Урок зэ1ухам и план-конспект.
Темэр: «Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр».
Мурадыр: 1. Псалъэ лъэпкъыгъуэхэм теухуауэ я1э гуры1уэгъуэр къэпщытэн.
2. Еджак1уэхэм зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэмрэ к1эрыдзэнхэмрэ теухуауэ ящ1эр къызэщ1экъуэжын.
3. Щ1ныгъэми, ц1ыхугъэми я хэк1ып1эу тхылъыр зэрыщытыр
нэхъ куууэ зыхегъэщ1эн.
Технологие 1ыхьэхэр:
- личностно- ориентированнэ бгъэдыхьэк1э ;
- гупсысэм зегъэужьын;
- ИКТ
- технологие гуп – гупу лэжьыгъэ;
Къэгъэсэбэпыпхъэхэр:
Урокым и план.
Презентацэр : « Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр».
Еджак1уэхэм я исследовательскэ лэжьыгъэ.
Урокыр зэрек1уэк1ынур
Организационнэ дакъикъэ.
Егъэдж: Фи махуэ ф1ыуэ, нобэ ди дерсым къытхуеблэгъа, ди хьэщ1э лъап1эхэ, ди нэхъыжьыф1хэ.
Сыхуейт нобэрей ди урокыр Къуэщ1ысокъуэ Нурхьэлий и усэ сатырхэмк1э щ1эздзэну:
«Абгъуэм къик1ыу бгъэр лъэтэну
Хуейщ и дамэр ишэщ1ын
Ц1ыхум ц1ыхуу зилъытэнум
Хуейкъэ и бзэр ищ1эжын?»
Дунейм бзэ зэмыл1эужьыгъуэ 1эджэ щызок1уэ, дэтхэнэми езым и дахагъэ, и ухуэк1э, зэхэлъык1э и1эщ. А бзэ куэдым ящыщу нэхъ дахэ дыдэр , нэхъ шэрыуэр, нэхъыф1 дыдэр анэдэлъхубзэрщ. Си анэдэлъхубзэм нэхърэ нэгъуэщ1ыбзэ нэхъыф1у солъагъу жызы1эн щы1эу къыщ1эк1ынкъым. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эну зэранкъым. Мыпхуэдэу жа1э: «Зы бзэ пщ1эмэ узыц1ыхущ, бзит1 пщ1эмэ уц1ыхуит1щ, нэхъыбэж пщ1эну ф1ы дыдэщ».
Уи гупсысэм, акъылым къызэщ1иубыдэ 1уэхугъуэ дэтхэнэри уи бзэк1э,уи псалъэк1э къэп1уэтэфын щхьэк1э сыт пщ1эн хуеир?
Едж: Тхылъ куэд еджэн хуейщ.
Егъэдж: Тэмэм дыдэу жыф1ащ.
Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.
1. Тхылъыр куууэ хыхьащ ц1ыхубэ гъащ1эм.
2. Тхылъыр ди зэманым и гъащ1эщ.
3. Абы хуей мэхъу жьыри щ1эри, 1уэхуншэри 1уэхушхуэ зи куэдри.
4. Тхылъ куэд еджэм ери ф1ыри нэхъ псынщ1эу зэхещ1ык1, ц1ыхухэм нэхъ тыншу ягуро1уэ, ядолажьэ, ядопсэу.
5. Апхуэдэхэр адэ-анэк1и, щхьэгъусэк1и, бынк1и, ныбжьэгъук1и нэхъ хьэлэл мэхъу.
6. Хэт тхылъыр ф1ыуэ илъагъуми, щ1эныгъэф1 бгъэдэлъми, ар гулъытэншэ ц1ыхубэм ищ1ыркъым.
7. Тхылъыр зи 1эпэгъум дэнэк1э зигъазэми, абы и гъащ1эр убзыхуащ, нэхущ, дахэщ.
( Текстым къеджэн, упщ1эхэр гъэувын).
Егъэдж: - Сыт хуэдэ гупсысэ нэхъыщхьэ къыщы1этар мы псалъэухахэм?
Едж: - Уи акъылри, гупсысэри ф1ым, щ1эм хуэгъэсауэ щытын папщ1э, тхылъыр уи 1эпэгъуу щытын хуейщ. Ар щ1эныгъэми, ц1ыхугъэми я хэк1ып1э нэсщ.
Егъэдж: - Мы тхыгъэр псалъэуха зырызу щыт, хьэмэрэ гупсысэк1э зэпха 1ыхьэу щыт? Щытмэ, сыт хуэдэ псалъащхьэ хуэфщ1ынт?
Едж: - Мы тхыгъэр зы текст ирокъу, сыт щхьэк1э жып1эмэ гупсысэ зэпыщ1а къе1уатэри.
Псалъащхьэуи ф1эпщ хъунущ «Тхылъыр щ1эныгъэм и къежьап1эщ».
Егъэдж: - Мы текстыр сыт хуэдэ стилк1э тха?
Едж: -Публицистическэ стилк1э тхащ.
Егъэдж: - Сытым укъыхуриджэрэ мы тхыгъэм?
Едж: - Ц1ыхум щ1эныгъэ куу бгъэдэлъын хуейщ. Абы щхьэк1э еджэн хуейщ. Тхылъыр уи 1эпэгъумэ, ц1ыху нэс, 1ущ, ц1ыху пэж уохъу. Абы пщ1э къыпхуехь, къару къыпхелъхьэ.
Егъэдж: Ц1ык1ухэ, фэ щапхъэ къысхуэфхьыфыну п1эрэ тхылъым теухуауэ?
Едж: «Тхылъыр ф1ыуэ флъагъу – ар щ1эныгъэм и къежьап1эщ»
(Горький М.)
«Згъуэтынкъым гъищэ сылъыхъуам
Тхылъ хуэдэу сэ ныбжьэгъу» (К1уащ Б.)
1.Егъэдж: - Унэ лэжьыгъэу мы псалъэухахэм нагъыщэхэр вгъэувыжу псалъащхьэ хуэфщ1ын хуеящ.
1. Тхылъыр куууэ хыхьащ ц1ыхубэ гъащ1эм.
2. Тхылъыр ди зэманым и гъащ1эщ.
3. Абы хуей мэхъу жьыри щ1эри,1уэхуншэри 1уэхушхуэ зи куэдри.
4. Тхылъ куэд еджэм ери ф1ыри нэхъ псынщ1эу зэхещ1ык1, ц1ыхухэм нэхъ тыншу ягуро1уэ, ядолажьэ, ядопсэу.
5. Апхуэдэхэр адэ-анэк1и, щхьэгъусэк1и, бынк1и, ныбжьэгъук1и нэхъ хьэлэл мэхъу.
6. Хэт тхылъыр ф1ыуэ илъагъуми, щ1эныгъэф1 бгъэдэлъми, ар гулъытэншэ ц1ыхубэм ищ1ыркъым.
7. Тхылъыр зи 1эпэгъум дэнэк1э зигъазэми, абы и гъащ1эр убзыхуащ, нэхущ, дахэщ.
Егъэдж: - Тэмэму къывгуры1уауэ къызолъытэри къэтпщытэнщ фэри фи щ1эныгъэр здынэсыр. Фи щ1эныгъэм и къежьап1эр къыват дерсхэращи.
Темэщ1эр етын.
Егъэдж: Псалъэ лъэпкъыгъуэхэмк1э хэзышэ псалъэ яже1эн. Морфологием иджыр къэпщытэжын.
Морфологиер бзэ щ1эныгъэм и 1ыхьэу псалъэр псалъэ лъэпкъыгъуэхэм тещ1ыхьауэ зыджырщ.
Я лексическэ мыхьэнэ, формэк1э зэрызахъуэж, псалъэухам щагъэзащ1э мыхьэнэ елъытауэ псалъэхэр гупурэ зэщхьэщок1.
Сыт а гупхэм зэреджэр?
Едж: псалъэ лъэпкъыгъуэк1э йоджэ.
Егъэдж: Сыт ди нобэрей темэр?
Едж: «Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр».
Егъэдж: Пэж дыдэщ. Адыгэбзэм псалъэ лъэпкъыгъуэу 10 хэтщ.
Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр гупит1у зэщхьэщок1: зи щхьэ хущытрэ к1эрыдзэну.
Псалъэ лъэпкъыгъуэхэм теухуауэ ящ1э псори къызэщ1экъуэжын.
(Слайдхэмк1э къэпщытэжын.)
Щы1эц1э
Плъыфэц1э
Бжыгъэц1э
Ц1эпапщ1э
Наречие
Глагол
Егъэдж: Хъарзынэу фылэжьащ, ц1ык1ухэ. Адэк1э ди лэжьыгъэм пыдощэ.
Темэр зэрыгъэубыдын.
Псалъэухар зыхущыщ1э нагъыщэхэр гъэувыжын:
Зэрыжа1эщи, узэджауэ узыхущ1егъуэж тхылъ щы1экъым, дэтхэнэми зыгуэр къыхыбох.
Едж: Япэ запятойр вводнэ псалъэм и ужьк1э догъэув, ет1уанэ запятоймк1э псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэр зэпэщ1эдох.
Егъэдж: Мы псалъэухам хьэрфхэмрэ макъхэмрэ щызэтемыхуэ псалъэ хэту п1эрэ?
Едж: узэджауэ, узыхущ1егъуэж.
2. Псалъэухар синтаксис и лъэныкъуэк1э зэпкърыхын.
Зэрыжа1эщи, узэджауэ узыхущ1егъуэж тхылъ щы1экъым, дэтхэнэми зыгуэр къыхыбох.
3. Къыхыбох псалъэр морфологическэк1э зэпкърыхын
Къыхыбох – глаголщ
1) (Сыт пщ1эр?) къыхыбох.
П. т. – къыхэхын
2) Зэпым. к1эрылъ – лъэ1эсщ, глагол спр.
Зэпым. к1эрым. – зэра1уатэ накл., закъуэ бж., 2-нэ щхьэ.
3) Сыт пщ1эр? Къыхыбох.
4. Псалъэжьхэр нэгъэсыжын:
Нэхъыжьыр бгъэлъап1эмэ….(уи щхьэ лъап1э хъунщ)
Хабзэр ф1ымэ….(бзыпхъэ трах)
Зы акъыл нэхърэ…..(акъылит1)
Нэмыс здэщымы1эм…..(насыпи щы1экъым)
Мылъку куэд нэхърэ…..(Ныбжьэгъу куэд)
Бзур зы1этыр дамэщ…..(ц1ыхур зы1этыр акъылщ)
Дахэм къимыхь…..(1ейм къихьыркъым)
Псэр щэи….(напэ къэщэху)
Егъэдж:Нт1э, ц1ык1ухэ, мы лэжьыгъэри ф1ы дыдэу вгъэзэщ1ащ, псалъэжьхэри зэрыфщ1эри къэвгъэлъэгъуащ.
4. Тест лэжьыгъэ гъэзэщ1эн.
Егъэдж: Фи пащхьэм илъ карточкэхэм ит лэжьыгъэхэр вгъэзащ1э
1) Адыгэбзэм и макъзешэхэр мэхъу:
а) 6;
б) 7;
в) 10
2) Макъзешэ А-р щытхыпхъэр къэгъэлъэгъуэн:
а) гъэкъ...бзэгъуей;
б) къ…бзабзэ;
в) гъэкъ…бзэн.
3) Гукъыдэмыж псалъэм синоним хуэхъу псалъэр къыхэхын:
а) сымаджэ;
б) узыншэ;
в) нэщхъыф1э.
4) Псалъэуха мыубгъуар къыхэхын:
а) дыгъэр гуащ1эу къопс;
б) бжэндэхъухэр мэбзэрабзэ;
в) дунейр хуабэ хъууэ хуожьэ.
5) Литературэбзэм къищта псалъэхэр зыхэт сатырыр къыхэхын:
а) жыжэ, сэра1ым, гупщысэ;
б) щхьэгъумбжэ, жузым, к1ы1убзэ;
в) маф1э, бэджыхъ, слъэгъуакъым.
5. Еджак1уэхэр гуп-гупурэ гуэшауэ гъэлэжьэн.
Псалъэ лъэпкъыгъуэхэм теухуауэ кластер егъэщ1ын.
Щы1эц1э
Дерсыр къызэщ1экъуэжын.
Сыт нобэ урокым щ1эуэ къыщыфщ1ар?
Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр дауэ игуэшрэ?
Сытк1э зэщхьэщык1рэ зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэмрэ к1эрыдзэнхэмрэ?
Егъэдж: Ц1ык1ухэ, дэтхэнэ зы лъэпкъми и бзэр, и тхыдэр, и хабзэр ищ1эжын хуейщ. Зи бзэр, зи хабзэр, зи тхыдэр зымыщ1эж ц1ыхум и лъэпкъым, и щхьэм пщ1э хуимыщ1ыжу аращ. Дывгъэхъумэ ди нэхъыжьыф1хэм къытхуагъэна хабзэ дахэхэр, ди лъэпкъ напэр. Ирегъагъэ ди адыгэ хэкур!
Унэ лэжьыгъэр етын: Нап.95, лэжьыгъэ №144 гъэзэщ1эн.
Оценкэр гъэувын.
Урокыр зэхуэщ1ыжын.