Просмотр содержимого документа
«Презентация к открытому уроку на тему "Хлеб" Бакуевой Марии»
Дерс зэIуха БакIуу Марие и «ЩIакхъуэ» рассказымкIэ.
«Щlакхъуэм щlыхь дэ хуэдмыщlамэ,
текlуэныгъэр къэдмыхьынт.»
Егъэджакlуэр lуэхъу А.А.
5 кл асс
Фи махуэ фlыуэ,цlыкlухэ!
Ди хьэщlэ лъапlэхэ!
Сыт къыщыгъэлъэгъуа мы сурэтым
- Ребусыр къафщlэт.
- Адыгэбзэм къыщыдмыгъэсэбэп хьэрфхэр хэфкъутыкlи псалъэм фыкъеджэ.
V d щl g q а j кхъу z w э i
ЩIакхъуэ
Нобэрей ди урокым хэлэжьыхьынущ:
- Етlуанэ гуп-джэгуакlуэхэр
Словарнэ лэжьыгъэ егъэкiуэкiын.
- Ерыскъы
- Нэlуасэ
- Жумартщ
- Гурыхьщ
- Iисраф
- Уэу
- Си гур дзапэкlэ сlыгъыу
- Iэнкун
- Чыцэ
- Пцlыхуащэрэт
- Командировкэ
- Гъаблэ
Кластер зэхагъэувэ.
И хьэл-щэнхэр
Быным и хущытыкIэр
И теплъэр
Гуащэгъагъ
Ерыскъым хуищl пщlэр
Ар къызыхэкlар
- Сыт хуэдэ къулейсызыгъэ хэта бынунагъуэхэр зауэ зэманым?
Псалъэжьхэр рассказым епхын.
- «Хабзэфlыр къызытрахыр нэхъыжь пашэщ»
- «Унэр зыгъэшэрыуэр унэгуащэрщ»
Щlакхъуэм и гъуэгуанэр.
Псом япэрауэ, щlыр явэр.
Къитхъ, телъафэ ящl.
Щlыр ягъэщэбэж.
Гуэдз жылэ нэхъыфl дыдэр хащlэ.
Яубэ
Гуэдзыр къэкlа нэужь,удобренэ халъхьэ, гъавэр бэв хъун папщlэ.
Итlанэ хущхъуэ ирахьэлlэ, удз лей къэмыкlын щхьэкlэ.
Бадзэуэгъуэм деж гуэдзыр lухыжын щlадзэ.
Гуэдз lуахыжыр элеваторым яшэри щагъэтlылъ.
Гуэдзыр къапщри, щхьэлхэм яшэ.
Щхьэлым гуэдзыр щахьэжри, хьэжыгъэ мэхъу.
Мис а хьэжыгъэр щlакхъуэ гъэжьапlэхэм яшэри щlакхъуэ къыхащlыкl.
Апхуэдэ гъуэгушхуэ къызэренэкl щlакхъуэм ди тыкуэнхэм,lэнэхэм къытехутэн и пэкlэ.
Иджы гуп къэс синквейн зэхыдолъхьэ.
- Дигу къэдывгъэкlыжыт синквейныр зи щlысыр.
- Синквейныр- француз псалъэщ. Ар сатыритху хъу усэ кlэщl цlыкlущ.
- Синквейныр мыпхуэдэу зэхэтын хуейщ:
- Япэ сатырыр. Зы щыlэцlэ
- Етlуанэ сатырыр. Плъыфэцlэу тlу
- Ещанэ сатырыр. Глаголу щы
- Еплlанэ сатырыр. Зы псалъэуха е жыlэгъуэ,темэм ехьэлlауэ
- Етхуанэ сатырыр. Зы синоним, темэм ехьэлlауэ
- Япэ гуп-lуэтэжакlуэхэм зауэ псалъэр
- Етlуанэ гуп-джэгуакlуэхэм щlакхъуэ псалъэр
- Ещанэ гуп-къэхутакlуэхэм Гуащэгъагъ и образыр
- Нобэ ерыскъыр ди мащlэ?
- -Дауэ иджырей цlыхур ерыскъым зэрыхущытыр?
- -Сыт хуэдэ ущие хэлъ мы тхыгъэм?Сытым дыхуигъасэрэ?
- -Щlэуэ,гъащlэм къыщыфхуэсэбэпыну зыгуэр къэфщlа нобэ?
- -Зыгуэр нэхъ къыщывэхьэлъэкlа мы урокым?
- Цlыкlухэ, иджы урокыр зэшыгъуэу къызыщыхъуахэр къотэдж.
- Урокыр зигу ирихьахэм я lэр яlэт.
- Урокыр зыфlэгъэщlэгъуэнахэр, щlэуэ зыгуэр къэзыщlахэр lэгу йоуэ.
Унэ лэжьыгъэ етын
lуэтэжакlуэхэм Гъэунэ Борис и гъащlэмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъуазэ защlын.
Джэгуакlуэхэм тест лэжьыгъэ,псалъэ зэблэдз тхыгъэмкlэ зэхалъхьэн.
Къэхутакlуэхэм тхылъым ит упщlэхэм жэуап етын.
Узыншэу фыщыт!