СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Технологическая карта урока кабардино-черкесского языка "Ц1эпапщ1э" (Местоимение)

Нажмите, чтобы узнать подробности

Технологическая карта урока кабардино-черкесского языка "Ц1эпапщ1э" (Местоимение) сконструирована в соответствии с современными методическими треьованиями. Содержит структурные компоненты: тема, цель, задачи, оборудование. В технологической карте поробно расписана деятельность учителя и учеников в соответствии с этапами урока

Просмотр содержимого документа
«Технологическая карта урока кабардино-черкесского языка "Ц1эпапщ1э" (Местоимение)»




Адыгэбзэ урокым и технологическэ картэ

4 класс. Ц1эпапщ1э



Егъэджак1уэр:

Щокъуий Светланэ


Класс


4


Предмет:


Адыгэбзэ

Тхылъыр зытхар:

Зэхъуъхъу Лиуан



Урокым и темэр


Ц1эпапщ1э



Урокыр зыхуэдэр:


Темэщ1э щрагъэдж урок


Мурад нэхъыщхьэр:


Ц1эпапщ1эм щыгъуазэ щ1ын



Зытелэжьыхьынухэр:



  1. Ц1эпапщ1эм бзэм щи1э мыхьэнэр убзыхун, щхьэ ц1эпапщ1эхэм щыгъуазэ щ1ын

  2. Щы1эц1эхэм теухуауэ ящ1эр къызэщ1экъуэжын

  3. Сабийм я бзэм я зэхэщ1ык1ым зегъэужьын

  4. Адыгэбзэ урокыр ялъытэу, яф1эф1у, пщ1э хуащ1у, бзэм ирилэжьэфу, лэжьыгъэ ящ1эм дихьэхыу гъэлэжьэн

  5. Урокым ехьэл1ауэ упщ1эхэр тэмэму ягъэувыфу, я гупсысэхэр 1уэхугъуэ къек1уэк1ым халъхьэфу, адрей сабийхэм я 1уэху еплъык1э, гупсысэхэр ялъытэу егъэсэн


Планым ипкъ итк1э щ1эныгъэ егъэгъуэтын хуейр


Личностные.

1. Я бзэм, я тхэк1эм, зэхэщ1ык1ым зегъэужьын. Пэжыныгъэм, къэбзагъэм, ф1агъэм хуэгъэушын

Метапредметные.

РУУД:

  • Еджэныгъэмрэ, тхэныгъэмрэ хуи1э щытык1эр, зыхуигъэувыж къэлэныр, ар къазэрыгуры1уэр, езым и еплъык1эр.

  • Унэт1ыныгъэ. Урокым и темэр къащ1эфу,егъэджак1уэм игъува мурадхэм хуэк1уэу, гупыуи, т1урыт1уи зэдэлажьэу, я лэжьыгъэр къагъэлъэгъуэфу егъэсэн.


ПУУД:

  • Выводхэр ящ1ыфу, проблемнэ упщ1эхэр къалъыхъуэрэ жэуапыр къагъуэтыжыфу, ядж урокым нэхъыщхьэр къыхахыфу егъэсэн.



КУУД:

  • Творческэ лэжьыгъэхэр ящ1ыфу, упщ1эхэр ягъуврэ жэуап тэмэм иратыжыфу, псалъэ шэрыуэхэр къагъэсэбэпыфу, зэгъусэуи(в паре), гупыуи лэжьэфу егъэсэн.



Урокым къэгъэсэбэпыпхъэхэр:

«Адыгэбзэ» Зэхъуъхъу Лиуан, учебник, 4 класс, компьютер, карточкэхэр, тетрадь




Урокым щыщ

Iыхьэхэр


Мурадыр:


Егъэджак1уэм ищ1энур


Еджак1уэхэм ящ1энур

Планым ипкъ иткIэ щIэныгъэ егъэгъуэтын хуейр

Урокыр къызэгъэпэщын




Еджак1уэхэр урокым и темэм хэшэн

- Фи махуэ ф1ыуэ! Нобэрей адыгэбзэ урокым щ1ыдодзэ. Фыхуэхьэзыр? Фык1элъыплъыжыт.

Урок щ1ыдодзэ бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэк1э

Урокым зэрыхуэхьэзырыр яубзыху

Сабийхэм зыкъапщытэ урокым зэрыхуэхьэзырым теухуауэ


Сабийхэм темэщ1эм епхахуэ ящ1эр тегъэщ1ап1э щ1ын



Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэ.

Щы1эц1эм теухуауэ ящ1эр къэпщытэжын



Ц1ыхухэм сыт хуэдэ псэущхьэхэр зэрахуэрэ?


Сыт хуэдэ хъер къыдатрэ унэ псэущхьэхэм?


Сыт хуэдэ псэущхьэ щыпсэурэ ди мэзым?


Псэущхьэм я ц1эхэр сыт хуэдэ упщ1эм жэуап хуэхъурэ?

Сыт к1эпхъым и шхыныгъуэр?




Сабийхэм я жэуапхэр


Жэм, шы, мэл, бжэн


Жэмым шэрэ, лырэ къыдет

Мэлым цырэ лырэ къыдет.

Мэзым щопсэу мыщэ, дыгъужь, бажэ, уашхэ

Сыт упщ1эм жэуап хуохъу.


К1эпхъым ешх пщ1ий, дэ, 1эгъэбэгу







Я бзэм, я тхэк1эм, зэхэщ1ык1ым зегъэужьын. Пэжыныгъэм, къэбзагъэм, ф1агъэм хуэгъэушын.




Урок блэк1ам яджар къэпщытэжын



Щы1эц1эхэм теухуауэ ящ1эр къызэщ1экъэжын


Ин ц1ык1у к1уащ йоджэ матхэ к1ыхь к1эщ1

Бгъуэ дыдж ст1ол (доскам итщ)

Щы1эц1э

Закъуэ бжыгъэ Куэд бжыгъэ

мы1эрысэ

къэрэндащ

шы

гуэл

тхылъ

сыхьэт

-Фыкъеджэт мы псалъэхэм, сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъугъэм хыхьэрэ мыхэр, сыт хуэдэ бжыгъэм ит.

- Идвгъэгъувэт куэд бжыгъэм

- Сытк1э куэд бжыгъэр къэхъуа?


Зэрызэхэт 1ыхьэк1э зэпыудын

Зэдэпсэуащ, къыхуэщэхун, ныдэсхьащ, среджэ, псылъэ


Псалъэухар зэпкъырыхын


Еджак1уэхэр губгъуэм дэк1ащ лэжьак1уэ. Еджак1уэхэм мэрак1уэ къащыпащ.


Тэмэм мы фыкъызэджар. Къек1урэ псалъэмакъым зы псалъэр сытым дежи къыщыбгъэсэбэпыну. Сыт хуэдэ псалъэк1э еджак1уэхэм псалъэр зэпхъуэк1 хъуну?


Сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэм хыхьэрэ абыхэм псалъэр?


Мис ар дэ нобэ дджынущ









Псалъэхэм къоджэ, упщ1э хуагъэув, псалъэхэр лъэпкъыгъуэк1э зэхагъэк1.


Щы1эц1эхэр куэд бжыгъэм ирагъэувэ, куэд бжыгъэр къызэрыхъуа суффиксыр яубзыху.









Псалъэхэр зэрызэхэт 1ыхьэк1э зэпкъырах





Псалъэухам пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр къыщагъуэт


Ц1эпапщ1э къызэрагъэсэбэпын хуейм хок1уэ

Урокым ехьэл1ауэ упщ1эхэр тэмэму ягъэувыфу, я гупсысэхэр 1уэхугъуэ къек1уэк1ым халъхьэфу, адрей сабийхэм я 1уэху еплъык1э, гупсысэхэр ялъытэу егъэсэн.



Урокым и темэр къащ1эфу,егъэджак1уэм игъува мурадхэм хуэк1уэу, гупыуи, т1урыт1уи зэдэлажьэу, я лэжьыгъэр къагъэлъэгъуэфу егъэсэн


Темэщ1э етын


Ц1эпапщ1эхэмк1э гуры1уэгъуэ

  1. Правилэм елэжьын (напэ 68)

- Ц1эпапщ1эр сыт зыхыхьэр?

- Дауэ ц1эпапщ1эр бзэм къызэрыщыдгъэсэбэпыр?






Правилэм къоджэ зэгъусэу.


Ц1эпапщ1эр псалъэ лъэпкъыгъуэщ.

Ар щы1эц1эм и п1эк1э къагъэсэбэп




Ц1эпапщ1эм бзэм щи1э мыхьэнэр убзыхун, щхьэ ц1эпапщ1эхэм щыгъуазэ щ1ын


Зыщагъэпсэху дакъикъэ

Я узыншагъэр яхъумэжу, гулъытэ хуащ1у гъэсэн

Жьыр къепщамэ жыгхэр егъэхъей

Тхьэмпэ ц1ык1ухэри егъэ1ущащэ

Щысу я 1эхэр я1эт, жыг къагъэлъагъуэу лъэныкъуит1ымк1и щаутхыпщ1

Я узыншагъэр яхъумэж, гулъытэ хуащ1

Темэщ1эр егъэбыдыл1эн

Ц1эпапщ1эр адрей псалъэ лъэпкъыгъуэхэм яп1ыщ1эн, егъэпщэн

  1. Лэжьыгъэ 99, напэ 68 - щы1эц1эхэр ц1эпапщ1эк1э зэхъуэк1ын

- Иджыри правилэм дыкъевгъэджэжыт. Сыт хуэдэ ц1эпапщ1эхэр къыщыдгъэсэбэпа лэжьыгъэм?



Урокым ехьэл1ауэ упщ1эхэр тэмэму ягъэувыфу, я гупсысэхэр 1уэхугъуэ къек1уэк1ым халъхьэфу, адрей сабийхэм я 1уэху еплъык1э, гупсысэхэр ялъытэу егъэсэн


Унэ лэжьыгъэ





Унэ лэжьыгъэм зэрелэжьыну щ1ык1эр убзыхун

Унэ лэжьыгъэ: правилэр зэгъэщ1эн, лэжьыгъэ 100 гъэзэщ1эн.

- Фыкъеджэт. Сыт лэжьыгъэм ещ1эн хуейр?

Предметхэм я п1эк1э къак1уэ ц1эпапщ1эхэр щ1эфтхъэ


Выводхэр ящ1ыфу, проблемнэ упщ1эхэр къалъыхъуэрэ жэуапыр къагъуэтыжыфу, ядж урокым нэхъыщхьэр къыхахыфу егъэсэн.


Урокыр къызэщ1экъуэжын


Урокым щаджар къызэщ1экъуэжын, зыкъэпщытэжын

- Сыт нобэ дызэлэжьар ? Сыт зэдгъэщ1ар?

Дауэ къэдгъэсэбэпрэ ц1эпапщ1эхэр?

Дэ зэдгъэщ1ащ ц1эпапщ1эр бзэм къызэрыщагъэсэбэпыр

Еджэныгъэмрэ, тхэныгъэмрэ хуи1э щытык1эр, зыхуигъэувыж къэлэныр, ар къазэрыгуры1уэр, езым и еплъык1эр.





6