СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Сценарий обряда "Утыку гуащэ"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Сценарий обряда "Утыку гуащэ"

Просмотр содержимого документа
«Сценарий обряда "Утыку гуащэ"»

МКОУ «Лицей № I г.п. Терек»





«Джылахъстэней джэгу»

«Утыку гуащэ»









ФIэхъус сэлам

Тэрч куейм щалъхуауэ,

Тэрч къуейм щапIахэу

Нобэ мы зэпеуэм кърихьэлIа

Дэтхэнэ зыми сэлам гуапэ фыдох!

Нобэ мы зэпеуэм кърихьэлIа

Дэтхэнэ зыми дынывохъуэхъу.

Сэтэней удзу фыгъагъэу,

Насып къэхьу фыдахэнагъуэу,

Адиихуу гъуэгу гъэлъагъуэу,

Сосырыкъуэу фы фыIущIу,

Бэдынокъуэу фылъэщу.

Хьэрхуэрэгъу фи бащэу.

Батыру фыкъарууфIэу,

Щытхъурэ узыншагъэрэ фиIэу,

Илъэс куэдкIэ фыпсэуну.

















"ЛЪЫЩIЭЖ"

ШЭДЖЫХЬЭЩIЭ ХЬЭМЫЩЭ

("Утыку гуащэ"- джэгукIэ)

Утыку гуащэу ар щыхахкIэ, дауи мы къуажэм абы пщIэшхуэ щиIэщ. Ар зы лъэныкъуэщ,— йогупсыс щIалэр, ЕтIуанэу апхуэдэ пщIэ къуажэм ущиIэн щхьэкIэ хабзэшхуэ пхэлъын хуейщ".

Арат джэгур зезыгъакIуэр: хэт дэтхэнэ хъыджэбзыр къигъэфэнуми, фIыуэ зэрылъагъуитIыр къыздигъэфэнуми, нэху щыху зэ утыкум щызэхуимыгъэзэнуми утыку гуащэращ зи IэмыщIэ илъыр. Джэгур яухыху ар утыкум итщ, къафэурэ щIалэр къыдеш, езыр зыхуей хъыджэбзым ирешалIэри, ар къыдегъафэ. Игу къобгъамэ, къафэм укъытримышэу нэху щыху ущигъэтынкIэ хъунут. Сыкъытришэркъым жиIэу джэгур ибгынэу кIуэж щIалэр ауанышхуэ ящIырт, щIэнэкIалъэу илъэситI-щыкIэ яIэт, е тезыр тралъхьэрти пщыхьэщхьэ зэхэскIэ и щыуагъэр ирагъэпшыныжырт. Апхуэдиз лъэкIыныгъэ иIэ пэт, езы утыку гуащэми тезыр къыщытехуэ щыIэт, шытрагъэкIыпи къэхъурт. Ауэ IэщIэщIа е езыр хуейуэ ищIа щыуагъэм елъытат ар. Абы те​зыр тезылъхьэну, нэхъ Iеижыращи, утыку гуащэ къалэныр щхьэщихыну хуитыр къуажэм и нэхъыжьырат. Арат хэзыхри.

Атэбий куэдрэ игу къокIыж утыку гуащэм теухуауэ къыжраIауэ щыта хъыбарыр. Къэбэрдеипщхэм ящыщ Къэсей Щэмаул и къуэ Хьэжысмел зекIуэ щыIэу абы къыщауIэри хьэлъэу къашэжауэ щытащ. Мазих-блыкIэ щIалэр хэлъащ яхуэмыгъэхъужу. УIэгъэм е екIуат. Зэман дэкIри, Хьэжысмел къэтэджыф, пщIантIэм къыдыхьэ хъуа нэужь Щэмаул Къэбэрдей и цIыхугъэ къринакъым хъыбар зримыгъащIэ. КърихьэлIа нэ-хъыжьхэр пэшхэм щIэсщ хъыбарыжь, уэрэдыжь жаIэри, йофэхэр, йошхэхэр. НэхъыщIэхэр пщIантIэм дэтщ джэгу ящIри.ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ шу гуэр блэкIырт уэрамымкIэ, джэгур щилъагъум, къэувыIащ, пщIантIэм дэтхэм къахэплъэри и шыр къиIуэнтIащ. ЩалитI-щы жэри хьэщIэр кърагъэпсыхащ, зым шыр Iуэм иришэри ирипхащ, адрейхэм щIалэр джэгум къашащ. Iэгу еуэу зэрыуву хьэщIэм и нэм къыIуидзащ утыку гуащэр. Хъыджэбзми мо щIалэ мыцIыху, нурыр къызыщхьэщихым гу къылъимытэу къэнакъым. Гу лъитэн дэнэ къэна, и напIэр къиIэтамэ, щIалэ хьэщIэрат плъапIэу иIэр. Кьафэр зэриухыу утыку гуащэр къежьэрти, щIалэ хьэщIэм и дежкIэ къафэу​рэ къакIуэрт. ХьэщIэми, “сэращ дишыныр”,— жыхуиIэу и бгъэр къригъэкIырт, и пIэм ипыIэжыртэкъым. Ауэ, гуащэр къэсырти, щIалэм щхьэщэ къыхуимыщIу, къыбгъурытхэм щыщ гуэр дишырт. Джэгум хэтхэм абы гу лъатащи, зэрагъэщIэгъуэныр ящIэркъым, зохъуцацэхэр, утыку гуащэм хьэщIэм ирих лейр къагурыIуэркъым. Апхуэдэурэ щэ-плIэ блитхъуа нэужь, утыку гуащэр аргуэру къыщыхуэкIуэм, щIалэм хуэмышэчыжу зы лъэбакъуэхъыджэбзым пежьэ хуэдэ, япэкIэ ичащ. Утыку гуащэм, къызыфIимыгъэIуэхуу, блитхъури нэгъуэщI тришэри ежьэжащ. ХьэщIэм и щхьэр къыфIэхуащ. Абы нэхъ напэтех сыт щыIэт! Лажьэ имыIэу джэгум хэт щIалэм убгъэдыхьэу уенэпэуэнри аритIури зыт. ХьэщIэм и бгъумкIэ пыдыхьэшхыкI макъ, “къыхурикъуа ар абы” — псалъищыр щызэхихащ. ЗыкъигъэкIэрахъуэри, къамэ Iэпщэр пичыным хуэдэу икъузу Iуэм щихьэм, къезыгъэпсыхауэ щыта щIалитIщыр кIэлъихьащ. ХьэщIэм къамэр кърипхъуэтри зыхиIужыну и Iэр щиIэтым, пхъуэри яубыдащ. Куэдрэ зэрызехьаи а гупыр, мо щIалэ бланэр яхуэмыгъэбэяууэ, удын гъущэ Iэджи къатридзаи, ауэ къамэр къыIэпаудри, зыхрагъэIужакъым. “Адыгэм фыкъилъхуакъэ,—мэлъаIуэ хьэщIэр— фыкъэзылъхуам хьэтыр иIэжмэ, мыпхуэдиз напэтехыр си плIэм дэлъу мы пщIантIэм сыдэвмыгъэкIыж. Си пIэм фиувэт дэтхэнэ зыри, фэ фхуэшэчыну ар?.. Сыхуейкъым зы сыхьэт сыпсэужыну”.

— Хэт апхуэдизу мы гъащIэ дахэр зыужэгъуар? — зэхех цIыхухъу макъ. Къаплъэмэ, унагъуэр зей Щэмаул хьэщIэ гуп и гъусэу Iуэху яIэу Iуэм къихьащ.— Сыт мы къамэ пцIанэ фIыгъри?

Нэхъыжьхэм Iуэхур зытетыр жраIащ. Мо лIы Iущ гупыр зэплъыжри ягъэщIагъуэу нэхъ гъунэгъу зыкъащIащ.

*​ Уэ щIалэр хэт сырейщ жыпIа? — къеупщIащ Щэмаул
хьэщIэм.— Ди жылэ ущыслъэгъуауэ сщIэжыркъым.

*​ Сэ мы жылэм сыщыщкъым,— жиIащ хьэщIэм, и щхьэр
къыдримыхьейуэ.— Жыжьэ сыкъикIащ.

*​ Ягъэ кIынкъым, къыджыIэ,— и нитIыр триубыдауэ йоплъ
Щэмаул щIалэ зэкIужым.— ПщIэну щыткъым, уи адэ, уи лъэпкъ щыщ тцIыхункIэ мэхъу.

*​ Сэ ади ани сиIэжкъым. Джатэгъэжь ЛIыцIыкIу срикъуэщ, Къаншыуей сыщыщщ. Джылъахъстэней сыкъикIащ.

*​ Iэгъу-гъу, ЛIыцIыкIу тхьэмыщкIэр дунейм ехыжа? — жиIащ хьэщIэхэм ящыщ зым.— И хьэдрыхэ фIы тхьэм ищI, жэнэтыр увыIэпIэ тхьэм хуищI. ЛIы щхьэпэу дунейм тетащ, лIыгъэ хэлът.

*​ ФыкъакIуэт мыдэ псори,— иришэжьащ зэхэт гупыр гумкIэ Щэмаул. Нэсри джэгубгъум деж къэувыIащ, къафэу тетхэм зэраухыу, и Iэр ищIри, пшынэр иригъэгъэувыIащ. Утыкум ихьэри, щIалэ хьэщIэри иришащ. Утыку гуащэ адэкIэ къыщытри зыбгъэдишащ.

*​ Мы щIалэ хьэщIэр утыку къибнэу нэгъуэщI къафэм теп-
шэн хуей щIэхъуам щхьэусыгъуэ иIэ? — еупщIащ хъыджэбзым.

*​ ИIэщ, зи щIыхьыр ин,— Iущэщащ утыку гуащэр.

— КъыджыIэ, тIасэ. Апхуэдэ щхьэусыгъуэншэу зэрамыщIэм псори дыщыгъуазэщ, ауэ ар щхьэусыгъуэншэу...

АдэкIэ утыку гуащэм зыри зэхихыркъым. Абы щхьэусыгъуэ ищIын къегупсыс, и дыщэ пыIэм къепхъуха шылэхъар хужьыпсым и кIапэр и Iэпэм ирешэкIри щытщ. И щхьэр къыдрихьейуэ зыми еплъыфыркъым. ПщIантIэр апхуэдизкIэ щым хъуащи, дэтхэнэ зыми и бэуэкIэр зэхихыж къыфIощI.

*​ ИIэ, тIасэ, — егъэпIащIэ хъыджэбзыр Щэмаул, — мы пщIантIэм дэту хъуар уэ къыппоплъэ.

*​ Мы щIалэр дэсшыну сыкъыщежьэм... нащхьэ къысхуищIати...

“У-у-у” макъ адэкIэ-мыдэкIэ къыщыIуащ. Утыку гуащэм нащхьэ хуэпщIыну, удэгушыIэну, мащIи куэди хъуэрыбзэ ебдзыну хабзэм идэртэкъым. Апхуэдэ щIалэхэм къахэкIамэ, джэгум хагъэтынутэкъым, ефийуэ, екIийуэ дахужырт.

— Ар пэж, си щIалэ? — къоупщI хьэщIэм.

*​ Хьэуэ,— жиIащ хьэщIэм.— Утыку гуащэр зищIысыр сымыщIэну джэгу си щыпэ хыхьэкъым.

*​ НтIэ, апхуэдэу Iуэхур щыхъуакIэ, абы нэгъуэщI зыгуэру дыбгъэдыхьэнщ. Уэ, тIасэ,— зыхуигъэзащ хъыджэбзым,—
мы щIалэр къыдэпшыну укъыщежьам деж кIуэи увыж. Уэ, си
щIалэ, мы утыку гуащэм уежьэу уздэщытар пщIэжмэ... Ыхьы,
упсэу. Иджы, си хъыджэбз цIыкIу,— бгъэдыхьащ лIыжьыр
утыку гуащэм,— зэрыхабзэщи, уэ щIалашэ узэрежьэу мы уи
щIыбагъ къыдэт хъыджэбз къомым плъапIэу яIэр уэ уздэкIуэ-
ращ: хэту пIэрэ къыдишыныр жаIэри нэкIэ мэлъыхъуэ. Уемы-
жьэ щIыкIэ уи гупэр здэбгъазэмкIэ, уи ежьэкIэмкIэ укъащIэ
хэт къыдэпшынми, абы псори йоплъ. КъызжефIэт, си хъыджэбз
цIыкIухэ, мо щIалэ мобдеж щытым утыку гуащэр щыхуэкIуэм
нащхьэ къыхуищIа? Быдэу фегупсыс.

*​ Хьэуэ,— жаIащ хъыджэбзхэм, зэрыгъэIущам хуэдэу.

*​ Нащхьэ къыхуищIакъым,— жиIащ хъыджэбз лъагэ гъунэ-
гъуу къыщытым,— ауэ мо щIалэр джэгум къызэрыIухьэрэ гуа​-
щэм нэкIэ къыхуогуфIэ.

*​ Упсэу, тIасэ,— мащIэу пыгуфIыкIащ Щэмаул,— нэкIэ нэ-
гъуэщIым ухуэгуфIэну зыми ппиубыдыфынукъым. НтIэ, си
хъыджэбз цIыкIу,— зыхуигъэзащ утыку гуащэм,— мы ди щIа-
лэ хьэщIэм пцIы теплъхьащи, япэрауэ, гуащагъэр пщхьэщы
зох мыбдеж уздэщытым, етIуанэу щIалэм епщIар къыпхуигъэгъуным езыр хуитыжщ, ещанэу, мыбдеж щыт ди щIалэ хьэщIэм лей си пщIантIэм къыщытехьащи, ар нобэ хуит сощI мыбдеж щыт хъыджэбзхэм хэплъэу утыку гуащэ цIэ лъапIэр зыхуэфащэр дигъэлъагъуну.

Утыку гуащэу щыта хъыджэбзым, и нэпситIыр и жьэпкъыпэмкIэ къыпыжу, гущIэгъу зыхуригъэщIын хуэдэ щIалэм и нэкIум иплъыхьу, и шылэхъарыр зытрихыу щIидзащ. Шылэ тIатIэм къыхэщIыкIа IэлъэщIыр и Iэблэм ириупцIэкIащ, и кхъуакIэхэр щIым трилъафэу, ауэ, егупсысыжри, IитIымкIи иIыгъыу, щIалэ хьэщIэм IэщIилъхьащ. ГущIыхьэ дыдэу хъыджэбзыр къыщыгъар дыщэ пыIэр щыщхьэрихырщ. ПщIантIэшхуэм дэт бзылъхугъэхэм щIагъуэ къэнакъым зи нэпс къыщIэмыкIа. Зыми зыри хуищIэфынутэкъым, зыри зыкIи хъыджэбзым дэIэпыкъуфынутэкъым. Арат хабзэр. Утыку гуащэм зэран хуэхъуам, хьэлыншэу, ямылейуэ зыхуэзыщIам тезыр тралъхьэрт. Езы утыку гуащэр къыщIэхуами, арат — дзыхьыр трахыжынут, итIанэ алыхьым ещIэ а пщIэ лъагэр абы къыщыхуащIыжын.

— Дыныпоплъэ, хьэщIэ,— къеджащ абы унэр зейр.
ЩIалэ хьэщIэр хъыджэбз къыщытхэм куэдрэ яхэплъащ, итIанэ Щэмаул дежкIэ зыкъригъэзэкIыжри, и щхьэр мащIэу игъэщхъри, жиIащ:

*​ Зи тхьэлъэIур къабыл хъун, ди нэхъыжьыфI, си дежкIэ
икьукIэ щIыхьышхуэщ уэ къысхуэпщIа пщIэр. Ину берычэт
бесын. Ауэ зы лъэIу пхузиIэт.

*​ ЖыIэ, си щIалэ.

*​ Сахэплъащ мыбдеж щыт хъыджэбзхэми утыку гуащэ мыхъуну зы яхэткъым. Уи нэр уфIыцIи Iэби, япэ къыпIэрыхьэр утыку къипшэу а цIэ лъапIэр фIэпщ хъунущ. Апхуэдэу щыщыткIэ, фIы псом нэхърэ уэ унэхъыфIщ жысIэу зы къахэсшу адрейхэм и жагъуэ дауэ сщIын? Сэ сызэрынолъэIуныр мырат: апхуэдиз пщIэ къысхуэпщIам си дзэр пхуегъэш, ауэ хъунумэ, адыгэ хабзэм пыIэбапIэ иIэмэ, утыку гуащэу щытам и пщэ а цIэ лъапIэр тхудэлъхьэж.

*​ Упсэу, си щIалэ,— гуапэу къеплъащ щIалэм Щэмаул.—ЛIым укъилъхуащ. Егъэжьэж джэгур. Уэ, си пэтIинэ цIыкIу,—
жриIащ абы утыку гуащэм,— щIалэм гу хуэпщIамэ, пцIы томылъхьэ. А Iуэхум пцIы зэи хэзэгъэнукъым.







Адыгэ хабзэм щыщ теплъэгъуэ:

«Утыку гуащэ»

-Ди гуапэу фэдгъэлъагъунщ хабзэу адыгэм диIа «Утыку гуащэкIэ» зэджэр. Зытхыжар ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэщ, «Тэрч и макъ» газет напэкIуэцIхэм къитхыжащ.

Гъуо:-Ей, жылэ махуэ хъун! ФыкъэдаIуэт, Къэсей и къуэ закъур хъужынкIэ щымыгугъыжу узыншэу къызэфIэувэжащи, тхьэлъэIушхуэ хуещIыж. Къуажэдэс псори фыкъырегъэбльагъэ.(йожыж)

(ФызитI-щы къохьэ)

Фыз I:-Сыту фIыт, лъапэ махуэ кърихьэжьэжауа тхьэм къыщIигъэкI.

Фыз 2:-Фэбжьрэ лажьэу къыщыщIынур абыкIэ икIуэн тхьэм ищI.

Фыз 3:-ФщIэрэ а тхьэлъэIум Утыку гуащэу хахар хэтми?

Фыз:-А-на, хэту пIэрэ?

Фыз:-Ди жылэм нэхъ щэныфIэу, нэмысыфIэу дэс пщащэрщ. Ар Бэлэтокъуэ ипхъу Дахэнагъуэщ.

Фыз:-Аллыхь, нысэ сщIыну куэд дыдэ лъандэрэ сехъуапсэтэм сэ а пщащэм.

(ГуфIэгъуэ тхьэлъэIу макъамэ къоуэ)

Къэсей пщыр утыкум къохьэ и щхьэгъусэр сэмэгурагъумкIэ щыту.

Сэлам ирахыурэ къызэхуэсахэр абыхэм йохъуэхъу:

Къызэху:-ТхьэлъэIу махуэм тхьэм фхуищI.

Пщым:-Тхьэр аразы къыпхухъу.

Къызэху:-Уи щIалэ закъуэм къыпхузэфIигъэувэжащ и насып нэхъыбэ тхьэм ищI.

Пщым:-НасыпыфIэ тхьэм уищI.

Къызэху.: Фи унагъуэр-

Уардэ унэжьу,

Выжьхэр щаукIыу

Гъэлъэхъу укIыпIэу,

ИкIым кърихьэу,

Уардэ унэ зэтесу

ХьэщIэ епсыхыпIэу,

Зы губгъэни фимыIэу

Гъэ мин унагъуэ тхьэм фищI.

Гъуор маджэ:-ЕI, маржэ, джэгур доублэ!

ТхьэлъэIу макъамэр къеуэу Утыку гуащэр къафэу къохьэ.

Япэу щIалэр деш, пщащэри къыхудеш.

Гу лъыфтэт:Гуащэм къыдишрат къэфэну хуитыр. Утыку гуащэм игу къобгъамэ, нэху щыху узыхуейм укъыдигъэфэнутэкъым.

Шу закъуэ гуэр куэбжэм къыIуохьэри къопсых. Джэгум еплъу мэувыж.

ЩIалэхэр пожьэри:

-Неблагъэ!-жаIэурэ джэгумкIэ ирагъэблагъэ.

Утыкум ит къафэхэр йокIыж.

Гуащэм и и нэр щIалэ хьэщIэм тохуэ. И лъакъуэхэр зэрохъэ, щIалэ гуэр къыдешри пщащэр къыхудишын щогъупщэж. ЩIалэ утыкум итыр Iэнкуну щытщ.

(макъамэр мэувыIэ)

Гуащэм зыкъещIэжри щIалитIым ябгъэдохьэри яжреIэ:

Гуащэм:-Дэфш мы щIалэр, джэгум и напэр трихащ.

Хъыдж.:-Еплъыт, абы и Iущагъым, и къуаншагъэр щIихъумэну хэтщ.

Къызэху.:-Къэхъуар сыт? (Утыку гуащэм зыхуагъазэ)

Къызэху.:-ЩIалэ хьэщIэм сыт и лъажьэ?

Гуащэм:-Нащхьэ кыхуищIащ.

ЩIалэ хьэщIэм хэгъэрейхэр зэбгрегъэкIуэтри Утыку гуащэм гъунэгъу зыхуещI.

ЩIалэ хьэщIэм:-ПцIы къыстумылъхьэу, уи къамэр къызэти уи гущхьэм хэзгъэIу, жыпIэтэкъым. Мыр къамэт, мыр си гур, къурмэн пхуэсщIынт.

ЩIалэм и щхьэр егъэзыхау щыIукIыжым,пщы Къасей ар къегъэувыIэ.

Пщым:-Зэ догуэт!

ЩIалэ хьэщIэм:-Зи щIыхьыр ин, джэгум и тхьэмадэр Утыку гуащэрщ, абы и пащхьэм емыкIу къыщысхьащи, хуит сыкъэщI си гъуэгу сытеувэжыну.

(пщащэхэм йоупщI)

Пщым:-Фэри псори щIалэм фи гу пэр хуэгъэзауэ фыщытащ, флъэгъуа мы ди хьэщIэм Утыку гуащэм нащхьэ хуищIу?

(Псори щымщ, я щхьэр ехьэхауэ)

Утыку гуащэм зеплъыхьри и пцIыр къызэрыщIэщыр къызэрыгурыIуэжу и нэпсыр къелъэлъэху пщым и лъабжьэм зыщIидзащ.

Пщым:-Иджы сэ псори къызгурыIуащ. Ди хьэщIэ лъапIэ, уэ ухуитщ мыбы сыт хуэдэ тезыр теплъхьэнуми. Дэ тетлъхьэр зыщ: ныщхьэбэ къыщыщIэдзауэ мыр ди утыку гуащэжкъым.

(ЩIалэм и щхьэр пщым хуигъэщхъри елъэIуащ)

ЩIалэ хьэщIэм:-СынолъэIунут, зи щIыхьыр ин! ХьэщIэм хьэтыр гуэр иIэжу щытмэ, мы пщащэр Утыку Гуащэу къэгъанэ.

Пщым:-Апхуэдэу къызэлъэIуфа щIалэр уцIыху гъэсащ, лIыгъэ пхэлъщ, уадыгэлI нэсщи, уи лъэIур пхузогъэзащIэ.

Макъамэр къоуэри.

Гъуор маджэ:-Феуэт маржэ, Iэгум зевгъэIэтыт.