, убыхыбзэм, абазэбзэм зэ.
Пасэрей дыдэ бжыгъэцIэу адыгэхэм яIэр тхуы-м фIэмыкIыу зэрыщытам и щыхьэтукъэбгъэлъагъуэ хъуну Н.Ф.Яковлевым къелъытэ мыр. “Куэд бжыгъэм и суффикс –хэ-р бжыгъэцIэ хы-м и кратнэ формэу щытщ икIи абы къикIыу къыбгурыIуэ хъунущ “куэд-куэдагъ”. Абы къигъэлъагъуэ хуэдэщ лъэхъэнэ, бжыгъэ/бжыгъэцIэ псори тху-м фIэмыкIыу щыщыта, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зы Iэм Iэпхъуамбэу пытым хуэдиз, тхум и щхьэкIэ щыIар хэ, куэд псалъэкIэ къэгъэлъэгъуат”, - етх Н.Ф.Яковлевым (Грамматика литературного кабардино-черкесского языка. М.-Л., нап. 118).
Нобэрей ди диплом лэжьыгъэр Iыхьихыу зэхэтщ:
БжыгъэцIэхэм я тхыдэ.
БжыгъцIэхэм я мыхьэнэхэр
БжыгъэцIэм и разрядхэр.
КъызэрыкIуэ, зэхэлъ, зэхэт бжыгъэцIэхэр.
БжыгъэцIэхэм я склоненэр.
БжыгъэцIэхэм я синтаксическэ къалэныр.
Къэбэрдей-шэрджэсыбзэ бжыгъэцIэр псалъэ лъэпкъыгъуэ щхьэхуэу Нэгумэ Шорэ пасэ дыдэу къыхигъэкIауэ щытами, бжыгъэцIэм и разрядхэр тэмэму къэгъэлъэгъуа хъуауэ щытакъым икIи ар къыхагъэкIын мурадыр яIэу щIэныгъэлIэ куэд елэжьащ бжыгъэцIэхэм. Абыхэм ящыщщ Л.Г.Лопатинскэр, Г.Турчаниновымрэ М.Цаговымрэ, Н.Ф.Яковлев, Елберд Хьэсэн сымэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ къэбэрдей-шэрджэс бжыгъэцIэр ефIэкIуами абы и разрядхэр къэхута хъуами, Iуэхугъуэ гуэрхэмкIэ зэтемыхуэ еплъыкIэр щыIэ хъуащ. Ахэр къэдгъэлъэгъуэн щхьэкIэщ бжыгъэцIэхэм я тхыдэм теухуауэ IыхьэмкIэ ди диплом лэжьыгъэр къыщIыщIэддзар.
ЕтIуанэ Iыхьэм дэ кIэщIу дыкъытеувыIащ бжыгъэцIэм и мыхьэнэм, ар зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэу къыщIыхагъэкIым, нэгъуэщIхэми.
Ещанэ Iыхьэр теухуащ бжыгъэцIэм и разрядхэм, ахэр къызэрыхагъэкI принципхэм. Мы Iыхьэм зырызыхэурэ дыщытепсэлъыхьащ зэрабж бжыгъэцIэхэм, зэрызэкIэлъыкIуэ бжыгъэцIэхэм, зэрагуэш бжыгъэцIэхэм, къутахуэ бжыгъэцIэхэм, кратнэ бжыгъэцIэхэм, кратнэ-зэрагуэш бжыгъэцIэхэм.
БжыгъэцIэ лъабжьэхэр зэрызэхэт морфемэ елъытакIэ лIэужьыгъуищу зэщхьэщокI: 1) бжыгъэцIэ къызэрыкIуэ, 2) бжыгъэцIэ зэхэлъ, 3) бжыгъэцIэ зэхэт. Ахэр аращ зытеухуар еплIанэ Iыхьэр.
БжыгъэцIэхэм я склоненэр хуэдэщ щыIэцIэ, плъыфэцIэхэм я склоненэм, падеж кIэуххэр ара дыдэщ. Ауэ бжыгъэцIэхэм куэд бжыгъэм и склоненэ яIэкъым, курс ещанэ-хэ-р, бригадэ етIуанэ-хэ-м хуэдэхэр къэмылъытэмэ.
БжыгъэцIэр щыIэцIэм и определенэу къэгъэсэбэпамэ, определенэмрэ зи определенэмрэ языхэзу яужь итырщ падеж кIэухыр зыпыувэр: зы махуэр, жыг пщыкIузы-м, махуэ зыбжанэ-кIэ, махуэ етхуанэ-рауэ, сом тхурытху-м, тумэн тIощIы-р, ещанэ курсы-м, студентищ-ы-м, жэму зы-р, мэлу хы-м.
БжыгъэцIэ-наречие псалъэухам нэхъыбэу зэрыхэувэр обстоятельствэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, ар падежкIэ зэхъуэкIа хъу хабзэкъым, ауэ абыхэм падеж формэ щагъуэт къуохъу: тхуэ-р куэдщ, пщыкIузрэ-р хъунщ. Ахэр аращ зи гугъу щытщIар еханэ Iыхьэм.
БжыгъэцIэхэм я синтаксическэ къалэн нэхъыщхьэр определенэу къэкIуэнырщ: Альпинистхэр ещанэ махуэм нэсащ здэкIуэнум.
ЩыIэцIэм и пIэкIэ къэгъэсэбэпамэ, бжыгъэцIэхэр хэувэнущ псалъэухам пкъыгъуэ зэхуэмыдэу, псалъэм папщIэ: ТIур къоплъэ, тIур къодаIуэ, тIум ирахьэжьэри йожьэж; тIощIым пщIы хэплъхьэмэ, зэрыхъур щэщIщ.
БжыгъэцIэр абы щыгъуэм падежкIэ зэхъуэкIа хъунущ подлежащэу, дополненэу щытыр; сказуемэу щытыр зэхъуэкIа мэхъу щхьэкIэ: сы-етIуанэт, фы-етIуанэщ, сы- етIуанэкъым; зэманкIэ: сы-ещанэнущ, уы-ещанэгъат, нэгъуэщIхэри.
Диплом лэжьыгъэм щапхъэу хэдгъэхьа псалъэухахэм и нэхъыбэр къыхэтхащ КIэрашэ Тембот, КIуащ БетIал, Къэрдэн Бубэ, Къашыргъэ ХьэпащIэ, ЩоджэнцIыкIу Алий сымэ я тхыгъэхэм. Лэжьыгъэр тхынымкIэ сэбэп къытхуэхъуа литературэхэр плIыщIым ноблагъэ. Ахэр псори къыщыдгъэлъэгъуащ диплом лэжьыгъэм и кIэм.
ЛИТЕРАТУРЭ
Адыгэбзэ псалъалъэ. М., 1999.
Балкаров Б.Х. О способах выявления частей речи в кабардинском языке//Ученые записки КНИИ, т.11. Нальчик, 1957.
Балкаров Б.Х. О принципах выделения частей речи в кабардино-черкесском языке//Вопросы описательных грамматик языков Северного Кавказа и Дагестана. Нальчик, 1963.
Виноградов В.В. Русский язык. М., 1972.
Вопросы описательных грамматик языков Северного Кавказа и Дагестана. Нальчик, 1963.
Грамматика кабардино-черкесского литературного языка. М., 1957.
Грамматика кабардино-черкесского литературного языка. Фонетика и морфология. М., 1970.
Зекох У.С. История разработки проблемы классификации частей речи в адыгейском языке//Вопросы адыгейского языкознания. Вып. 1. АНИИ, Майкоп, 1980.
Зекох У.С. Система склонения в адыгейском языке. Майкоп, 1968.
Елберд Хь.У., ТIажь Б. Адыгэбзэ учебник. Налшык, 1954.
Елберд Хь.У., Урыс Хь.Щ. Адыгэбзэ учебник. Налшык, 1959.
Карданов Б.М. Грамматический очерк кабардинского языка//Кабардинско-русский словарь. М., 1957.
Керашева З.И. Краткий грамматический очерк адыгейского языка//Русско-адыгейский словарь. М., 1960.
Курашинов К.Х. Местоимение и числительное в адыгских языках//Сборник статей по адыгскому языку. Майкоп, 1967.
Кумахов М.А. Морфология адыгских языков. Нальчик, 1968.
Кумахов М.А. Словоизменение адыгских языков. М., 1971.
Кумахов М.А. Сравнительно-историческая фонетика адыгских языков (черкесских языков). М., 1981.
Кумахов М.А. Сравнительно историческая грамматика адыгских (черкесских) языков. М., 1982.
Кумахов М.А. Очерки общего и кавказского языкознания. Нальчик, 1984.
Лопатинский Л.Г. Краткая кабардинская грамматика. Тифлис, 1891.
Мещанинов И.И. Члены предложения и части речи. Л., 1978.
Ногма Ш.Б. Филологические труды. Т.2. Нальчик, 1958.
Рогава Г.В., Керашева З.И. Грамматика адыгейского языка. Майкоп, 1966.
Рогава Г.В. К вопросу о структуре именных основ и категориях грамматических классов в адыгских (черкесских) языках. Тбилиси, 1956.
Рогава Г.В. Категория органической и вещественной принадлежности в адыгском языке. Резюме. Тбилиси, 1980,с.111-145.
Таов Х.Т. Склонение в адыгских языках в сравнительном аспекте. Нальчик, 1967.
Тау Ж.Къу., УнэлIокъуэ В.Хь. Диктантхэмрэ изложенэхэмрэ. 5-9 классхэм папщIэ. Налшык, 1999.
Турчанинов Г.Ф., Цагов М. Грамматика кабардинского языка. Изд-во АН СССР. М., 1940.
Урыс Хь.Щ. Адыгэ грамматикэ. Фонетикэ, морфемика, морфологие. Налшык, 2001.
Урыс Хь.Щ. Адыгэбзэм и тхыдэ. Япэ Iыхьэ. Налшык, 2000. Нап. 96-100.
Урыс Хь.Щ. АдыгэбзэмкIэ практическэ стилистикэ. Налшык, 2002.
Урыс Хь.Щ., Зэхъуэхъу Л.Хь. Адыгэбзэ орфографиемрэ пунктуациемрэ я хабзэхэр. Налшык, 1963.
Урыс Хь.Щ., Зэхъуэхъу Л.Хь. Адыгэбзэ орфографическэ псалъалъэ. Налшык, 1982.
Урыс Хь.Щ., Iэмырокъуэ И.I. Адыгэбзэ, 6-7 класс. Налшык,1997,нап.37-54
Чикобава А.С. Иберийско-кавказские языки и научная актуальность их изучения//Ученые записки АНИИ.Т.2. Майкоп, 1963.
Шагиров А.К. Кабардинский язык//Языки народов СССР. Т.IV. М., 1968.
Эльбердов Х.У. О частях речи в кабардино-черкесском языке//Вопросы описательных грамматик языков Северного Кавказа и Дагестана. Нальчик, 1963.
Яковлев Н.Ф. Грамматика кабардино-черкесского литературного языка. М.-Л., 1948.
ЦIЭ ГЪЭКIЭЩIАХЭР
Ад.Iу. - Адыгэ IуэрыIуатэ
КI.Т. - КIэрашэ Тембот
КIу.Б. - КIуащ БетIал
Къ.Б. - Къардэн Бубэ
Къ.Хь. - Къашыргъэ ХьэпащIэ
Т.Хь. - Теунэ Хьэчим
Ш.А. - Шортэн Аскэрбий
Щ.А. - ЩоджэнцIыкIу Алий
Iу.ж. - Iуащхьэмахуэ журнал.