СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Внеклассное мероприятие "Адыгагъэ"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Внеклассное мероприятие "Адыгагъэ"»

Фыкъеблагъэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ!

Сэлам гуапэ фыдох!

Еджак1уэ-(Нэхъыф1ыжу!)

Нобэ мы гъатхэ махуэ дахэм хуэдэу ди урокыр дахэу, дызэхуэгуф1эу, дызэдэ1уэжу едгъэк1уэк1ынщ. Псори фызэплъи фызэхуэгуф1э.

Нт1э, ц1ык1ухэ, унэ лэжьыгъэу ди1ащ- «Ц1ыхугъэм адыгагъэм и мыхьэнэм» дытепсэлъыхьыну.

Хэт къеджэжын итхам?

Егъэджак1уэм: Ц1ыхугъэмрэ адыгагъэмрэ адыгэм зы мыхьэнэ зи1э псалъэу къещтэ.

«Адыгагъэ» жи1эмэ «ц1ыхугъэ» жи1эу аращ.

Адыгагъэм къызэщ1еубыдэ мы щэнхэр.



Адыгагъэ

Нэмыс, акъыл, л1ыгъэ, напэ

Ц1ык1ухэ, фэ дауэ къызэрывгуры1уэрэ мы псалъэхэм я мыхьэнэр?

Мы псалъэхэр хэту псалъэжьхэри къэдвгъэхьыт.

Еджак1уэхэр:

1.Нэмыс- ц1ыхум хэлъын хуей щыпкъагъэхэр къызэщ1эзыубыдэ псалъэ.

«Нэмыс здэщымы1эм насып щы1экъым» (псалъэжь)





2.Акъыл- Ц1ыхум гупсысэну 1эмал къезыт зэф1эк1.

«Акъыл зи1эм щэн и1эщ» (псалъэжь)





3. Л1ыгъэ-Хахуагъэ, л1ыхъужьыгъэ.

«Л1ыгъэр 1ыхьэ мыгуэшщ» (же1э псалъэжьым)



4.Напэ-Ц1ыхум и дуней тетык1эр къызэрипщытэж гурыщ1э







Ц1ыхугъэм мы щэнхэр къызэщ1еубыдэ

Ц1ыхугъэ



Хьэтыр ,псапэ, гущ1эгъу ,гулъытэ, гукъэк1, ф1ыщ1э.



И1эт-т1э мы псалъэхэм я мыхьэнэр къызэрывгуры1уэр жыдвгъэ1э.





Еджак1уэхэм:

Хьэтыр-1уэхутхьэбзэ жи1эу арщ.



Псапэ-Зыгуэрым гущ1эгъу хуэпщ1ыну, удэ1эпыкъуэну ухуезыджэ гурыщ1э, апхуэдэ гурыщ1эм къыхэк1 гущ1эгъу, дэ1эпыкъуныгъэ.

Гущ1эгъу-Зыгуэр пф1эгуэныхь зэрыхъумкъыуит гурыщ1э, апхуэдэ гурыщ1эм уигъэлэжь 1уэху



Гулъытэ–Гулъытэ и1эн, ц1ыхум гулъытэ хуэщ1ын.





Гукъэк1-Щхьэм къихьа гупсысэ, ц1ыхум гукъэк1 и1эн хуейщ



Ф1ыщ1э-1уэху е псалъэ гуапэм и жэуап гурыщ1э.



Егъэджак1уэ:

Ц1ыхугъэм и закъуэ къапщтэмэ, дэтхэнэ зыми 1эмал имы1эу хэлъын хуейуэ къегъэув.

Щ1ыхь-И лэжьыгъэм, и дуней тетык1эф1ым пэк1уэу зыгуэрым ирах лъап1эныгъэ, пщ1э.

Пщ1э-Ц1ыхум пщ1э зыхуебгъэщ1ыфу уэри хуэпщ1ыжыфу ущытын хуейщ.

Захуагъэ-Хей, къуаншагъэ зымылэжь, бзаджагъэ зезымыхьэ.



Ук1ытэ-Емык1у зыпылъ щ1эным щымыхъэшэныгъэ, зыщыдзеиныгъэ.



Шынэ-Шынагъуэ, гужьеигъуэзыпэплъэм, къыщхьэщыхьэм къыхэк1ыу ц1ыхум ( е псэущхьэгуэрым) зыхищ1э гурыщ1э.

Зэгуэрым философ ц1эры1уэ Диаген еупщ1ат и лъэпкъэгъухэр (афинхэр)

-Сыт узылъыхъуэрмахуэм маф1э нэхук1э?

Ц1ыху солъыхъуэ-къитащ абы жэуап.

-Хэтузылъыхъуэр? Сэра? Мор ара?

-Сэ ц1ыху солъыхъуэжи1ащ аргуэруДиаген.

«Ц1ыхур куэд мэхъу, ауэ абыхэм ц1ыху къахэбгъуэтэну гугъущ»-жи1ауэ къа1уэтэж Алыдж щ1эныгъэл1 Сократ.

«Ц1ыху» жи1эмэ, зи псэ, зи акъылыр нэху жи1эу аращ.

-Къызэрыщ1эк1ымк1э, ц1ыхугъэр адыгэхэм я закъуэкъым зыгъэлъап1эр, ат1э нэгъуэщ1культурэми ягъэлъап1э.



Ц1ыхум и бзэр дахэу, шэрыуэу щытын хуейщ. Дахэу, ек1уу, щыуагъэншэу упсэлъэфын, утхэфын щхьэк1э уи бзэр къулейуэ щытын хуейм и мызакъуэу, псалъэухари жы1эгъуэхэри бухуэфу щытын хуейщ.

(доскам къытрегъэдзэн ,къахуеджэнэ пиграфым)



Нт1э,ц1ык1ухэ,псалъэухахэм дыкъеджэурэ къыхэгъэща псалъэхэм упщ1э хуэвгъэувыт.

  1. Тхылъыр куууэ хыхьащ цIыхубэ гъащIэм.

2.Урыс тхакIуэшхуэ-критик Белинский Виссарион жиIэгъащ:

Тхылъыр ди зэманым и гъащIэщ.

  1. Абы хуей мэхъу жьыри щIэри, Iуэхуншэри Iуэхушхуэ зи куэдри.

  2. Хэт литературэ емыджэми ,зэманыр зэригъэкIуэн къыхуэмыгъуэту , хьэулейуэ, къуейщIейуэ ар уэрамым дэтщ.

  3. Тхылъ куэд еджэм ери фIыри нэхъпсынщIэу зэхещIыкI, цIыхухэм нэхъ тыншу ягуроIуэ ,ядолажьэ , ядопсэу.

  4. Хэт тхылъыр фIыуэилъагъуми , щIэныгъэфI бгъэдэлъми, ар гулъытэншэ цIыхубэм ищIыркъым.

  5. Апхуэдэхэр адэ-анэкIи , щхьэгъусэкIи , бынкIи , ныбжьэгъукIи нэхъ хьэлэл мэхъу.

  6. Тхылъыр зи Iэпэгъум дэнэкIэ зигъазэми абы и гъащIэр убзыхуащ, нэхущ, дахэщ.



Нт1э, ц1ык1ухэ, тхылъым и мыхьэнэр и сэбэпагъыр хэт къыджи1эн?





Нт1э, ц1ык1ухэ, къыхэгъэща псалъэхэм сыт хуэдэ упщ1э яхуэуврэ, Сыт къагъэлъагъуэр? Сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэм хиубыдэрэ?

Нт1э, хэт къыджи1эн сыт хуэдэ темэм ехьэл1ауэ щытыну нобэрей ди урокыр?

(Нобэрей ди урокыр зытеухуар щы1эц1эрщ) 7 слайд

Щы1эц1эр зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэщ. Щы1эц1эм предмет къегъэлъагъуэ. Хэт? Сыт? Упщ1эм жэуап хуохъу. Щы1эц1эхэр еугуэш унейхэмрэ зэдайхэмрэ. Ц1э унеймхохьэ:

  1. Ц1эр,унэц1эр, адэц1эр.

  2. Псэущхьэхэм зэреджэр

  3. Псысэ литературнэ персонажхэм

  4. Географическэ е астрономическэ ф1эщыгъэц1эхэр


Псоми зэхуэдэу я1э предмехэм, хьэрф ц1ык1ук1э ятххэм зэдайк1э йоджэ.

Щы1эц1эхэр закъуэ бжыгъэм итуи куэд бжыгъэм итуи къок1уэ щапхъэ еджак1уэ-еджак1уэхэр, партэ-партэхэр.


Щы1эц1эхэр гупит1у зэхэтхык1ын:

  1. Щы1эц1э унейхэр щхьэхуэу

  2. Щы1эц1э зэдайхэр щхьэхуэу



Сосрыкъуэ, шы, 1уащхьэмахуэ, тхылъ, Индыл, мы1эрысэ, машинэ, Шыхулъагъуэ, бажэ, газет,мажьэ, ручкэ, Бахъсэн, 1унк1ыбзэ.







Егъэджак1уэ:

1.Мыдрей щысхэми карточкэ фызотри щы1эц1эхэр дэгъэхуащи дывогъэувэж.



2.Гъатхэ махуэм дыгъэр къопс.



3.Мэкъумэшыщ1эхэм кърахьэл1эжащ гуэдзыр, нартыхур.



4.Къуалэбзухэр щ1ып1э хуабэм къолъэтэж.



5.Етхуанэ классым щ1эс еджак1уэхэр ф1ыуэ йоджэ.

















Адэк1э док1уэ, псалъэухахэм къа1уатэр зы псалъэк1э жыдвгъэ1э.

1.ВакIуэдэкIым кIэлъыджэ къаджэнаджэу къэзыкIухь.

2. ПщIэгъуалащхъуэ ,куафэ щхъуантIэ, кумбым йопкIэ къолъэтэж.

3. Тхыгъэм и деж макъ къызэрагъэлъагъуэ дамыгъэ.

4. Хьэгъэса, нарт Бэдынокъуэ щIыгъу хьэ.

5. Хывым къилъхуа шкIэ.

6. Хьэм дыгъужьым ещхь хьэкIэкхъуэкIэ лъэпкъ.

7. Былым Iэщышхуэ.

8. ХьэщIэр щрагъэблагъэ пэш хэха.

9. Таурыхъхэм хэт цIыху, хьэщхьэ фIэту, вы лъакъуэ пыту.

10. Хьэиуэ къызыпыкIэ жыг.



Мы доскам ифтха псалъэхэм сыт къагъэлъагъуэр?



Физминутка

Нт1э, ц1ык1ухэ, дешауэ къыщ1эк1ынщи т1эк1у зыдгъэпсэхунщ.

Хасэр гуащ1эу ныздек1уэк1ым

Сосрыкъуэ къэтэджащ

Хъуреягък1э зиплъыхьащ.

Жыжьэу зыгуэр къилъэгъуащ.

И щхьэр игъэсысащ.

И 1эхэр игъэдэлъащ

И п1эм илъэуджыхьащ.

Мис ит1анэ т1ысыжащ.



Словарнэ лэжьыгъэ дотх. Псалъэ зэпыщ1аит1ым хэт щы1эц1эхэр щ1этхъэн.

Лэныстэк1э бзэ. Бзэ 1эф1. Псалъэдахэ. Жьы хуабжь. Щак1уэ 1эзэ. Гу щабэ. Унэ щ1ын.Хугур зэхэдзын. Еджак1уэ жыджэр. Мэз щхъуант1э. Джэджьей ц1ык1у.Дохутыр 1эзэ. Щ1алэ хахуэ.

Иджыпсту доскам ит псалъэжьхэр зэф1эдывгъэуф1эж, зэдвгъэгъэзэхуэж.



Нэмыс здэщы1эм насыпи щы1эщ.

Зи псалъэ нахуэм и напэхужьщ.

Гукъэк1 зи1эм имы1э щы1экъым.

Псапэ зыщ1эм псапэкъехь.

Шынэ зи1эм ук1ытэ и1эщ.



Псалъэхэм псалъэуха къыхэтщ1ык1ынщ.

1.Ди, класс,щеджэ, еджак1уэ,адыгэбзэ, блын газет, къыдэгъэк1ын.

2. Сентябрь, мазэ,еджак1уэ,еджэн, щ1эдзэжын.

3. Нэхъыжьыр, лъап1э, хъунщ, гъэлъап1и, уи щхьэр.

4.Зи нэхъыжь, илъытэжкъым, и щхьэри, зымылъытэм.

5.Ди, библиотекэшхуэ, еджап1эм, и1эщ.



Щы1эц1эм сыт къигъэлъагъуэр?

Щы1эц1эм сыт хуэдэ упщ1э хуэуврэ?

Щы1эц1эр сытк1э зэхъуэк1а хъурэ?

Щы1эц1э унейхэмрэ зэдайхэмрэ дауэ зэщхьэщык1рэ?

Рефлексия

Нт1э, ц1ык1ухэ, урокыр фигу ирихьамэ удзыфэр къэф1эт.

Сэ къызгуры1уащ жызы1эм плъыжьыр къэф1эт.

Шэч къытесхьащ жызы1эм щ1ыхур къэф1эт.



Унэ лэжьыгъэр етын.

Псалъэухаитху литературэм къыхэфтхык1, щы1эц1эхэр зы екъуак1э щ1эфтхъэ.

Фыпсэу ц1ык1ухэ. Нобэ лэжьыгъэ хъарзынэ къефхьэл1ащ, хъарзынэу псори фыкъэздэлэжьащ.

Берычэт бесын, нобэ гугъу ехьа псоми.



Узыншэу фыщыт!