| Сентябрь. Япэ тхьэмахуэ |
| 1.1.Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр зэрызгъэк1уар | Гъэмахуэ нэщэнэхэр ягу къэгъэк1ыжын, жегъэ1эн Псалъащхьэм щ1эту рассказ ц1ык1у зэхегъэлъхьэн; псалъэухар тэмэму яухуэфу ябзэм зегъэужьын. | |
| 1.2. Нало З.» Нанэ и псэ, дадэ и бзэ» | Усэр гук1э егъэщ1эн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын. Макъ нэхъ къатехьэлъэхэр нэхъыбэрэ къегъэпсэлъын. | |
| Сентябрь. Ет1уанэ тхьэмахуэ |
| 2.1.Къэрмокъуэ Хь. «Дыгъужьым и к1уэдык1ар» | Таурыхъым едэ1уэфу, купщ1э нэхъыщхьэр къагъуэтыфу; упщ1э яхуэбгъэувым жэуап къратыфу, зэ жа1ам къытрамыгъэзэжу къа1уэтэжыфу егъэсэн. Таурыхъым хэт персонажхэм жьэры1уатэу сурэт хуегъэщ1ын- я бзэм зегъэужьын | |
| 2.2.Бзэм и макъхэр къызэ рыхъум къытегъэзэжын | Макъзешэхэмрэ, макъ дэк1ашэхэмрэ зэрызэхагъэк1ыфыр къэхутын, егъэф1эк1уэн. | |
| Сентябрь. Ещанэ тхьэмахуэ |
| 3.1.«Хадэхэк1хэр кърахьэл1эж» | Сурэтым щалъагъухэр планым тету къа1уэтэжыфу егъэсэн. Хадэхэк1хэр къэпщытэжын, хущхъуэгъуэ хэлъхэр егъэщ1эн. Хадэхэк1хэм теухуа «кроссворд» гъэджэгун. | |
| 3.2.Бейрэмыкъуэ 1. «Бынэ – щхьэхынэ». Псалъэжь «Хуэмыху и 1уэху блэк1ыркъым» | Усэм къахуеджэн, упщ1эк1э зэпкърегъэхыжын. Псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын. Псалъэжь «Хуэмыху и 1уэху блэк1ыркъым» Псалъэжь «Хуэмыху и 1уэху блэк1ыркъым» | |
| Сентябрь. Епл1анэ тхьэмахуэ |
| 4.1.Джэш Р. «Рузанэ». | Рассказым къахуеджэн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын. Упщ1эк1э зэпкърахыфу, купщ1э нэхъыщхьэр къагъуэтыфу егъэсэн. Рассказым ехьэл1а псалъэжь егъэщ1эн. | |
| 4.2.Грамотэм хуэзыгъэхьэзыр дерс. | Бзэр псалъэурэ, псалъэр пычыгъуэурэ зэрызэхэтыр къагурыгъэ1уэн, егъэщ1эн. Ц1ык1ухэр «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун | |
| Октябрь. Япэ тхьэмахуэ |
| 1.1. Щэджэнц1ык1у А. «Бжьыхьэ» рассказыр. | Рассказым къахуеджэн, бжьыхьэм къэхъу зэхъуэк1ыныгъэхэм к1элъыгъэплъын. «Пхъэщхьэмыщхьэхэр кърахьэл1эж» сурэтымк1э гъэлэжьэн: пхъэщхьэмыщхьэхэр къэпщытэжын. Псынщ1эрыпсалъэ егъэщ1эн. | |
| 1.2. Аф1эунэ Л. «Адыгэбзэ» усэр. | Усэр гук1э егъэщ1эн. Адыгэбзэм макъыу урысыбзэм техуэхэр зэхамыгъэзэрыхьу къапсэлъыфу, ягъэ1уфу егъсэн. Сабийхэм я псалъалъэм хагъэхъуэн папщ1э, «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун. | |
| Октябрь. Ет1уанэ тхьэмахуэ |
| 2.1.Къармокъуэ Хь. «Чэнджэщ». | Таурыхъым къахуеджэн, едэ1уэфу, жа1эжыфу егъэсэн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын. Таурыхъым ехьэл1а псалэжь егъэщ1эн. Адыгэ художественнэ литературэр ф1ыуэ егъэлъэгъун. | |
| 2.2.Дерс блэк1ар къэпщытэжын (нэп.. 94-96) | «Гу-ку» макъхэр псалъэхэм тэмэму, зэхэщ1ык1ыгъуэу къыщапсэлъыфу (и пэм, и кум, и к1эм) егъэсэн. Макъхэм теухуа усэ ц1ык1ухэм иригъуэзэн. Зэхах макъым гулъытэ хуащ1у егъэсэн. | |
| Октябрь. Ещанэ тхьэмахуэ |
| 3.1. Къагъырмэс Б. «Мэзым» усэр. | «Бжьыхьэ» сурэтымк1э рассказ зэхегъэлъхьэн, я бзэм зегъэужьын. Усэм къахуеджэн, сурэтымрэ усэмрэ зэрапхыфу, абы яку дэлъ зэщхьыныгъэр къагъуэтыфу, къыжа1эфу егъэсэн. | |
| 3.2. Нало З. «Л1ыжьымрэ Хъумпэц1эджымрэ». хъыбарыр. | Хъыбарым щ1элъ купщ1э нэхъыщхьэр сабийхэм къагурыгъэ1уэн, хъыбарымрэ рассказымрэ зэхагъэк1ыфу егъэсэн. «Зыплъыхьак1уэ дыщык1уам» темэм теухуа хъыбар сабийхэм зэхегъэлъхьэн. «Дзыгъуэ-джэду» гъэджэгун. | |
| Октябрь. Епл1анэ тхьэмахуэ |
| 4.1.Дерс блэк1ар къэпщытэжын. | Псалъэухам мыхьэнэ пыухык1а зэри1эр къагурыгъэ1уэн, псалъэуха тэмэму зэхалъхьэфу, ар зэк1элъыхьауэ къагъуэтыжыфу егъэсэн; нэрылъагъу пособие къэгъэсэбэпын. | |
| 4.2. Бжьыхьэ. Зыплъыхьак1уэ школ паркым шэн. | Дыкъэзыухъуреихь дунейм щыгъуазэ щ1ын. | |
| Ноябрь. Япэ тхьэмахуэ |
| 1.1.Бжьыхьэ. | Гъэм и зэман бжьыхьэм яхутепсэлъыхьын. Зэхъуэк1ыныгъэ ялъагъухэм тегъэпсэлъыхьын, я дзэм зегъэужьын, я псалъэхэм хэгъэхъуэн. Бжьыхьэ мазэхэр къегъэпщытэжын: сентябрь – фок1адэ, октябрь – жэпуэгъуэ, ноябрь – щак1уэгъуэ, мазэц1эхэр адыгэбзэк1э яже1эн. | |
| 1.2.Дерс блэк1ар къэпщы тэжын. | Дерс блэк1ар къэпщытэжын. Псалъэ, псалъэуха къэзыгъэлъагъуэ схемэхэм щыгъэгъуэзэн, ахэр къагъэсэбэпурэ псалъэ , псалъэуха къагупсысыфу егъэсэн. | |
| Ноябрь. Ет1уанэ тхьэмахуэ |
| 2.1. Ушинский Д.К. «Бжьыхьэ». | Зыплъыхьак1уэ щык1уам ялъэгъуахэм к1эщ1 дыдэу тегъэпсэлъыхьын. Рассказым къегъэджэн, упщ1эк1э зэпкърегъэхыжын, словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын. «Мы тхьэмпэр зыпыт жыгыр къафщ1эт?» джэгук1эмк1э гъэджэгун. | |
| 2.2.Макъ «Гъ – хъ» | Дерс блэк1ар къэпщытэжын. «гъ – хъ» макъхэр псалэхэм щызэхамыгъэзэрыхьу къыщапсэлъыфу егъэсэн, ахэр адыгэбзэ макъыу зэрыщытыр къагурыгъэ1уэн. Сабийхэм я дикцэм елэжьын: псалъэхэр, псальэ зэпыщ1ахэр зэхэщ1ык1ыгъуэу къапсэлъыфу егъэсэн; бзэр ф1ыуэ егъэлъэгъун, дегъэхьэхын. | |
| Ноябрь. Ещанэ тхьэмахуэ |
| 3.1.Къэрмокъуэ Хь. «Хьэрэмыжьрэ Хьэлэлыжьрэ» таурыхъыр. | Таурыхъыр яже1эжын, абы дегъэхьэхын, къазэрыгуры1уар упщ1эк1э къэпщытэжын, словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын, Таурыхъым ехьэл1а псалъэжь егъэщ1эн. Ягу ирихьа пычыгъуэм тегъэпсэлъыхьыжын, персонажхэм зыпегъэщ1ыжын, гъэджэгун. | |
| 3.2.Аф1эунэ Л. «Бжьыхьэ». | Усэр гук1э егъэщ1эн, упщ1эк1э зэпкърегъэхыжын; псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын, макъхэр къызэрапсэлъым к1элъыплъын. Садым къыщык1уэк1э ялъэгъуахэм к1эщ1 дыдэу тегъэпсэлъыхьыжын. | |
| Ноябрь. Епл1анэ тхьэмахуэ |
| 4.1.Дерс блэк1ар къэпщытэжын . | Псалъэухам мыхьэнэ пыухык1а зэри1эр къагурыгъэ1уэн, псалъэуха тэмэму зэхалъхьэфу, ар зэк1элъыхьауэ къагъуэтыжыфу егъэсэн; нэрылъагъу пособие къэгъэсэбэпын. | |
| 4.2. Хьэхъупащ1э А. «Умышынэ, дадэ» рассказыр. | Рассказым къахуеджэн, упщ1эк1э зэпкърегъэхыжын, купщ1э нэхъыщхьэр къыхахыфын, рассказыр я псалъэк1э жегъэ1эжын, абы дегъэхьэхын. Нэхъыжьымрэ нэхъыщ1эмрэ яку дэлъын хуей хабзэм яхутепсэлъыхьын. «Пы1экъуэдзэ» гъэджэгун. | |
| Декабрь. Япэ тхьэмахуэ |
| 1.1. Щ1ымахуэ. | Гъэм и зэман къихьам яхутепсэлъыхьын: щ1ымахуэ мазэхэр егъэщ1эн, нэрылъагъу пособие къэгъэсэбэпын. Щ1ымахуэм теухуа рассказ зэхегъэлъхьэн: сабийхэм я бзэм зиужьын папщ1э, нэхъыбэрэ гъэпсэлъэн, я псалъалъэм хэгъэхъуэн, я бзэмк1э хуиту псэлъэфу, псалъэхэм къарык1 мыхьэнэр къагуры1уэу егъэсэн. Щ1ымахуэм теухуа псалъэжь, къуажэхь егъэщ1эн. | |
| 1.2. К1эрашэ Т., Акъсырэ З. «Мыщэ и къуэ Батыр» | Сабийхэр таурыхъым щыгъуазэ щ1ын щ1эдзэн, таурыхъым и къежьап1эм теухуа псалъэмакъ сабийхэм ядегъэк1уэк1ын. Таурыхъым и япэ, ет1уанэ 1ыхьэхэм къахуеджэн. Къык1элъык1уэным хуэп1ащ1эу таурыхъым дегъэхьэхын. | |
| Декабрь. Ет1уанэ тхьэмахуэ |
| 2.1. Нало З. «Мамышэ и маршынэр» рассказыр. | Рассказым къахуеджэн, дегъэхьэхын, словарнэ лэжьыгъэ ядегъэк1уэк1ын. Гъэсэныгъэ мыхьэнэ зи1э 1ыхьэхэм къытегъэзэжын, сабийхэм упщ1эк1э захуэгъэзэн. Рассказым ехьэл1а псалъэжь егъэщ1эн, жегъэ1эн. | |
| 2.2. Дерс блэк1ам ящ1ар къытегъэзэжын. | Схемэм еплъурэ псалъэ къегъэгупсысын: псалъэхэр пычыгъуэурэ зэпегъэудын, ударенэ трегъэгъэувэн. «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун. | |
| Декабрь. Ещанэ тхьэмахуэ |
| 3.1. Нало З. «Зазэрэ Зузэрэ» усэр. | Усэм гъэхуауэ къахуеджэн, усэр зытепсэлъыхьыр упщ1эк1э къэхутэн. Макъ нэхъ къехьэлъэк1хэр нэхъыбэрэ къегъэпсэлъын. «Псынщ1эрыпсалъэ» жегъэ1эн, егъэщ1эн: «Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз, Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз». | |
| 3.2.Дерс блэк1ар къэпщытэжын. | Пычыгъуэм щыгъуазэ щ1ын, псалъэр пычыгъуэурэ зэпаудыфу, ар къа1уатэжыфу, къагъуэтыжыфу, ягъэ1уфу егъэсэн. Псалъэ къэгъэлъэгъуар хэту псалъэуха къагупсысыфу егъэсэн; макъ зешэхэмрэ, макъ дэк1уашэхэмрэ къэпщытэжын, ахэр псалъэм къыщагъуэтыфу егъэсэн. | |
| Декабрь. Епл1анэ тхьэмахуэ |
| 4.1. Илъэсыщ1э. | Къэзан Ф. «Илъэсыщ1э» усэр зытепсэлъыхьыр жегъэ1эн, гук1э егъэщ1эн, словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын. Сабийхэр утренникым хуэгъэхьэзырын. | |
| 4.2. К1эрашэ Т., Акъсырэ З. «Мыщэ и къуэ Батыр». | «Мыщэ и къуэ Батыр» - таурыхъым хэзышэ псалъэмакъ егъэк1уэк1ын. Таурыхъым 1ыхьэ – 1ыхьэурэ къахуеджэн. | |
| Январь. Япэ тхьэмахуэ |
| 1.1. Къэзан Ф. «Къежэхып1э» усэр. | Усэм гъэхуауэ къахуеджэн, словарнэ лэжьыгъэ ядегъэк1уэк1ын, усэр зытеухуар къагурыгъэ1уэн. Макъхэр къызэрапсэлъым к1элъыплъын. Щ1ымахуэм теухуа къуажэхь сабийхэм егъэщ1эн, гъэджэгун. | |
| 1.2. К1эрашэ Т., Акъсырэ З. «Мыщэ и къуэ Батыр» таурыхъыр. | Таурыхъым и 1ыхьэ ещанэм къахуеджэн, словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын. Егъэлеиныгъэ таурыхъым дызыщрихьэл1эхэм къытеувы1эн, къагурыгъэ1уэн. Таурыхъым хэт персонажхэм сабийхэр тегъэпсэлъыхьын, зыпегъэщ1ыжын, гъэджэгун. | |
| Январь. Ет1уанэ тхьэмахуэ |
| 2.1. Нало З. «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ» усэр. | Усэм гъэхуауэ, гуры1уэгъуэу, къахуеджэн, гук1э егъэщ1эн, словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын. Макъхэр къызэрапсэлъым к1элъыплъын. Усэр бзэ дахэк1э зэрытхам сабийхэм гу лъегъэтэн; тхак1уэм ар и гум, и псэм къызэрыбгъэдэк1ыр сабийхэм зыхегъэщ1эн; я анэбзэм пщ1э хуащ1у, иригушхуэу сабийхэр къэгъэтэджын. | |
| 2.2.Дерс блэк1ар къэпщытэжын. | Макъзешэхэмрэ макъ дэк1уашэхэмрэ зэрызэхагъэк1ын 1эмал егъэщ1эн: ааа — шэщ1ауэ къаупсэлъ мэхъу, уэрэд жып1э мэхъу, макъзешэщ (ооо, ууу, ыыы); б — шэщ1ауэ ккъыупсэлъыфкъым, уэрэд жып1э хъуркъым — макъ дэк1уашэщ. Пычыгъуэм щыгъэгъуэзэн. | |
| Январь. Ещанэ тхьэмахуэ |
| 3.1.«Пц1ащхъуэм и к1эр щ1эдыкъуакъуэр» хъыбарыр. | Хъыбарымрэ таурыхъымрэ зэщхьыныгъэ хэлъым сабийхэм гу лъегъэтэн; хъыбарым хэлъ егъэлеиныгъэр сабийхэм къегъэгъуэтын; хъыбарым ехьэл1а псалъэжь егъэщ1эн. «Зэкъуэт» джэгук1эмк1э гъэджэгун. | |
| 3.2. Нало З. «Ф1ыц1э ц1ык1у къыщыщ1ахэр» рассказыр. | Рассказым къахуеджэн, упщ1эк1э зэпкърегъэхыжын, словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын. Ф1ыц1э ц1ык1у и хьэл-щэнхэм сабийхэм гу лъегъэтэн. Гукъыдэж, гукъыдэмыжагъ къызэрык1 псалъэхэр сабийхэм егъэщ1эн, я бзэм къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн. Сабийхэм Ф1ыц1э ц1ык1у зыпегъэщ1ыжын, гъэджэгун. | |
| Январь. Епл1анэ тхьэмахуэ |
| 4.1. Тхьэмахуэ зэхуакур. | Тхьэмахуэ зэхуакур зэрыхъур сабийхэм егъэщ1эн; пщ1ым нэс бжэфын, къебжыхыжыфын. Плъыфэхэм щыгъэгъуэзэн, я гупсысэм зегъэужьын. | |
| 4.2. К1эрашэ Т., Акъсырэ З. «Мыщэ и къуэ Батыр». | «Мыщэ и къуэ Батыр» - таурыхъым хэзышэ псалъэмакъ егъэк1уэк1ын. Таурыхъым 1ыхьэ – 1ыхьэурэ къахуеджэн тегъэпсэлъыхьыжын, персонажхэм оценкэ ирегъэтын | |
| Февраль. Япэ тхьэмахуэ |
| 1.1. Аф1эунэ Л. «Япэ уэс» усэр. | Усэм къахуеджэн, макъ нэхъ къамыпсэлъыфхэм елэжьын. «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун. | |
| 1.2. Тхьэмахуэ зэхуакур зэрыхъур сабийхэм къегъэпщытэжын. | Тхьэмахуэ зэхуакур зэрыхъур сабийхэм егъэщ1эн: блыщхьэ, гъубж, бэрэжьей, махуэку, мэрем, щэбэт, тхьэмахуэ. «Ребус» къегъэщ1эн, я гупсысэм зегъэужьын. | |
| Февраль. Ет1уанэ тхьэмахуэ |
| 2.1. Хьэц1ык1у Хь. «Ныбжьэгъу пэж» усэр. | Ныбжьэгъугъэ къызэрык1 псалъэхэр сабийхэм егъэщ1эн (ныбжьэгъу пэж, гъэпэжын, пэжу хущытын, зэныбжьэгъу, н.), ахэр сабийхэм я бзэм къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн. Усэр гук1э егъэщ1эн, макъхэр къызэрапсэлъым к1элъыплъын. Сабийхэм я гупсысэм зегъэужьын. | |
| 2.2. Дерс блэк1ар къэпщытэжын. | Макъ жь-р псалъэхэм щагъэ1уфу егъэсэн, псалъэхэм къыщегъэгъуэтын; макъым теухуа усэ ц1ык1ум иригъуэзэн. ЖЬ макъыр адыгэ макъыу зэрыщытыр яже1эн. «Псалъэрыджэгу гъэджэгун, нэрылъагъу пособие къэгъэсэбэпын. | |
| Февраль. Ещанэ тхьэмахуэ |
| 3.1. Пхыт1ык1 Ю. «Лъэтеувэ» усэр. | «Лъэтеувэ», «Гущэхэпхэ», «Кхъуейплъыжьк1эрыщ1э»: адыгэхэм сабийм к1элъызэрахьэ хабзэхэм тепсэлъыхьын. Усэм гъэхуауэ къахуеджэн, словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын. Дерс зэ1уха ек1уэк1ыным сабийхэр хуэгъэхьэзырын. | |
| 3.2.«Къулбацицэ» Журт Б. | Таурыхъым къахуеджэн, Псальэ нэхъ гугъухэм елэжьын; егъэлеиныгъэ хэльхэм къытеувы1эн, гу льегъэтэн. Къулбацицэ и хьэл - щэным тегъэпсэльыхьын Гъсэныгъэ пэж ябгъэдэльхьэн. | |
| Февраль. Епл1анэ тхьэмахуэ |
| 4.1.Дерс блэк1ам къытегъэзэжын. | Дерс блэк1ам къытегъэзэжын. псальэхэр пычыгъуэк1э зэпаудыфу, моделхэмк1э къагъэльэгъуэфу егъэсэн. | |
| 4.2.Геометрическэ фигурэхэр. | Геометрическэ фигурэхэр егъэц1ыхуным пыщэн: хъурей, зэбгъузэнат1э, щимэ, пл1имэ. Пльыфэхэр ягу къэгъэк1ыжын. | |
| Март. Япэ тхьэмахуэ |
| 1.1. Къанкъул Ф1. «Мамэ» усэр. | Мартым и 8-р Ц1ыхубзхэм я махуэшхуэщ: абы теухуа псалъэмакъ сабийхэм ядегъэк1уэк1ын. Усэр гук1э егъэщ1эн. Сабийхэр утренникым хуэгъэхьэзырын. | |
| 1.2. Хьэх С. «Щыхьым и жыг» рассказыр. | Рассказым къахуеджэн, упщ1эк1э зэпкърегъэхыжын, словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын. Рассказым щ1элъ купщ1э нэхъыщхьэр къагурыгъэ1уэн, абы теухуа псалъэмакъ ядегъэк1уэк1ын. Рассказым ехьэл1а псалъэжь егъэщ1эн. | |
| Март. Ет1уанэ тхьэмахуэ |
| 2.1. Жылэтеж С. «Гъатхэ» усэр. | Усэм къахуеджэн, словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын, гъэм и зэманымрэ усэр зытепсэлъыхьымрэ зэрапхыфын. Гъатхэ нэщэнэ сабийхэм егъэщ1эн. «Пы1эхуэжэ» гъэджэгун. | |
| 2.2. Дерс блэк1ам къытегъэзэжын. | Макъ Л1, Лъ-р псалъэхэм къыщегъэгъуэтын, щегъэгъэ1ун; макъым теухуа усэ ц1ык1ум иригъуэзэн, а макъыр хэту псалъэ къегъэгупсысын. «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун. | |
| Март. Ещанэ тхьэмахуэ |
| 3.1.Къэрмокъуэ Хь. «Сосрыкъуэ маф1э къызэрихьар» | 1уэры1уатэм къыхэщыж хъыбарым къызэрыгуэк1 дыдэу щыгъэгъуэзэн, псальэ нэхъ гугъухэм елэжъын; егъэлеиныгъэ хэльхэм къытеувы1эн, хъыбарыр иджырей гъащ1эм ирегъэгъэпщэн | |
| 3.2.Къэрмокъуэ Хь. «Бажэмрэ Хьэхэмрэ» | Таурыхъым едэ1уэфу, купщ1э нэхъыщэхэр къагъуэтыфу егъэсэн; 1еймрэф1ымрэ зэхагъэк1ыфу, таурыхъыр зэ жа1ам къытрамыгъэзэжу жа1эжыфу егъэсэн. | |
| Март. Епл1анэ тхьэмахуэ |
| 4.1.Гъэрэ щ1ырэ зэхок1. | Гъатхэпэ мазэм дунейм зызэрихъуэжым тегъэпсэлъыхьын, упщ1эк1э зэпкърегъэхыжын; Махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдиз щыхъу гъатхэ махуэм тепсэлъыхын | |
| 4.2.Дерс блэк1ам къытегъэзэжын. | Макъ 1-р псалъэхэм къыщегъэгъуэтын, щегъэгъэ1ун. А макъыр урысыбзэм зэрыхэмытым сабийхэм гу лъегъэтэн. «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун, я псалъалъэм хэгъэхъуэн. | |
| Апрель. Япэ тхьэмахуэ |
| 1.1. Щоджэнц1ык1у 1. «Си анэ» усэр. | Усэр гук1э егъэщ1эн. Анэм теухуа псалъэжь егъэщ1эн. | |
| 1.2.Къэрмокъуэ Хь. «Хьэщ1эмыгъашхэ» хъыбарыр. | Хъыбарыр яже1эжын, нэхъ гу зылъытапхъэхэм сабийхэм гу лъегъэтэн; хъыбарым хэт персонажхэм тегъэпсэлъыхьыжын, зыпегъэщ1ыжын. Хъыбарым ехьэл1а псалъэжь егъэщ1эн. «Чыбжьэ зэпекъу» гъэджэгун. | |
| Апрель. Ет1уанэ тхьэмахуэ |
| 2.1. Дадэ А. «Доныжь ц1ык1у и бжэнибгъур» таурыхъыр. | Таурыхъыр сабийхэм спектаклу егъэгъэувын, дерсыр къэмыс щ1ык1э, егъэджак1уэхэм сабийхэр таурыхъым нэ1уасэ хуищ1ын, ролхэр яхуигуэшын; спетаклым нэхъыщ1э гупхэр къегъэблэгъэн. | |
| 2.2. Дерс блэк1ар къэпщытэжын. | Нэхъ къытехьэлъэ темэхэм къытегъэзэжын. Макъ дз-р псалъэхэм къыщегъэгъуэтын, макъыр псынщ1эрыпсалъэм хэту къегъэпсэлъын, нэрылъагъу пособие къэгъэсэбэпын. «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун. | |
| Апрель. Ещанэ тхьэмахуэ |
| 3.1. Къардэн Б. «Гъатхэ» рассказыр. | Рассказым къахуеджэн, словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын, купщ1э нэхъыщхьэр къегъэгъуэтын; езы сабийхэми упщ1э къуатыфу егъэсэн. Рассказым ехьэл1а псалъэжь жегъэ1эн. | |
| 3.2. Елберд Хь. «Пц1ащхъуэ ц1ык1у» усэр. | Усэм къахуеджэн, словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын. «Къру-къру» гъэджэгун. | |
| Апрель. Епл1анэ тхьэмахуэ |
| 3.3.Грамотэм хуэзыгъэхьэзыр дерс блэк1ахэр къэпщытэжын. | Тхылъым ит материалхэр къэгъэсэбэпын. | |
| 3.4.Гъэм и зэманхэр. | Гъэм и зэманхэр егъэц1ыхун: бжьыхьэ, щ1ымахуэ, гъатхэ, гъэмахуэ. Дунейм и дахагъэм щыгъуазэ щ1ын, ар зэрахъумэным хуэгъэсэн. | |
| Май. Япэ тхьэмахуэ |
| 1.1. Щоджэнц1ык1у А. «Май» усэр. | Майм и пэхэм къытпэплъэ махуэшхуэм теухуа псалъэмакъ сабийхэм ядегъэк1уэк1ын. Усэм гъэхуауэ гук1э къеджэфу егъэсэн; усэр зытепсэлъыхь гъэм и зэманыр жегъэ1эн. | |
| 1.2.Щоджэнц1ык1у 1. «Хэкум и бын» | Усэм къахуеджэн; усэр упщ1эк1э зэпкърегъэхыжын, бзэм зегъэужьын | |
| Май. Ет1уанэ тхьэмахуэ |
| 2.1.Къэрмокъуэ Хь «Сосрыкъуэ маф1э къызэрихьыжар» | Таурыхъым къахуеджэн; дерсыр къэмыс щ1ык1э сабийхэр таурыхъым нэ1уасэ хуэщ1ын. Псальэхэр пэжу къапсэльыфу егъэсэн, я бзэм зегъэужъын. | |
| 2.2. Фильм «Сосрыкъуэ маф1э къызэрихьыжар» | Таурыхъым егъэплъын, упщ1эк1э фильмыр зэпкърыхын. | |
| Май. Ещнэ тхьэмахуэ |
| 3.1.Си Налшык къалэ | Ди республикэм и къалащхьэр зэрыщытыр егъэц1ыхун; гербыр, флагыр егъэльэгъун. Къэбэрдей – Балькъэрым и президентыр егъэц1ыхун. | |
| 3.2.«Си Налшык къалэ» дерсым пыщэн | Налшык дэт театрхэм, музейхэм, фэепльхэм, щыгъуазэ щ1ын. Ди республикэм щыпсэу льэпкъхэр егъэц1ыхун: ахэр зэгуры1уэ - зэдэ1уэжхэу зэрыпсэум гу льегъэтэн. | |
| Май. Епл1анэ тхьэмахуэ |
| 4.1. Гъэ еджэгъуэм сабийхэм яджа псори къыдопщытэж. | Сабийхэр зыплъыхьак1уэ шэн: дыкъэзыухъуреихь дунейм хащ1ык1 псори къэхутэн, жегъэ1эн, удзхэм я ц1эхэр яже1эн, егъэщ1эн. Езы сабийхэм ящ1э, яф1эф1 джэгук1эхэмк1э гъэджэгун. | |
| 4.2. Сабийхэм я зэф1эк1ыр къэзыхутэ диагностикэ щ1ын. | Сабийхэр утренникым хуэгъэхьэзырын: «Сабий садыр къыщызухк1э» - уэрэд егъэщ1эн, жегъэ1эн. | |