Джэгу 1эмал зыхэт адыгэбзэ урокым и план – конспект.
Темэр: Псалъэуха.
Мурадхэр: 1. Псалъэухам теухуауэ яджар къызэщ1экъуэжын.
2. Пэжырытхэм елэжьын.Езыр –езыру, гупу лэжьэнымк1э я1э есэныгъэм хэгъэхъуэн
3. Гупсысэ зэк1элъыхьам, бзэм зиужьыным елэжьын.
Къехьэл1ахэр: сурэтхэр, опорнэ карточкэхэр, ИКТ.
Урокыр зэрек1уэк1ынур.
Урокыр зытеухуар, абы и мурадхэр яже1эн.
Дэ нобэ ди1эну урокыр иджыри къэс дызэреджа щапхъэм теткъым. Урок – зэпеуэ ди1ащ, дыджэгуащ, ауэ нобэ дызэхэтыну 1уэхум хуэдэ иджыри дыхэтакъым. Урокым дэ щедгъэбыдыл1жынущ дызэджахэм щыщ. Ди темэм фэ езыр фыхуэк1уэн хуейуэ аращ. Адыгэбзэмделэжьк1эрэ дэ мы урокым къыщытпщытэжынущ литературэм дызэджа хъыбархэм щыщи. Аращи псомк1и дыхьэзырщ урокым щ1эддзэну:
(Слайд 1) Умыгъ, Сэтэней дахэ! Си псэр пытмэ, а Иныжь нэ закъуэм укъы1эщ1эсхынщ. Уэ къысхуэщ1э абы и шы Къарэ лъакъуищыр къыздрихар…
Къэфщ1ауэ п1эрэ мы псалъэхэр зыхэта нарт хъыбарыр? (Къарэ лъакъуищ.)
Фигу къэвгъэк1ыжыт а хъыбарыр зытепсэлъыхьыр, къыщыхъу 1уэхугъуэхэр.
Иджы а иныжь нэ закъуэм Сатэней дахэр нартхэм зэры1эщ1ихам хуэдэу дэри тф1игъэпщк1уащ зы псалъэ. А псалъэр пыщ1ащ дызэджа псоми. Урокым дыщылажьэк1и куэдрэ ди жьэм къыжьдэхуэнущ а псалъэр арауи дымыщ1эу, ауэ сыт хуэдэ гугъуехь дэ Иныжьым къытпимыгъэувами, сыт хуэдэ 1эмалхэр абы къимыгупсысами, дэ абы дытек1уэу, ди щ1эныгъэр тек1уэу а псалъэр къытедмыхыжу хъунукъым. Л1ыгъур и псэм зэремыблэжам ещхьу дэри дегугъунщ а Иныжь нэ закъуэм дытек1уэну.
(Слайд 2) Хэт нэгъуэщ1у жи1эфын- ди псэ деблэжынкъым ( тлъэк1 къэдгъэнэнкъым) Л1ыгъур зэпича гугъуехьхэм ещхьу дэри зэпытчын хуейщ гъуэгущхьиьл жыхуа1эр. А гъуэгухэм дэ къыщытпоплъэ Иныжьыр, дыблимыгъэк1ын щхьэк1э и упщ1эхэмрэ и 1эмалхэмрэ игъэхьэзырауэ. Ар зыщышынэу и псэр зыхэлъыр дэ ди щ1эныгъэмрэ ди гупсысэк1эмрэщ, абы дэ дызэрытек1уэфынур 1эщэк1экъым, ат1э акъылк1эщ. Аращи бэнэныгъэм щ1ыдодзэ.
- Хъыбарыр къызэрыщ1идзэ щ1ык1эр? (Уэсят)
- Дауэ игъэзащ1эрэ Л1ыгъур уэсятхэр?
- Сыт хуэдэ мурад ищ1рэ Л1ыгъур?
3. (Слайд 3) Япэ гъуэгум дыблэк1ын папщ1э псалъэухахэр зыхуэдэр къэхутэн, дэгъэхуа хьэрфхэр дэгъэувэжын и к1эм щытын хуей нагъыщэхэр гъэувыжын:
Сэ сыл1а и.ужьк1э ж.щищк1э шууищ къэджэнущи, уи шыпхъуищыр з. рызу ет (Хуэзыгъэуш ).
Ж. щищым Л1ыгъу.р и(шыпхъуищыр) къ.джахэм я.ритащ (Зэр1уатэ)
Дэнэ щы1э и.джы си(шыпхъухэр) (Зэрыупщ1э)
Е1 сэ сызылъыхъуэу схуэмыгъуэтыр аркъэ (Хэ1этык1а)
Ещанэ шыпхъум деж сыт хуэдэ хъыбар къыщищ1эр ( Сэтэней дахэр Иныжь нэ закъуэм зэридыгъуар) нарт Хэкум емык1у къылъысати Л1ыгъур къимык1уэту ежьащ
- Сыт хуэдэ псалъэжь фигу къигъэк1ыжа Л1ыгъур и мурадым?
(Слайд 4 ) Хэкум емык1у къылъысмэ, псэемыблэжу къыщыж.
Ди япэ лэжьыгъэм дыпэлъэщу япэ гъуэгущхьэм дыщыблэк1ак1э Л1ыгъур дыбгъуроувэри док1уэ Иныжь нэ закъуэм и хэщ1ап1эм.
- Сытк1э къэухъуреихьат Иныжьыр щыпсэур?
- Мывэ сэрейк1э.
- Сыт хуэдэ 1эмалк1э дыхьа абы Л1ыгъур?
- Аркъэныр ф1игъанэри зэпрылъащ.
4. Л1ыгъур зыкъык1эрыдгъэху хъунукъым, зэрыжыт1ащи дэ 1эмалу ди1эр ди щ1эныгъэмрэ ди акъылымрэщ. Иныжьым и куэбжэр тхузэ1ухын папщ1э мыпхуэдэ лэжьыгъэ дгъэзэщ1эн хуейщ (Куэбжэ сурэт ет1уанэ гъуэгущхьэ)
(Слайд 5) Дэгъэхуа хьэрфхэр дэгъэувэжын:
И.ныжьыр къ.сыжащ, еф.щ- ешх.ри гъуэлъ.ри жеящ. Л1ыгъур Сэтэней дахэр къ.дих.ри и шып.л1эм дэс.у къежь.жащ. И.ныжьыр шэщым щ1эх.у к1уэри и(шы) Къарэ лъ.къуищым еу.п.щ1ащ. (Орфограммэхэр къыжа1э.)
2. Карточкэхэмк1э:
а) дэгъэхуа хьэрфхэр дэгъэувэжын; къызытек1а псалъэхэр пытхэн:
У.нэгу –
Къ.руушхуэ- словарнэ псалъэ
Ун.фэщ1-
М.зышхуэ-
У.фэгу-
Ж.щыбг-
б) Макъ зэпэщ1эх ы-р.
Сакъ.у, плъыр.у, жэщ.у, тхьэкумит1.у, ущылъ.у.
Лэжьыгъэм дыпэлъэщащ, ауэ сэрей 1унк1ыбзэр зэ1ук1акъым. Къуажэхьыр къэтщ1акъыми араи.
(Слайд 6) Ди унэ бжэ1упэм хьэ къарэ ц1ык1у 1усщ, ик1и мыдзакъэ, ик1и ущ1имыгъэхьэ (!унк1ыбзэ)
Сэрей 1унк1ыбзэр тхузэ1ухащ (Сурэт). (Слайд 7)
Абы иужь дитыху Л1ыгъур сыт хуэдэ 1уэхухэр зэф1игъэк1ауэ п1эрэ? (Л1ыгъур Нэжьгъущ1ыдзэм и хэщ1ап1эр къызэрищ1ар).
5. Аращи Нэжьгъущ1ыдзэ и хэщ1ап1эр къилъыхъуэну Л1ыгъур ежьащ. Гъуэгум ар здытетым зыхуэзахэм дытевгъэпсэлъыхьыт. Дэри сэбэп дахуэвгъэхъут абыхэм(ещанэ гъуэгущхьэ)
(Слайд 8) Нагъыщэхэр гъэувыжын, псалъэухам и пкъыгъуэк1э зэпкърыхын. Мыубгъуахэр убгъуа щ1ын (Тхыгъэк1э гъэзэщ1эн)
Л1ыгъур къриудыхащ. Л1ыгъур бгъэ ф1ыц1эжьыр къриудыхащ.
Аргъеижьыр телът. Аргъеижьыр ныджэм п1эт1ауэу телът.
Л1ыгъур къыдишыжащ. Л1ыгъур дыгъужьыр къуэм къыдишыжащ.
Л1ыгъур къыдэ1эпыкъуащ дыгъужьыр, аргъеижьыр, бгъащхъуэр.
Сыт хуэдэ псалъэжьхэр дигу къагъэк1ыжрэ иужь псалъэухам?
(Слайд 9) - Бгыр 1эмалк1э якъутэ
- Акъылым уасэ и1экъым
- Ф1ы защ1ар щ1егъуэжыркъым
Абы ещхьу Л1ыгъур сэбэп зыхуэхъуахэр къыдэ1эпыкъужащ. Къарэ лъакъуипл1ри Нэжьгъущ1ыдзэм къритри къежьэжащ.
6. Ар къызэры1эрыхьам теухуащ ди къык1элъык1уэ гъуэгущхьэри (епл1анэ гъуэгу)
(Слайд 10) Псалъэ зэхэдзахэм псалъэуха къыхэщ1ык1ын.
Щ1эфыжащ, шыщ1эм, дыдэуи, игъэзэжри, анэм, и, щ1эх,зэ, къэсыжащ.
(Шыщ1эм игъэзэжри и анэм зэ щ1эфыжащ, щ1эх дыдэуи къэсыжащ).
7. Лэжьыгъэр щыдгъэзэщ1ак1э Сэтэней дахэ деж зэрыдгъэзэжын гъуэгу ди1эщ. Л1ыгъур Сэтэней дахэр къызэрыригъэлыным иужь итынщ, дэ ди псалъэ к1уэдар къэтлъыхъуэжынщ. Иныжьым аргуэру лэжьыгъэ къытхуегъэув.(Етхуанэ гъуэгу)
(Слайд 11) Нагъыщэхэр гъэувыжын, схемэк1э къэгъэлъэгъуэн.
Нак1уэ Сэтэней дахэ иныжьыр къытлъэщ1ыхьэмэ си 1уэхщ иджы. Иныжь нэ закъуэ щ1эхыу къэтэдж! Щхьэ сумыгъэзагъэрэ л1ыгъур?
……… ,О, ……
О, ………
………., О
8. Ди щ1эныгъэмрэ ди акъылымрэ къэдгъэсэбэпк1эрэ тхузэфэк1ащ Сэтэней дахэр Л1ыгъур кърихьэжьэжыну, дэри ди псалъэр къетхьэжьэжыну. Иныжьым зыкъиткъым, Къарэ лъакъуищым шэсри къытк1элъыпхъэращ. Иджы гъуэгум дыщытек1уэн папщ1э къытхуэнэжар зы мащ1эщ.(Еханэ гъуэгу) (Слайд 12)
Псалъэ занщ1эм щагъэув нэгъыщэхэр пэжу гъэувыжын.(Карточкэм щыгъэлэжьэн. Псалъэухаит1ми схемэ хуэщ1ын)
Псибл пхэтми, зы псэ къыпхэзнэнкъым жи1ащ Иныжьым.
Къарэ лъакъуищыр лъакъуипл1ым к1элъыджащ зы анэм дыкъилъхуащ сынолъэ1у, сызык1эщ1эгъхьэ, абы ф1эк1мэ, сеук1ыпэ мыбы.
9. Ди щ1эныгъэр, ди акъылыр, ди 1эмалхэр тек1уащ. Иныжьым тф1игъэпщк1уари къытетхыжыфыну 1эмал дгъуэтащ. Ар сыт хуэдэ псалъэми къызэрытщ1энур ебланэ гъуэгущхьэ дыкъыздэсыжам къыщыпэува лэжьыгъэрщ. (Слайд 13)
Нэдывгъэсыжыт къегъэжьар:
Зэра1уатэ, зэрыупщ1э, хуэзыгъэуш,хэ1этык1а………. .
………… и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр.
………… и пкъыгъуэ ет1уанэхэр.
Зэрызыхуагъазэ псалъэ зыхэт ……….
Пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъу зыхэт ………….. .
……………. Къызэрык1уэ, ……………зэхэлъ.
Псалъэ занщ1э зыхэт ………….. .
. Псоми зэхуэдэу мы къэдыпщытэжахэм сыт хуэдэ псалъэ яхэтыр? ПСАЛЪЭУХА
Гъуэгущхьиблыр зэпытчу Иныжьым и хэщ1ап1эм къыщытлъыхъуэжари аращ.
(Слайд 14) Сыт хуэдэ мурадхэр дгъэзэщ1а? (1уэры1уатэм дылъы1эсащ, пэжырытхым делэжьащ, ди бзэр зэрызиужьыным дыхущ1экъуащ………)
Урокыр къызэщ1экъуэжын, ц1ык1ухэм оценк1э хуэгъэувын
(Слайд 15) Унэ лэжьыгъэ етын : «Акъылым уасэ и1экъым» сочиненэ гъэк1эщ1а.
Диалог зыхэгэувэн:Урок ек1уэк1амк1э мамэ сыдогуашэ.