СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Шэджэмыпсым т1ури фыздефат…К1ыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ теухуауэ.

Категория: Всем учителям

Нажмите, чтобы узнать подробности

Сочинение о дружбе двух великих сынов Кавказа.

Просмотр содержимого документа
«Шэджэмыпсым т1ури фыздефат…К1ыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ теухуауэ.»

МУНИЦИПАЛЬНОЕ КАЗЕННОЕ ОБЩЕОБРАЗОВАТЕЛЬНОЕ УЧРЕЖДЕНИЕ «ГИМНАЗИЯ №1» г.о. НАЛЬЧИК КБР






Сочиненэ


«Шэджэмыпсым т1ури фыздефат…»










Зыгъэзэщ1ар

Налшык къалэ дэт

езанэ гимназием

и епщык1узанэ классым щеджэ

Жылэ Маритэщ.

Егъэджак1уэр -Махуэл1 Беслъэнщ.















Налшык,2019 гъэ

Сочиненэ.

Шэджэмыпсым т1ури фыздефат…

«Зы лэгъупыкъум и к1апит1ыр

Дэ т1ум т1эщ1элъу дыкъэхъуащ.

Ди Шэджэмыпсым и 1уфит1ыр

Адэ унап1э дэ тхуэхъуат».

(К1ыщокъуэ Алим «Кулиев Къайсын»)

Илъэс куэд щ1ауэ зы гъащ1эу дунейм щыхэпсэухь лъэпкъит1у дыщытщ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ.Къапщтэмэ,дэ 1уэхугъуэ куэдым зы дещ1:хабзэ-нэмысым,ц1ыхугъэм,гущ1эгъум,фащэм,шхыныгъуэхэм.Ауэ нэхъ дызэзышал1эу,быдэ,лъэщ дызыщ1щ ныбжьэгъугъэр.Мы псалъэм къыпкърык1 дахагъэ псори дэ нэрылъагъу тщащ1 К1ыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ .Зы анэ къимылъхуами,абыхэм яхузэф1эк1ащ я зэхуаку дэлъ хуабагъэр гъащ1эу я1эм щыпхрашын.Хэку зауэшхуэм зы хэку къыщхьэщыжыну к1уа щ1алит1ыр зэныбжьэгъу абы щыхъуныр зыми игу къэмык1т.Ауэ,гъащ1эр гъэщ1эгъуэну щымытамэ,уимыгугъэ 1уэхугъуэхэр къыщымыхъуамэ-гъащ1эт ар?!Зи Хэкум и щ1ыхьыр зыхъумэж щ1алит1ым я гуащ1эр хуаунэт1ащ бий бзаджэр гъэк1уэдыным.У1эгъэк1э фронтым къыпэщ1эк1уэтахэм фочыр я 1эрылъхьэу щымытми,псалъэм и къарур къагъэсэбэп хъуахэщ.К1ыщокъуэ Алим здэлажьэ газетым ягъэк1уа Къайсын къыщигъэлъагъуэр зэрыц1ыху зэтетым щынэмыщ1ауэ усэ тхыным гу зэрыхуи1эрт.Ар зылъагъу Алим икъук1э гуапэ щыхъурт а 1уэхугъуэр.Псалъэм и къарур къагъэсэбэпурэ т1уми яхузэф1эк1ащ биишэм пэщ1эт ц1ыхухэм,л1ыгъэ абы къыщызыгъэлъагъуэхэм усэ куэд хуатхын.Хэкум и щ1ыхьыр къэ1этыжыным,абы бийхэр ихуным,зы къарууэ зыкъэ1этыным теухуат тхыгъэхэр.Гъащ1эм я еплъык1эхэр т1уми щызэтехуэрти,арагъэнут ф1ымк1э нэхъ зыщ1агъэшри.

Кулиев Къайсынрэ К1ыщокъуэ Алимрэ я зэныбжьэгъугъэм теухуауэ усэ куэд щы1эщ.Зыр зым хуэусэк1эрэ ягу илъхэр на1уэ ящ1ырт.Абыхэм я зэныбжьэгъугъэр куэдым езыхэм ирагъапщэрт.Ар нэрылъагъуу щытщ К1ыщокъуэ Алим и усэ «Кулиев Къайсын» жыхуи1эм.Шэджэмыпсым ефа щ1алит1ым лэгъупыкъур я1ыгъыу къэхъугъащ,Кърым щы1эу бгъуэнщ1агъым щ1эсхэуи у1эгъэ хъуа Кайсын Алим къригъэлащ,пшэр къешэк1ауэ къамэр т1уми зэда1ыгъащ:

«Дэ зы уэрэдым и дамит1у,

Зы фоч зэгуэту дызэкъуэтщ.

Зы къамэ закъуэм дридзит1у

Дэ л1ыгъи щ1ыхьи дымыгуэш».

Къайсыни Алими зэгъусэу лъэпкъит1ым я литературэр ипэк1э зыгъэк1уэта,хэлъхьэныгъэ ин зылэжьа ц1ыхухэщ.Къапщтэмэ,абыхэм я тхыгъэхэр Урысейм щынэмыщ1ауэ дунейпсом къыщац1ыху.Усыгъэм и купщ1эр зыщ1э,гупсысэ телъыджэхэр абыхэм къыщызы1уатэ,фащэ дахащэхэр пэжым щызыт1агъэ ц1ыхуит1ым я ф1эщыгъэц1эхэр хамэщ1хэм нобэми щолыд.Ар куэд и уасэщ!Мылъкуракъым къулей ц1ыхур зыщ1ыр.Пл1эк1э къыпкъуэтын ц1ыху уи1эмэ,укъызыгуры1уэ,уи лэжьыгъэк1э чэнджэщэгъу пхуэхъу къыбдэгъуэгурык1уэрэ ар уи ныбжьэгъуу къыщ1эк1мэ-аращ 1ыхьэлейр.

Сэ тхыгъэ куэд седжащ Алимрэ Къайсынрэ ятхауэ.Дэтхэнэ тхыгъэми си нэгу къыщ1игъэувар зыщ:Шэджэмыпсым деж 1ус щ1алит1ым акъужьыр хуэму къахуепщэу,бзуубзэм жыгыщхьэр зэщ1ищтарэ дыгъэр гуащ1эу къатепсэу щысхэм я псалъэхэр шэщ1арэ ныбжьэгъугъэм иригуф1эхэу…

Зэман-зэманк1эрэ къыщыхъу щы1эщ лъэпкъхэм ди зэхуаку псалъэмакъ мыщхьэпэхэр къыщыдэхъуэ.Апхуэдэ зэманхэм щапхъэу къэщтапхъэр Кулиев Къайсынрэ К1ыщокъуэ Алимрэщ.Зэкъуэшит1ым хуэдэу псэуа,зи къэк1уэну гъащ1эм тхыгъэ купщ1аф1эк1э пэджэфа,дунейпсом щ1ыхь зыхуащ1а ц1ыхуит1ым дадэплъеипхъэщ.Пэжщ,зэкъуэш псори зы анэ къилъхукъым.Анэм и шэ 1эф1ым зы ищ1а зэкъуэшхэр лъэщщ.Ауэ гъащ1эм зы ищ1а, псы фалъэ кэудрэ зэдизыфа,зауэ губгъуэм зым зыр къезыгъэла щ1алит1ыр анэк1э зыуэ щымытми гъащ1эм зэкъуэту щыпсэугъащ.

Сыту сехъуапсэрэ мыпхуэдиз лъагъуныгъэ зи яку дэлъу псэугъа щ1алит1ым!Пкъыф1эхэу,ек1уххэу,щапхъэ зытепх хъунхэу псэуа щ1алит1ым я хъуржынхэм илъыгъауэ къыщ1эк1ынщ ц1ыхугъэр,щ1эныгъэр,хабзэр,нэмысыр.Куэдрэ жа1эу зэхэсхырт Алимрэ Къайсынрэ я зэхуаку ныбжьэгъугъэ зэрыдэлъар.Ауэ ар нэхъ на1уэ щысщыхъуар зыр зым хуиуса усэхэр щыщ1эзджык1арщ.Аращ-т1э,уи насып къик1ащ уи гуэгъу,уи фэгъу,укъызыгуры1уэ ц1ыху ухуэзэмэ.Илъэс пл1ыщ1ым щ1игъук1э пл1эк1э зэкъуэту псэугъа усак1уит1ым куэд яхузэф1эк1ащ.Зы Хэку къыщалъхуа,зы дыгъэ зытепса,зы 1уащхьэмахуэ зи1ахэр зы мыхъуныр 1эмам зимы1эт.Ныбжьэгъур уи дзыхь зэбгъэз ц1ыхущ,уи щэхури зыхуэп1уатэщ.Ныбжьэгъур езгъэщхьыну сыхуейт жыг лъэпкъыф1ым.Жыгыр сыт и дежи уэгум хуо1э.Абы и къудамэхэм жьыбгъэм ущахъумэ,пхъэщхьэмыщхьэхэр къыббгъэдалъхьэ,жьауэу ущ1эсщ.Ныбжьэгъури апхуэдэххэщ.Къайсынрэ Алимрэ си дежк1э ныбжьэгъугъэ пэжым и щапхъэу щытщ.Усэбзэ дахэк1э щ1эджык1ак1уэхэм тхуэусэу псэугъа ц1ыхуит1ым я фэеплъу мы усэ к1эщ1ыр сотх:

Мыл1эжыныгъэм и лъахэр

Гъуэгуанэ защ1эу къысф1ощ1ыр.

Щ1ыр гъунапкъэншэу,бгы защ1эу

Нэмысым и псэм куэд хощ1ыр.



Мыл1эжыныгъэм и лъахэм

Щ1ымахуи бжьыхьи щымы1э.

Дунейр нэху защ1эу йок1уэк1ыр,

Жэщи къыщыхъуу жамы1э.



А щ1ып1эм зи щхьэ зыхьыфыр

Зылъэк1 зырызыр аракъым.

Нэхъ л1ы губзыгъэр нэсами,

Пащтыхьу ябгэр к1уэфакъым.



Мыл1эжыныгъэм и уафэм

Итщ дыгъэ нэхур,итщ мазэр.

Вагъуэ шу гъусэр щышэск1э

Зэакъылэгъуу загъазэр.



А т1ум пэжыгъэр я гъусэщ,

Щ1ыми я нурыр зэ1уащэр.

Щыри зэхуэдэу нурыф1эщ,

Ар пщыгъупщакъэ-уогъуащэр.














Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!