Республикэм и Шэджэм куейм хыхьэ
Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэ №2

ЕгъэджакIуэр- Алэкъей М.М.
Шэджэм ЕтIуанэ курыт еджапIэ №2
2017 гъэ
Классыр: 5-нэ
Предметыр: Адыгэ литературэ.
Темэр: Кулиев Къайсын «Анэ» усэр.
Урок лIэужьыгъуэр: темэщIэр щадж урок.
Мурадхэр:
Ι. ЩIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ:
Кулиев Къайсын зрагъэцIыхунущ; и гъащIэм, творчествэм щыщ Iуэхугъуэхэм щыгъуэзэнущ; Кулиевым и «Анэ» усэр яджынущ; я гупсысэр зэгъэкIуауэ къаIуэтэфу есэнущ.
II. Сабийм и зыужьыныгъэ и лъэныкъуэкIэ. Я бзэм зиужьынымкIэ лэжьыгъэ ядекIуэкIынущ; я къэухьым зезыгъэужьын, я щIэныгъэм хэзыгъэхъуэн лэжьыгъэ ядекIуэкIынущ.
III. Гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ. Адэ-анэр ялъытэу, нэхъыжьым пщIэ хуащIу, нэхъыщIэм гулъытэ ирату есэнущ.
Личностнэ УУД-хэр: я гъусэхэм, къаджэхэм я псалъэм пщIэ хуащIу есэнущ; я къэухьым зиужьынущ; гупсэхуу даIуэу, я щIэныгъэр къагъэсэбэпыфу есэнущ; езыр-езыру лажьэу, къалэн пыухык1а я пщэ далъхьэфу, зэрагъэзэщIэн Iэмал къалъыхъуэфу, гупым ягурыIуэу есэнущ.
Метапредметнэ ехъулIэныгъэ игъуэтынухэр:
– регулятивнэ УУД-хэр: урокым и темэм езыр-езыру хуэкIуэфу, мурад ягъэувыфу есэнущ;
– познавательнэ УУД-хэ: тхылъ еджэным и мыхьэнэр, фIагъыу хэлъыр зыхащIэнущ; зэдэIуар къаIуэтэжыфу, езыр зыхуейр къыхахыфу, абы щыщ пычыгъуэ къагъэлъэгъуэфу (инсценировкэ ищIыфу) есэнущ;
– коммуникативнэ УУД-хэр: жаIам щыхьэт техъуэжыфу, ар адрейхэм я фIэщ ящIыфу есэнущ; нэгъуэщIым и псалъэм пщIэ хуащIу, Iуэхум хэкIыпIэ къыхуагъуэтыфу есэнущ; утыкум къыщыпсэлъэфу, далогым къыхыхьэфу есэнухэщ; я щIэныгъэмрэ есэныгъэмрэ гъащIэм къыщагъэсэбэпыфу хъунущ.
Къэзгъэсэбэпыну методхэр: системно-деятельностнэ бгъэдыхьэкIэр, гупсысэкIэм зезыгъэужь къеджэкIэ тхэкIэрэ методыр.
Къэзгъэсэбэпыну Iэмалхэр: диалог, гъэхуауэ, зыхэщIэгъуэу тхыгъэ къеджэныгъэ, синквейн, гуп лэжьыгъэ, урокыр и кIыхьагък1э зэпеуэу екIуэкIынущ.
Кэзгъэсэбэпыну Iэмэпсымэхэр: компьютер, интерактивнэ доска, презентацие, учебник, сурэтхэр, сабийхэм ящIа сурэтхэр.
Литературэ къэзгъэсэбэпыр:
1. «Адыгэ литературэ 5 класс». Учебник-хрестоматие. ХьэкIуащэ А., Нальчик, «Эльбрус», 2013.
2. «Адыгэбзэ псалъалъэ». Москва. «Дигора», 1999 гъэ
3. «Адыгэ псалъэжьхэр». КъардэнгъущI Зырамыку. Налшык «Эльбрус» 2004 гъ.
4. «Адыгэ псалъэжьхэр». ГъукIэмыхъу А., Къардэнгъущ1 З. »Налшык «Эльбрус» 1994 гъ.
Урокым и екIуэкIыкIэр:
I.Хэзышэ псалъэмакъ.
Классым щIэс еджакIуэхэр гупиту гуэшын. Гуп къэскIэ къыхахыж, лэжьыгъэ яхуэгъэзэщIэнум елъытауэ, щхьэж нэхъ хуэгъэкъарууну мы къалэнхэм щыщ: «СурэтыщI», «Утыку пашэ», «КъэхутакIуэ», «Артист», «ЧэнджэщакIуэ».
ЕджакIуэхэм ехъулIэныгъэ яIэнухэр нэхъ нэрылъагъу хъун папщIэ, вагъуэ цIыкIухэр яхуэгуэшын( вагъуэ нэхъыбэ къэзылэжь гупым текIуэныгъэр ейщ).
II. Къэпщытэжыныгъэ.
Урок блэкIахэм яджахэмкIэ къэпщытэжыныгъэ.
Гуп къэскIэ дызэджа тхыгъэ гуэр къащтэу абы ехьэлIауэ лэжьыгъэ зэмыщхь яIэнущ:
Урок блэкIахэм дджа тхыгъэ гуэр къащтэу абыкIэ къагъэлъэгъуэн хуейщ:
Тхыгъэм къытещIык1а сурэт;
Тхыгъэм щыщ пычыгъуэ гукIэ е сценкэ цIыкIу;
Тхыгъэр зытхар, ар зытеухуар, къыхэщ образэр;
Яджахэмк1э адрей командэм зы упщ1э хуагъэхьэзыру иратын хуейщ.
Апхуэдэурэ лажьэурэ гупым хэтхэм щыщу «Чэнджэщак1уэр» егъэджак1уэм деж къак1уэ хъунущ, упщ1э гуэрхэр я1э хъумэ. Лэжьыгъэр хьэзыр зэрыхъуу утыку къралъхьэ. Жэуап тэмэм къагъэлъэгъуэхук1э, вагъуэ цIыкIу гупым къелэжь. Еджак1уэхэм къагъэсэбэп «Адыгэбзэ псалъалъэ», «Адыгэ псалъэжьхэр» тхылъхэр.
Япэ гупым я лэжьыгъэр:
Къашыргъэ ХьэпащIэ «Зы жэщ» рассказымкIэ.
1. «СурэтыщIым»- РассказымкIэ сурэт цIыкIу ещI.
2. «Артистым»- Рассказым щыщу «Нанэрэ Линэрэ я диолог» къагъэлъагъуэ еджакIуитIым.
3. «Утыку пашэм» - Тхыгъэр зытхар, ар зытеухуар, къыхэщ образэр. Къашыргъэ ХьэпащIэ «Зы жэщ» рассказыр Хэку зауэшхуэр ди щIыпIэм зэрыщекIуэкIам теухуащ. Абы къыхощ -Линэ, Нанэ, Быцу, Марят, нэмыцэхэр, полицейскэр.
4. «Утыку пашэм» - УпщIэ е лэжьыгъэ гуэр: ДэIэпыкъуэгъу щхьэкIэ анэр хэт зэлъэIуар, дауэ къыхущIэкIа? (ЗэлъэIуар полицейскэрат, ауэ къыдэIэпыкъун дэнэ къэна, къыщIэгубжьащ «мафIэ къыфщIэдзауэ фыгъэсын хуейщ»-, жиIэу)
Лэжьыгъэ къагъэлъэгъуам и фIагъым елъытауэ вагъуэ къалэжь.
2-нэ гупым я лэжьыгъэр:
Бещтокъуэ Хьэбас «Уэсым и гъуэгуанэ» усэр.
«СурэтыщIым»- УсэмкIэ сурэт цIыкIу.
«Артистым»- Усэм гукIэ къоджэ.
«Утыку пашэм» - «Уэсым и гъуэгуанэ» усэр Бещтокъуэ Хьэбас итхащ. Дыкъэзыхъуреихь дунейм и дахагъым, щIыуэпсым и хабзэхэм ящыщ зыуэ уэсыр зэрыщытым теухуащ.
«Утыку пашэм» - УпщIэ е лэжьыгъэ гуэр: Дыкъэзыхъуреихь дунейм, щIыуэпсым теухуа псалъэжь е къуажэхь. («Дунейр шэрхъщи мэкIэрахъуэ», «Дунейр чэзущ»)
Лэжьыгъэ къагъэлъэгъуам и фIагъым елъытауэ вагъуэ къалэжь.
III. Урокым и темэмрэ мурадхэмрэ гъэувыныр.
Хэзышэ псалъэмакъ. Сурэтхэр егъэлъэгъуауэ темэм хэшэн.
ТхыгъэмкIэ. ( 2-нэ слайд)
Мы сурэтхэр сыткIэ пыщIауэ, епхауэ къыфщыхъурэ дджыну темэм?
(Анэмрэ бынымрэ, лъагъуныгъэм, зауэм, сэлэтым).
Жэуапхэр зэгъэзэхуэжын. Пэжщ, нобэ дызэджэну тхыгъэр – усэщ, ар анэм теухуащ, «Анэ» аращ абы и цIэр, абы къыхощ анэ лъагъуныгъэ, къуэм и ф1ылъагъуныгъэ, гулъытэ, зауэ шынагъуэр.
Авторым и творчествэмкIэ лэжьыгъэ.
АдэкIэ къэкIуэну сурэтхэмкIэ къэтщIэфыну пIэрэ атIэ а усэм и авторым теухуауэ зыгуэрхэр? (3-4-нэ слайдхэр)
Жэуапхэр:
Къыщалъхуар Къэбэрбей-Балкъэрырщ, абы и бгылъэ щIыпIэхэрщ, КIыщокъуэ А. хуэдэу ди районым хыхьэ къуажэ щыпсэуащ, Налшык къалэ и цIэкIэ уэрам иIэщ, Шэджэм къали и цIэкIэ уэрам иIэщ, Шэджэм щыпсэуащ, и унэр музей ящIыжащ, КIыщокъуэ А. и ныбжьэгъуу щытащ, Кулиев Къайсынщ, мы гъэм ноябрь мазэм илъэси 100 ирокъу къызэралъхурэ.
ЕджакIуэхэм я жэуапхэм къыщIыгъун, зэгъэзэхуэжын.
Ар балъкъэр усакIуэщ, къэфщIэжыт Мечиев Кязим, абы и « Си къуэм папщIэ» усэр. Ахэр зэлъэпкъэгъущ. ( 5-нэ слайд)
Ар къыщалъхуащ ди районым хыхьэ Шэджэм Ипщэ къуажэм, 1917, иужькIэ щыпсэуащ Шэджэм къалэм. Тхэн щIидзауэ щытащ илъэси 10-м иту, илъэс 17-м иту и тхыгъэхэр газетхэм къытехуауэ щытащ.
И унэр езыр дунейм ехыжа нэужь музей ящIыжауэ щытащ, а музейми щыIащ ди еджапIэм щIэс еджакIуэхэр. ( 6-нэ слайд)
ИкIи и уэсятым теткIэ езыри и пщIантIэм деж щыщIалъхьэжауэ щытащ 1985 гъэм. Пэжу гу зэрылъыфтащи, и «Анэ» усэм, нобэ дджынум, къыхощ зауэ шынагъуэр,ар къыщIыхигъэщым и щхьэусыгъуэри къывгурыIуауэ къыщIэкIынщ- езым и нэгу щIэкIа Iуэхугъуэщ. Хэку зауэшхуэм и пэм щыщIэдзауэ хэтащ, зауэм теухуауи тхыгъэ куэд иIэщ. (7-8-нэ слайдхэр) И ныбжьэгъуу, и къуэшым хуэдэу, щытащ КI ыщокъуэ Алим.
Мы гъэм, ноябрь мазэм, къызэралъхурэ илъэси100 ирокъу икIи абы теухуауэ Iуэхугъуэ куэд ди районми республикэми щокIуэкI. (9-нэ слайд ) Апхуэдэ Iуэхугъуэхэми хэтщ, хэтащ ди еджакIуэхэри. УвыпIэ нэхъыщхьэхэр къыщахьащ «Слово твое идет по миру и учит мир радости» республикэпсо зэпеуэм ди еджапIэм щIэс еджакIуэхэми: Алэкъей Алим, Мэкъушэ Миланэ, Алэкъей Данэ сымэ. Апхуэдэу Кулиевым теухуауэ я усэхэр утыку къралъхьауэ щытащ Къарэ Ислъам, Къарэ Азэмэт сыми.
Кулиев Къайсынщ и «Анэ» усэр зыхуитхари и анэрщ. (10-нэ слайд)
(Жэуап пэж къэзытахэр къыхэгъэщын, вагъуэхэр етын)
IV. Зыщагъэпсэхун дакъикъэ цIыкIу.
3. «Анэ» усэр.
А. УсэмкIэ словарнэ лэжьыгъэ.
Псалъэ къыхэгъэщахэм хуэк1уэн сурэтхэр къыхегъэхын, псалъэхэм къарыкIыр къазэрыгурыIуэр убзыхун. (11-м къыщыщIэдзауэ 15-нэ слайдым нэс)
Б. Иджы адэк1э ди урокым къыпыдощэ зэпеуэк1э. Иджыпсту дджыну усэр Кулиевым зэритхам пэгъунэгъуу тхузэф1эгъэувэмэ деплъынщ. (Еджак1уэхэм я гупсысэкIэм нэхъ зиужьын папщ1э, мы щIыкIэм тету егъэджын, интерактивнэ доскам щылажьэурэ). (16-нэ слайд)
Кулиев Къайсын «Анэ».
Сэр папщIэ … нэху куэдэ уэ бгъэщт,
Ц1э …. бжыгъэншэу уахэдэу къысфIэпщт.
Уи … сэ си псэт, …. хуабэ късхуищIт.
Окопэм сыщисми зэхэсхыу… .
Зауэшхуэм и гъуэгуу гъуэгу … сэ скIуам
Слъэгъуакъым уи нэгум… текIуа.
Уи … нэхъ гуапи слъэгъуакъым зым ей,
Уи … нэхъ IэфIи ехакъым си джий.
Уи ….. си цейхэр зыдыжхэу щытам
ХуэдэIэ … сэ сщIэркъым тетау.
Зэгъэпщэжын. (17-нэ слайд)
Сэр папщ1э жеиншэу нэху куэдэ уэ бгъэщт,
ЦIэ лейхэр бжыгъэншэу уахэдэу къысфIэпщт.
Уи макъыр сэ си псэт, сигу хуабэ късхуищIт.
Окопэм сыщисми зэхэсхыу къысфIэпщт.
Зауэшхуэм и гъуэгуу гъуэгу кIыхьу сэ скIуам
Слъэгъуакъым уи нэгум гуакIуагъкIэ текIуа.
Уи нит1Iым нэхъ гуапи слъэгъуакъым зым ей,
Уи шхынхэм нэхъ IэфIи ехакъым си джий.
Уи IитIу си цейхэр зыдыжхэу щытам
ХуэдэIэ дунейм сэ сщIэркъым тетау. (Жэуап пэж къэзытахэр къыхэгъэщын, вагъуэхэр етын).
В. Усэр зэпкърыхыныгъэ.
*УсэмкIэ Кулиевым къигъэлъэгъуэну зыхуеяр дауэ къывгурыIуэрэ?
(И анэм хуэдэ дунейм зэрытемытыр, зэрыхуэзэшыр, фIыуэ зэрилъагъур, и гум зэримыхур, къыхуищIахэр зэрыщымыгъупщар, анэхэр я быным папщIэ гугъугъуехь псо зыхэтыр)
*И анэр фIыуэ зэрилъагъум щыхьэт сыт хуэдэ псалъэхэр техъуэрэ?
(«уи макъыр сэ си псэщ», «слъэгъуакъым уи нэгум гуакIуагък1э текIуа», «уи IитIым хуэдэIэ дунейм сэ сщIэркъым тетау»)
*Авторым и хьэл-щэнхэм хуэдэ зыхэлъ къэвгъэлъэгъуэфын?
(Псом иди анэхэм хуэдэ щымыIэу къытщохъу, абы и анэм папщIэ жиIэхэр дэри махуэ къэс жыдоIэ…)
*Фи анэхэм цIэ лей къыффIащрэ? Сыт хуэдэ цIэ лейхэр жаIэрэ?
(«си псэ», «си нэху», «си Iэф1», «си дуней», «си щабэ цIыкIу»…)
*Фи анэхэм яхужыпIэ хъуну сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр къыхэщрэ усэм?
(Ди анэхэр дэр папщIэ жэщ-махуэ ямыIэу сыти ящIэнущ, я псэ еблэжынукъым, дагъэмэжэлIэнукъым, сытым дежи къыддэIэпыкъунущ...)
*Сытым дыкъыхуриджэр Кулиевым и усэмкIэ?
(Зыщыдмыгъэгъупщэну, езы Кулиевым ещхьу, анэхэм я гугъуехьыр, я шхын Iэф1ыр, я бзэ IэфIыр, я Iэ щабэр…)
Г. УсэмкIэ зэпеуэ.
1. Усэм гъэхуауэ, зыхэщIэгъуэу къегъэджэжын (гуп къэскIэ еджакIуитI).
2. Гуп къэскIэ усэм къытещIыкIауэ сурэт цIыкIу ягъэхьэзыр.
3. Анэм теухуауэ псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ.
Щапхъэхэр: «Анэр нэм хуэдэщ», «Анэ зимыIэм гуIэр и махуэщ», «Анэр нэщ, адэр лъэпкъщ», «Адэ иIэми, анэ зимыIэр зеиншэщ», «Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ».
4.Рифмэм и щапхъэ къэгъэлъэгъуэн.
Щапхъэ: Сэр папщIэ жеиншэу нэху куэдэ уэ бгъэщт,
ЦIэ лейхэр бжыгъэншэу уахэдэу къысфIэпщт.
Синквейн «анэ» псалъэм къытещIыкIын.
Щапхъэ:
Анэ
Дахэ, щабэ, гуапэ
Солъагъ, солъытэ, сыхуозэш
Дунейм темыт си анэм сэ пэсщIын!
Си псэ
Адрей командэм хуагъэхьэзыр упщIэхэр, лэжьыгъэхэр.
Щапхъэхэр:
*УсакIуэм и анэм хуиIэ лъагъуныгъэр къэзыгъэлъагъуэ сатырхэр къыхэгъэщын.
*Быным папщIэ анэр зыхэт гугъуехьхэр къызыхэщ сатырхэр къыхэгъэщын.
ЕджакIуэхэм упщIэ гуэрхэр яIэ хъумэ, «ЧэнджэщакIуэр» егъэджакIуэм и деж къокIуэ.
Лэжьыгъэр хьэзыр хъумэ, «Утыку пашэм» утыку кърелъхьэ.
V. Урокым яджар къызэщIэкъуэжыныгъэ.
ЕгъэджакIуэм жиIэ псалъэхэм щыуагъэр къагъуэту еджакIуэхэм зэрагъэзэхуэжын хуейщ. Лэжьыгъэр я зэхуэдэщ гупитIми, жэуап пэж къэзыт гупым вагъуэ къелэжь.
«Анэ» тхыгъэр IуэрыIуатэм щыщщ, ар таурыхъщ.
«Анэ» усэр итхащ КIыщокъуэ Алим.
Кулиев Къайсын къыщалъхуащ Налшык къалэ.
Зауэ зэманым Кулиевыр еджакIуэ щыIащ.
Кулиевыр къалъхуащ 1917 гъэм.
Кулиевыр шыщIалъхьэжащ Шэджэм Ипщэ къуажэм.
«Анэ» усэр Кулиевым хуитхащ и ныбжьэгъум и анэм.
«Анэ» усэр теухуащ зи анэ зауэм хэкIуэда сэлэтым.
Кулиевыр къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 200 ирокъу.
VI. ЕджакIуэхэм урокым и кIуэцк1э яIа ехъулIэныгъэхэр къэгъэлъэгъуэн.
Гуп къэскIэ вагъуэ бжыгъэ яIэхэр къегъэпщытэжын, къыхэжаныкIа еджакIуэхэр къыхэгъэщын, урокыр зэхуэщIыжын мы псалъэхэмкIэ:
Жьыр зэхъуэхъуу, щIэр зэхъуапсэу
Вагъуэ цIыкIуу дэни фыкъыщыблэу,
Вагъуэ цIыкIуу дэни фыкъыхэщу,
Фи анэхэр фэркIэ пагэу,
Фи адэхэр щIэхъуапсэм фыкъыщыблэу,
Алимрэ Къайсынрэ хуэдэу,
Фи лъэпкъ, фи лъахэ фыхуэпэжу,
Адыгэ напэр вгъэпэжу,
Адыгэбзэр вгъэшэрыуэрэ
ЕхъулIэныгъэр фибэу
Дунейм фытезэшэну сынывохъуэхъур!
VII. Унэ лэжьыгъэ.
«Анэ» усэр гукIэ зэгъэщIэн.
2. Кулиевым и илъэсищэм е анэм теухуауэ усэ цIыкIу зэхэлъхьэн.