Мастер – класс «Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1эр адыгэбзэ урокым къызэрызгъэсэбэп щ1ык1эр».
Зыгъэхьэзырар
Къэрэгъэш курыт еджап1э №2
пэщ1эдзэ классхэм щезыгъаджэ
Лу Маритэ
Мурадыр: 1. Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1эм теухуауэ къэзгъэсэбэп формэхэм, методхэм теухуауэ езгъэк1уэк1 лэжьыгъэхэм си дэлэжьэгъухэр щыгъуазэ щ1ын; 2. А бгъэдыхьэк1эм сабийхэр зыхуигъасэр, ф1ыуэ хэлъыр, ныкъусаныгъэу кърик1уэр ябгъэдэлъхьэн.
Къэбгъэсэбэп л1эужьыгъуэхэр: сурэтхэр,сабийхэм я еджэк1эр зэреф1ак1уэр къэзыгъэлъагъуэ диаграммэ,щхьэзакъуэ лэжьыгъэхэр зэрыт карточкэхэр, интерактивнэ доскар, компьютер, проектор, дискхэр.
Ущалъхуа щ1ыналъэм, хэкум,
бзэм, фащэм нэхъ лъап1эу сыт щы1эр ?
Ди унагъуэм адыгэ хабзэр, нэмысыр щылъап1эщ.
Си еджак1уэ ц1ык1ухэр
Класс к1уэц1ым дифференцированнэ бгъэдыхьэк1эр къэбгъэсэбэпын папщ1э этап зэмыл1эужьыгъуэхэм упхык1ын хуейщ: 1. Диагностикэ егъэк1уэк1ын; 2. Диагностикэр зэриухам и куууагъыр къэбгъэсэбэпурэ сабийхэр гуп-гупу гуэшын;
3. Сабий гупхэм зэхуэмыдэ лэжьыгъэхэр яхуэгъэхьэзырын; 4. Дифференцированнэ бгъэдыхьэк1эр урокым и пкъыгъуэ зэмыл1эужьыгъуэхэм къыщыгъэсэбэпын; 5. Сабийхэм я лэжьыгъэхэр къэпщытэн хуейщ. Абыхэм я ехъул1эныгъэм теухуауэ зыхыхьэ гупхэм, лэжьыгъэхэм захъуэжынк1э хъунущи.
«Человек и природа»-конкурсыр йок1уэк1
«Русский медвежонок»-конкурсыр йок1уэк1
Школьнэ олимпиадэм щытек1уахэм грамотэхэр ират. Лу Ренат - япэ увып1э.
Уэтэр Кристинэ – ет1уанэ увып1э.
Лу Алинэ – ет1уанэ увып1э.
Щхьэмп1ыж Замирэ - ещанэ увып1э.
«Си унагъуэ» жи1эу ек1уэк1а сочиненэ тхын зэпеуэмк1э Вэрокъуэ Залинэ – япэ увып1эр къихьащ.
«Си анэ» жи1эу ек1уэк1а сочиненэ тхын зэпеуэмк1э Къалмыкъ Дианэ ещанэ увып1эр къыхуагъэфэщащ .
Ди ехъул1эныгъэхэр.
Лу Ренат конкурс «Кенгуру»-м районым ещанэ увып1эр, конкурс «Человек и природа» жыхуи1эм районым япэ увып1эр къыщихьащ.
Лу Ренат Республиканскэ конкурс «Кавказ мой дом - моя душа» жыхуи1эм ет1уанэ увып1э кыщихьащ.
Си ехъул1эныгъэхэр
Ф1агъыу хэлъхэр: 1.Сабийхэм я щ1эныгъэм теухуауэ зыщхьэщыбогъэк1ыф. 2.Егъэджак1уэм 1эмал егъуэт нэхъ къык1эрыхухэр нэхъыф1у еджэным хуигъэпэбгъэным. 3.«Сэ ар схузэф1эк1ынукъым»- жызы1э сабийхэр трегъэгушхуэ, я зэф1эк1ым хегъахъуэ.
4.Нэхъыф1у еджэ сабийхэм я зэф1эк1ыр ирегъэф1ак1уэ. 5.Зи щ1эныгъэр зэхуэдэ сабий гупхэм хэтхэр нэхъ тогушхуэ. 6.Сабийхэр щхьэзакъуэу гупсысэу ирегъасэ.
Ныкъусаныгъэу хэлъхэр: 1.Зи зэф1эк1ым темыгушхуэ сабийхэр нэхъ къык1эрыхухэм яхэхуэнк1э мэхъу. 2.Зэман куэд ток1уадэ егъэджак1уэм урокым зыхуигъэхьэзырыным.
Япэ гуп .
Къэбэрдей Балъкъэрым и къ . лащхьэр Налшыкщ. Абы и хъуреягъыр д . хащэу щхъу. нт1агъэм щ1игъэнащ. ……………………………………………………………
Сэ ф1ыуэ солъагъу ди къ . лащхьэ Налшык. Ирехъу ар илъэс къэск1э нэхъ дахэ! Еф1ак1уэ, зыужь си Налшык къалэ!
Налшык. Къэбэрдей –Балъкъэрым и къалащхьэр Налшыкщ. Абы и хъуреягъыр дахащэу щхъуант1агъэм щ1игъэнащ. Налшык ц1эры1уэ ящ1ащ и зыгъэпсэхуп1э хьэлэмэтхэм, и еджап1э зэмыл1эужьыгъуэхэм. Я узыншагъэр ирагъэф1эк1уэну, я нэгу зрагъэужьыну мыбы ц1ыху куэд къок1уэ хамэ къэралхэми къик1ыу. Сэ ф1ыуэ солъагъу ди къалащхьэ Налшык. Ирехъу ар илъэс къэск1э нэхъ дахэ! Еф1ак1уэ, зыужь си Налшык къалэ!
Ет1уанэ гуп .
Щабэ1уэ, гъуабжэ,
щабэ, дахэк1ей, хабзэ,
гъуабжа1уэ, хабзэф1,
дахащэ, пхъашэф1,
гуащ1э,щабэф1,
пхъашэ, хабзэшхуэ,
пхъашэщэ, гуащ1ащэ
дахэ, гуащ1абзэ.
Гъуабжэ, щабэ, хабзэ, пхъашэ, дахэ, гуащ1э.
Ещанэ гуп .
Анэм и теплъэм гуэпагъэм,
щабагъэм, дэхагъэм нэхъ хуэк1уэ дэнэ къипхын? Абы и мэм и гуэк1уагъым къытек1уэн дыхумэ иджыри зыми къигупсысакъым. Анэм сабийм хуи1э лъэгъуныгъэм и гуащ1агъымрэ сабийр зытехьа дунейм и дэхагъымрэ щыщыгъупщэр ц1ыхун щигъэтыжа нэужьщ.
Анэм и теплъэм гу э а пагъэм,
щабагъэм, д э а хагъэм нэхъ хуэк1уэ дэнэ къипхын? Абы и м э м и гу э а к1уагъым къытек1уэн дыхумэ иджыри зыми къигупсысакъым. Анэм сабийм хуи1э лъ э а гъуныгъэм и гуащ1агъымрэ сабийр зытехьа дунейм и д э а хагъымрэ щыщыгъупщэр ц1ыхун щигъэтыжа нэужьщ.
Япэ гуп
Къэрэгъул бэлыхь.у кыщ1эк1ынщ ахэр. ……………………………………………………………..
Зыми щремышынэ ди къэралыр, апхуэдэ хъумаку1э ди1эху. Хэкум лей къылъысмэ, я псэ емыблэж.у кыщыжынущ ахэр.
Ди къэралым и гъунэхэр пограничникхэм яхъумэ. Абыхэм сакъ.у я къалэн ягъэзащ1э.
Ди хъумак1уэхэр. Ди къэралым и гъунэхэр пограничникхэм яхъумэ. Абыхэм сакъыу я къалэн ягъэзащ1э. Къэрэгъул бэлыхьу кыщ1эк1ынщ ахэр. Iэуэлъауэ макъ зэрызэхахыу щ1эхыу абы и лъыхъуак1уэ йожьэхэр. Псэемыблэжу ягъэзащ1э абыхэм я къалэнхэр. Зыми щремышынэ ди къэралыр, апхуэдэ хъумаку1э ди1эху. Хэкум лей къылъысмэ, я псэ емыблэжу кыщыжынущ пограничникхэр.
Ет1уанэ гуп
Ф1агъыу, к1элъыплъу,
зэрызэф1эк1ыу,1ущагъыу, гуэпагъыу, къыумыхыу,
сакъыу, къихьу, гузавэхыу,
къыхихыу, бэлыхьу, щ1эхыу,
еплъу, лъэмык1ыу.
Ф1агъыу, зэрызэф1эк1ыу, 1ущагъыу, къыумыхыу, сакъыу, гузавэхыу,къыхихыу,щ1эхыу, лъэмык1ыу.
Ещанэ гуп
Диктантым псалъэ щыщ1этхъа щыуагъэ зыхэтхэм къыхэгъэк1ын, пэжыр тетхэжын.
Сэ си ныбжьэгъущ Мухьэмэд ц1ык1у. Абы ф1агъыу , 1ущагъуу бгъэдэлъым щ1эи гъуни и1экъым. Сытым хуэдэуи жы1эда1уэ ар. А ц1ык1ум псы къихьыурэ 1эщыр ирегъафэ. Бэкхъыу къыщ1эк1ынщ абы я пщ1ант1эм дэт псэуалъэр. И 1уэхухэр зэрызэф1эк1у , абы унэ лэжьыгъэхэр ещ1ыж.
Сэ си ныбжьэгъущ Мухьэмэд ц1ык1у. Абы ф1агъыу , 1ущагъ ы уу бгъэдэлъым щ1эи гъуни и1экъым. Сытым хуэдэуи жы1эда1уэ ар. А ц1ык1ум псы къихьыурэ 1эщыр ирегъафэ. Бэкхъыу къыщ1эк1ынщ абы я пщ1ант1эм дэт псэуалъэр. И 1уэхухэр зэрызэф1эк1 ы у , абы унэ лэжьыгъэхэр ещ1ыж.
Псоми ину берычэт бесын вжызо1э!