Просмотр содержимого документа
«Phpmgw60B_kab.cht.2-klass.docx»
Хьэмрэ мыщэмрэ.
Мэкъумэшыщ1э гуэрым хьэф1 и1эт.Мэкъумэшыщ1эм и мылъкуи, и уни, и щ1ап1и ихъумэрт Хьэм.
Ауэрэ Хьэр жьы хъуащ.
- Уэ къысхуэпщ1эжын щы1экъым,-жи1эри Мэкъумэшыщ1эм Хьэжьыр и пщ1ант1эм дихуащ.
Сыт ищ1энт Хьэжьым, мэзым щ1ыхьащ, жыг лъабжьэм щ1эт1ысхьащи, магъ. Гъы макъыр щызэхихым, Мыщэр къыбгъэдыхьащ:
- Сыт ущ1эгъыр?- жи1эри.
- Дауэ сымыгъынрэ?- жи1ащ Хьэм. – Мэкъумэшыщ1эм сыкъыдихуащ, жьы сыхъуати.
- Абы щхьэк1э умыгъ, - жи1ащ Мыщэм. – Сэ сыбдэ1эпыкъунщ.
-Мыщэр къуажэм дыхьэри Мэкъумэшыщ1эм и зы выщ1э къыдихуащ.
Ет1уанэ жэщым тригъазэри жэмыщ1эр къидыгъуащ. Ещанэу шыщ1эр къишащ.
- Иджы, - жи1ащ Мыщэм,- мы щыр хужи къуажэм дыхьэж.
Апхуэдэу ищ1ащ Хьэжьыи: выщ1эр, жэмыщ1эр, шыщ1эр мэзым къыщ1ихужри Мэкъумэшыщ1эмдеж ирихул1эжащ.
- Хьэуэ, мы Хьэжьыр иджыри сэбэп хуфынущ,- жи1ащ Мэкъумэшыщ1эм. Мэкъумэшыщ1эм аф1эк1аи Хьэм и жагъуэ ищ1ыжакъым.
Упщ1эхэм жэуап етын.
________________________________________________
1.Сытыт Мэкъумэшыщ1э гуэрым и1ар?
А) хьэф1
Б) жэмыщ1э
В) шыщ1э
2.Сыт Мэкъумэшыщ1эм ищ1ар?
А) къыдихуащ
Б) нэгъуэщ1 хьэ къихьащ
В) игъэшхащ
3.Дэнэт Хьжьыр здэк1уар?
А) губгъуэм
Б) мэзым
В) къуажэм
4.Сыт Хьэжьым мэзым къыхуэзар?
А) бажэ
Б) дыгъужь
В) мыщэ
5.Сытк1э Мыщэм къигъэгугъа Хьэжьыр?
А) ишхыну
Б) къыдэ1эпыкъуну
В) иук1ыну
6. Сыт Мыщэм Мэкъумэшыщ1эм къыф1идыгъуар?
А) губгъуэм
Б) мэзым
В) къуажэм
7. Сыт Хэжьым Мэкъумэшыщ1эм и деж ихужар?
А) губгъуэм
Б) мэзым
В) къуажэм
8. Сыт Мэкъумэшыщ1эм Хьэжьым щхьэк1э жи1ар?
А) сэбэп хъунущ
Б) сэбэпыншэщ