КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМКIЭ,
ЩIЭНЫГЪЭМРЭ ЩIАЛЭГЪУАЛЭМ Я IУЭХУХЭМКIЭ И МИНИСТЕРСТВЭ
LearningApps.org платформэм и IэмалхэмкIэ
къызэгъэпэща интерактивнэ лэжьыгъэхэр литературэ урокхэм къэбгъэсэбэп зэрыхъур
Зыгъэхьэзырар
Алэкъей М.М.,
Шэджэм ЕтIуанэ дэт е 2–нэ курыт ежапэм
адыгбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ
2022
Аннотацие.XXI лIэщIыгъуэмдигъащIэмкъыхилъхьазэхъуэкIыныгъэхэмкъыдэкIуащкомпьютерым, интернетым дилэжьыгъэриIуэхузехьэкIэриабы епхауэ, пыщIауэщытынхуейуэ.Дунейпсозызыужьыныгъэм и гъуэгум псом япэтехьащсабийхэмрэщIалэгъуалэмрэ. Ахэрнэхътыншу, уеблэмэ, нэхъапэхуэкIуащ дэ иджыридыздынэмысыфахэм, диакъылырзыхуэмыкIуакуэдым. Мы лэжьыгъэмкъыщыгъэлъэгъуащдунейпсозыужьыныгъэмдэри, адыгэбзэмрэадыгэлитературэмрэезыгъэдж егъэджакIуэхэри, дыдэхъуудылэжьэн папщIэ, ЭОР жыхуиIэм хыхьэLearningApps.orgплатформэрдилэжьыгъэмкъызэрыщыдгъэсэбэпыфынумрэ абы и Iэмалхэмрэ.
Лэжьыгъэм и зэхэлъыкIэр
ХэзышэIыхьэ…………………………………………………………..4
I. LearningApps.org, платформэмифIагъыр…………………………5
II. LearningApps.org online-сервисым и зэхэлъыкIэмрэ
и Iэмалхэмрэ……………………………………………………………..6
III. ЖуртБ., ШэджыхьэщIэ Хь., Гъубжокъуэ Л.,Уэрэзей А.
сымэ я творчествэмкIэ интерактивнэ лэжьыгъэхэр, https://learningapps.org/user/Милатина
платформэм щыгъэхьэзырауэ………………………………………….9
IV. КIэух псалъэ…………………………………………………………12
Къэзгъэсэбэпахэр………………………………………………………...13
Хэзышэ Iыхьэ
И фIагъымхуэдиззэраныгъикъызэдихьащдунейпсозыужьыныгъэм. ЕгъэджэныгъэIуэхурикъэнакъым абы ижькъыщIимыхуу. Япэрауэ, сабийхэр, еджакIуэхэртхылъымнэхъпэIэщIэхъуащ, Гугъузрамыгъэхьыщэуизыхуейхэркъыщагъуэтинтернетым, еджэныгъэIуэхурнэхъзэрагъэтыншыниужьитхэщ.ЕтIуанэрауэ,иужьрейзэманхэр къапщтэмэ, нэхъыбэрэзэманщагъакIуэкомпьютерым, интернетым. Е ар нэхъщIэщыгъуэящыхъурэ, е нэхъдихьэхрэ? Сытми, тхылъыряIэщIэлъыжкъыми, куэдкIэнэхъгугъухъуащуадэлэжьэну, ебгъэджэну. Аращи, дэ дыздэщыIэмахэрщыIэжкъыми, езыхэрздэщыIэм дэ дыкIуэн хуей мэхъу.
Абы къыщынэмыщIауэ, дунейпсорзэтезыуцIэпIа вирус уз бзаджэмдрихулIащпыIудзауэдылэжьэну, едгъэджэну. Аращи, IэмалыщIэхэмдылъыхъуэн хуей мэхъудызэфIэмыкIуэдын, зэрыхъукIэ, зэпэIэщIэдымыхъун, егъэджэныгъэлэжьыгъэркъэмыувыIэн, бзэрегъэджынырнэхъ щIэщыгъуэ тщIынпапщIэ.
ЕджапIэмщадждерсхэмкъыщхьэщыкIыу дэ, адыгэбзэмрэадыгэлитературэмрэезыгъэджегъэджакIуэхэм, диIуэхуртIэкIунэхъгугъущ, еджакIуэхэр пыIудзауэ гъэлэжьэнымкIэ, ЭОР ( электронный образовательный ресурс) жыхуэтIэмадрей егъэджакIуэхэм къарит Iэмалхэм теухуауэ. Пэжщ, абы елэжьхэрдиIэщ, ауэтIэкIудыкъыкIэрохудызыхэпсэухьзэманымрэеджакIуэхэмягъуэтазыужьыныгъэрэ.
LearningApps.org платформэм и фIагъыр.
Сыт и фIагъ атIэ LearningApps.org online-сервисым, адыгэ литературэмкIэ десхэр егъэджынымIэ, сыткIэ нэхъ щIэщыгъуэ ищIрэ? Дапхуэдэу къыщыбгъэсэбэпыфыну? СыткIэ сэбэм яхуэхъуну бзэр езыгъэдж егъэджакIуэхэм?LearningApps.org хэщIапIэм Iэмал куэд къует. Абы фIагъхэм щыщщмыхэр:
Япэрауэ, езы еджакIуэхэми нэхъ щIэщыгъуэу яджынущ литературэр, дерсхэми нэхъ хэлэжьыхьыну гукъыдэж яIэнущ.
Лэжьыгъэхэр псоризэрекIуэкIыринтерактивнэжыхуэтIэщIыкIэм
тетущ.
3.ЕджакIуэнэхъкъыкIэрыхухэми нэхълъэрызехьэхэми
зэхэмыхьэууадэлэжьэфынущ.
4. ЛэжьыгъэрпсынщIэумэкIуатэ, зэманышхуэухуейкъыми.
5. ЕджакIуэхэрщхьэзакъуэлэжьыгъэмнэхъщымышынэещI,
трегъэгушхуэ.
6.LearningApps.org сервисыркуэдкIэсэбэп,мэхъуеджакIуэхэм я
зэфIэкIыркъэхутэнымкIэ.
II.LearningApps.org online-сервисыркъызэрагъэсэбэпымрэ и Iэмалхэмрэ.
Зэманыр и пIэ иткъым, цIыхухэрикуэдкIэнэхъпсынщIэузыужьыныгъэекIуэкIымдэхъухъуащ. ЕгъэджэныгъэлэжьыгъэмехьэлIауэкъызэрагъэпэщауэщыIэхэщIапIэхэм, «платформа» жыхуэтIэхэмIэмалкуэдкъует, уидерсхэрнэхъщIэщыгъуэхъунпапщIэ, Iэмалыншэ хъумэ, пыIудзауисабийхэмуадэлэжьэфынущ. Апхуэдэщвебинархэр, видеоконфирениехэр, электроннэтхылъэхэр, видео-лекциехэр, ДОТ-м (дистанционные образовательные технологии)жыхуэтIэхэмщыщуУчи.ру (https://uchi.ru/),
ЯКласс (https://www.yaklass.ru/), Онлайн-тренажер, Интернет-урок (https://interneturok.ru/), Фоксфорд.ру (https://foxford.ru/), ЛогикЛайк (https://logiclike.com/)жыхуэтIэхэмхуэдэу.
ИщхьэкIэ къызэрыщызгъэлъэгъуащи, бзэрезыгъэджхэргугъудохь абы теухуауэ, адрейхэм яIэ Iэмалхэр диIэкъыми.Си фIэщхъуркъым мы IуэхугъуэмимыгъэпIейтейзыегъэджакIуищыIэу, адыгэбзэмрэадыгэлитературэмрэезыгъэджхэмщыщу. Сэри мы лэжьыгъэмсыпэщIэуэвэнымсыхуэзышариаращ.
АпхуэдэукъэзгъэлъэгъуэнусыхуейтЭОР ( электронный образовательный ресурс) жыхуэтIэмхэтукъакIуэгуэдзэнхэмщыщзы,сэ си лэжьыгъэмкъыщызгъэсэбэпхэмщыщу. Ар LearningApps.orgжыхуиIэплатформэращ.
LearningApps.org -р къызэзыгъэпэщарнэмыцэхэрщ, къыщызрагъэпэщарГерманиерщ, ауэбзитхукIэущылажьэмэхъу, урысыбзэри абы хэтщи, дэрикIIэмал абы къыдетдыщылэжьэну. Езыр Web2.0 жыхуиIэм и гуэдзэщ,online-сервисщ, интерактивнэжыхуэтIэщIыкIэмтетуурилэжьэфынущ.МыбыIэмал къует бгъэхьэзырыну лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд, дерс бгъэхьэзырым елъытауэ:
тхакIуэр къыщебгъэцIыхукIэ гъэщIэгъуэну лэжьыгъэр къыпхузэгъэпэщынущ;
дерс яджынум щыхэпшэкIэ лэжьыгъэхэр щIэщыгъуэ ирипщIыфынущ;
яджахэр ебгъэбыдылIэжыну ухуеймэ, IэмалыфIщ;
щхьэзакъуэу лэжьыгъэхэр ебгъэгъэзащIэ мэхъу ежакIуэхэм.
МыхэщIапIэмщыпхуэщIынущсытхуэдэдерсмиепхалэжьыгъэхэр, адыгэбзэриадыгэлитературэриабыкъыдэкIуэу. АпхуэдэуадрейегъэджакIуэхэм я лэжьыгъэхэмиуоплъыф, ууеймиеплъыфутебухуэмэхъур. ПсалъэмпапщIэ, хэтикъигъэсэбэпыфынущсэ си лэжьыгъэхэр, игу ирихьмэ.
LearningApps.orgплатформэмезымущылэжьэнугугъукъым,тыншузэхэгъэуващ, ищхьэкIэкъызэрызгъэлъэгъуащи,бзэзыбжанэкIэущылэжьэфынущ, урысыбзэрихэту. Ухыхьанэужь, бзэркъыхыбох, ар ижьлъэныкъуэмкIэищхьэкъуапэмкъыщыхыбох, къэралым и ныпцIыкIумкIэ.
АдэкIэкъыхэпхынукъуетущылэжьэнуIэмалхэр, шаблон жыхуэтIэхэр, нэхътыншымкъыщыщIидзэрэнэхъгугъумхуэкIуэу «Хэт миллионер хъуну хуей» е кроссворд хуэдэхэрихэту.ИтIанэ, иджыризыфIагъиIэщмыбы, еджакIуэмтрипIытIэущымысужэуапхэритхынхуейуэапхуэдэлэжьыгъэхэризэхэбгъэувэмэхъур. Видео упщIэхэр, сурэтхэркъэбгъэсэбэпынуIэмаликъуетыр.
ЛэжьыгъэрзэрызэхэбгъэувэнуркъыбгурымыIуэмэ, абыиIэмалиIэщ. АдрейегъэджакIуэхэмзэращIам утету улэжьэфынущ. Ар къыщыбгъуэтынущ («Готовые примеры») жыхуиIэм.
«Все упражнения» жыхуиIэм ухыхьэмэ, щыплъагъунущадрейегъэджакIуэхэм я лэжьыгъэхэр, зэхэдзыжауэ.
АпхуэдэуадыгэбзэмкIэлэжьыгъэхэрщыпхуэгъэхьэзырынущытщ «Другие языки» Iыхьэм. Псалъэм папщIэ, лупэдамыгъэцIыкIуркъыщыхьам и деж «Адыгэлитературэ. Лэжьыгъэ», «Адыгэбзэ. Лэжьыгъэ» псалъэриптхэмэ, си лэжьыгъэхэмухигъэхьэнущ, ахэрхэтикъыхуэгъэсэбэпыфынущ, ссылкэкIэкърихыу. Апхуэдэуи, ахэркъагъэсэбэпурэегъэджакIуэхэми зэхагъэувэфынущезыхэм я лэжьыгъэхэр.
LearningApps.org сервисыркъэбгъэсэбэпурэлэжьыгъэзэмылIэужьыгъуэкуэдпхузэхэгъэувэнущ:
Викторинэхэр.
«Псалъэпэжхэркъыхэгъэщ»
«Хэт миллионер хъуну хуей?»
«ХьэрфхэмпсалъэкъыхэщIыкI»
«И гъусэркъэлъыхъуэ» джэгукIэр
Пазлхэрзэхэбгъэувэу лэжьыгъэхэр
«Сурэтхэрзэхэдз»
«ЗэрызэкIэлъыкIуэргъэнахуэ»
«Хронологическэлинейкэ»
Викторинэ, псалъэриптхэжу
Кроссворд, нэгъуэщIкуэдхэри.
ИнтерактивнэлэжьыгъэхэрзэхэбгъэувэфынущIэмалитIкIэ:
1.Адрей егъэджакIуэхэм ящIа лэжьыгъэмибгъэувэхъунущууейхэр.
2.Езы платформэмкъуитшаблонхэркъэбгъэсэбэпхъунущ.
III. ЖуртБиберд, ШэджыхьэщIэ Хь., Гъубжокъуэ Л., Уэрэзей А.
сымэ я творчествэр щаджкIэ егъэджакIуэхэм къэбгъэсэбэпхъуну LearningApps.org платформэминтерактивнэлэжьыгъэщызгъэхьэзырахэмрэабыхэм я зэхэлъыкIэмрэ.
LearningApps.org хэщIапIэм щызэхэзгъэувахэмхэтщадыгэлитературэмкIэурокхэрнэхъщIэщыгъуэзыщIлэжьыгъэхэри. АхэрехьэлIауэзэхэгъэгъэуващкъэбэрдей-шэрджэстхакIуэхэм ,усакIуэхэмщыщуЖуртБиберд, ШэджыхьэщIэХьэмыщэ, ГъубжокъуэЛиуан, УэрэзейАфликсымэятворчествэм.
Мы лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ щытщ https://learningapps.org/myapps.php хэщIапIэм и «Мои упражнения» напэкIуэцIым.
Лэжьыгъэхэр:
1.https://learningapps.org/view24616211
Гъубжокъуэ Л. и тхыгъэхэмкIэлэжьыгъэ.
Лэжьыгъэрзэхэгъэуващ, е 8-нэ классымщеджэ еджакIуэхэм папщIэ. ЕджакIуэхэм къащIэн хуейщпычыгъуэхэркъызэхэхатхыгъэхэр. Мы лэжьыгъэркъэбгъэсэбэпынунэхъкъозэгъяджахэрщебгъэбыдылIэкIэ е къыщызэщIэпкъуэжкIэ.
2.https://learningapps.org/view24616869
Лэжьыгъэрпазл щытыкIэ иIэу щытщ.Ар тегъэщIащ Журт Б., ШэджыхьэщIэ Хь., Гъубжокъуэ Л., Уэрэзей А. сымэ я творчествэмкIэ яджатхыгъэхэм.
ХудожественнэобразхэмкIэ е тхыгъэмкъыхэщIуэхугъуэмкIэ (сурэткIэ къэгъэлъэгъуащ) еджакIуэхэм къащIэн хуейщтхыгъэм и авторыр.
Мы лэжьыгъэр е 11-нэ классымщеджэ еджакIуэхэм папщIэ зэхэгъэуващ. Ар къэбгъэсэбэпынунэхъкъозэгъяджахэр щебгъэбылыIэкIэ е къыщызэщIэпкъуэжкIэ.
3.https://learningapps.org/view24617736
Мы лэжьыгъэр тегъэщIащ ШэджыхьэщIэ Хь. И «Къуэрылъху» рассказымрэУэрэзей А. и «НэгъуэщI насыпу сыт ухуей?», «Пщэдджыжьым» усэхэмрэ.
Лэжьыгъэр е 7-нэ классымщеджэ еджакIуэхэм папщIэ зэхэгъэуващ.
ХудожественнэобразхэмкIэ е тхыгъэмкъыхэщIуэхугъуэмкIэ еджакIуэхэм къащIэн хуейщтхыгъэм и авторыр.Аркъэбгъэсэбэпынунэхъкъозэгъяджахэр щебгъэбылыIэкIэ е къыщызэщIэпкъуэжкIэ.
4.https://learningapps.org/view24620092
МыряджахэркъызэщIэзыкъуэжлэжьыгъэщ, Журт Б. и тыгъэхэмтегъэщIауэ, викторинэ щытыкIэр иIэу.
Мы лэжьыгъэрзэхэгъэуващ, е 11-нэ классымщеджэ еджакIуэхэм папщIэ.СурэтхэмкIэкъащIэущытщтхыгъэмрэ ар зытхамрэ.
5.https://learningapps.org/view24620463
Журт Б. "Бжьэ къэпщIахэр".Лэжьыгъэрхуэгъэзащ е 5-нэ классымщеджэ еджакIуэхэм.
ЕджакIуэхэм сурэтхэр зэкIэлъахьыжын хуейщ, тхыгъэмкъызэрыхэщымхуэдэу. Мы лэжьыгъэркъэбгъэсэбэпынунъэхъкъозэгъ, тхыгъэрщызэпкърахымдеж.
6.https://learningapps.org/view24623189
Лэжьыгъэр тегъэщIащ Журт Б и «Мэрэмэжьей» рассказым, ар е 11-нэ классым папщIэ зэхэгъэуващ.
СурэтхэмкIэ рассказзэхагъэувэнхуейщ еджакIуэхэм. Еяджынутхыгъэрзытеухуауэ щытынумкIэ я гупсысэхэр къаIуэтэн хуейщ. Мыпхуэдэлэжьыгъэнэхъкъозэгъ ебгъэгъэзэщIэну, тхыгъэрщаджынумдеж.
7.https://learningapps.org/view24632529
Журт Б. «Адэлъапсэжь»
Лэжьыгъэрхуэгъэзащ е 5-нэ классымщеджэ еджакIуэхэм.
"Адэлъапсэжь" рассказымкъыхэгъэщапычыгъуэхэр, псалъэхэрзейр къащIэн хуейщ еджакIуэхэм. Мы лэжьыгъэрвикторинэу щытщ, абыкIэбгъэлажьэхъунущтхыгъэрщызэпкърахым и деж.
8. https://learningapps.org/view24913167
Журт Б. «Унагъуэ».
Лэжьыгъэр хуэгъэзащ е 11-нэ классым щеджэ еджакIуэхэм. Ар викторинэ щытыкIэр иIэу зэхэгъэуващ.АбыкIэ бгъэлажьэ хъунущ тхыгъэр щызэпкърахым и деж.
9. https://learningapps.org/watch?v=pf2eby0g222
Лэжьыгъэр тегъэщIащ Журт Б. и «Унагъуэ» ромным. Ар хуэгъэзащ е 11-нэ классым щеджэ еджакIуэхэм. УпщIэ къыщыхьахэм и жэуапыр иратхэжын хуейщ еджакIуэхэм. Мы лэжьыгъэм елэжь хъунущ, щхьэзакъуэуи гупу загуэшауи.
10. https://learningapps.org/view24898273
Журт Б. «Унагъуэ» романым тегъэщIа лэжьыгъэ. Ар хуэгъэзащ е 11-нэ классым щеджэ еджакIуэхэм. Романым къыхэщ образхэм я цIэхэр къащIэжын хуейщ, сурэтхэм еплъурэ. АбыкIэ бгъэлажьэ хъунущ тхыгъэуъыхэщобразэхэр щызэпкърахым и деж.
IV. КIэух псалъэ.
ЕджакIуэм и бзэр IэщIыб имыщIын, ар иджыну хуейуэ къэхъун папщIэ, хуейщ ди лэжьыгъэм щIэщыгъуагъ хэлъхьэн. Мы лэжьыгъэ къэзгъэлъэгъуар, сэ сызэригугъэмкIэ, апхуэдэ IэмалыфI дыдэщ. Адыгэ литературэмкIэ дерсхэр гъэщIэгъуэн, сабийм къаIэщIэмыужагъуэ, ахэр дэзыхьэх щIынымкIэ иджыри зы фIагъ иIэщ мы платформэм щыбгъэхьэзыр лэжьыгъэхэм. Ахэр гъэпсащ, еджакIуэм и щыуагъэхэр занщIэу къилъагъужу, жэуап тэмэмым хуэкIуэхукIэ, ар къилъыхъуэу. Абы къыщынэмыщIауэ, фIыуэ лэжьа еджакIуэми и лэжьыгъэм и фIагъыр занщIэу илъагъужу лэжьыгъэхэр пхуэзэхэгъэувэнущ, LearningApps.org сервисым и Iэмалхэр къэбгъэсэбэпурэ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм нобэрей еджакIуэхэр нэхъ дехьэх.
Къэзгъэсэбэпахэр:
Интерактивнэлэжьыгъэхэрзэрызэхагъэувэм и Iэмалхэр. [Электроннэ хэщIапIэ]. http://learningapps.org/createApp.php
LearningApps (интерактивнэлэжьыгъэхэр). [Электроннэ хэщIапIэ].
http://bugaychuk.blogspot.ru/20I3/08/learningapps.html
LearningApps-м узэрыщылэжьэнум и Iэмалхэр. [Электроннэ хэщIапIэ]. http://wiki.kamipkpk.ru/index.php/Инструкция_по_работе_с_LearningApps
Багъ Н.А., Балэ Л.Ф., Агъырбэ З.Т.Адыгэ литературэ е 5-нэ кл. Налшык. 2013. «Эльбрус». Нап. 151, 199.
ТIымыжь Хь.Т., Балэ Л.Ф.Адыгэ литературэ е 7-нэ кл. Налшык. «Эльбрус». Нап. 199, 235.
БищIо Б.Ч. // Бижоев Б.Ч.Адыгэ литературэ е 8-нэ кл. Налшык. «Эльбрус». Нап. 261-263.
ТIымыжь Хь.Т., Балэ Л.Ф.Адыгэ литературэ е 11-нэ кл. Налшык. 2013. «Эльбрус». Нап. 184-195.