«Си бзэ дахэу сэ
си адыгэбзэ!»
Бзэм и махуэм ирихьэл1эу Ботэщей къуажэм дэт ет1уанэ курыт еджап1эм пэщ1эдзэ классхэм щек1уэк1а пшыхь.
Зыгъэхьэзырар:
Абазэ Р.
2021гъ.
Мурадхэр:
- Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу
хъуным, хъумэным елэжьын.
- Я лъэпкъым, я бзэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.
Пшыхьым и ек1уэк1ык1эр
Хэзышэ псалъэ
Езыгъ.: - Фи махуэ ф1ыуэ, нобэ кърихьэл1а псоми! Нобэрей ди пшыхьыр зытеухуар ди бзэ дахэ, ди бзэ 1эф1, ди бзэ шэрыуэращ.
Адыгэм и хабзэщ сыт хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1идзэуи, дэри а хабзэм тету щ1эддзэнщ.
Япэ сабий:
Фыкъеблагъэ , зи бзэр псэм пэзыщ1у
Зи тхыдэжьыр зыгъэлъап1э псори,
Дэ ди гуапэщ ди анэбзэр, хабзэр,
Щ1ыхь ин хэлъу къыддэвгъэлъэп1эну.
2 сабий:
Фыкъеблагъэ ,зи бзэр зыф1э1эф1хэр,
Ар сыт щыгъуи япэ изыгъэщхэр,
Бзэр лъэпкъ напэу къэзыбж псори ,
Гуапэу ди зэ1ущ1эм фыкъеблагъэ!
3 сабий: Абгъуэм къик1ыу бзур лъэтэнум,
Хуейкъэ дамэр ишэщ1ын?
Ц1ыхум ц1ыхуу зилъытэнум ,
Хуейкъэ и бзэр ищ1эжын?
4 сабий:
Ди хьэщ1э лъап1эхэ!
Дынывохъуэхъу
Узыншагъэ быдэ фи1эну,
Фи лъэр здихьам насып здифхьэну.
Нобэ къэфк1уа гъуэгуанэм
Нэхъ гугъехь фымылъагъуу
Куэдрэ ц1ыхухэр вгъэгуф1эу
Дунейм фытетыну.
5 еджак1уэ:
Тхьэм мураду фи1эр къывдигъэхъу
узыншагъэр фи пкъым щызу
гукъыдэжыр фи гум изу
зы гухэхъуэм зыр къыпыту
фи щ1ыхь лъагэ хъу зэпыту
ц1ыхуу щы1эм фырагуапэу
фи ц1эм лъэпкьхэр ирилъап1эу
куэдрэ тхьэшхуэм фигьэпсэу.
Ц1ык1ухэр усэ къоджэ
Адыгэ хэку
Адыгэ уафэ, адыгэ щ1ылъэ,
Уэгум сихьамэ, щ1ыльэр си плъап1эщ.
Адыгэ уафэ, адыгэ щ1ылъэ,
Уи лъахэм ситмэ,
Дунейм сытеткъэ.
Дахэщ, дахэ дыдэщ, дахэк1ейщ
Си бзэр-и анэбзэр - адыгэбзэр.
Ещхьщ ар куууэ щ1ым хэк1а жыгейм,
Псык1э ар зыгъэнщ1ыр псынэ къабзэрщ.
Хабзэр псынэпс къабзэщ, фымыуф1ей,
Сыт хуэдэпсри къабзэу ирежабзэ.
Хуабэм жьауэ фэ фхуэхъунщ жыгейр,
Фи псыхуэл1эр ирихынщ псы къабзэм.
Гуауэщ, гуауэ дыдэщ, гуауэк1ейщ
Зи бзэр зымыдэж дэ дызэри1эр.
Ямыджыну, ар къащыхъуу лей
"Сыт ар зэрысщ1ынур?,-зэрыжа1эр.
Гуапэщ, гуапэ дыдэщ, гуапэк1ейщ,
Бзэр зымыгъэк1уэдщ нэхъыбэу ди1эр.
Ди бзэм, хабзэм сытым деж дыхуейщ,
Зыщывмыгъэгъупщэ дызэри1эр!
Бзэм дытопсэлъыхь
Езыгъ.:
« Анэдэлъхубзэ» жиIэмэ, «анэм и лъым хэту къыдита бзэ» къикIыу арщ, ар къыддалъхуа бзэщ.
« Си анэдэлъхубзэу си псэ
Си анэдэлъхубзэу си нэ,
Щхьэ ущымыIужрэ къабзэу
Нобэ уэ адыгэ унэм?»
Мы усэ сатырхэм урагъэгупсыс адыгэбзэр, ди бзэр нэхъ мащIэ зэрыхъуам. Абы и щхьэусыгъуэри упщIэм и жэуапри къыщыбгъуэтыну къысщохъу сэ адыгэ унагъуэм. Адыгэ унагъуэрщ псори къыздежьэр: цIыхум и бзэри, хабзэри, щытыкIэри, гъэсэныгъэри.
Зи бзэрэ зи лъэпкърэ зымыдэжыр дауэ цIыху хъун?
Дэ къыддалъхуа бзэм деджэкIэщ щIэныгъэр псоми нобэ зэрыдгъуэтыфынур. НэгъуэщIыбзэкIэ щыпсалъэм дежи , цIыхур зэрыгупсысэр езым къыдалъхуа и бзэрщ.
Гум илъыр уи адыгэбзэ къабзэкIэ къэпIуэтэну сыту гухэхъуэ укъызыгурыIуэм дежкIэ, урипсэлъэну адыгэбзэм сыту гуапэ, дахэ!
Зи бзэр фIыуэ зымылъэгъужым къызыхэкIа и лъэпкъри фIыуэ илъэгъунукъым. Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыр бзэрщ.
Еджак1уэ:
Адыгэбзэр си дежкIэ дамэщ ,
ар си напщIэм телъщ сыт щыгъуи.
Адыгэбзэу си бзэ дахэм
ПсыIэрышэу сыхуоусэ.
Адыгэбзэу си анэбзэр
Псынэпс къабзэу псэм щызожэ.
Адыгэбзэу си лъэпкъыбзэр
ГущIэм мафIэу къыщохъей.
Адыгэбзэу си лъым хэтым
Къелъэтыхьыр къуалэбзууэ.
Адыгэбзэу бзэ бзэрабзэм
Си лъэр жану зэщIегъэкI.
Езыгъ.:
Дэ ди анэдэлъхубзэр дахэщ, шэрыуэщ, купщ1аф1эщ. Ди адыгэбзэр бзэ нэхъ жьы дыдэхэм ящыщщ.
- Сэ сыадыгэщ! – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи.
Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри. Бзэ нэхъыбэ пщ1эху, уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым. Аращи дывгъэбзэрабзэ ди бзэр!
Ц1ык1ухэм жа1э:
Езыгъ:
Ди бзэм и гъуджэр ик1и и фащэр ди япэ ита ц1ыхухэмрэ абыхэм жа1а псалъэхэмрэщ. Ахэр ди адыгэ 1уэры1уатэм хыхьэ псалъэжьхэмрэ, жы1эгъуэхэмрэщ . Псалъэжьхэм лъэпкъым и гупсысэк1эр, и дуней еплъык1эр л1эщ1ыгъуэк1э щызэхуэхьэсащ. Псалъэжьхэр нобэми ди культурэм, ди гъащ1эм хэпщауэ, нэхъыщ1эр ягъэ1ущу, нэхъыжьыр яущийуэ щытщ. Дэ ахэр къыдогъэсэбэп анэдэлъхубзэ адыгэбзэ урокхэм, ди унагьэми къыщагъэсэбэп ди нэхъыжьхэм, абыхэмк!э гъащ1эм дыхуаущий. Ауэ дэ ди бзэр нэхъ шэрыуэ зыщ1ыр псынщ1эрыпсалъэхэрщ .Дэри нобэ абы гъунэгъу зыхуэтщ1ынщ. Абык1э дэ къыддэ1эпыкъунщ ди еджак1уэ ц1ык1ухэр. (сабийхэм псынщ1эрыпсалъэ жа1э)
Бей къудэ,
Бей дан,
Уэри ухъэ,
Сэри сыхъэ.
Дыщэ сыхъэ,
Сыхъэ кIан,
КIан сыхъэ,
Сыхъэ кIан.
⠀
Инэ, инэ, инэ хъуп1э,
Зи хъумпIарэ уагъэ-щыгъэ.
Хурсэ-хурсэ, хурсанэ
Санэху зраз кхъузанэ.
⠀
Дей, дей, дей баш
Баш мыгъуэ,
Махуэ баш
Тхуэмэхуэн.
ФIамыщIищэ, фIамыщIищэ,
Дыщэ уанэ.
⠀
Елбэздыкъуэ, дыкъуэнагъ
Аргъеипэ, шыпэнцIыв,
ЦIывгъажьэ, яжьэлъэгу,
Лъэгурыдзыр едзыхыж.
⠀
Хьэлэмэтыр къыщылъэтри,
Матэ щытым илъэтащ.
ГъэщIэгъуэным иугъуэнри,
Гъуанэ иныр ибгынащ.
Езыгъ:
«Бзэр зэм нэхърэ нэхъ дыджщ, фом нэхърэ нэхъ 1эф1щ, джатэм нэхърэ нэхъ жанщ» жыхуа1э псалъэжьыр зэик1 зэщыдгъэгъупщэ хъунукъым. А гузэвэгъуэр къамыгъэхъун е нэхъ мащ1э ящ1ын папщ1э, бзэр ц1ыхум ф1ыуэ егъэлъэгъун, егъэджын, хъума хъун мурадк1э 2000 гъэм ЮНЕСКО – м мазаем и 21 махуэр бзэхэм я махуэу траухуауэ ягъэлъап1э.
Ижь зэман лъандэрэ къок1уэк1ыр сабий джэгук1эхэр. Сабийр дунейм къыщытехьам деж къыщыщ1эдзауэ, гущэпкъыр я1ыгъыу ди анэхэм дэ дыщ1агъэдэ1ук1 уэрэдхэм, къебжэк1ъэм. Иужьк1э дэ дыпсэлъэф дыхъуа нэужьк1э, дэ езым къыдогъэсэбэп а джэгук1эхэр. Ди лъэпкъым и бзэ, ди анэдэлъхубзэм папщ1э адэк1э ц1ык1ухэм фэ фхуагъэхьэзыращ абыхэм ящыщ зы къебжэк1 ди 1уэры1уатэм хыхьэ сабий джэгук1э «Ди къаз ц1ык1у плъэгъуа?»
Ц1ык1ухэм къебжэк1 жа1э:
Си къаз ц1ык1у пльэгъуа? - Вындыр-щэ?
Слъэгъуащ. - Жыгым пысщ.
Дэнэ к1уа? - Жыгыр-щэ?
Абгъуэм исщ. - Уэщым иреупщ1э.
Сыт къиук1эц1? - Уэщыр-щэ?
Джэдык1э. - Пщ1ащэм хэлъщ.
Хэт ишх? - Пщ1ащэр-щэ?
Мэлыхъуэм. - Лыгъэм ес.
Сыт къыдит? - Лыгъэр-щэ?
Хъурыфэ. - Псым егъэунк1ыф1.
Хэт игъэтэдж? - Псыр-щэ?
Тэджырей. - Хьэм иреф.
Хэт ибз? - Хьэр-щэ?
Бзэрей. - Л1ым щ1ыгъущ.
Хэт ид? - Л1ыр-щэ?
Дэрей. - Мэкъу йоуэ.
Хэт щит1агъэ? - Мэкъур-щэ?
Уи шыпхъум. - Шхалъэм дэлъщ.
Дэнэ ук1уэ? - Шхалъэр-щэ?
Хьэщ1ап1э. - Жэмыр бгъэдэтщ.
Сыт къраугъэшх? - Жэмыр-щэ?
Щыхь куц1рэ фо - П1ап1у къехь.
ц1ынэнэ. - П1ап1ур-щэ?
Си 1ыхьэр-щэ? - Джэдум иреф.
Гъуанэм илъщ. - Джэдур-щэ?
Илъыжкъым. - Гъуанэм исщ.
Дэнэ к1уа? - Гъуанэр-щэ?
Вындым ишхащ. - Уэ уисыжщ.
Езыгъ: Адэк1э дык1уэмэ дэ ди лъэпкъыр дэххэнэ зы лъэпкъми хуэдэу, сэ си нэгу къысхущ1эгъэхьэкъым адыгэ уэрэд дахэ жамы1эу ди ц1ыхухэм, ди зы 1уэхугъуи адыгъэ къафэ хэмытыу зэф1эк1ыркъым. Адыгагъэр дэни къыщыхощыр, ди адыгэ уэрэдхэми, ди усак1уэ, тхак1уэ 1эзэхэм я 1эдакъэщ1эк1хэми. Аращи девгъэда1уэт-т1э абыхэм. Ди пшыхьым уэрэдк1э къыпащэнщ ди езанэ классым щ1эс еджак1уэ ц1ык1ухэм. (Мэремыкъуэ Хъусен и уэрэд «Си адыгэбзэ»)
Езыгъ: Адыгэхэм къафэ куэд ди1эщ удж, удж хэм, къафэжь, уэркъ къафэ, ислъэмей къафэ жып1эми. Иджыпсту ди ц1ык1ухэм фэ фи пащхьэ къралъхьэнщ я япэ ислъэмей къафэр.
К1эух псалъэ
Езыгъ:
Ди пшыхьым и пэм деж зэрыжыт1ащи, адыгэм и сыт хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1едзэ,хъуэхъук1и еух. Дэри а хабзэм дытету дыхуейт ди пшыхьым ик1эм деж ди адыгэ лъэпкъым дынывэхъуэхъуну.
(ц1ык1ухэм хъуэхъу жа1э)
Ди гур хуабэ къысхуэфщ1ащ,
Псалъэ дахи зэхэтхащ,
Бзэми дэ зедгъэужьащ,
Ныбжьэгъу куэди къэдгъуэтащ.
Саугъэту дэ хъуэхъу дахи нывжет1ыну дыхуежьащ.
Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,
ЩIым и лъащIэр дитIысыпIэу,
Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,
Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,
Дызытеувэр щIы фIыцIэ щабэу,
Адыгэ Хабзэр ди щIэблэм едгъащIэу,
Шыгъу пIастэм зыщыдмыгъащIэу,
ФIы щIэным дыхуэпIащIэу,
Нэщхъеягъуэхэр ди мащIэу,
Адыгэ цIыхухэр щэджащэу,
Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,
АдыгэщIхэм дыщытепщэу,
Жьы угъурлыхэр къытхуепщэу,
Ди Iэнэм тетыр тхъущIэжу,
Ди тхыдэ телъыджэр тщIэжу,
Ддэр цIыхугъэрэ напэу,
Адыгэ Хэкум и Iуэхур тфIэнэхъапэу,
ЗэгурыIуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу
Зыми зедмыгъэщхьрэ
Псоми зыкъыдагъэщхьыу,
Ди псыежэххэм я щIагъыр мывэкIэщхъыу,
ДыгуфIэгурэ дыгушхуэу,
Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дигъэпсэу.
Езыгъ: « Бзэрабзэ си адыгэбзэ» зыф1этща ди пшыхьри и к1эм нэсащ.
Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ!
Бзэрабзэ си бзэу адыгэбзэ!
Узыншэу, ди щIэблэ Iумахуэ!
Еф1ак1уэ, гъагъэ адэжь лъапсэ!
Ет1энэгъэ ф1ык1э дызэхузэ, си адыгэ махуэ!