СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Анэ хьэкъыр игъэзэщ1эжауэ, Ехыжакъым мы дунейм зы ц1ыху. Зэрытпшыныжынур ар тщ1эжамэ, Гъэзэщ1эныр зырик1т,ар мы1уэхут. Балэ Хь.

Нажмите, чтобы узнать подробности

2) Гъащ1э зыт анэ,гъащ1э зыт анэ, Узэзгъэщхьынур къысхуэмыгъуэт. Фагъуэ1уэщ си бзэр,пэлъэщкъым си псэр Къызэщ1охъае псэ гумэщ1ар. Блок1 зэманыр,мак1уэр гъащ1эр.Ц1ыхум зехъуэж,1уэхугъуэ гуэрхэри гум щогъупщэж.Ауэ сыт хуэдэ зэмани,сыт хуэдэ лъэхъэник1 гум имыхуу,хуабэу,гуапэу,щабэу илъщ анэр. Анэ.Сыт хуэдиз 1эф1агърэ гуапагърэ къуитрэ мы зы псалъэм,сыту мыхьэнэ куэд къик1рэ мыбы. "Анэр анэщ" жып1эмэ,абы псори къок1:укъызэрилъагъури зэрыплъагъужри,къыпхуи1э щытык1эри,хуи1эжри,зэрумыужэгъури укъызэримыужэгъури.Куэдрэ,куэдыщэрэ,уеблэмэ игъащ1эк1э зэрыбгъэпсэунури.Анэм и 1эф1щ япэ дыдэ зыхэпщ1эри,зи хуабэ къыплъысри,зи лъагъуныгъэ мык1уэщ1к1э зозыгъэгъэнщ1ри.Аращ уи унэр дыщэк1э зыблэну яужь итри,псоми нэхърэ нэхъ насыпыф1э уищ1ыну хущ1экъури,игъащ1эк1э къомыфыгъуэну-къомыижынури,сыт хуэдиз ехъул1эныгъэ е къулеягъэ умыгъуэтами. Гъащ1э мыхъумыщ1эми,зэман бзаджэми азырщ-анэрщ-зызымыхъуэжу къанэр.

3)Анэ псалъэр щыжып1эк1э гущ1эм зыкъыдегъазэ. Абы быным хуи1э лъагъуныгъэм к1э и1экъым, сытым дежи быныр балигъ хъуами, ар сабийщ анэм дежк1э, и гур хуэмыгъуэщ жэщи махуи, мы дуней псом тету п1эрэ адэ-анэм хуэдэу псэ къабзэ гу хьэлэлрэ зи1э нэгъуэщ1 ц1ыху! Анэхэм теухуауэ адыгэ усак1уэхэм я 1эдакъэщ1эк1ыу усэ тхыгъэ куэд ди1эщ

Анэм и гур сытым дежи быным и гъусэщ, аращ анэр нэм щ1ыхуагъадэри, абы и щыхьэтщ мы усэр. Гъащ1эр ехь

И быным тегужьеик1ауэ:

Жьыр къепщамэ

Ф1ощ1 ирихьэжьэн.

Къытехъуам уэлбанэ,

Унэм ар щ1эк1ауэ,

Псыдзэм ихьын ф1эщ1у

Ныпежьэнщ.

4)Ялъэк1амэ, быным и зы щхьэц налъэ хагъэхунтэкъым. Дэк1амэ, къыдэмыхьэжын къаф1ощ1ыр, жьы къепщамэ, ирихьэжьэнк1э шынэу мэпсэу,Джэрыджэ Арсен и усэри абы щыхьэт тохъуэ

Уэшх къожэхыр,уи нэм къыщ1э1эбэр

Умылъагъуубжьыхьэ жэщыр к1ыф1щ.

Гъуэлъыжами къуажэ к1ыхьыр,щ1ыбым

Уэ удэтщи,пщыгъа т1эк1ури псыфщ.

Пщ1эркъым ноби уи къуэм къыщик1ухьыр:

«Хэмыхуауэ п1эрэ зы бэлыхь?»-

Пщ1ант1эм укъыдок1ри,п1ыкъыу бжыхьыр,

Жэщ къетк1ухым и нэм ущ1оплъыхь.Ауэ зэк1э уэ упхоплъ жэщ к1ыхьым,

Къуэм е1этыр гумэщ1ауэ бжэ:

«Бын нэщ1эбжьэм зэи анэ гущ1эм

Щимыщ1ыну дыркъуэ!.»Магъыр бжэр…

5)Ц1ыхур гузэвэгъуэ хэхуэу 1эмалыншэ дыдэу къыщынэм деж, и гур япэ зыхуэжэр анэрщ… И псэм къилъыхъуэр аращ… Фэ гу лъывмытэжагъэнк1и мэхъу, ауэ 1уэхур и нэм щынэсым, фигухэр сэ къызэджащ. Фи псэхэм сыкъышащ …. Анэпсэхэр зэи л1эркъым. Ар бынхэм я гущ1эм щопсэу. Нэрымылъагъуу. Къатемыплъэкъук1ыу.Я ф1ым иригуф1эрэ я 1ейм иригумащ1эу….Бицу Анатолэ

Сыту пасэу жьы ухъуа уэ мамэ,

Сыту пасэу сэ балигъ сыхъуа

Жэщи махуи иджы 1э бдэслъами,

Схуэщ1ыщын сэ щ1алэ уи щхьэц тхъуар?

Сот1ысэх уи гъащ1эм сегупсысуи,

Хъуам уи теплъэ къезытыр гухэщ1.

Зэрешам уэ апхуэдизу уи псэр

Си зэрану куэд хэлъу къысф1ощ1…

Сабиигъуэм и макъамэр,

Псэм гу1эгъуэу къыхо1ук1.

Зы телъыджэ насып хъуаск1эу,

Гукъэк1ыжхэм холыдык1

6) Ц1ыхум гузэвэгъуэ къыщылъысам деж ипэ псалъэу а гузэвэгъуэм къыхихыжыфыр "мамэ" жыхуи1э а псалъэ закъуэрщ.Щ1ым дытетыф дызэрыхъуу,жьым дытесу псым депыджын щ1ыдодзэ. иИсабийм тегужьеик1ауэ,жей лъэпкъ имыщ1эу,абы и псэук1э,п1ык1э хъунум йогупсыс.Анэр сыт щыгъуи быным папщ1эк1э хыхьэфынущ маф1эм.

Сабиигъуэм и макъамэр,

Псэм гу1эгъуэу къыхо1ук1.

Зы телъыджэ насып хъуаск1эу,

Гукъэк1ыжхэм холыдык1

7) Жэщи махуи тетщ уи нэ1э

Тумыгъэк1ыу быным,анэ,

псэ тыншыгъуэ уэ уимы1э

Плъагъухук1э ар бынунэу!

Гущэм тету лъапэр,анэ,

епхьэк1акъым уэ жэщ мащ1э,

абы щхьэк1э зэ гукъанэ

уэ умыщ1у, уогумащ1э! 8) Си гъунэгъуу къак1у уэ къэт1ысыт,

Къащтэ дзасэр,лыпц1эр сэ згъэжьэнщ,

Мис си дамэм вагъуэу тху щонэхур,

Кремль вагъуэм ар я къуэшщ,уэ пщ1эм.

Жьыбгъэм уэсыр пщ1ант1эм къыдек1утэ,

Нобэ махуэм ещхьти сыщежьар,

Сэ къысф1ощ1ыр ар дыгъуасэ хуэдэу,

Илъэсипл1к1э нобэм упэплъащ.Уи псэлъэк1эу жы1эт»а си дотэ»,

Гуауэ псори хъуащ иджы 1эщ1ыб,

Щ1ы тхьэлъэ1уи,уеблэм ноби содэ,

Сэлэт хабзэу фляжкэм дегъэ1уб.

Ефэ,ди анэ,уэ ипфащ нэхъ гуащ1э-

Гуауэ 1эджэм уи щхьэр хужь ящ1ащ,

Ефэ,уи къуэу къэк1уэжами папщ1э,

Куэди нэпсу щэхуу уэ плъэщ1ар.

9)Гъащ1э щыхъук1э, 1эджэми дыхуозэ, 1эджи щыдолъагъу, щызэхыдох, псалъэ гуапи псалъэ жагъуи. Щы1эу п1эрэ адэ-анэр 1эф1у зымылъагъу е абыхэм я гумм ежэл1эн псалъэ жагъуэ езыпжсыфын бын? ! Хьэуэ, щы1эн хуейкъым апхуэдэ! Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс щ1ыжа1эри аращ. Демыгупсысу жыт1а псалъэ жагъуэр анэм и гум зэреуэр,ар абы зэрызэхищ1эр къыдегъащ1э Мыкъуэжь Анатолэ итха усэ «Псалъэ жагъуэ».

Зэгуэрым семыгупсысу

Зы псалъэ къызжьэдэк1ат.

Ар мамэ и гущ1эм нэсри

И нэпсхэр къыщ1игъэк1ат.

К1иякъым мамэ.

Зы псалъи къызжимы1ат.

И 1элъэщ1 к1ёапэм щэху дыдэу

И нэпсхэр к1уэц1игъэпщк1уат…

10) Хъийм ик1ауэ бийхэм загъэпхъашэт,

Шэхэр уэфу къуажэ ц1ык1ум дапхъэрт.

К1ыф1у,щ1ы1эу щ1ыунэ бэнзэвым

Ист фыз гуэр и бынхэм тегузавэу.

Бийм а махуэм шэуэ къиут1ыпщыр

Къыщыуэжырт анэм и гум.

Ажал л1ык1уэу бий топышэ ц1ывхэм

Я фий макъыр зэхихыхук1э анэм,

Къыбгъэдэс и бынхэм я щхьэ пц1анэм

Ятриубгъуэт 1элъэщ1 к1апэ пхъашэр.

11) Зэм сыпIэщIех толъкъуну гъащIэм,

Лъыхъуэным уи нэр ирегъэш. Зэш кIыхьыр пхуэмыхьыжу къасщIэм,

Уи лъэIукIэ сэ къызогъэзэж…

12)Анэм теухуауэ зы тхыгъэ нэхъ мыхъуми зи 1эдакъэ къыщ1эмык1а тхак1уэ щы1экъым жып1эми ущыуэну си гугьэкъым. Анэ псалъэр алыхь-талэм и тыгъэ нэхъыф1хэм щыщу жып1э хъунущ, арауи къыщ1эк1ынщ мыпхуэдэ псалъэжьхэри хъыбархэри щ1ыщы1эр:

Анэ зимы1эм гу1эр и махуэщ.

Анэм и быным хуищ1эр ф1эмащ1эщ.

Уи анэрэ уи нит1рэ.

Анэм и хабзэр,пхъум и бзыпхъэщ.

Анэм къуитыр 1эф1щ.

Анэм къуипэсыр гунэсщ.

Анэнэп1эсрэ гупк1э т1ысып1эрэ.

13)Иджыри къыздэсым зи гугъу тщ1а анэхэм, пхуэмы1уэтэн хуэдиз я ф1агъщ, ц1ыху псори фэк1э зэрызэмыщхьым хуэдэу анэ псоми я гур зэхуэдэкъым, щы1экъэ анэ зи гур мып1ейтей, къыхэмыщтык1, абыхэм папщ1эщ мы усэрхэр щ1аусари

Химыгъэхьэ жэщым,

Химыгъэхьэ щ1ы1эм-

Ф1ощ1ыр псоми.

Зыгуэр къращ1эн…

Дыгъэ закъуэрщ анэм

Дзыхь зыхуищ1у щы1эр

А т1ум зэщхьщи аращ

Я хьэл-щэн.

29.03.2018 20:18


Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!