СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Внеклассное мероприятие

Нажмите, чтобы узнать подробности

-Фи махуэ фIыуэ ди хьэщIэ лъапIэхэ! Ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ нобэрей зэIущ1эм. 1999 гъэм ЮНЕСКО-м и Генеральнэ конференцэм щащIа унафэм ипкъ иткIэ февралым и 21-м  2000 гъэ лъандэрэ  анэдэлъхубзэм и махуэр дуней псом щагъэлъапIэр. Дэри ди анэдэлъхубзэр, ди бзэ дахэу ди адыгэбзэр дгъэлъэпIэну фыкъедгъэблэгъащ.

Просмотр содержимого документа
«Внеклассное мероприятие»



Джэгу-зэпеуэ

«1уэры1уатэ –дыщэ пхъуантэ!


Мурадхэр: адыгэбзэмк1э ящ1эм хэгъэхъуэн, я бзэм зегъэужьын, лъэпкъ щэнхабзэм теухуауэ ящ1эр егъэбыдыл1эн, гупу зэдэлажьэу егъэсэн.


Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: тхылъымп1э зэмыфэгъухэр, лэныстэ, къэрэндащ зэмыфэгъухэр.

Нэрылъагъугъэхэр:эмблемэхэр, газетхэр.


Зэпеуэм и ек1уэк1ык1эр:


Щ1алэхэм ящыщ зыщыпл1ым къэсахэр къызэщ1и1этэрэ еджак1уэхэр къыхуриджэу «Хъуромэ» жыхуа1э джэгузэхэшэ уэрэдым къыдофэ.



Егъэджак1уэ:

-Фи махуэ фIыуэ ди хьэщIэ лъапIэхэ! Ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ нобэрей зэIущ1эм. 1999 гъэм ЮНЕСКО-м и Генеральнэ конференцэм щащIа унафэм ипкъ иткIэ февралым и 21-м 2000 гъэ лъандэрэ  анэдэлъхубзэм и махуэр дуней псом щагъэлъапIэр. Дэри ди анэдэлъхубзэр, ди бзэ дахэу ди адыгэбзэр дгъэлъэпIэну фыкъедгъэблэгъащ.

-Зи анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэ, абыкIэ зи гупсысэр нэгъэсауэ къэзыIуэтэф цIыхум и зэхэщIыкIыр нэхъ куущ, и акъылыр нэхъ жанщ, и дуней тетыкIэр нэхъ дахэщ. Апхуэдэхэращ анэдэлъхубзэм и къарумрэ и IэфIагъымрэ псэкIэ зыхэзыщIэфыр, къызыхэкIа лъэпкъым и деж пщIэи нэмыси щызыгъуэтыфыр.

Егъ: Сэтэней гуак1уэм удэщ1эращ1эу,

Гъагъэ си Хэкуу, адыгэ жьэгу!

Ди гъащ1э 1эф1ыр уи насып лъащ1эу,

Гъагъэ, щ1эращ1э, адыгэ Хэку!

Макъамэ къоуэ

Аращи ди джэгу-зэпеуэм щIыдодзэ.


Егъ:-Адэк1э ди джэгу зэпеуэ пытщэн папщ1э, ди гуапэт ди гупхэм зыкъыдагъэц1ыхуам!

Япэ гупыр. Дыгъэбын

Псоми:

«Дыгъэбын» ф1этщащ ди гупым.

Ерыщу псоми дыпэщ1этщ.

«Лэгъупыкъум» дыпевгъэкъу,

Тек1уэныгъэр къэдывгъэхь!



Ет1уанэ гупыр. Лэгъупыкъу

Къызэрыдэджэр «Лэгъупыкъущ»

«Дыгъэбыным» доныкъуэкъу!

Еджэным сытк1и дыхуэ1эзэщ,

Хабзэ зехьэк1эми дыщыгъуазэщ.



Жюрим захуэгъэзэн.

- Зэпеуэхэм я щIэныгъэмрэ я къарумрэ  здынэсыр къилъытэнущ ди жюри лъапIэми.

Тэмэму ягъэзэщ1амэ 1 бэракъ ц1ык1у хъуржыным иводзэ


1 зэпеуэ "Насыпырыхь".


Адыгэбзэ псалъэхэм я мыхьэнэхэр нэхъ тэмэму зыщIэмкIэ зэпеуэныгъэщ. Сэ псалъэр урысыбзэк1э яжызо1э,ахэм адыгэбзэк1э къыжа1э.


  1. Ковёр - алэрыбгъу

  2. Вторник-гъубж 

  3. Звезда-вагъуэ  

  4. Подарок-саугъэт

  5. Минута-дакъикъэ

  6. Ель-псей

  7. 69-хыщ1рэ бгъурэ

  8. 47-пл1ыщ1рэ блырэ



2. Псалъэжьхэмк1э зэпеуэн

Егъ:Лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъык1эр, и акъылыр на1уэу къыхощ псалъэжьхэм. Ахэр 1уэхугъуэ куэдым епхами, жып1э хъунущ, абы я къэлэн нэхъыщхьэр гъэсэныгъэрауэ.

Псалъэжьхэр: (зыгупым псалъэжьым и къегъэжьап1эр же1э, адрейм и к1эухыр негъэсыж).

а) 1ей пщ1ауэ (ф1ым ущымыгугъ)

б) Зибзэ зымыщ1эж лъэпкъыр (хэк1уэдэжащ)

г) Нэхъыжьыр гъэлъап1и, (уищхьэр лъап1э хъунущ).

д) Унэм зыщыгъаси, (хасэм яхыхьэ).

е) Гупсыси псалъэ, (зыплъыхьи т1ыс).


3. Унэ лэжьыгъэ Проект «Адыгэ фащэ»тепсэлъыхьын


Дыгъэбын – Бзылъхугъэ фащэр


Лэгъупыкъу – Щ1алэ фащэр


4. Псалъэрыджэгу (дакъ 5 )

Егъ: Адэк1э ди щ1эныгъэр къэтпщытэнущ псалъэрыджэгук1э. Гуп къэс я пащхьэ илъщ «1уащхьэмахуэ и дыгъэ» псалъэзэпхар. Дакъикъитхум и к1уэц1к1э псалъэ нэхъыбэ къыхэзыщ1ык1ым бэракъ нэхъыбэ къихьынущ.

1уащхьэмахуэ и дыгъэ


5.Егъ:Апхуэдиз псалъэ щыфщ1эк1э, къуажэхьхэри ф1ы дыдэу къэфщ1энущ. Къуажэхьым сыкъоджэри, япэ къэзыщ1эм къехь. Феда1уэ:

  1. Вагъэр хужьщ, жылэр ф1ыц1эщ. (тхылъ)

  2. Дэнэ ук1уэми, пк1эрымык1. (ныбжь)

  3. Ди т1ы ц1ык1у шыгъубэшх (джэдык1э)

  4. Зи к1эр зылъэф, зифэр зибий. (бажэ)

  5. Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ. (набдзит1)

  6. К1уэ пэтми бжьиз зымык1у. (гущэ)

  7. Маф1эм имыс, псым имытхьэлэ. (мывэ)

  8. Мэл хужь псы йофэ. (дзэ)

  9. Нат1эрыдз, лъэрыдзын, уеуэ пэтми, мыуз. (топ)

  10. Щ1ы щ1агъым анэщ1э хужь щок1эц1 (бжьыныху)



6. Егъ: Псынщ1эрыпсалъэхэр зэхуэдэ макъ зыхэт псалъит1у е я къэпсэлъык1эк1э гугъуу зэпха псалъэ гупу зэгъусэу къок1уэ. Псынщ1эрыпсалъхэр куэдрэ къэзыгъэсэбэпым и бзэр псалъэк1эм нэхъ «хуэкъута» мэхъу, зеужь; къэпсэлъык1э гугъум и ужьк1э къызэджэнур тынш къыщохъу. Псынщ1эрыпсалъэхэр щ1алэгъуалэм куэду ящ1эу щытащ.

Пщыхьэщхьэхэр абык1э зэпеуэу ягъак1уэрт. Псынщ1эрыпсалъэхэр къытебгъэзэжурэ, т1эу-щэ жы1эн хуейт.


Къепсыркъепсукъепсыхыжри-

Къепсыр, къепсри- бзэхыжащ.


Хъурмэмыхъури, хъурмэхъуари хъумак1уэм ехъумэ.


7.Егъ: Къык1элъык1уэ зэпеуэр усэгъэхуауэ къеджэныгъэщ.



Ф1ы дыдэу усэхэм фыкъеджащ. Фи бзэр ф1ыуэ флъагъу, вгъэбзэрабзэ.


Егъэджак1уэ: Ди зэпеуэм и к1эухыу ц1ык1ухэми сэри къыдбгъэдэк1ыу зыфхудогъазэ хъуэхъу псалъэк1э:

Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм, гугъу къыддехьахэм:

Фи гъащ1эр к1ыхьу,

Фи нэмысыр лъагэу,

Фи насыпыр куууэ,

Фи акъылыр хурикъуу,

Гухэхъуэр фи куэду,

Пшэрыхьыр вгъэвэфу.

Псоми: Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу!


-Узыншэу фыщытхэ!!!


Нобэрей зэпеуэм жыджэру фыхэтащ. Ар и к1эм нэсащ.


Пщащэ зэк1ужхэ! Щ1алэ къуданхэ!

Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей!

1эгур вгъэлъалъэ, пшынэр вгъэпсалъэ,

Нэхъыжьым хуэдывгъэщ1 ислъэмей!



«Си бзэ, си псэ, си дуней». (сабийхэмуэрэдыр ягъэзащ1э, къофэ).



Дадэрэ нанэрэ я гъэф1эн ц1ык1ухэ, мамэрэ папэрэ я дыгъэщыгъэхэ, ди гугъап1э, ди плъап1э 1эф1хэр зэпха, ди щ1эжьей дыщэ ц1ык1ухэ, фыпсэу, дахэу, жыджэру фыхэтащ ди махуэшхуэм!












Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!