Темэ: Лексикэм къытегъэзэжыныгъэ
Мурад: 1. Бзэр зыдж щ1эныгъэм и 1ыхьэ нэхъыщхьэхэр ягу къэгъэк1ыжын.
2. Лексикэм ехьэл1а 1уэхугъуэхэм бзэм мыхьэнэуэ ща1эхэм гу лъегъэтэн.
3. Жьэры1уатэбзэм зегъэужьын .
4.Адэ хэкужьым нэхърэ нэхъ лъап1э, нэхъ 1эф1 зэрыщымы1эр еджак1уэхэм куууэ зыхегъэщ1эн.
Шэрыуэу, дахэу и бзэк1э псалъэу
Лъэпкъ гуэр щ1ым тетмэ – аращ лъэпкъ хъуар…
Ди адыгэбзэм хэту хъуам псалъэу
Къидвгъэх дегугъуу къарык1ыу хъуар.
Бицу А.
Къэгъэсэбэпыпхъэхэр:
1. Схемэ «Лексикологие»
2. Псалъэжьхэр
3. Схемэ «Псалъэ занщ1э, нагъыщэхэр».
4. Сурэтхэр
5. Усэхэр
6. Кроссворд
7. Адыгэбзэ фразеологизмэхэм я псалъалъэ.
8. Адыгэбзэ псалъалъэхэр
Къытегъэзэжыныгъэ.
Бзэр зыдж щ1эныгъэм и 1ыхьэ нэхъыщхьэхэу сыт хуэдэхэр дджа? (Фонетикэ, лексикэ, псалъэ къэхъук1э, морфологие, синтаксис, пунктуацэ, орфографие, н.)
Сыт иджыр фонетикэм?(Бзэм и макъ зэхэтык1эмрэ абы щызек1уэ хабзэхэмрэ едж. Фонетикэм епхащ графикэри, бзэм и макъхэр хьэрфхэмк1э къызэрагъэлъагъуэр заджыр.)
•лексикэм? (Лексикэр бзэм къызэщ1экъуауэ псалъэу хэтырщ. Бзэм псалъэу хэтыр, абыхэм я мыхьэнэмрэ ахэр бзэм къызэрыщагъэсэбэпымрэ зыдж щ1эныгъэм лексикологиек1э йоджэ.)
•псалъэ къэхъук1эм?(Псалъэхэм я морфологическэ зэхэтык1эмрэ псалъэщ1эхэм я къэхъук1эмрэ едж)
•морфологием? ( Грамматикэм щыщ 1ыхьэу псалъэхэм я зэхъуэк1ык1эмрэ псалъэ лъэпкъыгъуэхэмрэ зыджщ)
•синтаксисым? (Грамматикэм щыщ 1ыхьэу псалъэ зэпхамрэ псалъэухамрэ, псалъэхэр псалъэухам зэрыщызэпхар едж)
•орфографием? (Псалъэхэмрэ мыхьэнэ зи1э 1ыхьэхэмрэ я тхык1эм теухуауэ ягъэува хабзэхэр къызэщ1эзыубыдэщ)
•пунктуацэм?(Псалъэухам и к1уэц1к1э щагъэув нагъыщэхэм я къэгъэсэбэпык1эм теухуа хабзэхэр зыджщ)
Къитхык1ын, скобкэхэр зэ1ухын. Къыхэгъэща псалъэхэр фонетическэу зэпкърыхын
Си (гум) къок1ыр куэдрэ сэ ди(унэр1)
Си (жэщ) пщ1ыхьхэм зэи ар хэмык1
Хуэмызэшхэм я (адэжь ) и (унэм)
Гу хуабагъэр 1 , дауи, къомэщ1эк1.
Лъахэм, Хэкум сыщыщ1эгупсыск1э ,
Псалъэ 1эф1к1э си( гур) зэрощэщ.
хуабагъэр – хуэ – ба - гъэр.
ху - [ху]- м/д.,д. хьэрфхэр – ху, а ,б,а,гъ,э,р
а - [э]- м/з. хьэрф дэк1уашэхэр – ху,б,гъ,р
б – [б]- м/д, жьгъ. Хьэрфзешэхэр – а,а,э
а – [а]- м/з., уд. зыт. е Макъхэр – ху,э,б,а,гъ,э,р
гъ– [гъ] – м/д.,жьгъ. Макъ дэк1уашэхэр – жьгъ.-б,гъ,р
- дэгу- ху
э – [э] – м/з Макъзешэхэр – э,а,э
р- [р] – м/д., жьгъ. Пыч.3 мэхъу, удар. е2-нэ пыч. тохуэ
_________________
Хь.7, м.7
унэр – уы – нэр Хьэрфхэр- у, н, э, р
у – [у] – м/д., жьгъ. Хьэрфзешэхэр –у, э
[ы] – м/з., уд. е Хьэрф дэк1уашэхэр – н, р
н – [н] – м/д., жьгъ. Макъхэр – у, ы, н, э, р
э – [э] - м/з Макъ дэк1уашэхэр – жьгъ. - у, н, р
р – [р] – м/д., жьгъ. дэгу ------
___________________ макъзешэхэр – ы, э
хь . 4 , м . 5 пыч.2 мэхъу, удар.япэ пыч.тохуэ(ы)
П. Темэщ1э: Лексикэм къытегъэзэжын.
1. Лексикэр зищ1ысыр. «Лексикологие» таблицэр къэгъэсэбэпын.
2. Текстым къеджэн.
1) - Пс.уащ зы п. щтыхь щ1алэ и къэшэгъуэу, - жи1эжырт Ашабэ дадэ.-2) Ар щ1...лэ бланэт.3) Банэ и (п1э) банэ къок1эж. 4) И (адэ) фирхьэун ф1эк1а п...щ1энутэкъым. 5) П...щтыхь щ1алэм фыз къишащ, жыж...э къ...риш...ри. 6) П...щтыхь гуащэр набдзэ зытелъым я нэхъ къабзэт махуэм дыгъэт, жэщым мазэт.7) Зызыщагъэнщ1ыртэкъым а т1ум. 8) Зыр щ1эк1амэ, адре...м къыщ1эмыхьэжын ф1эщ1т.
9) -.Сыт хуэныкъуэт п...щтыхь гуащэр? 10) Зыми! 11) К1э1ыгъхэр и (бэщ), къауфэрэзыхь. 12) Д...рахьеймэ, мэгъущ1э, кърахьэхмэ, мэщ1ытэ... 13) Ауэ п...щтыхь гуащэр нэщхъе... къохъу, зэрыщытам хуэдэжкъым, зэрыщымыт хъуащ. 14) И (нэгу) дыгъэр пшагъуэщ. 15) И щ1эщыгъуэр хуик1а п...щтыхь щауэм? 16) Хьэуэ! 17) Иджыри я хьэгъуэ(л1ыгъуэ) щ1ык1эщ, дэк1а щы1экъым. 18) Арами, гуащэр нэщхъе...щ, п. щтыхь щауэри гуп... ысэ хэхуащ. 19) Ауэ л1ыгъэм з.. .регъэхь, зешы1э.
20) Пщыхьэщхьэ гуэрым п... щтыхь щауэм и (щхьэгъусэм) зыхуигъэзащ. 21) Сыт уи(гу) къеуэр, щхьэ апхуэдизу унэщхъе... ?
22) - Зыри си(гу) къеуэркъым, - къет тхьэ1ухудым жэуап.
23) - Ат1э, уи (1ыхьлыхэр) уи (гу) къэк1а? 24) Узгъэк1уэжынщ, - аргуэру зыхуегъазэ п...щтыхь щауэм и (щхьэгъусэм).
25) - Си (1ыхьлыхэри) си (гу) къэк1акъым, я (хъыбар) къыс1эрохьэ, - же1э п...щтыхь гуащэ тхьэ1ухудым.
26) - Ат1э, сыт? 27) Узыхуэныкъуэ1а?- мэгузавэр п...щтыхьыр.
28)- Дунейм сызыхуэныкъуи теткъым, псори къызолъэлъэхыж, - же1э абы.
29) - Ат1э, сыт ущ1энэщхъе...р? 30) Къызже1э!- мэлъа1уэ пащтыхь щауэр, игу хэщ1у.
31) -Ди къу...к1э(бгык1эхэр) си(гу) къихьащ. 32) Мыбы дэнэк1и уплъэми, джэдык1э щызебгъэжэну губгъуэжь тафэщ, зэшыгъуэщ. 33) Ди деж, сэ сыкъыщалъхуар, бгылъэ щ1ып1эщ. 34) Абы ныбжьрей мэзыжьхэри псыкъелъэ лъэщхэри бгы уэсыщхьэхэри щыкуэдщ. 35) Мэз бжэнхэм щыхьхэм уэсылъэ бгыщхьэхэм къыщак1ухь къуршыбгъэхэр щохуарзэ... 36) Мис иджы ахэр си(гу) къохьэ. 37) Сэ сыщызэшк1э, си (ныбжьэгъу) пщащэхэмрэ щ1алэхэмрэ си (гъусэу) сежьэрти къэск1ухьырт, уеблэмэ, хьэк1э (кхъуэк1эхэми) я нэхъ бзаджэ щомыщыр пхауэ и (гъуэм) къисхырт, - мэсабырыж тхьэ1ухудыр.
38) - Иджы псори къызгуры1уащ…- щигъэтыжащ п.. .щтыхьым.
1. Словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын:
пащтыхь - къэрал псом я 1этащхьэ (царь, король)
фирхьэун - ижь-ижьыж Египетым я1а пащтыхьхэм зэреджэу щыта
(фараон)
к1э1ыгъхэр - пащтыхь гуащэ, пхъухэм я гъусэу къэзык1ухь. (свита)
щомыщ - джэду лъэпкъым щыщ хьэк1экхъуэк1э 1эл (рысь)
2. Хъыбарыр зытепсэлъыхьымрэ и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ къыжы1эн.
Хамэ щ1ып1эм къыщыхута пщащэм и хэкум и 1эф1агъыр къыщыгуры1уар ар абы пэ1эщ1э хъуа нэужьщ. И Хэкум хуи1э лъагъуныгъэр, абы нэхърэ нэхъ лъап1э зыри зэрыщымы1эр зыхищ1ащ. Зэман куэд дэмык1ами, пщащэр и хэкум щ1эгупсыс зэпытщ, и къуак1эбгык1эхэр и гум хуигъэхуркъым. Ц1ыхур зыхуей, зыщ1эхъуэпс псори абы къелъэлъэхыжми, ар зыми хуеплъэк1ыркъым. Хэку лъагъуныгъэм адрей псори щ1ехъумэ). Си гугъэщ ар абы щымыпы1эну.
Мы тхыгъэр теухуащ зи Хэку имысыж ц1ыхум и гъащ1эр зэрихьым, хамэщ1ым абы щишхри къыщигъащ1эри зэрымыгъуэм, зи адэ Хэкужь зыбгынауэ хэхэсу зи гъащ1эр зыхьыну ц1ыхубзым и гупсысэхэм, и хъуэпсап1эхэм.
Пэжщ..Ауэ сытми жа1акъым «Уэсым хуэдэу щ1ы1эщ, зэзым хуэдэу дыджщ, анэнэп1эсым нэхърэ нэхъ 1еижщ ухэхэсу гъащ1эр пхьыныр».
Хамэ щ1ып1э укъыщыхутэрщ уи лъахэм и 1эф1агъыр нэсу щызыхэпщ1эр, ар къыщыбгуры1уэр. Мыбы зи гугъу ищ1 пщащэм и Хэкум лъагъуныгъэшхуэ хуи1эу къыхощ. И хэкум имысыжмэ, си ф1эщ хъуркъым, абы куэд хуэхьыну, уеблэмэ псэуфыну.
Уи адэжь щалъхуа щ1ып1эр, уэ укъыщыхъуа щ1ыналъэр бгынэгъуейщ, зэманк1э убгынапэу щытми, къыумыгъэзэжын пхузэф1эк1ынкъым. Адэ лъахэм ухуэпабгъэу, хэкум и ц1ыхухэм, и къуршхэм,и псэущхьэхэм уи нэр къахуик1ыу гъащ1э епхьэк1ыныр гугъущ. Гугъущ хэкуншэу упсэуныр. Ар гугъуехь дыдэщ, куэдми яхуэшэчынукъым апхуэдэ гъащ1эр.
И хэкум къызэрыхуэзэшыр махуэ къэск1э нэхъри нэхъ къытехьэлъэ хъуну къысф1ощ1. И хэкур, щалъхуа щ1ып1эр, адэ щ1ыналъэр сытым дежи игу илъынущ. Хэхум игъэзэжыныр сытым дежи и гум къридзэ зэпыту щытынущ. Дуней зытетыр ф1эмы1эф1ыжу, зыри игу иримыхьыжу, игу темыхуэжу къыщ1идзыну къысщохъу. А щ1ып1эм хъыджэбзым насып щигъуэтыну сэ схужы1энукъым. Ик1и зэм-зэм псори хыф1идзэу къэк1уэжыну си гум же1э.
Пэж дыдэщ. А пщащэм и лъэр абы щы1эми, и псэр хэкужьымк1э щы1энущ. И хэкур здэщы1э лъэныкъуэмк1э сыт щыгъуи еплъэк1ыу и гъащ1эр к1ыхьми к1эщ1ми ихьынущ. Апхуэдэу щыщытк1э, щауэм и п1э ситамэ, ар хуит къэсщ1ыжынт.
Гъащ1э щыхъук1э дэни укъыщыщ1идзынк1и мэхъу. Дэ ди къалэнщ дэнэ дыщымы1ами, хэкур ди гум идмыгъэхуу дыпсэуну, хэкум нэхъ лъап1эрэ 1эф1рэ зэрыщымы1эр тщымыгъупщэу дунейм дытетыну.
Укъызыщалъхуа, уи сабиигъуэр здек1уэк1а щ1ып1эм хуэбгъэдэфын зыри щы1экъым. Абы и 1эф1агъыр мыпхуэдэ зыгуэр умыгъэунэхуауэ къыбгурымы1уэнк1э хъунщ. Ц1ыхум и Хэкур анэм пилъытын хуейуэщ сэ къызэрызгуры1уэр, анэм хуи1э ф1ылъагъуныгъэ мыухыж иныр Хэкуми хуи1эн хуейщ. Хэку ф1ылъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ лъэщ, нэхъ гуащ1э щы1экъым.
Хэкум пэ1эщ1эу псэуныр пщащэм «узу» къилъытэну сэ къысф1ощ1.Дэтхэнэ узри гъэхъужын зэрыхуейр, абы пэщ1этын зэрыхуейр гуры1уэгъуэщ. А узыр къызэрызэринэк1ын 1эмал къилъыхъуэну си гум же1э. Ар къыщалъхуа и лъахэм к1уэжыну хущ1экъунущ. И Хэкум хуи1э лъагъуныгъэр абы къыдэ1эпыкъунщ.
Узыщалъхуа Хэкур, ущалъхуа Лъахэр гурэ псэк1э зымылъагъу щы1эн хуейкъым. Ущалъхуа, укъыщыхъуа. уи сабиигъуэр, щ1алэгъуэ дахэр щыбгъэк1уа щ1ып1эм хуэдэ зыри щы1экъым, ар пхуэхъуэжынукъым хамэщ1к1э, арауи, къыщ1эк1ынщ «Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь» щ1ыжа1эри.
4.Мы хъыбарым сыт хуэдэ ф1эщыгъэц1э хуэпщ1 хъуну?
Адэжь Хэку Ущалъхуа Хэку
Адэжь щ1ыналъэ Хамэ щ1ып1эм
Адэжь лъахэ Хамэ Хэку
Бланэ щалъху мэк1уэж Уи Хэку
Ущалъхуа щ1ыналъэ Пщащэм и гукъеуэ
Уи лъахэм Пщащэм и хъуэпсап1э
Ущалъхуа щ1ып1эр Хэку лъагъуныгъэ.
Ущалъхуа лъахэр Уи лъахэм
Уи Хэку нэхъыф1 щы1экъым
3. Сыт хуэдэ псалъэжьхэр епхьэл1э хъуну мы 1уэхугъуэм?
Псалъэжьхэр
1. Бланэ щалъху мэк1уэж
2. Ди унэжь пхъэжь маф1э.
3. Дунейр къэк1ухьи, уи унэ ихьэж .
4. Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь.
5. Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхърэ, си Хэкужь сыщыл1э.
6. Хэку зимы1эм псори щ1ы1э къыщохъу.
7. Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым.
8. Хьэщ1ап1эр ф1ыми, уи унэжь нэхъыф1ыжщ.
9. Хьэм хэсми, хум игу хуэгъэзащ.
Егъэдж. Мы псалъэжьхъэм яподжэж К1эрэф Хьэсэнбий и жы1эгъуэхэри:
1.Хамэщ1ыр щ1ы хьэхущ.
2.Хамэщ1 гъэмахуэ нэхърэ хэкужь щ1ымахуэ.
3.Хамэ хэку щытхъэ и хэку щыл1эжкъым.
4.Хамэщ1 щылъэщри хэкужь щ1обэг.
Гува-щ1эхами зыщалъхуа щ1ап1эжьым, адэжь щ1ыналъэм и псэр ехьыж ц1ыхум. Уи щ1ыналъэ уисыжыным нэхъ 1эф1 щы1э?- аращ псалъэжьхэми тхыгъэми, гу зэрылъыфтащи, я гупсысэ нэхъыщхьэр
Адэк1э текстым делэжьынщ.
5. Хьэрф дэгъэхуахэр дэгъэувэжын.
Орфограммэхэмрэ пунктограммэхэмрэ жы1эн:
а) макъзешэ Э къигъэлъагъуэу хьэрфзешэ А щатхыр (пащтыхь, мэсабырыж, щ1алэ бланэт, къуак1эбгык1эхэр, аргуэру, ат1э, абы, апхуэдизу, арами)
б) псалъэпкъым и к1эм Й щатхыр (адрейм, нэщхъей, дунейм, ныбжьрей,
в) префикс –Р- и пэк1э Ы зэрамытхыр (къришри,драхьеймэ, кърахьэхмэ, зрегъэхь,
г) псалъэ зэхэлъхэм я тхык1эр (хьэгъуэл1ыгъуэ, к1э1ыгъ,къуак1эбгык1э,хьэк1экхъуэк1э,псыкъелъэ,апхуэдизу, щхьэгъусэ,н. – Псалъэ зэхэлъхэм тхык1эу т1у я1эщ- зэпыту тхынрэ дефис я кум дэту тхынрэ. Мы псалъэхэр псори зэпыту тхын хуейщ).
д) еигъэ ц1эпапщ1эхэм я тхык1эр(и п1э, и адэ, и бэщ, и нэгу, и щ1эщыгъуэр, я хьэгъуэл1ыгъуэщ, и щхьэгъусэм, уигу, си 1ыхьлыхэри, сигу, я хъыбар, ди къуак1эбгык1эхэр, си ныбжьэгъу, си шу, и гъуэм)
е) определительнэ псалъэ зэпыщ1ахэм я тхык1эр (къуршыбгъэ,бгыщхьэ, уэсыщхьэхэри)
ж) У-м и ужьк1э Ы зэрамытхыр (щхьэгъусэм, тхьэ1ухуд, мэгузавэ, узгъэк1уэжынщ, узыхуэныкъуэ1а,уплъэми, губгъуэжь, къыщак1ухь, къуршыбгъэхэр, къэск1ухьырт,къызгуры1уащ,мэгъущ1э)
6. Омонимк1э зэджэр ягу къэгъэк1ыжын. Щапхъэ текстым къыхэхын.-
ом. щыхь, мэз бжэн, бжьо (лань)
Бланэ
син. лъэщ, къарууф1э.пелуан( сильный)
пщым и щхьэгъусэ, нысащ1э( княгиня) Нысэм и л1ым и анэ.
Гуащэ (свекровь)
ц1ыху сурэт теплъэ зи1э зэрыджэгу хьэпшып(кукла).
Лъыр зезыгъак1уэу ц1ыхухэм, псэущхьэхэм я 1эпкълъэпкъым щыщ
Гу ( сердце)
Шэрхъ щ1эту вы , шы с.ху.щ1эщ1ауэ зыгуэр къызэрырашэк1(повозка, бричка)
7. Синонимыр зищ1ысыр, и мыхьэнэр сыт? Текстым хэт псалъэхэм синоним къахуэхьын. (Синонимхэм бзэм мыхьэнэшхуэ ща1эщ: абыхэм я ф1ыгъэк1э зы мыхьэнэр 1эмал зэмыл1эужьыгъуэхэмк1э къыпхуо1уатэ, ахэр 1эмал имы1эу узыхуейщ. Бзэр шэрыуэ, къулей, щ1эщыгъуэ ящ1.)
Синонимхэр
Щ1алэ - щауэ
Жи1эжырт - къи1уэтэжырт
Дадэ – л1ыжь
Бланэ - лъэщ, къарууф1э, пелуан, 1эпщацэ
Фирхьэун – пащтыхь
Пщ1энтэкъым - уи гугъэнтэкъым
Къабзэт - дахэт, гурыхьт, гуак1уэт
И бэщ - и куэдщ
Зешы1э - зыхуегъэшэч
Тхьэ1ухуд - дахэ дыдэ къек1у, гуак1уэ
Бзаджэ-1эл, залым, тк1ий
Щохуарзэ - къыщалъэтыхь
Къыщак1ухь - къыщаущыхь, къыщаджэдыхь
Пщащэ - хъыджэбз
Сабыр - щэху
Щомыщ - былътырыку
8) Сыт антонимк1э зэджэр? Сыт хуэдэ къалэн ягъэзащ1эрэ? Антоним къызыхуэпхь хъунухэм къахуэхьын.Тетрадым итхэн, антоним зэхуэхъу псалъэ лъэпкъыгъуэхэр къэгъэлъэгъуэн.
Антонимхэр
Жыжьэ- гъунэгъу (нар.)
Нэщхъей-нэщхъыф1э (плъ.)
Пщыхьэщхьэм-пщэдджыжьым (нар.)
Драхьеймэ-кърахьэхмэ (гл.)
Щ1алэ-дадэ (щ.)
Махуэм-жэщым (нар.)
Хуэныкъуэн – къелъэлъэхыжын (гл.)
Бланэ – къарууншэ (плъ.)
Мэгъущ1э –мэщ1ытэ ( гл .)
Щыкуэдщ – щымащ1эщ (нар.)
Ныбжьэгъу – жагъуэгъу (щ.)
Тхьэ1ухуд – ажалыфэ, лъагъугъуей,1ей, 1уплъэгъуей (плъ.)
9) Жьы хъуа псалъэ хэту п1эрэ текстым? Жьы хъуа псалъэхэр сыт хуэдэ гупит1у игуэшрэ? Сыт-т1э ахэр иджыри бзэм къыщ1игъэсэбэпыр? (Зытепсэлъыхь 1уэхугъуэр нэхъ на1уэу ди нэгу къыщ1игъэувэн папщ1э)
(фирхьэун, пащтыхь) Ист. лъхукъуэл1, атэлыкъ
Арх.- чо- бжыхь
10) Диалектыр зищ1ысыр дигу къэдвгъэгъэк1ыжыт.
(Зы бзэк1э псалъэ лъэпкъым щыщу щ1ып1э гуэрым щыпсэу ц1ыху гупым я псэлъэк1э. Тхак1уэм е усак1уэм и бзэм диалект псалъэхэр къыщихьынк1э мэхъу зытепсэлъыхь лъэхъэнэм нэхъ гъунэгъу дыхуищ1ын мурадк1э.)
Адыгэбзэм диалект дапщэ и1э? Сыт хуэдэ ахэр? (Бахъсэн е къэбэрдеишхуэ, беслъэней, кубань)
Диалект щапхъэ къэхьын. Текстым апхуэдэ псалъэ хэту п1эрэ?
Бэ, пщащэ, щауэ (куб. диал.)- псалъэхэм мымащ1эу художественнэ тхыгъэхэм урохьэл1э.
11) Фразеологизм. Зэк1эщ1эпч мыхъу псалъэ зэпхауэ мыхьэнэк1э зы псалъэм пэхъухэм сытыт дызэреджэр?
Л1ыгъэм зегъэхьын-зызэте1ыгъэн, зыхуэгъэшэчын, зыубыдын.
Игу хэщ1у-нэщхъейуэ, зыгуэрым иригузавэу, гукъыдэж имы1эу.
Сигу къихьащ-сигу къэк1ащ, акъылыр гупсысэ гуэрхэм хуэк1уащ.
12) Фразеологическэ псалъалъэр егъэлъэгъун.
Гум теухуа фразеологизмхэм къахуеджэн, къазэрыгуры1уэр жегъэ1эн, егъэтхын:
Гур дахэ хуэщ1ын – едэхэщ1эн, псалъэ гуапэ же1эн, ф1ык1э гъэгугъэн
Гу жан – нэжэгужэ, гукъыдэж зи1э
Гу къабзэ – хьэрэмыгъэншэ, зигу 1ей имылъ
Гу мыгъуэ – гущ1эгъу зыхэлъ
Гу пц1анэ – хьэлэл, хьэрэмыгъэ зыхэмылъ
Гу щыхуэн – зыгуэрым зыщыгъэнщ1ын
Гу 1ув – гущ1эгъу зыхэмылъ, нэгъуэщ1ым и гукъеуэ зыхэзмыщ1э
Гум дэгъэхуэн – зыхуэгъэшэчын
Гум игъэфыхьын – зыгуэр бзыщ1ын, щэху хъумэн
Гум къипсэлъык1ын – нэгъуэщ1ыр зэгупсысыр, жи1эну зыхуейр жы1эн
Гум тегъуэлъхьэн – гъэбэмп1эн
Гур дзапэк1э 1ыгъын – шынэн, гузэвэн
Гур зэк1эрыпщ1эн – ф1ыуэ зэрылъагъун
Гур итхъэкъун – дихьэхын, зы1эпишэн
13. Адыгэбзэм езым еиж (исконнэ) псалъэхэмрэ къилъэпкъэгъу бзэхэмрэ зэдайхэр (гу, мэз, псы, уэс, адэ, махуэ, дыгъэ, мазэ, дадэ, нэгу, псэун, жы1эн, къэк1ын, щ1эн, шэн, къабзэ, л1ыгъэ, бгы, зы н.)
14. Гъэщ1эрэщ1ауэ (образнэу) гупсысэр къэзы1уатэ псалъэ зэпхахэри хэтщ мы хъыбарым. Псалъэ шэрыуэхэр къыхэджык1ын. Дауэ къывгуры1уэрэ ахэр?
а) Банэ и п1э банэ къок1эж – адэ-анэхэм я хьэл, я дуней тетык1эм я
бынхэр ещхь мэхъуж.
б) Драхьеймэ, мэгъущ1э, кърахьэхмэ, мэщ1ытэ – гулъытэ хэ1этык1а
хуащ1, хуосакъ
в) Набдзэ зытелъым я нэхъ къабзэ – дахэ дыдэ,
г) Джэдык1э щызебгъэжэну губгъуэжь тафэщ – джафэ, зи щыгур зэхуэдэ.
Псалъэ шэрыуэхэри бзэр къулей, 1эк1уэлъак1уэ зыщ1 1эмалщ, акъыл жан,1ущагъышхуэ яхэлъу.Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр ц1ыхум и бзэр нэхъ 1упщ1, щ1эщыгъуэ, гукъинэ щ1ынырщ . Ахэр щыхьэт тохъуэ ц1ыхубэм я бзэр зэрыкъулейм, ар къэзыгъэсэбэп ц1ыхур зэрыжьэнахуэм.
15. Нэгъуэщ1ыбзэхэм я сэбэпк1э адыгэбзэм псалъэщ1э къыхыхьэныр сытым къыхэк1ауэ п1эрэ? Сыт хуэдэ бзэхэм щыщ псалъэ нэхъыбэ ди бзэм къищта?
(Адыгэхэр нэгъуэщ1 лъэпкъхэм 1уэхугъуэ куэдк1э ( сату, политикэ, экономикэ, культурэ.наукэ) пыщ1ауэ къек1уэк1ащ. Апхуэдэу къыхыхьа хъуащ тыркубзэм, тэтэрыбзэм, хьэрыпыбзэм, ираныбзэм, урысыбзэм щыщ псалъэ куэд) Апхуэдэ псалъэхэр дауэ къыхэдгъэк1ыфыну текстым?
Ахэр къыхэгъуэтэн (пащтыхь,фирхьэун, жэуап,1ыхьлы,хъыбар,дуней,
щомыщ,сабыр)
16. Лексикэр джыным сыт хуэдэ мыхьэнэ и1эу къывгуры1уа?
Бзэм зегъэужьынымк1э лексикэм хыхьэ дэтхэнэ зы темэми и мыхьэнэр мылъытэщ. Адыгэбзэм щызек1уэ псалъэхэр джыным, я къэгъэсэбэпык1эхэр тэмэму щытыным хуэфащэ пщ1э и1эн хуейщ.
17. Псалъэухар синтаксис и лъэныкъуэк1э зэпкърыхын.
Мэз бжэнхэм щыхьхэм уэсылъэ бгыщхьэм къыщак1ухь къуршыбгъэхэр щохуарзэ. 4
Псалъэухар зэхэлъщ, зэхэлъ-зэгъусэщ, япэ 1ыхьэр-Мэз бжэнхэм, щыхьхэм уэсылъэ бгыщхьэм къыщак1ухь , ет1уанэр- къуршыбгъэхэр щохуарзэ. Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэм и 1ыхьэхэр союзыншэу зэпхащ, ахэр запятойк1э зэпэщ1эхащ. Япэ псалъэухар пкъыгъуэ нэхъыщхьит1ри зыхэтщ, Псалъэухам и пкъыр къыщак1ухь(глагол-сказуемэ къызэрык1уэщ,лъэ1эсщ), бжэнхэм, щыхьхэм(подлежащэ зэлъэпкъэгъухэщ, эрг. падежым итхэщ) ,убгъуащ,зэра1уатэщ. Бжэн(сыт хуэдэхэм?)-мэз-зи определенэм емык1у определенэщ.Къыщак1ухь (дэнэ?)-бгыщхьэм-щ1ып1э обстоятельствэщ. Бгыщхьэ(сыт хуэдэм?)-уэсылъэ,зи определенэм ек1у определенэщ. Ет1уанэ 1ыхьэр пкъыгъуэ нэхъыщхьит1ри зи1эщ, мыубгъуащ,именительнэ гъэпсык1э зи1эщ. Зэра1уатэщ. Псалъэухам и пкъыр щохуарзэ(глагол-сказуемэ къызэрык1уэщ,лъэмы1эсщ), къуршыбгъэхэр (подлежащэщ, им. падежым итщ)
а) къыщак1ухь 2 щохуарзэ 2
б) щыхьхэм къыщак1ухь 5 мэз бжэнхэм 5
в) бгыщхьэм – щхьэм сыт хуэдэ мыхьэнэ и1э? (лъагап1э)
Нэгъуэщ1 сыт хуэдэ мыхьэнэ и1энк1э хъуну? ( Ар мыхьэнэ куэд зи1э псалъэщ)
- 1эпкълъэпкъым щыщ 1ыхьэ
- лъабжьэ ( бжьыныщхьэ,бжьыныхущхъэ)
- щ1эдзап1э (псыщхьэ)
- езы (и щхьэ закъуэ)
- ик1утап1э, ик1ап1э (къэпыщхьэ,чеищхьэ)
- зэубыдыл1а щ1а (щэк1ыщхьэ, ахъшащхьэ)
18. Нагъыщэхэр гъэувын, схемэ щ1ын.
а) Сыт ущ1энэщхъейр Къызже1э мэлъа1уэ пащтыхь щауэр игу хэщ1у.
б) Псалъэ занщ1эмрэ авторым и псалъэмрэ здэщытыр хъуэжын, нагъыщэ гъэувык1эхэр жы1эн. Иджы сыт хуэдэ схемэ щ1ын хуей?
Пащтыхь щ1алэр, игу хэщ1у, мэлъа1уэ : «Сыт ущ1энэщхъейр?Къызже1э!»
в) Псалъэ занщ1эр зэпыудын. Сыт хуэдэ теплъэ и1э хъуну псалъэухам? ( «Сыт ущ1энэщхъейр? – мэлъа1уэ пащтыхь щ1алэр, игу хэщ1у. – Къызже1э!»
г) Псалъэ занщ1эр косвеннэ щ1ын.
Пащтыхь щ1алэр, игу хэщ1у, мэлъа1уэ щ1энэщхъейр къыжри1эну.
Щ1энэщхъейр жригъэ1эну пащтыхь щ1алэр йолъэ1у, игу хэщ1у.
Игу хэщ1у пащтыхь щ1алэр йолъэ1у щ1энэщхъейр жригъэ1эну.
19. Урокым къыщапщытэжахэр къызэщ1экъуэжын.
Вывод: псалъэ зэхуэмыдэ нэхъыбэ зыщ1э ц1ыхум и бзэри нэхъ къулейщ.шэрыуэщ, дахэщ, а бзэ зэрыпсалъэр нэхъ тыншуи къегъэсэбэпыф. Гулъытэ нэхъыбэ хуэтщ1ын хуейщ тщ1э псалъэ бжыгъэм хэгъэхъуэным, тэмэму, къыщезэгъым деж къыщыдгъэсэбэпыфу адыгэбзэр щытыным. Адыгэбзэр зэрыкъулейм, зэрыдахэм нэгъуэщ1 лъэпкъ л1ы ц1эры1уэхэр тетхыхьащ.
Куэд зыхыбощ1э
А бзэм ( адыгэбзэм) и макъхэр апхуэдизк1э телъыджэщ, зэмыфэгъущи, жьыбгъэр зэрыфийр, пщ1ащэр зэрыщхъыщхъыр, псы уэрым и дайщыр, щ1ыр зэрыбауэр, псым хэлъ мывэджейхэр зэрызэнт1э1ур, гур къызэреуэр, бзур зэрыбзэрабзэр зыхыбощ1э, абы ирипсалъэу щызэхэпхк1э. Ар щыхьэт зытехъуэр зыщ: адыгэбзэр хуэщ1ащ дунейм и къэхъугъэ псори кърип1уэтэным. (урыс щ1эныгъэл1 Николай Трубецкой, 1827 гъ.)
Шэрыуэ ик1и гухэхъуэ
Абхъаз-адыгэбзэхэм я гуащ1эр, я дахагъыр хыболъагъуэ а бзэм хэлъ зы гъэщ1эгъуэныгъэм: гупсысэр кърип1уэтэну гъуэзэджэу, урипсэлъэну шэрыуэу, уригушы1эну гъхэхъуэу, хъуэхъу ирип1уэтэну хуэдэ зэрыщымы1эмк1э.( Шинкубэ Б, Абхъазым и ц1ыхубэ усак1уэ, КъБР и ц1ыхубэ тхак1уэ, 1983 гъ.
20. К р о с с в о р д
| | | | | | | 1.а | н | т | о | н | и | м | |
| | | | | | | 2.д | и | а | л | е | к | т |
| 3.п | ы | ч | ы | гъу | э | |
4.м | о | р | ф | о | л | о | г | и | е | |
| 5.л | е | к | с | и | к | э | |
| 6.у | р | ы | с | ы | б | з | э | |
| | | | 7.ф | р | а | з | е | о | л | о | г | и | е |
| | | 8.п | с | а | лъ | э | |
Е к 1 у э к 1 ы у
1. Мыхьэнэ зэпэщ1эуэ зи1э псалъэхэр
2. Псоми къагъэсэбэп псалъэхэм нэмыщ1, щ1ып1э гуэрым щызек1уэ псалъэ
( мастэкъуаншэ – к1эмастэ)
3. Макъзешэу хэтым елъытауэ псалъэр зэрызэпаудыр.
4. Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр, абыхэм я1энк1э хъу грамматическэ мыхьэнэмрэ
ахэр къызэрагъэлъагъуэ формэхэмрэ зыдж щ1эныгъэ
5. Бзэр зэрызэхэт псалъэхэр, абыхэм я къыхыхьэк1амрэ я къэгъэсэбэпы-
к1эмрэ зыджыр
6. Ди къэралым ис ц1ыхухэр нэхъыбэу зэрызэгуры1уэ бзэ.
7. Зы псалъэм пэхъуу зэк1эщ1эпч мыхъу псалъэ зэпхахэр зыджыр
( П.п. Уазэрэ бзууэ гъуат – уэдт.)
8. Мыхьэнэ къэзы1уатэ 1ыхьэ нэхъыщхьэу бзэм хэтыр.
Псалъэхэр тэмэму итха хъуамэ, къехыу укъеджэфынущ
«А д ы г э б з э» псалъэм
Урокыр хъуэхъук1э зэхуэтщ1ыжынщ
Ирепсэу адыгэр: и бзэр бзэрабзэу,
И хабзэр дахэу, и щ1ылъэр щ1эращ1эу,
И щ1эблэр еф1ак1уэу,
1утыр адыгэпсэу, 1урылъыр адыгэбзэу!!!
Унэ лэжьыгъэ: 1 гуп:Сочиненэ щытык1э и1эу изложенэ мыин тхын.
2 гуп « Пщащэм и хъуэпсап1эр къехъул1эну п1эрэ?»- гупсысэм зегъэужьын.