16. ЦӀэхэм фыкъеджэ. Къэвгъуэт цӀитӀ къэс зэрызэщхьэщыкӀ макъхэр.
Лусанэ - Лусенэ, Къамбот - Жамбот, Линэ - Ленэ, Мухьэмэд - Мухьэмэт, Хьэсен -Хьэсет, Сэлим - Сэлихь.
КъифтхыкӀ, цӀитӀ къэс зэрызэщхьэщыкӀ хьэрфхэр щӀэфтхъэ.
ЦӀэхэр сыт хуэдэ хьэрфкӀэ кърагъажьэу ятхрэ? |
17. Сурэтхэм феплъ, хьэкъущыкъухэм я цӀэхэр къыжыфӀэ. Хьэкъущыкъухэм я цӀэхэр къифтхыкӀ, сурэтхэр зэрызэкӀэлъыкӀуэм тету. Хьэрф дэхуахэр точкищым я пӀэкӀэ хэвгъэувэж.
Тебэ, ло…кӀэ, гуахъуэ, теп…эч, фалъэ, б…эмышх, крушкӀэ, уб…лъэ.
Псалъэ къыхэгъэщахэр дэтхэнэри макъ дапщэ хъурэ, хьэрфуи дапщэ хъурэ?
Макъзешэхэмрэ макъ дэкӀуашэхэмрэ.
Макъзешэхэр. Я къэпсэлъыкӀэкӀэ дауэ зэщхьэщыкӀрэ макъзешэхэмрэ макъ дэкӀуашэхэмрэ? |
18. Макъхэр тэмэму къэфпсэлъ.
а, э, ы, и, о. б, д, I, п, къ.
Сыт хуэдэ макъхэра къыщапсэлъкӀэ жьэм хуиту, пэрымыуэӀауэ къыжьэдэкӀыр? Макъхэр лӀэужьыгъуитӀ мэхъу: макъзешэхэмрэ макъ дэкӀуашэхэмрэ.
Жьэм хуиту, пэрымыуэӀауэ къыжьэдэкӀым макъзешэкӀэ йоджэ.
Макъзешэхэм пычыгъуэ къагъэхъу.
Адыгэбзэм иӀэщ макъзешэу блырэ, а макъзешэхэр къызэрагъэлъагъуэ хьэрфу пщӀырэ.
Макъзешэхэр: а, э, ы, о, у, и, е.
Макъзешэ къызэрагъэлъагъуэ хьэрфхэр: а, э, ы, о, у, и, е, ё, ю, я. |
19. Фыкъеджэ.
Гъэмахуэ каникулым Мусэ, Мадинэ, Ӏэюб сымэ еджапӀэ лагерым зыщагъэпсэхуащ. Елдар, Ӏэсият, Назыч сымэ къалэм зыщагъэпсэхуащ.
ЕджакӀуэ цӀыкӀухэм я цӀэхэр къыхэфтхыкӀ. Макъзешэ къэзыгъэлъагъуэ хьэрфхэр щӀэфтхъэ. ЕджакӀуэ цӀыкӀухэм я цӀэхэр сыт хуэдэ хьэрфкӀэ къегъэжьа? |
20. МазэцӀэхэм фыкъеджэ. Къэвгъуэт макъзешэ къэзыгъэлъагъуэ хьэрфхэр.
Январь, февраль, март, апрель, май, июнь.
КъифтхыкӀ. Макъзешэ къэзыгъэлъагъуэ хьэрфхэр щӀэфтхъэ. |