Темэр: Шэджэхьэщ1э Хьэмыщэ и рассказ «Къуэрылъху»
Мурадхэр:
быным адэ-анэхэм деж щахь жэуапыр тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар;
адэ-анэм я пащхьэм шихь къалэныр зымыгъэзащ1эм езым пщ1э зэрыхуэмыфащэр рассказым къызэрыщыгъэлъэгъуам еджак1уэхэр щыгъэгъуэзэн;
анэм хуа1э лъагъуныгъэр хэхъуэ зэпыту зэрыщытын хуейр еджак1уэхэм яхэпщэн.
Урокым къэгъэсэбэпыпхъэхэр: компьютер, презентацэ, синквейн. кластер , сурэтхэр
Зэрызагъэхьэзыра план:
«Анэ» псалъэр къыщыфпсэлък1э фи гум гупсысэ щыушхэр.
Шэджэхьэщ1э Хьэмыщэ теухуауэ къэхутэныгъэ егъэк1уэк1ын.
Чукоткэ теухуа къэпсэлъэныгъэ.
Гуащэхъан теухуауэ синквейн, кластер щ1ын.
Анэм теухуа псалъэжьхэр.
Сочиненэ « Анэ, уэ пхуэдэ теткъым дуней.», «Си анэ».
Анэм теухуауэ тхак1уэхэм ятха усэхэм щыщ пычыгъуэхэр.
«Жьым фымыщ1 и жагъуэ» жьы хъуахэр щап1ыжым зэрыщы1ам и презентацэ гъэхьэзырын.
«Къуэрылъху» рассказым сурэт зыщ1ыфхэм ящ1ын.
Хъуэхъухэр ( анэм теухуауэ)
«Къуэрылъху» рассказым и сюжетыр зэрызэпкърахыным зыхуэгъэгъэхьэзырын.
Нанэм, анэм теухуа макъамэхэр къызэхуэхьэсын.
Урокым и ек1уэк1ык1эр:
«Си нанэ…» макъамэр къоуэ.
Сыт хуэдэ гукъыдэжхэр фи1эу фыкъэк1уа нобэ урокым?
(Плъыжь, щхъуэ, удзыфэ, гъуэжь) фэ нэхъ ягу ирихьхэр къегъэ1этын.
1. слайд Анэр дунейм и дыгъэщ,
Анэр дунейм и мазэщ,
Анэр дунейм и жылэщ.
1утыж Борис.
- Нобэрей псалъэмакъыр зытеухуауэ щытынур ф1э къэфщ1а хъунщ, хэт къыджи1эн?
- Нобэрей урокыр Анэхэм теухуауэ щытынущ.
- Пэжщ сэри нобэрей урокыр къыщ1эздзэну сыхуейт 1утыж Борис и усэ пычыгъуэмк1э (пычыгъуэм къеджэн)
Унэ лэжьыгъэу фэ фи1ащ «Анэ» псалъэр къыщывыпсэлък1э, сыт хуэдэ гупсысэхэр шыушрэ фи гум?
- Еджак1уэхэм я гупсысэр къа1уатэ:
Егъэджак1уэм - Анэ! Хэт абы нэхърэ нэхъ лъап1эу дунейм тетыр? Сабий псэлъэну щ1эзыдзэм япэ дыдэу къыжьэдэк1ыр а псалъэ гуапэрщ. Анэр ц1ыхум и гъащ1эм и къежьап1эщ, зыми еплъыт мыхъунщ.
Дигу къэвгъэк1ыжыт фэрэ дэрэ дджа рассказыр?
- Дэ дджащ Шэджыхьэщ1э Хьэмыщэ и рассказ «Къуэрылъху»
- Шэджыхьэщ1э Хьэмыщэ теухуауэ сыт щ1эуэ къэфщ1а?
Ар 1932 гъэм Тэрч районным хыхьэ Урожайнэ (адыгэбзэк1э Абей ) къуажэм къыщалъхуащ….
- И гъащ1эмрэ и литературнэ гъуэгумрэ теухуам нэмыщ1, щ1эуэ сыт къэфщ1а абы и унагъуэм теухуауэ?
- Абы и шыпхъур ди къуажэ нысэщ. Мэзыкъуэ Мишкэ и щхьэгъусэщ. Абы зэреджэр Дусэщ. Куэд мыщ1эу ахэр Александровкэ 1эпхъуэжащ.
- «Къуэрылъху» рассказым л1ыхъужь нэхъыщхьэу къыщыхэщыр хэт?
- Л1ыхъужь нэхъыщхьэу къыщыхощ Гуащэхъан.
-Хэту п1эрэ а Гуащэхъан ?
- Гуащэхъан япэ дыдэу егъэджак1уэу къуажэм дыхьэжахэм яхэтащ. Ар ямыгъэлэжьэн щхьэк1э ягъэшынэну 1эджэрэ хэтащ. Сыт щы1э абы имылъэгъуа? Ар пасэу унагъуэ ихьат, илъэсиблк1э бын я1акъым, абы щхьэк1и псалъэмакъ куэд хагъэтащ. Ауэрэ илъэсибл дэк1а нэужь щ1алэ ягъуэтащ, абы иужьк1э зы щ1алэрэ зы хъыджэбзрэ къахэхъуэжат. И жьы хъугъуэм жьы щап1ыж унэм иратауэ щытащ. Зауэ нэужь илъэсхэм сыт хуэдэ бэлыхь телъу ип1а абы и бынхэр, и ныбэ изу мышхэу, щыгъын зэхъуэк1 имы1эу, иригъэджащ ахэр.
- И щхьэгъусэм щхьэк1э сыт фхужы1эну?
- Ар пасэу дунейм ехыжащ. Зауэм к1уэуэ, зэрашэ маф1эгум кхъухьлъатэ къыщхьэщыхьэри хэк1уэдащ. И щхьэгъусэм жи1ауэ щыта псалъэхэр Гуащэхъан къытригъазэурэ жи1эжу щытащ. И бынхэр псори иригъэджэну жи1эрт. « Ит1анэ ди адэ-анэхэр щ1эпсэур дэращ, гугъу зыщ1рагъэхьыр нобэ хуэдэ зы махуэщ, балигъ дыхъуу я гугъуехьым зы лъэныкъуэк1э зыкъыпэщ1эдгъэкъуэну, жьы хъухэм тп1ыжыну къытщыгугъыу. Дэри дыщ1эпсэур ди быныращ»,- жи1эрейт тхьэмыщк1эм. (Къыхэджык1ын)
- Я къуэ нэхъыжьым щхьэк1э сыт жыф1эфын?
- Ар зи анэ пщ1э хуэзымыщ1ыж щ1алэщ. И быныр къыдэк1уэтеиху зригъэгъусащ, иужьым анэр лей хъуащ. Гъэпц1агъэк1э, ремонт унэр щытщ1к1э сабэр уэзэгъынукъым, жа1эри, жьы щап1 унэм иратащ, ик1и къык1элъыщ1эупщ1эжакъым
- Ипхъу Хужьпагуэ щхьэк1э сыт жыф1эфын?
- Хужьпагуи мылъку ф1эк1 анэ хуейкъым, лъапсэ ящэжам и уасэ ныкъуэр къызэрырамытам щхьэк1э анэм зыхуигъэгусауэ къык1элъык1уэртэкъым ар. Унэри щ1ап1эри пщэжри и къуэ нэхъыжь Астемыр ахъшэр ептащи уреп1ыж жи1эрт. Гуащэхъан и къуэмрэ и нысэмрэ тхьэ я1уэри ахъшэр псори 1ахащ, иныкъуэр Хужьпагуэ иратыну жа1эри. Къуэмрэ нысэмрэ абы зыри 1эщ1агъэхьакъым. Аращи ар абы и ф1эщ хъуакъым. (Къыхэджык1ын)
- И къуэ нэхъыщ1эр сыт хуэдэ ц1ыхут, абы щхьэк1э сыт жыф1эфын?
- Ар Чукоткэ щы1эщ, Хьэ щыщ1ащ1эм, подполковникщ. Гуащэхъан куэдрэ здишэну къелъэ1уащ, ауэ жыжьэ1уэщ, си щхьэм илъыр сщ1эркъым жи1эри хуэк1уакъым, нэхъ гъунэгъуу щытамэ к1уэну къыщ1эк1ынт.
- Чукоткэ теухуауэ къэпсэлъэныгъэм девгъэда1уэт? ( къэпсэлъэныгъэ) Слайд
- Быныр анэм зэрыхущытын хуейр ф1ы дыдэу къыхощ мы усэ пычыгъуэм (Къегъэджэн)
- Апхуэдиз зи нэгу щ1эк1а фызыжьыр зыф1эгуэныхь хъур хэт?
- Фызыжьым къыхуэза щ1алэ ц1ык1ум.
( Япэ зэхуэзэныгъэр къыхэджык1ын)
- Нанэм и1уэтэжауэ п1эрэ?
- И1уэтэжащ. Астемыр и къуэ Аслъэнбэч фэтэр къищтэри езым и деж ишэжащ. Къуэм и щыуагъэр къуэрылъхум игъэзэк1уэжащ.
- Ар дауэ къэтщ1а? (Къыхэджык1ын)
Слайд - Ц1ыхуф1ым и1уэхур мэк1уатэ.
- Фэ дауэ феплърэ жьы щап1ыж унэ щымы1ам нэхъыф1т?
- Пэжщ жыф1а псори. Анэм быным хуи1э ф1ылъагъуныгъэр мыухщ, щы1эу къыщ1эк1ынкъым анэ ф1ылъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ гуащ1эрэ нэхъ къабзэрэ. Анэр зыхуейр и быным и насып илъагъунырщ, и дэрэжэгъуэм куэдрэ хэтынырщ. Бынми анэм кърита гъащ1эм и пщ1эр зэхищ1ык1ыу щытын хуейщ. Анэр быным хуэгумащ1эк1э зэф1эк1ынукъым, ат1э дэтхэнэ зы бынми пщ1эшхуэ хуищ1у, нэмысыф1эу хущыту, зэригъэтыншыным, гуныкъуэгъуэ зэрыримытыным хуэсакъ зэпыту щытын хуейщ.
Гуащэхъан теухуауэ хэт зэхигъэувэфа кластер?
Гуащэхъан: Унэгуащэщ, чэнджэщэгъущ, дэ1эпыкъуэгъущ, гъэсак1уэщ, гумащ1эщ, ущияк1уэщ, егъэджак1уэщ, насыпщ.
Синквейн хузэхэдывгъэувэт ат1э?
Гуащэхъан --- гуапэ ---- маплъэ, мэгугъэ, йожьэ ---- Гуащэхъан быным хуищ1эр ф1эмащ1эщ ----Анэщ.
- Псалъэжь куэд къыщыдгъэсэбэпащ урокым, иджыри сыт хуэдэ псалъэжьхэр жыф1эфын анэм теухуауэ?
- Псалъэжьхэр къыжа1э.
- Анэм тхак1уэ, усак1уэ, еджагъэшхуэ куэдым я тхыгъэхэр траухуащ, макъамэ зэхэзылъхьэхэм, уэрэдус 1эзэхэм я 1эдакъэщ1эк1 гъуэзэджэхэр лъэпкъыу щы1эм я бзэк1э радиок1э, телевиденэк1э ц1ыхухэр щ1агъэдэ1у.
- Фэ Анэм теухуауэ сыт хуэдэ рассказхэр вджа?
- Анэм теухуауэ усэ пычыгъуэхэм къэвгъуэтахэм девгъэда1уэт?
- Усэхэм къоджэ.
- Анэм теухуауэ сочиненэ зытхахэм дедэ1уэнщ.
- Сочиненэхэм къоджэ.
- Дызэдэ1уахэр къызыщ1эдывгъэкъуэжыт иджы
Анэ ----гуапэ, щабэ -----уеп1, уегъасэ,уеущий ------Анэр нэм хуэдэщ. -----Мамэ.
- Илонэ нобэ урокым къытхурихьэл1ащ дэ ди школри илъэс къэс жьы щап1 унэм зэрык1уэр, ахэр зэрытрагъэур, мащ1эми дэ1эпыкъуэгъу т1эк1у дазэрахуэхъур. (Сурэтхэм доплъ «Жьым фымыщ1 и жагъуэ» макъамэр щ1эту)
Мыкъуэжь Анэтолэ и усэмк1э анэу дунейм тетым захуэдгъэзэну дыхуейт «» Усэм къоджэ.
Егъэджак1уэм и к1эух псалъэ. «Мамэ» макъамэмк1э урокыр ухын.
Урокыр къазэрыщыхъуар къэхутэн хъурей зэмыфэгъухэмк1э.