Зыубзыху тхыгъэ
Рабочэ программэр «Анэдэлъхубзэ» (литературное чтение на кабардино-черкесском языке) предметымк1э хуэгъэпсащ Федеральнэ къэрал егъэджэныгъэ стандартыщ1эхэм (ФГОС) къагъэув къалэнхэр гъэзэщ1эным. Рабочэ программэм зэпкърех ик1и еубзыху стандартым къриубыдэу адыгэбзэ предметым еджак1уэхэм я еджэныгъэм, гъэсэныгъэм, зыужьыныгъэм епхауэ пкъырылъ 1эмалхэр, къэрал егъэджэныгъэ стандартыщ1эм (ФГОС) къигъэув къалэнхэм тету. 1-нэ классым азбукэмк1э (тхэк1э егъэщ1энымк1э) рабочэ программэр зэхэлъхьа хъуащ щ1эныгъэмк1э Федеральнэ методическэ зэхуэсыр аразы зытехъуа программэм (Примерная образовательная программа по учебному предмету «Анэдэлъхубзэ» (Литературное чтение на кабардино-черкесском языке (родной) для 1-4 классов общеобразовательных организаций) ипкъ итк1э.
Мурадхэр:
- я анэдэлъхубзэр тыншу, шэрыуэу ягъэбзэрэбзэфу егъэсэным хущ1экъун;
- бзэм хуащ1 пщ1эр нэхъ лъагэ щ1ынымк1э адыгэ лъэпкъым къадек1уэк1 хабзэ дахэхэр къэгъэсэбэпын;
-жьак1уэу псалъэнымк1э, тхылъымрэ текст щхьэхуэхэмрэ елэжьынымк1э есэныгъэр егъэгъуэтын;
- еджак1уэхэм я бзэм, я гупсысэк1эм зегъэужьын;
- еджак1уэхэм къагурыгъэ1уэн адыгэбзэмрэ адыгэ лъэпкъымрэ гуэхып1э имы1эу зэрызэпхар ик1и ар ф1ыуэ лъагъун зэрыхуейр;
- тхыгъэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэк1э хэлъ гупсысэр къыхагъуэтэфу егъэсэн;
- псалъэ щхьэхуэхэр къагъэсэбэпурэ псалъэуха зэхалъхьэфу егъэсэн.
Къалэнхэр:
- Тэмэму псэлъэнымк1и, еджэнымк1и еджак1уэхэм я1э есэныгъэр егъэф1эк1уэн;
-Я бзэр тэмэму яухуэфу, дэтхэнэ псалъэри егупсысауэ къагъэсэбэпыфу егъэсэн;
- Еджак1уэхэм я логическэ гупсысэк1эм зиужьынымк1э дэ1эпыкъуэгъу хъун.
-Адыгэбзэм хуа1э лъагъуныгъэр нэхъ куу щ1ын;
-Бзэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр урипсэлъэфын къудейуэ зэрыщымытым гу лъегъэтэн;
- Еджак1уэхэм я бзэм зегъэужьыным, я словарнэ запасым хэгъэхъуэн.
«Анэдэлъхубзэ» предметыр яджыным папщ1э хухахащ сыхьэт бжыгъэу 33,тхьэмахуэм – зы сыхьэт хуэзэу.
Япэ гъэ еджэгъуэм и к1эм деж еджак1уэхэм ящ1эн хуейхэмрэ яхузэф1эк1ыпхъэхэмрэ.
Ящ1эн хуейхэр:
- адыгэ хьэрфхэр тэмэму ягъэ1уфын;
- хьэрф зэгуэтхэр зыхэт псалъэхэм псалъэухахэм тэмэму еджэфын;
- тхыгъэ зэджам тепсэлъыхьыжыфын;
- зэджа усэу гук1э 5-6;
- сюжет тынш зи1э сурэтхэм теухуауэ кърат упщ1эхэм жэуап ирату тепсэлъыхьын;
- псалъэухахэм и к1эм щыт нагъыщэм елъытауэ интонацие ирату, къызэк1элъебжэк1ыныгъэм и теувы1эгъуэ мащ1эхэр (запятойк1э къэгъэлъэгъуахэр) да1ыгъыу къеджэфын.
Яхузэф1эк1ыпхъэхэр:
- гъэ еджэгъуэм и к1эм псалъэ 15-20 зы дакъикъэм еджак1уэхэр къеджэфын хуейщ;
- псалъэхэр къэпсэлъынымк1э ягъуэта есэныгъэхэр егъэф1эк1уэн, псом хуэмыдэу ахэр зэрызэхэт макъ, пычыгъуэхэр, орфоэпием и хабзэм къезэгъыу, абы тещ1ыхьауэ ударенэр тэмэму трагъэувэу егъэсэн;
- къызэджэ тхыгъэхэр зэхащ1ык1ыу, тэмэму, зэхащ1эу, зэрыпсэууэ кърахыу къеджэфу егъэсэн;
-псалъэуха е тхыгъэ къызэджахэм теухуа егъэджак1уэм и упщ1эхэм жэуап тэмэм иратыфын;
- къызэджа зы 1уэхугъуэ гуэрым ехьэл1а жьэры1уатэ сурэт ящ1ыфын;
- зыри дамыут1ыпщык1ыу, зэбламыгъэувык1ыу, зэ жа1ам къытрамыгъэзэжу псысэ е хъыбар к1эщ1 къа1уэтэжыфын.
Личностнэ зэф1эк1хэр (результатхэр):
- адыгэбзэр лъэпкъ щэнхабзэ ф1ыгъуэу зэрыщытымк1э пэщ1эдзэ гуры1уэныгъэхэр ягъуэтын;
- ц1ыхум и зэхэщ1ык1ым, и зыужьыныгъэм, и хьэл-щэным и зэф1эувэныгъэм и хэк1ып1эу зэрыщытым теухуауэ пэщ1эдзэ гуры1уэныгъэхэр ягъуэтын;
еджэныгъэм и1э мыхьэнэр зыхащ1ык1ын;
- анэдэлъхубзэм пщ1э хуэщ1ыныр, абы иригушхуэныр, ар ф1ыуэ лъагъуныр я къалэну, хьэкъыу зэрыщытыр къагйры1уэн;
- и къабзагъэмрэ, и дахагъэмрэ хъумэным хуэшэн, ар лъэпкъ щэнхабзэм и 1ыхьэу зэрыщытым теухуауэ пэщ1эдзэ гуры1уэныгъэхэр ягъуэтын;
еджак1уэхэм я бзэр еф1эк1уэныгъэ..
Метапредметнэ зэф1эк1хэр (результатхэр):
-егъэджак1уэр я дэ1эпыкъуэгъуу урокым и мурадхэр яубзыхуфын;
- щалэжьыну лэжыгъэхэм я зэк1элъык1уэк1эр къа1уэтэфын;
- учебникымк1э ялэжь лэжьыгъэм теухуауэ езым я еплъык1эр къа1уэтэфын, учебникым и зэхэлъык1эм иригъуэзэфын;
-упщ1эхэм я жэуапхэр тхыгъэм, сурэтхэм къыщагъуэтыфын;
-у я дэ1эпыкъуэгъуу лэжьыгъэ ягъэзэщ1эм теухуауэ выводхэр ящ1ын;
- зэдэ1уа е зэджа текстхэр убгъуауэ къэ1уэтэжыфын;
-я гупсысэхэр (псалъэухак1э, текстк1э) къа1уэтэфын;
-нэгъуэщ1ым и псалъэм едэ1уэфын, къагуры1уэн;
-гъэхуауэ текст къеджэн, къэ1уэтэжын;
Къыдеджэ ц1ык1ухэм ягуры1уэн, яхэзэгъэн;
Предметнэ зэф1эк1хэр (результатхэр):
-бзэм и къалэн нэхъыщхьэр ящ1эн, ц1ыхухэр зэрызэгуры1уэ 1эмалу зэрыщытыр, бзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ зэрызэпыщ1а, анэдэлъхубзэм ц1ыху гъащ1эмрэ обществэмрэ ща1э мыхьэнэм теухуауэ пэщ1эдзэ гуры1уэныгъэхэр ягъуэтын;
-макъхэмрэ хьэрфхэмрэ зэхагъэк1ыфын;
-макъзешэхэмрэ макъ дэк1уашэхэмрэ зэхагъэк1ыфын;
-псалъэхэр, псалъэухахэр зэхагъэк1ыфын;
-псалъэухамрэ текстыр зэхагъэк1ыфын;
-адыгэбзэм и алфавитыр зэрыщыту ящ1эн, ятхыфын;
-псалъэхэр пычыгъукэк1э зэпаудыфын, ударенэр трагъэувэфын;
-псалъэухам и щ1эдзап1эр хьэрфышхуэк1э зэратхыр ящ1эн;
-псалъэухам и к1эм нагъыщэхэр ягъэувыфын;
-къыщеджэкIи къыщапсэлъкIи псалъэухам и кIэм макъым зыщрагъэIэтыфын е щагъэлъахъшэфын;
Егъэджыныр зэрызэхэлъымрэ къызэщ1иубыдэмрэ
№ | Разделхэр | Сыхьэт бжыгъэ |
1 | Хьэрфхэр джыным япэ ит лъэхъэнэ Псалъэмакъ. Псалъэуха. Псалъэ. Макъзешэ. Макъ дэк1уашэ. Пычыгъуэ. Ударенэ. | 2 |
2 | Хьэрфхэр щадж лъэхъэнэ Макъ А а, хьэрф А а. Макъ У у, хьэрф У у. МакъМ м, хьэрф М м. Хьэрф Н н,хьэрф Н н. Макъ Р р, хьэрф Р р. Макъ Ж ж, хьэрф Ж ж. Макъ Ш ш, хьэрф Ш ш.Макъ ы, хьэрф ы. Макъ И и, хьэрф И и. Макъ Й й.хьэрф Й й. Макъ Щ щ,хьэрф Щ щ. Макъ З з, хьэрф З з. Макъ С с, хьэрф С с. Макъ Л л, хьэрф Л л. Макъ Д д, хьэрф Д д. Макъ Т т, хьэрф Т т. Макъ Ху ху, хьэрф Ху ху. Макъ Б б, хьэрф Б б. Макъ П п, хьэрф П п. Макъ О о, хьэрф О о. Макъ Е е, хьэрф Е е. Макъ Хь хь, хьэрф Хь хь. Макъ Г г, хьэрф Г г. Макъ Гу гу, хьэрф Гу гу. Макъ 1 1, хьэрф 1 1. Макъ 1у 1у, хьэрф 1у 1у. Макъ К к, хьэрф К к. Макъ Ку ку, хьэрф Ку ку. Макъ Жь жь, хьэрф Жь жь. Макъ В в, хьэрф В в. Макъ Ф ф, хьэрф Ф ф. Макъ Дж дж, хьэрф Дж дж. Макъ Дз дз, хьэрф Дз дз. Макъ Я я, хьэрф Я я. Макъ Лъ лъ, хьэрф Лъ лъ. Макъ Къ къ, хьэрф Къ къ . Макъ Къу къу, хьэрф Къу къу. Макъ Гъ гъ, хьэрф Гъ гъ. Макъ Гъу гъу, хьэрф Гъу гъу. Макъ Хъ хъ, хьэрф Хъ хъ. Макъ Хъу хъу, хьэрф Хъу хъу. Макъ К1 к1, хьэрф К1 к1. Макъ К1у к1у , хьэрф К1у к1у. Макъ Щ1 щ1, хьэрф Щ1 щ1. Макъ Ф1 ф1, хьэрф Ф1 ф1. Макъ П1 п1, хьэрф П1 п1. Макъ Ц ц, хьэрф Ц ц. Макъ Ц1 ц1, хьэрф Ц1 ц1. Макъ Т1 т1, хьэрф Т1 т1. Макъ Л1 л1, хьэрф Л1 л1. Макъ Ч ч , хьэрф Ч ч. Макъ Кхъ кхъ, хьэрф Кхъ кхъ. Макъ Кхъу кхъу, хьэрф Кхъу кхъу. Макъ Ю ю, хьэрф Ю ю. Макъ Е е, хьэрф Е е. Макъ ь ъ, хьэрф ь ъ. Макъ Э э, хьэрф Э э. | 30 |
3 | Бзэм, къеджэк1эм зезыгъэужь лъэхъэнэ | 1 |
Календарнэ-тематическэ план
№ | Урокым и темэр | Сыхьэт бжыгъэ | Щаджыну махуэр |
план | факт. |
Хьэрфхэр джыным япэ ит лъэхъэнэ (сыхь.2) |
1 | ТБ инструктаж Псалъэмакъ, псалъэуха, псалъэ. | 1 | | |
2 | Пычыгъуэ. Ударэнэ. Макъзешэ, макъ дэк1уашэ. | 1 | | |
Хьэрфхэр щадж лъэхъэнэ (сыхь.30) |
3 | Макъхэу а, у ,хьэрфхэу А, а, У,у-хэр. | 1 | | |
4 | Макъхэу у,м; хьэрфхэу Уу, М, м-хэр. | 1 | | |
5 | Макъхэу э,н; хьэрфхэу Э, э ,Н, н–хэр. | 1 | | |
6 | Макъхэу р, ж; хьэрфхэу Р, р,Ж,ж – хэр. | 1 | | |
7 | Макъхэу ш, ы; хьэрфхэу Ш, ш,, Ы, ы –хэр. | 1 | | |
8 | Макъхэу щ, и; хьэрфхэу Щ, щ, И,и –хэр. | 1 | | |
9 | Макъхэу з, с; хьэрфхэу З, з,С, с-хэр. | 1 | | |
10 | Макъхэу л, д; хьэрфхэу Л, л, Д, д-хэр. | 1 | | |
11 | Макъхэу т, х; хьэрфхэу Т, т, Х, х-хэр. | 1 | | |
12 | Макъхэу ху, б; хьэрфхэу Ху, ху, Б,б-хэмрэ | 1 | | |
13 | Макъхэу п, о; хьэрфхэу П, п, О, о-хэр | 1 | | |
14 | Макъхэу е, хь; хьхьэрфхэу Е, е, Хь, хь-хэр. | 1 | | |
15 | Макъхэу г, гу; хьэрфхэу Г, г, Гу, гу-хэр | 1 | | |
16 | Макъхэу 1, 1у; хьэрфхэу 1, 1, 1у, 1у-хэр. | 1 | | |
17 | Макъхэу к, ку; хьэрфхэу К, к, Ку, ку-хэр. | 1 | | |
18 | Макъхэу жь, в, ф; хьэрфхэу Жь, жь, В,в,Ф,ф—хэр. | 1 | | |
19 | Макъ й , дж; хьэрфхэу Й, й, Дж, дж-хэр. | 1 | | |
20 | Макъхэу дз, я; хьэрфхэу Дз, дз, Я, я –хэр. | 1 | | |
21 | Макъхэу лъ, къ; хьэрфхэу Лъ, лъ, Къ, къ-хэр | 1 | | |
22 | Макъхэу къу, гъ; хьэрфхэу Къу, къу, Гъ, гъ-хэр | 1 | | |
23 | Макъхэу гъу, хь; хьэрфхэу Гъу, гъу, Хъ, хъ-хэр. | 1 | | |
24 | Макъхэу хъу, к1; хьэрфхэу Хъу, хъу, К1, к1-хэр | 1 | | |
25 | Макъ к1у, щ1; хьэрфхэу К1у, к1у, Щ1, щ1-хэр. | 1 | | |
26 | Макъхэу ф1, хьэрфхэу Ф1, ф1,П1, п1-хэр. | 1 | | |
27 | Макъхэу ц, ц1; хьэрфхэу Ц, ц, Ц1, ц1-хэр | 1 | | |
28 | Макъхэу т1, л1; хьэрфхэу Т1, т1, Л1, л1-хэр. | 1 | | |
29 | Макъ ч, хьэрфхэу Ч, ч-хэр. Зэклассэгъухэр. | 1 | | |
30 | Макъ кхъ, кхъу; хьэрфхэу Кхъ, кхъ, Кхъу, кхъу-хэр | 1 | | |
31 | Макъхэу ю, ё; хьэрфхэу Ю, ю, Ё, ё-хэр | 1 | | |
32 | Хьэрф ь,ъ. ь, ъ -зыхэт псалъэхэр. «Адыгэш». | 1 | | |
33 | Макъ э, хьэрфхэу Э, э-хэр. Текстхэр. | 1 | | |