Иджыпсту сабий къэхъухэр еджэным дихьэхкъым. Узыхуей псори хьэзыру интернетым къыщыбгъуэтыфмэ сыт ущ1еджэныр? Ауэ адыгэбзэк1э ек1уэк1 лэжьыгъэхэм жыджэру ухэтын папщ1э интернетым узыхэдэн куэд щыбгъуэтынукъым. Уэ щ1эныгъэф1 ббгъэдэлъу щытын хуейщ. Абы къыхэк1к1э тхылъ нэхъыбэрэ деджэн хуей мэхъу. Аращи мыпхуэдэ лэжьыгъэ нэхъыбэ ебгъэк1уэк1ыху, сабийхэми тхылъ нэхъыбэрэ къащтэн хуей мэхъу. Апхуэдэурэ сабийхэр тхылъ еджэным дегъэхьэха хъуну къызолъытэ.
Зэрагъэгъуэтын хуей щ1эныгъэхэр.
Предметнэ: Нало Заур и творчествэм теухуауэ я щ1эныгъэр егъэф1эк1уэн, сабийхэм я бзэм, я зэхэщ1ык1ым зегъэужьын.
Просмотр содержимого документа
«Лъэпкъ напэм и хъумак1уэ. Нало Заур»
Темэр: «Лъэпкъ напэм и хъумак1уэ»- гуп зэпеуэ
Зыгъэхьэзырар: Къэрэгъэш курыт еджап1э №2-м и пэщ1эдзэ классхэр езыгъаджэ
Лу Маритэ Мухьэмэд ипхъу
Адыгэбзэр мэбзэрабзэ
Адыгэбзэр убзэрабзэм,
Уафэ къащхъуэм зеукъэбзыр,
Дыгъэ джылыр къыщIокIыжри.
Бзум усэныр ягу къокIыжри,
Ди джэд къомыр зэдокъакъэ,
КъытхуакIэцIри дыщэ къакъэ.
Си анэр нэхъри мэхъур гуапи
Дегъэшх IэфIу лэкъум хуабэ.
Нало Заур
Филологие щ1эныгъэхэм я кандидат, «КъБР-м щ1эныгъэмк1э щ1ыхь зи1э и лэжьак1уэ», «Абхъаз Республикэм культурэмк1э щ1ыхь зи1э и лэжьак1уэ» ц1э лъап1эхэр зи1э, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэу лэжьащ Нало Заур.
Нало Заур и тхылъхэр
Нало Заур и тхылъхэр
Ди зэпеуэр мыпхуэдэу гуэшауэ щытынущ.
- Гупхэр зэгъэц1ыхун.
- Псалъэжьхэр.
- Таурыхъхэр.
- Псынщ1эрыпсалъэхэр.
- Усэхэр.
- Нэщэнэхэр.
- Синквейн.
Рефлексия
Щ1эуэ сэ къэсщ1ащ … ..
Нэхъ къызэхъул1ащ … ..
Нэхъ къызэгугъуэк1ащ … .
Хьэлэмэт къысщыхъуащ … .
Унэм щ1эсхэм яжес1эжынущ … ..
Хъуэхъу: Ди нэхъыщ1и ди нэхъыжьи я гур къабзэу, я бзэр дахэу, зэгуры1уэу, зэдэ1уэжу, дыгуф1э дытхъэжу дызэдэпсэуну сохъуахъуэ. Нобэ ди зэпеуэм къытхуеблэгъа, дызыгъэгушхуа ди хьэщ1э лъап1эхэм сабийхэми «Берычэт бесын!» вжызо1э. Тхьэ арэзы къыфхухъу! Узыншэу фыщытхэ!