5 класс
1уэры1уатэ – дыщэ пхъуантэ
Мурад: ц1ыхубэ 1уэры1уатэм хыхьэхэр ягу къэгъэк1ыжын.Лъэпкъым дежк1э 1уэры1уатэм и мыхьэнэр зыхуэдизым гу лъегъэтэн.Лъэпкъым и хабзэри и нэмысри, и л1ыгъэри и ц1ыхугъэри, и гурыгъу-гурыщ1эхэри и 1уэхущ1афэхэри зыхъумар 1уэры1уатэрауэ зэрыщытыр я ф1эщ щ1ын. Щ1эблэр зыщ1ап1ык1ыу, зэрагъасэу, щытар 1уэры1уатэрауэ зэрыщытым ешэл1эн. Сабийхэм я бзэм зегъэужьын.
Езыгъэк1уэк1ым: Фыкъеблагъэ ди 1уэры1уатэ зэпеуэм! Ди адыгэ 1уэры1уатэр дыщэ к1анэщ, дыщэ к1анэ мыхъуу, дыщэ хъурейщ, дыщэ хъурейми къыщымынэу, дыщэ пхъуантэщ.
Фыкъеблагъэ ди «1уэры1уатэ- дыщэ пхъуантэм». Ди зэпеуэм хэтынущ гупит1- «Вагъуэ»-рэ «Дыгъэ»-рэ.
Зэпеуэм щ1эдмыдзэ щ1ык1э пхъэидзэ тщ1ынщ. Япэу утыку къихьэнур къэтщ1эн папщ1э гупхэм я л1ык1уэ зырыз къыхэтшынщи баш зэпэбж ящ1ынщ.
Къ ы з э р ы л э
Зэпеуэр ек1уэк1ын щхьэк1э гупит1у зыгуэшын хуейщ. Зыгъэгусэ къыхэмык1ын папщ1э , тхьэмадит1 хыдох. Джэгуну зи мурадхэр т1урыт1у зэры1уошхэри, къызэролэ, 1уок1хэри зэгуро1уэ. Тхьэмадэхэм деж къагъэзэжри жа1э: «Нэхъыжь къедэ-недэ?»
Тхьэмадэхэм: «Къедэр сыт?»
1 Алъпрэ шагъдийрэ
2. Къамышырэ сагъындакърэ
3. Фитонрэ тешанк1эрэ.
4. Акъылрэ мылъкурэ
5. Джатэ мыуэщхъурэ шынэ зымыщ1эрэ
6. Дыщэ 1элъынрэ дыщэ джэдрэ
7. Бзу кхъуейрэ аргъуей зэзрэ
Лъэпкъым и дежк1э 1уэры1уатэм и мыхьэнэр инщ. Аращ лъэпкъым и л1ыгъэри, и нэмысри, и хабзэри, и гурыгъу-гурыщ1эри, и 1уэхущ1афэхэри зыхъумар. Дяпэ ита нэхъыжьыф1хэм, бзэр зыдж щ1эныгъэл1-къэхутак1уэхэм я ф1ыгъэк1э 1уэры1уатэм и жанр псори ди нобэм къэсащ.
Къэдвгъэщ1эжыт,сыт 1уэры1уатэм хыхьэхэр?
(псысэ, таурыхъ, псалъэжь, къуажэхь, псынщ1эрыпсалъэ, нэщэнэ,щ1энэк1алъэ, уэрэдыжь, гъыбзэ, къебжэк1,нарт хъыбархэр, хъуэхъухэр)
Езыгъэк1уэк1ым: Гупхэр зэпэщ щыхъуак1э, ди зэпеуэм щ1ыдодзэ
Япэр теухуауэ щытынущ 1эпхъуамбэ джэгук1эм. Пасэм щыгъуэ сабийм хьэл-щэн дахэ къищтэным, нэмыс зыхилъхьэным нэмыщ1, гулъытэшхуэ хуащ1ырт абы и гупсысэк1эм, и губзыгъагъым зиужьыным. Абы щыгъуэми 1эмал зэмыл1эужьыгъуэхэр къагъэсэбэпырт, абы джэгук1эхэри хэту. 1эпхъуамбэхэм теухуа джэгук1э дагъэлъэгъунщ гупит1ым.
Б ж э к 1 э з ы д о г ъ а щ 1 э
Зы - щхьэзакъуэр насыпыншэщ
Т1у – нит1ыр зэрощ1э
Щы - адыгэ 1энэр лъакъуищщ
Пл1ы – шым и лъакъуипл1ыр узыншэмэ, к1уэк1э и1эщ
Тху - 1эпхъуамбитхур зэшхуэзэесщ
Хы - щырыщу т1ур хыщ ( щ1алэр илъэсихым дошэс)
Блы - Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ
И - вэрывийр зэдекъумэ, пхъэ1эщэр щ1аш
Бгъу - бгъур пщ1эмэ, зы къэтщ
Пщ1ы – пщ1ым нэс убжэмэ, зэк1э хъунщ.
Зы - Темыркъэзакъым и закъуэщ
Т1у – нит1ыр зэхуэмыдэмэ, мэплъэщхъу
Щы – 1энэр лъакъуищмэ, мэув
Пл1ы – жэм быдзипл1ыр зэхуэдэмэ, гъэшыф1эщ
Тху – 1эпхъуамбитхум лей яхэткъым
Хы – гъэрихым щэси ежьэж (гъэрих – илъэсих хъу шы)
Блы – л1эужьыр бжьиблк1э мауэ
И - вэрывийр зэгурымы1уэмэ, мэвэщхъу
Бгъу - бгъуэ егъапщи зэ пыупщ1
Пщ1ы – 1эпхъуамбипщ1ыр псомэ, узыншэщ.
Зы - Зыр мыгъуэ мэхъу!
т1у- Нит1ым ялъагъур щыпкъэщ
щы - 1энэр лъакъуищмэ, мэув.
пл1ы - Жэм быдзипл1ыр зэхуэдэмэ, шаф1эщ
тху- 1эпхъуамбитхум хамэ хэткъым.
Хы - Хым хэхуэр етхьэлэ.
Блы - Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ.
И – им гъущ1рэ пэт ешх.
Бгъу -
П с а л ъ э ж ь х э р
Адыгэ лъэпкъым и мащ1экъым мыхьэнэшхуэ зи1э, гъэсэныгъэ - ущииныгъэ ин зыхэлъ псалъэжь зэмыл1эужьыгъуэхэр. Ахэр нэхъ къызытехъук1 хабзэр ц1ыхум и нэгу щ1эк1а, езым гурэ псэк1э зыхищ1а 1уэхугъуэщ. Псалъэжьхэр зыхунэмысрэ зытемыпсэлъыхьрэ щы1экъым: лэжьыгъэ, социальнэ зэхуэмыдэныгъэ, ц1ыхум и дуней еплъык1э, хабзэ, ущииныгъэ, гъэсэныгъэ, щ1эныгъэ, бынунагъуэ, благъагъэ-ныбжьэгъугъэ, лъагъуныгъэ, н.къ.
Зы гупым ягъэхьэзыращ Хэкум теухуа псалъэжь, адрейм – хабзэ, нэмыс.
К ъ у а ж э х ь х э р
Къуажэхьхэр адыгэ 1уэры1уатэм и зы 1ыхьэщ, купщ1эщ. Ахэр ди лъэпкъым и губзыгъагъым, абы и1э акъыл жаным, псалъэ дахэ 1урылъам и 1эужьщ. Мы джэгук1эр апхуэдизк1э Къэбэрдейм щыц1эры1уэти, зы къуажэм ик1мэ, адрей къуажэм к1уэурэ зэпеуэу щытащ нэхъапэм. Къуажэхь куэд дыдэ зыщ1эри мащ1этэкъым. Апхуэдэхэм «къуажэхь ныбэк1э» еджэрт.
Пасэрейхэм щ1агъыбзэ куэдрэ къагъэсэбэпырт. Нарт хъыбархэм хэт Мэлэчыпхъу шыгъухьэ я гъунэгъум деж ягъэк1уат. Здэк1уам нарт гуп щ1эсу ирихьэл1ащ. Щ1эк1уар жи1эн ук1ытэри «1эф1ыр зыгъэдыдж, дыджыр зыгъэ1эф1» щхьэк1э к1уауэ яжре1э. Ар щ1эк1уар къызыгурымы1уа гуащэр ф1эк1а хэмылъу ирагъэк1ыжащ. Апхуэдэ къэмыхъун папщ1э си къуажэхьхэм фыкъеда1уэ, къафщ1э.
Ар мэда1уэ, ар мэ1ущ1э, джыди уади имы1ыгъ.
Лэжьак1уэжьу еш зымыщ1э, л1ыуэ пы1э зыщхьэрыгъщ( жыгыу1у)
Щхьэнтэ щ1ы1ум щыпырхъ, 1энэ щ1агъым щытхъэж (джэду)
Нат1эрыдз, лъапэрыдз, уеуэ пэтми мыдзыхэ.(топ)
Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыщ, шэм и хужьыр къызэрыж,
Жылэр зыгъэунэ, быныр зыгъэтхъэж( нартыху)
Щыгъын хыщ1 зыщыгъ, щыгъыну щыгъри щ1ы1уншэ, хэт ит1эщ1ми, егъагъ (бжьын)
Мэк1э 1эзэщи, хьэкъым, дамэ тетщи, бгъэкъым , гъуэ и1эщи, бажэкъым (ц1ыв)
Н э щ э н э х э р
Зэрыжыт1ащи, 1уэры1уатэм и зы л1эужьыгъуэщ адыгэ нэщэнэхэр. Ахэр гъащ1эм и 1уэхугъуэ куэдым лъо1эс, уеблэмэ ахэр здынэмыс щы1экъым. Нэщэнэхэм яхэтщ ц1ыху гъащ1эм теухуа, 1уэхугъуэ куэдым гу лъыдэзыгъатэ, ц1ыхухэм чэнджэщэгъурэ дэ1эпыкъуэгъурэ яхуэхъун хуэдэ ц1ыхубэм къыщ1эна 1ущыгъэхэр. Илъэс куэд лъандэрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ нэщэнэхэм мыхьэнэшхуэ я1эщ, дэтхэнэ ц1ыхури абы щыгъуазэу щытыным сэбэпынагъышхуэ къишэнут. Дунейм и щытык1энур къащ1эну ц1ыхухэр сытым дежи хущ1экъурт. Абык1э дэ1эпыкъуэгъу къахуэхъурт хьэк1экхъуэк1эхэм я щэнхэр, къэк1ыгъэхэм я щытык1эр. Ахэр зэбгъэщ1эн щхьэк1э икъук1э набдзэгубдзаплъэу ущытын хуейт.
Щ1ымахуэм и нэщэнэ ягъэунэхуахэр фэ вгъэхьэзырыну фи лэжьыгъащи, дедэ1уэнщ.
П с ы н щ 1 э р ы п с а л ъ э х э р
Псынщ1эрыпсалъэм езым и къалэн и1эжщ, абы дежк1э нэхъыщхьэр сабийм и бзэр къутэнырщ. Абы ириджэгуурэ, сабийр бзэм и макъхэм йосэ, ахэр къипсэлъыф, игъэшэрыуэф мэхъу. Псынщ1эрыпсалъэм, зэпадзыжурэ, сабийхэр ириджэгурт, к1уэрык1уэм тету езы сабийхэми балигъхэми щызэхалъхьэ щы1эт.
Псынщ1эрыпсалъэ нэхъыбэ зыщ1эм, нэхъ псынщ1эу жызы1эфым дызэхуеплъынщ.
Х ъ у э ж э
Хъуэжэ теухуа хъыбар куэд дыдэ щызок1уэ Азие Курытым, Кавказым, хьэрып къэралхэм. Ц1ыхубэм къыхэк1а л1ы 1ущыр псоми яйуэ жа1э. 2008 гъэм Тыркум шек1уэк1ащ Хъуэжэ къызэралъхурэ илъэс 800 зэрырикъуам теухуа дунейпсо фестиваль.
Л1ы 1ущ гушы1эрейм и мывэпкъ фэеплъ дэтщ Сиврихисар къалэм. Фэеплъ нэхъыщхьэр, дауи, Хъуэжэ теухуа хъыбархэрщ, гушы1эр куэду зыхэлъхэрщ, ц1ыхухэм я гукъыдэжыр къэзы1этхэрщ. Абы теухуауэ фильм зыбжанэ трахащ, 1994 гъэм къыдэк1ащ «Хъуэжэ и таурыхъищэ» тхылъ ц1ык1ур.
Дедэ1уэнщ Хъуэжэ и хъыбархэм.(Хъуэжэ и хъыбар къебгъажьэмэ, блы ирибгъэкъун хуейщ)
Ф щ 1 э у э п 1 э р э?
Адыгэ 1уэры1уатэм и ехъул1эныгъэ нэхъ ин дыдэр, и налкъутыр нарт эпосырщ.
Ди нарт эпосым хуэдэ зи1э лъэпкъыу дунейм тетыр зырызщ. Адыгэ лъэпкъыр зыщ1ап1ык1ар нарт эпосыращ. Абыхэм къыхощыж пасэрей адыгэхэм дахагъэу, ф1ыгъуэу,губзыгъагъэу, л1ыгъэу яхэлъар. Нарт хъыбархэм щыщ пычыгъуэхэр зыщыщыр къэщ1эн:
« …псынщ1эу хэхъуэрт. Зы мазэм хэхъуэнур зы махуэм хэхъуэрт. Ар мывэр и уэнщэкуу, уафэр и теп1эну, щтаучыр и 1усу къэхъурт. Къыдалъхуа сабийхэр гущэм щыхэлъым ар к1эн джэгум хыхьащ. Щыхь куц1рэ фо ц1ынэрэ зрагъэшх нарт сабийхэр къыщышынэрт».
Хэт зи гугъу ищ1ыр? Сыт хъыбарым зэреджэр? А л1ыхъужьым теухуауэ нэгъуэщ1 сыт хуэдэ хъыбар фщ1эрэ? ( «Сосрыкъуэ и джатэмрэ и щымрэ». «Сосрыкъуэ къызэралъхуар», «Сосрыкъуэ зэраук1ар». «Сосрыкъуэрэ Емынэжьрэ».»Сосрыкъуэ маф1э къызэрихьар»).
«Абы илъэгъуащ нарт къуажэхэм дэс ц1ыхухэр псори зы лъэныкъуэк1э шхын зэмыл1эужьыгъуэ куэд я1ыгъыу зэрык1уэр: зым мэл ишэрт, адрейм лы гъэгъуа, ещанэм фадэ иту кхъуэщын яхьхэрт. Псом нэхърэ нэхъ игъэщ1эгъуащ зы фыз тхьэмышк1э гуэрым фалъэм илъу шхын зэрихьыр»
Хэт ар зылъэгъуар? Гъэщ1эгъуэн къыщыхъуари сыт? Сыт хуэдэ хъыбар мыр зыщыщыр?( «Уэзырмэс нартхэр гъаблэм къызэрыригъэлар»)
К ъ у и й ц 1 ы к 1 у
Адыгэ нарт эпосым щ1ып1э хэха шеубыд Къуийц1ык1у. абы хэпщащ гупсысэ пыухык1а, куу, абы и зэф1эк1 псор зыхуэунэт1ар ц1ыхум ф1ы хуэщ1энырщ, абы щыгъуэми и псалъэр щэрыуэрэ и хьэлым удихьэхыу. Къуийц1ык1у и хъыбархэм ф1эф1у емыда1уэ гъуэтыгъуейщ. Деплъынщ «Къуийц1ык1урэ Шейт1анымрэ»
Щ 1 э н э к 1 а л ъ э
Хьэблэ-хьэблэк1эрэ сабийхэр зэдэджэгуу зэрыщытам ещхьыркъабзэу, хьэблэ-хьэблэк1эри зэщ1энак1эрт.
Адыгэ хабзэм зэи къезэгъыу щытакъым пц1ы упсыныр.гъыринэу щытыныр, е1уящ1эу, нэпсейуэ е щхьэхынэу къэтэджыныр, зыгъэгусэныр. Апхуэдэхэм ауан зыхэлъ щ1энэк1алъэхэр хузэхалъхьэрт.
1.Зэзэуахэм, е1уящ1эхэм, зэраншухэм зэрыщ1энак1э
2.Щхьэхынэм, гъыринэм зэрыщ1энак1э
Дыгъэ
Дыгъэ , дыгъэ, къепс, къепс!
Дыгъэ нур, къепс, къепс!
Ди псэр тхуэгъэхуабэ,
Губгъуэр тхуэгъэдахэ!
Къак1уи а уи дыщэр
Дэри къытлъыгъэс!
Къуажэхь Дыгъэ
Зыр мажэ, зыр мэжей, зыр мэджэгу (Псы, мывэ, бдзэжьей)
1эдэуадэншэу псым лъэмыж тезылъхьэ (мыл)
Къуажэхь «Вагъуэ»
Дунейр зыгъэнэху, псэр зыгъэхуабэ (дыгъэ)
И тхьэк1умэр дзасэ, и пэр сыринэ, и нэр вагъуэ, мапк1э, малъэ, мэбгъунлъэ, мэлъей (тхьэк1умэк1ыхь)
Псынщ1эрыпсалъэ « Дыгъэ» гуп
1. Шыхъуэр мэхъуахъуэ, Хъушэр мэхъуак1уэ.
2.Къазыр хадэм къыпхок1, Къэбыр хадэм къыщок1.
3.Гъыринэ и гъыныр щимыгъэт, Гъыринэ щ1эгъын Сыт щыгъуи къегъуэт.
4.К1эныр к1энк1э кърахуэк1, К1эныр жыпк1э кърахьэк1.
5.Гъук1эм гъущ1ыр зэпещ1ык1, Гъущ1ым гъубжэ къыхещ1ык1.
Псынщ1эрыпсалъэ «Вагъуэ» гуп
1.Мыщэм и лъабэр Лъэбышэщ, мыщэм и лъабэр лъэбыцэщ.
2. Къуакъуэ,къуакъуэ, Хьэндыркъуакъуэ! Къуакъуэ,къуакъуэ Къэк1ухьлъакъуэ!
3.Хъуащ пщыхьэщхьи Хьэндрэфийр- Девгъэда1уэт,егъэфий.
4.Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.
5.Т1ык1урэ К1ук1урэ ек1уу мак1уэ мэрак1уэхьэ
Х ъ у э х ъ у х э р
Адыгэхэм мыхъуэхъуэф яхэттэкъым. Зыгуэр щыхъуахъуэк1э, ини ц1ык1уи тхьэк1умэ тегъэхуак1э еда1уэхэрт. Хэт хъуэхъур щыжа1э унэм щ1ыхьауэ, хэт и щхьэр бжэм къыдигъэжауэ, хэти лъапэпц1ийуэ щхьэгъубжэм къы1уту – апхуэдэт псалъэ дахэм и къарур. Ц1ыхур щ1эхъуахъуэр ф1ыгъуэщ. Хъуэхъук1э щ1эблэр ягъэ1ущ, захуагъэм, ц1ыхугъэм, л1ыгъэм хураджэ, яущий, ягъасэ. Сыт хуэдэ дауэдапщэ къэхъуми (л1эныгъэм къинэмыщ1) щыхъуахъуэхэрт.
Ди зэпеуэри хъуэхъук1э дыухынщ. Гупхэр хъуэхъук1э зэпеуэн
Зэпеуэм кърик1уахэр къэпщытэжын.
Псоми ф1ыщ1э яхуэщ1ын.