СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Сценка "Зи бзэр зымыщIэж щхьэщытхъу".

Нажмите, чтобы узнать подробности

Сценка "Зи бзэр зымыщIэж щхьэщытхъу".

Просмотр содержимого документа
«Сценка "Зи бзэр зымыщIэж щхьэщытхъу".»

Хасэбзэм теухуауэ

«Зи бзэр зымыщIэж щхьэщытхъу» таурыхъыр.


Макъамэм щIэту:


Ав: Ижь – ижьыж лъандэрэ, хабзэ зэрыхъуауэ, адыгэхэм хасэ ящIт.


Зэгуэр адыгэбзэм теухуауэ мэз псэущхьэ цIыкIухэри хасэм щызэхэтIысхьат. Дапщэщи хуэдэу, хасэм и тхьэмадэр Аслъэн пщацэжьырт.


Аслъэн: Си унафэм щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэ! Хасэр дыублэнщ, адыгэбзэм и пщIэр тIэтынщ. Ар лъэпкъым и бзэщ. Бзэрпсэуху, лъэпкърипсэущ. Абы папщIэ дэтхэнэ зыми и бзэр ихъумэжын хуейщ, ирипсэлъэн хуейщ, зригъэужьын иригъэфIэкIуэн хуейщ. Аращи, псалъэ фызот.


Мыщэжь: Адыгэбзэр дунейм щынэхъбзэ нэхъыжь дыдэхэм хабжэ. АдыгэбзэкIэ мэпсалъэ шэрджэсхэр, къэбэрдейхэр, адыгейхэр. Ахэр псори зы лъэпкъщ, я бзэри зыщ.


Бажэжь цIыкIу: Адыгэбзэр бзэ дахэ дыдэщ. УщIэдэIумэ, удехьэх, псэкIэ зыхыбощIэ, узыIэпешэ, бзу бзэрабзэм ещхьщ.


КIэпхъ2: Си нэу адыгэбзэ,

Си псэу адыгэбзэ!

Уэ сыбощIлъэпкъыпсэ,

Уэ сыбощIХэкупсэ!

Гуапэу си анэбзэ,

Гуапэу си анэбзэ!

Уэрэд бзур къохъуапсэу

Ену тхуэбзэрабзэ!


ТхьэкIумэкIыхь: Сыт мыбы жаIэхэр?

Сэфыкъыздэплъейт!

Сэ щапхъэ стефх!

Иджырикъэс зыкъывэзгъэщIакъым, сэ зи бзэ сымыщIэ псэущхьэ мы дунейшхуэм теткъым.


А: Мыдэ, назэжь ЦIыкIуI!


Т: Сыт, зиусхьэн дыщэ? СынодаIуэ, зи узыгъуэр кIуэдын!


А: Ди мэзым щIэс псоми я бзэхэр зэрыпщIэм икъукIэ срогуфIэ. Ауэ, Назэжь цIыкIу,

Уэ уи бзэр уи, уианэдэлъхубзэр пщIэжу пIэрэ?

Тхь. Хьэ-хьэ-хьэхь! Сытсэ си бзэр зэрызэбгъэщIынур? Си бзэм МэзкIыхькъалэ унигъэсынукъым. Абы сыткIэ сыхуей? Iух аддэ, Iухи банэ схутепIэ!

Ав: Ар щызэхихымАслъэн пщацэжьыр гъуэхъуащ

(Гъуахъуэ макъ)

Аслъэн: Си унафэм щIэт псэущхьэхэ! Нобэ сылIэу щытми мыр уэсяту къыфхузогъанэ: зи бзэр зэзымыпэсыжым и лъэпкъыр игъэпэжынукъым, зи лъэпкъыр зымыгъэпэжыр щалъхуа щIыпIэми епцIыжынущ !Ауэ щыхъукIэ, апхуэдэ дунейм тебгъэт хъунукъым!


Ав: ТхьэкIумэкIыхьыр шынащ, уеблэмэ мэубзэрабзэ.


Тхь: Зиусхьэн! Зи щIыхьыр лъагэ! Сэ иджыри къэс сщIакъым анэдэлъхубзэм апхуэдэ нэмыс хуэщIын хуейуэ. Мы зэм къысхуэгъэгъу, си зиусхьэн лъапIэ. ЕтIуанэ ди хасэм си бзэркъабзабзэу сщIэуэ сыкъыфхуэкIуэну псалъэ фызот!. Сыщыуащ къысхуэвгъэгъу мы зэзакъуэм!


А: (и щхьэр щIеупскIэри)

Си унафэм щIэтхэ! Iуэхум дауэ феплърэ! Мы зэм хуэдгъэгъун?

Псоми: (зэплъыжхэу защI)

Хуэдгъэгъунщ.


Ав: ТхьэкIумэкIыхь назэм и псалъэр игъэпэжыжащ. Ар и анэдэлъхубзэмкIэ псалъэу етIуанэ хасэм къекIуэкIащ.



(псори къоувыжхэри) макъамэ щIэту:

Тхь:___________

Псоми: «Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и псэщ».

«Зибзэ зымыщIэж лъэпкъыр хэкIуэдэжащ».