СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

К1эщт Мухьэз "Бжэндэхъу анэ"

Нажмите, чтобы узнать подробности

К1эщт Мухьэз «Бжэндэхъу анэ»  рассказыр  щаджыр   ещанэ  классырщ.  Мы урокыр  сэбэп  мэхъу сабийхэр  зыхэщ1эгъуэу, гъэхуауэ ирижэу къеджэфхэу, къызэджари гук1э яубыдыфрэ гъэк1эщ1ауэ и мыхьэнэ  нэхъыщхьэр къыжа1эжыфу  егъэсэнымк1э. Абы  нэмыщ1к1э, тхыгъэм   къыщыгъэлъэгъуа  1уэхугъуэхэм   еплъык1э  хуа1эр   къа1уэтэнымк1э, тхыгъэм  и  гупсысэ  нэхъыщхьэр  къахутэфу, зэджам  дерс  къыхахыфу   гъэсэнымк1э. Стандартыщ1эм  къигъэув  къалэнхэм  теухуауэ урокыр зэхэгъэуващ. 

Просмотр содержимого документа
«К1эщт Мухьэз "Бжэндэхъу анэ"»

Муниципальнэ к1эзонэ общеобразовательнэ 1эхущ1ап1э

Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Прохладненскэ куейм хыхьэ

Къэрэгъэш къуажэм и курыт общеобразовательнэ еджап1э № 2








К1эщт Мухьэз «Бжэндэхъу анэ».


(«Си бзэ, си псэ, си дуней» республиканскэ зэпеуэм ипкъ итк1э гъэхьэзыра класс лэжьыгъэ)











Зыгъэхьэзырар: Къэрэгъэш курыт еджап1э №2-м

и пэщ1эдзэ классхэм щезыгъаджэ

Лу Маритэ Мухьэмэд ипхъу


2020гъ.


Предметыр: «Анэдэлъхубзэ»

Зэманыр: дакъикъэ 45-рэщ.

Класс: 3.

Урокым и типыр: щ1э къыщащ1э.

Пэублэ псалъэ.

К1эщт Мухьэз «Бжэндэхъу анэ» рассказыр щаджыр ещанэ классырщ. Мы урокыр сэбэп мэхъу сабийхэр зыхэщ1эгъуэу, гъэхуауэ ирижэу къеджэфхэу, къызэджари гук1э яубыдыфрэ гъэк1эщ1ауэ и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къыжа1эжыфу егъэсэнымк1э. Абы нэмыщ1к1э, тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуа 1уэхугъуэхэм еплъык1э хуа1эр къа1уэтэнымк1э, тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр къахутэфу, зэджам дерс къыхахыфу гъэсэнымк1э. Стандартыщ1эм къигъэув къалэнхэм теухуауэ урокыр зэхэгъэуващ.

Си темэм и актуальнагъэр

Иджырей сабий къэхъухэр адыгэбзэк1э еджэным дихьэхкъым. Я бзэр адыгэбзэм хуэшэрыуэкъым, урысыбзэк1э псалъэм нэхъ къащтэ. А бзэр яф1этыншщи. Ауэ хэти зэрищIэщи, акъылым и лъабжьэр бзэрщ. Уи бзэ умыщ1эжыныр емык1у дыдэщ. Зи бзэр ф1ыуэ зымылъэгъуж, ар зымыщ1э ц1ыхум къыщалъхуа лъэпкъыр ф1ыуэ хуэлъэгъунукъым. Бзэмк1эщ узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри, уи щ1ыналъэ хъуэпсэгъуэри зэрызэхэпщ1эр. Сабийхэм адыгэбзэр 1эщ1ыб ямыщ1ын, абы шэрыуэу ирипсэлъэн щхьэк1э адыгэбзэ, анэдэлъхубзэ урокхэр нэхъ гъэщ1эгъуэн, ф1ыуэ удэзыхьэх лэжьыгъэхэр хэту ухуэн хуейщ. Абы къыхэк1к1э къэхутэныгъэ зыхэт лэжьыгъэхэр нэхъыбэу урокым къыщызогъэсэбэп. Си гугъэщ апхуэдэурэ сабийхэм адыгэбзэр шэрыуэу школми, унэми ягъэбзэрабзэ хъуну.

Зи щхьэ,зи лъэпкъ пщ1э хуэзыщ1ыж дэтхэнэри телэжьэн хуейщ къыдалъхуа и анэдэлъхубзэм, ар и нэ, и псэуи илъагъуу, и1этын хуейщ. Бзэм и гъащ1эр зи 1эмыщ1э илъыр къэзыгъэщ1а лъэпкъырщ, пэжу бгъэдэтмэ, тэмэму игъэлажьэмэ, еф1эк1уэнущ.









Темэр: К1эщт Мухьэз «Бжэндэхъу анэ».

Урокыр зыщыщ лъэпкъыр: щ1э къыщащ1э.

Мурадыр: сабийхэм я къеджэк1эр, я псалъэк1эр егъэф1эк1уэн; зыхэщ1эгъуэу, гъэхуауэ ирижэу къеджэфхэу, къызэджари гук1э яубыдыфрэ гъэк1эщ1ауэ и

мыхьэнэ нэхъыщхьэр къыжа1эжыфу егъэсэн;

Къалэнхэр:

-анэдэлъхубзэм хуа1э лъагъуныгъэм хэгъэхъуэн, нэхъ куу щ1ын;

- гу къабзэ зи1э ц1ыхур ц1ыхум и дахап1эу зэрыщытыр ящ1эу къэгъэтэджын;

- эстетикэ и 1уэхук1э гуры1уэныгъэф1хэр, гъащ1эм, дунейм я дахэмрэ я 1еймрэ зэхагъэк1ыфу, зыхащ1эу, 1ейм зыщахъумэфу егъэсэн; псэущхьэхэм гулъытэ хуа1эу къэгъэхъун.

Предметнэ зэф1эк1ым ехьэл1ауэ:

- гъэхуауэ, зэхэщ1ык1ыгъуэу къеджэфу;

-зэджа тхыгъэм хэлъ купщ1эр къыхахыу, ф1агъыу хэлъыр гъащ1эм къыщагъэсэбэпу егъэсэн.

Метапредметнэ зэф1эк1ым ехьэл1ауэ:

-езыр-езыру урокым и темэмрэ мурадымрэ къихутэфу;

- езыр – езыру текстым къеджэфу, и мыхьэнэ нэхъыщхьэр

къигъуэтыфу;

- егъэджак1уэм щ1ыгъуу и жэуапыр къызэпкърихыфу, езым оценкэ зыхуигъэувыжыфу;

- езым и 1уэху бгъэдыхьэк1э и1эжу утыкум къыщыпсэлъэфу, адрейхэм я 1уэху еплъык1эр

зэпкърихыфу, нэхъуэщ1ым и лэжьыгъэр къипщытэфу зригъэсэн.

Личностнэ зэф1эк1ым ехьэл1ауэ:

- дахагъэмрэ бзэм и къулеягъэмрэ зыхащ1эн, я бзэм зегъэужьын

-зэджа тхыгъэм хэлъ унэт1ыныгъэ тэмэмыр къыхихыфу егъэсэнсэн.

Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: гъатхэм ехьэл1а сурэт, къуалэбзухэр къищу; къуалэбзу макъ зытет диск; презентацэ.

Урокым и ек1уэк1ык1эр.

I.Къызэзыгъэпэщ дакъикъэ.

Фи махуэ ф1ыуэ, ц1ык1ухэ.

Урокым ди нэ ц1ык1ухэм псори ялъагъу.

Ди тхьэк1умэ ц1ык1ухэм псори зэхах.

Ди щхьэ ц1ык1ухэр ф1ыуэ догъэгупсысэ.

Ди гу ц1ык1ухэм псори идоубыдэ.


-Сыт хуэдэ мурад нобэрей урокым зыхуэвгъэуврэ?

(Ф1ыуэ дылэжьэну, щ1эуэ, гъэщ1эгъуэну куэд къэтщ1эну).

-Ф1ыуэ фылэжьэну, щ1эуэ, гъэщ1эгъуэну куэд къэфщ1эну сынывохъуэхъу!

II.Фонетическэ зарядкэ.

Къэрэ-къэрэ- къэрабэр,

Губгъуэм ик1утащ.

Къэрэ-къэрэ- къэрабэр,

Дахэу къэгъэгъащ.

Къэрэ-къэрэ- къэрабэр,

Дэнэ укъик1а?

Къэрэ-къэрэ- къэрабэр,

Гъатхэм сыкъихьащ. (Лу Маритэ)

Доскам итщи, зы дакъикъэк1э псынщ1эу къеджэфу зрагъасэ.

III.Темэщ1эм хэшэн.

-Сыт мы усэ ц1ык1ур зытепсэлъыхьыр?

(Мы усэ ц1ык1ур къэрабэм топзэлъыхь).

-Къэрабэр гъэм и сыт хуэдэ зэманым къэгъагъэрэ?

(Гъатхэм къогъагъэ).

-Гъатхэм удз къэк1хэм нэмыщ1 сыт дунейр зыгъэдахэр я уэрэд дахэхэмк1э?

(Къуалэбзухэм ягъэдахэ).

-Гъатхэ нэщэнэу сыт хуэдэ бзу ц1ык1уу п1эрэ япэу къэлъэтэжыр?

А упщ1эм жэуап ефтын папщ1э мы ребусыр къафщ1э:

+ +х +Хъу =

(Бжэндэхъу)

Пэж дыдэщ. Нобэ дэ дызэджэну тхыгъэм и ф1эщыгъэц1эр «Бжэндэхъу анэ». Мы рассказыр зытхар К1эщт Мухьэзщ.

а) К1эщт Мухьэз и гъащ1эмра и литературнэ лэжьыгъэмрэ теухуауэ Мысрокъуэ Дианэ и гупым къэхутэныгъэ ирагъэк1уэк1ащ. Ик1и а къэхутэныгъэм ипкъ итк1э тхуагъэхьэзыра материалым девгъэда1уэ.

Мысрокъуэ Д:

Ди гупым къэхутэныгъэ едгъэк1уэк1ащ «К1эщт Мухьэз и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ» жыхуи1э темэмк1э. Дэ мураду зэхуэдгъэувыжащ: тхак1уэм теухуауэ информацэ зэхуэтхьэсу фи пащхьэм къитлъхьэну. А тхак1уэр дэ ди къуажэм къызэрыщалъхуар сэбэп къытхуэхъуащ. Ди нэхъыжьхэм а тхак1уэм теухуауэ куэд къыджа1ащ. Школ библиотекэри,къуажэ библиотекэри къэдгъэсэбэпащ. Абыхэм къыщыдгъуэта тхылъхэмк1э мы ди библиотекэ ц1ык1ур къызэдгъэпэщащ. Аращи фыкъеда1уэ тхак1уэм теухуауэ къэтщ1ам.

КIэщт Мухьэз Хъусин и къуэр 1937 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м Къэрэгъэш къуажэм къыщалъхуащ, абы курыт еджапIэр къыщиухащ. Дзэм илъэситIкIэ къулыкъу щищIа нэужь, Москва дэт Литературэ институтым щеджащ, 1965 гъэм къыщыщIэдзауэ «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым, 1971 - 1977 гъэхэм «Iуащхьэмахуэ» журналым, иужькIэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм щылэжьащ.

Мухьэз и къалэмыпэм къыпыкIащ гупсысэ жанкIэ гъэнщIа усыгъэ купщIафIэ куэд. Ахэр цIыхухэм гукъинэж ящыхъуащ икIи адыгэ поэзием и фIыпIэхэм хабжэ.

КIэщтым и япэ усэ тхылъыр - «ЩIыр къызоджэ» зыфIищар 1965 гъэм къыдэкIащ. Абы къыкIэлъыкIуащ Мухьэз и усыгъэхэмрэ и рассказхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ - «Лъагъуныгъэм и уасэр» (1973), «Усыгъэхэр» (1974), «ЩIылъэ пшыналъэ» (1974), «Си лъахэ - си уэрэд» (1977), «Гуращэ» (1981), «ЩIым и ныбжь» (1984), «Анэм и тыгъэ» (1985), «Псэ къабзэ» (1988), «Тхыдэм и гъыбзэ» (1991), «ПшэкIэплъ» (1997), нэгъуэщIхэри. УрысыбзэкIэ зэдзэкIауэ Москва къыщыдэкIащ «Мелодии земли» (поэмэхэр, 1977), «Возраст земли» (усэхэр, 1984) тхылъхэр.

КIэщт Мухьэз 2002 гъэм дунейм ехыжащ.

Мухьэз и Iэдакъэ къыщIэкIащ повестхэр, рассказхэр, очеркхэр, поэмэхэр, усэхэр, публицистикэ тхыгъэхэр. Ахэр иту Мухьэз Налшыкрэ Москварэ къыщыдигъэкIащ тхылъипщIым щIигъу. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми теухуа тхыгъэ гуапэхэр къытехуащ ди газетхэмрэ «Iуащхьэмахуэ» журналымрэ.

КIэщтым и тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къатырт радиокIэ, телевиденэкIэ. Ахэр теухуат цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм: ди псэукIэм, ди хабзэхэм, ди бзэм, ди къэкIуэну гъащIэм, ди щIэблэм.

Нобэрей зэман гугъум къыхэхуа, гъащIэм ириудэкI, зэрыпсэуным зэпымыууэ игъэгупсысэ, игъэгузавэ цIыхум уи тхыгъэхэр къищтэу къеджэн, ар дэIэпыкъуэгъу хуэхъун, игу ирихьын папщIэ, тхакIуэм, усакIуэм бгъэдэлъын хуейщ, Iэзагъэм къыдэкIуэу, щIэныгъэ кууи, Iуэху бгъэдыхьэкIэ тэмэми, апхуэдэу иIэн хуейщ фIым игъэгуфIэ, Iейм игъэгузавэ гу къабзи. А псор тыншу къохъулIэркъым. Ар фIыуэ къыгурыIуэрт Мухьэз.

КIэщтыр нэхъыбэу зытетхыхь темэхэм ящыщт дыщалъхуа лъахэр, абы хуиIэ гумащIагъэр, лъэпкъыр, анэр, ныбжьэгъугъэр, лъагъуныгъэр. Ар наIуэу хыболъагъуэ Мухьэз и тхылъхэми и тхыгъэхэми яхуищIу щыта фIэщыгъэхэм.

Мис абыхэм ящыщхэр: «Си лъахэ - си уэрэд», «Анэм и тыгъэ», «ЩIылъэ пшыналъэ», «Лъагъуныгъэм и уасэ», «ЩIым и ныбжьыр», нэгъуэщIхэри.

-Упсэу, Дианэ.

б) Бзэм зегъэужьын. Сурэтымк1э гъэлэжьэн.

Сыт хуэдэ къуалэбзухэр мы сурэтым щыфлъагъурэ?


пц1ащхъуэ К1ыгуугу

Хьэрхьуп Къру

Бжэндэхъу

(Щ1ып1э хуабэм лъэтэж къуалэбзухэр арщ)

Мы бзу ц1ык1ухэм я ф1эщыгъэц1эхэр адыгэбзэк1э хэт къыджи1эн?

(Пц1ащхъуэ, к1ыгуугу, хьэрхьуп, къру, бжэндэхъу).

Пэж дыдэщ. Фэ фщ1эрэ абыхэм урысыбзэк1э зэреджэр?

(Ласточка, кукушка, удод, журавль, скворец). Тэмэмщ.

А бзит1ым нэмыщ1 фэ идыри инджылыбзэ фоджэ. Фщ1эуэ п1эрэ фэ абыхэм инджылыбзэк1э зэреджэр? Фымыщ1эж 1амэ фи пащхьэм илъ псалъалъэм (Х.Х.Сукунов, И.Х. Сукунова Кабардино Черкесско Русско-Англо Турецкий словарь) къыщывгъуэт.

(Swallow, cuckoo, hoopoe, crane, starling).

Фыпсэу, ц1ык1ухэ. Пэж дыдэщ.

Бжэндэхъум теухуауэ сыт фэ фщ1эр? Абы уэрэд ц1ык1у къришу п1эрэ? Мы дискым девгъэда1уи сыт хуэдэ бзу ц1ык1ухэр къэфц1ыхуами къызжеф1э.

(Пц1ащхъуэхэм, к1ыгуугухэм, бжэндэхъухэм, нэгъуэщ1хэми)

Бжэндэхъухэм ятеухуауэ Пщыук1 Сатэней и гупым къэхутэныгъэ иригъэк1уэк1ащ. Ик1и а къэхутэныгъэм ипкъ итк1э тхуагъэхьэзыра материалым девгъэда1уэ.

Пщыук1 Сэтэней:

Ди гупым къэхутэныгъэ едгъэк1уэк1ащ «Бжэндэхъу ц1ык1ухэр» жыхуи1э темэмк1э. Дэ мураду зэхуэдгъэувыжащ: бжэндэхъухэм ятеухуауэ информацэ зэхуэтхьэсу фи пащхьэм къитлъхьэну. Дэ къыддэ1эпыкъуащ ди нэхъыжьхэр. Школ библиотекэми,къуажэ библиотекэми информацэ дыщылъыхъуащ. Аращи фыкъеда1уэ бжэндэхъухэм теухуауэ къэтщ1ам.

Бжэндэхъухэр гъатхэм ди щ1ып1эхэм къолъэтэж. Я унэ ц1ык1ухэм и гъунэгъуу жыг къудамэм тот1ысхьэри я уэрэд жгъырухэр кърашу щ1адзэ. Абыхэм тхьэмахуэ псок1э жа1э я уэрэд дахэхэр. Бжэндэхъухэм адрей къуалэбзухэми зыпащ1ыжу уэрэд жа1эф. Абы нэмыщ1к1э хьэхэр зэрыбанэм хуэдэуи зыпащ1ыжу мэбэнэф, хьэндыркъуакъуэм ещхьуи мэк1ак1э. Ц1ыхухэм жа1э псалъэхэм ящыщ гуэри жа1эф абыхэм. А псэущхьэ ц1ык1ухэр ц1ыхухэм ф1ыуэ ялъагъу.

Гъатхэм абыхэм я абгъуэхэр къызэрагъэпэщыжыр. Куэд дэмык1ыу абы джэдык1э щ1ыхуфэ ц1ык1ухэр илъу плъагъунущ. Тхьэмахуит1 дэк1мэ бжэндэхъу шыр ц1ык1ухэр кърашынущ. Шырхэр къраша нэужь ахэр хущ1ыхьэркъым уэрэд кърашыну. Бжэндэхъухэр хуабжьу я шырхэм хуосакъ. Пщэджыжь нэхущым къыщыщ1эдзауэ жэшыбг хъухук1э бжэндэхъу анэмрэ адэмрэ мыувы1эу я шырхэм хьэп1ац1э къыхуахьурэ ягъашхэ. Апхуэдэурэ тхьэмахуищк1э ягъашхэ. Шырхэм адэк1э езыхэм шхын къагъуэтыжыфу егъэсэн хуейщ. Ауэ ахэр хуейкъым я унэ хуитхэм къик1ыну. Абы къыхэк1к1э бжэндэхъу адэ-анэхэр бзэджагъэ хуок1уэ. Шхыныр хуамыхьу жыг къудамэхэм гъунэгъуу хьэп1ац1эхэр жьэдэлъхэу къытот1ысхьэ. Ушхэну ухуеймэ абгъуэм къилъэт жыхуа1эу. Аращи шырхэм я ныбэ ямыгъэныкъуэн папщ1э абгъуэм къолъэт. Апхуэдэурэ хуэм-хуэмурэ езыр-езыру я шхын къагъуэтыжыфу зрагъасэ. Бжэндэхъухэр дэ куэдк1э сэбэп къытхуохъу. Гъэмахуэм и к1уэц1к1э зы бжэндэхъу унагъуэм хьэп1ац1эу мин 250 нэс ягъэк1уэд.

-Упсэу, Сэтэней.

- Сыт сэбэпынагъэу япылъ мы псэущхьэхэм?

(Ди къэк1ыгъэхэр хьэп1ац1эхэм щахъумэ).

IV. Темэщ1эм елэжьын.

-Дызэджэну тхыгъэм и ф1эщыгъэц1эмк1э къытхуэщ1эну п1эрэ мы рассказыр зытепсэлъыхьыныр?

(Бжэндэхъу анэ щыжи1эк1э, ар дауик1 абы и шыр ц1ык1ухэр хуэсакъыу зэрип1ым теухуауэ къыщ1эк1ынщ).

-И1эт т1э, псынщ1эу зэхэщ1ык1ыгъуэу дыкъевгъаджи къэдвгъащ1эт мы рассказыр зытеухуар.

1.Сабийхэр езыр-езыру «Бжэндэхъу анэ»- жыхуи1э рассказым къоджэ, къагурымы1уэ псалъэхэм дамыгъэ тращ1эурэ.

2. Словарнэ лэжьыгъэ ядегъэк1уэк1ын.

жэпхъыу- дамэхэр жымэ, нэхъ быдэ хъумэ;

къоп1ейтей-къогузавэ; сок1уал1э – сыбгъэдохьэ; заул блэк1ауэ-зэман гуэр дэк1ауэ; псэху имы1эу- зимыгъэпсэхуу; ягъэк1уэщ1рэ- ягъэк1уэдрэ, яшхрэ.

3. Мы рассказымк1э К1эщт Мухьэз къыджи1эну зыхуейр сабийхэм къазэрыгуры1уэр жегъэ1эн.

- Бзу анэр шырхэм дауэ хущыту къыхэщрэ мы рассказым?

(Бзу анэр и шырхэм хуосакъ).

-Ар шырхэм хуэмысакъмэ сыт къэхъуныр?

(Шыр ц1ык1ухэр л1эжынк1э хъунущ.)

-Сыт щ1ыуэпсым къыщыщ1ыныр бзухэр дунейм темытыжмэ?

(Бзу ц1ык1ухэр дунейм темытыжмэ къэк1ыгъэхэр хьэп1ац1эхэм яшхыжынущ, дэри гъавэхэк1хэр дгъэтыжынукъым).

-А бжэндэхъу анэм ещхьу фэри фи анэхэр къыфхуэсакърэ?

(Дэри ди анэхэр къытхуосакъ, къытк1элъоплъ).

Сытк1э къащхьэщык1рэ ц1ыхухэм я бынхэр бзухэм я шырхэм?

(Бзу шырхэр ин мэхъури мэлъэтэж, сабийхэр ин хъумэ я адэ-анэхэм гулъытэ хуащ1ыж. Жьы хъумэ ахэр яп1ыж.)

- Дызэригугъам хуэдэу и ф1эщыгъэц1эмк1э хуэдгъэфэщам ещхьу къытхущ1эк1а мы рассказыр?

(Дызэригугъам ещхьу къытхущ1эк1ащ)

V.Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ.

Гъатхэ дахэр къытхуэк1уащ,

Губгъуэр псори къэгъэгъащ.

Уарэ къэгъэгъащ, уарэ къэгъэгъащ,

Плъыжьу, гъуэжьу зэщ1эблащ.


Дыгъэр гуф1эу къытхукъок1,

Къуалэбзухэр къолъэтэж,

Уарэ къолъэтэж, уарэ къолъэтэж,

Зэрызехьэу къытхуок1уэж. (Лу Маритэ)

VI.Темэщ1эр егъэбыдыл1эн.

  1. Типк1э мы рассказыр сыту п1эрэ зыхуэдэр? Повествование, описание, хьэмэ рассуждение.

(Къэ1уэтэныгъэ 1ыхьэм- повествованиещ).

-Тхылъымк1э къэвгъуэти фыкъеджэ.

(Л1ыхъужьым и гупсысэхэр-рассуждениещ).

-Тхылъымк1э къэвгъуэти фыкъеджэ.

(Къэзыхъуреихьыр нэрылъагъу тщищ1ыну щыхэтым- описаниещ)

-Тхылъымк1э къэвгъуэти фыкъеджэ.

2. Гуп лэжьыгъэ. Классыр гупипл1у гуэшащ.

Гупищым фи пащхьэ илъ карточкэхэм псалъэ дэгъэхуахэр тхылъыр къэвгъэсэбэпурэ дэвгъэувэж.

Япэ гуп:

Абы и жьэм ………. жьэдэлът. Шыр ……….. зэри1эр абык1э къэсщ1ащ. И жьэр зэтримыхыу …….. гуэрхэр егъэ1у.

Ет1уанэ гуп:

И ………… я макъ зэуэ къо1у. Си ……… мыпхуэдэу къыщ1оувэ: шыр ц1ык1ухэм я …….. ущ1ауэ мэк1ий «сэрри, сэрри» жа1э хуэдэу. Къудамэр ……. бжэндэхъур «тырр» жи1эу мэлъэтэж.

Ещанэ гуп:

Шырхэм ……. мэгузавэ. Заул дэк1ауэ …… …, бжэндэхъур тесыжтэкъым. Игу зэгъэжу……….лъыхъуэ аргуэру к1ауэ арагъэнт.

Епл1анэ гуп: Бжэндэхъу анэмрэ и шырхэмрэ къызэрыщ пазл зэпкърыфлъхьэнщ.

-Гупищым я нэхъыщхьэу къыхахар къоджэ я лэжьыгъэм. Епл1анэ гупым зэхигъэува пазлыр ди пащхь къыралъхьэ.

Гуп лэжьыгъэми хъэрзынэу фыпэлъэщащ.Иджы фи къарур тест лэжьыгъэм зэрыпэлъэщым деплъынщ.

3.Тест лэжьыгъэ.

1.Дызэджа тхыгъэр

а) усэщ,

б) таурыхъщ,

в) рассказщ.

2. Тхыгъэр зытхар

а) Щоджэнц1ык1у Алийщ,

б) К1эщт Мухьэзщ,

в) К1ащ Бет1алщ.

3. Тхак1уэр къыщалъхуащ

а) Къэрэгъэш,

б) Дзэлыкъуэ,

в) Ислъэмей.

4.Тхыгъэм и л1ыхъужь нэхъыщхьэр

а) пц1ащхъуэ анэр,

б) бабыщ анэр,

в) бжэндэхъу анэр

5. Бжэндэхъум шыр ц1ык1у зэри1эр къыдегъащ1э

а) макъ игъэ1ухэм,

б) и жьэм хьэп1ац1э зэрыжьдэлъым,

в) зэрып1ейтеям.

6. Бжэндэхъум макъ гуэрхэр егъэ1у

а) и шырхэр ихъумэн папщ1э,

б) уигъэщтэн папщ1э,

в) уэрэд жи1эу.

Тестыр слайдымк1э къыдопщытэри оценкэ зыхудогъэувыж:

Псори пэжмэ – «5»;

Зы щыуагъэ хэтмэ – «4»;

Щыуагъит1 хэтмэ – «3».

-Тестыр къыхэвгъэк1.

VII.Урокыр къызэщ1экъуэжын.

-Нобэрей урокым сытыт мураду зэхуэвгъэувар?

-Тхуэгъэзэщ1ауэ п1эрэ ди мурадыр?

-Нобэрей урокым сыт щ1эуэ къэфщ1ар?

-Сыт хуэдэ лэжьыгъэхэр нэхъ фигу ирихьа?

-Урок ек1уэк1ар фигу ирихьамэ фи пащхьэм илъ дыгъэ ц1ык1ур къэф1эт, фигу иримыхьамэ – пшэ ц1ык1ур.

VIII.Унэ лэжьыгъэ. Фи къару зыпэлъэщыну къэвбж лэжьыгъэр къыхэфхи вгъэзащ1э:

1.Рассказым къеджэн, план хуэгъэувын

2. Рассказым къеджэн, сочиненэ тхын «Бжэндэхъухэр гъатхэм къэмылъэтэжатэм…»- и ф1эщыгъэц1эу.

Урокым и к1эм сыхуейщ фц1элэжу зефхьэну бжэндэхъу ц1ык1ухэм я сурэт фэстыну.

Къуалэбзухэр ф1ыуэ флъагъу, я жагъуэ фымыщ1!

Фыпсэу. Фи махуэ ф1ыуэ ц1ык1ухэ!













































Дэщ1ыгъу 1



Япэ гуп:

Абы и жьэм ………. жьэдэлът. Шыр ……….. зэри1эр абык1э къэсщ1ащ. И жьэр зэтримыхыу …….. гуэрхэр егъэ1у.



Ет1уанэ гуп:

И ………… я макъ зэуэ къо1у. Си ……… мыпхуэдэу къыщ1оувэ: шыр ц1ык1ухэм я …….. ущ1ауэ мэк1ий «сэрри, сэрри» жа1э хуэдэу. Къудамэр ……. бжэндэхъур «тырр» жи1эу мэлъэтэж.





Ещанэ гуп:

Шырхэм ……. мэгузавэ. Заул дэк1ауэ …… …, бжэндэхъур тесыжтэкъым. Игу зэгъэжу……….лъыхъуэ аргуэру к1ауэ арагъэнт.





























Дэщ1ыгъу 2

Тест лэжьыгъэ.

1.Дызэджа тхыгъэр

а) усэщ,

б) таурыхъщ,

в) рассказщ.


2. Тхыгъэр зытхар

а) Щоджэнц1ык1у Алийщ,

б) К1эщт Мухьэзщ,

в) К1ащ Бет1алщ.


3. Тхак1уэр къыщалъхуащ

а) Къэрэгъэш,

б) Дзэлыкъуэ,

в) Ислъэмей.


4.Тхыгъэм и л1ыхъужь нэхъыщхьэр

а) пц1ащхъуэ анэр,

б) бабыщ анэр,

в) бжэндэхъу анэр


5. Бжэндэхъум шыр ц1ык1у зэри1эр къыдегъащ1э

а) макъ игъэ1ухэм,

б) и жьэм хьэп1ац1э зэрыжьдэлъым,

в) зэрып1ейтеям.


6. Бжэндэхъум макъ гуэрхэр егъэ1у

а) и шырхэр ихъумэн папщ1э,

б) уигъэщтэн папщ1э,

в) уэрэд жи1эу.