СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Зима - конспект

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Зима - конспект»





Щ1ымахуэ










Зыгъэзэщ1ар гъэсак1уэ:

Джэдугуэш Сэтэней.



Мурадхэр: -Зэманым къыщыхъу зэхъуэк!ыныгъм гу лъегъэтэным пыдзэжын. Щ1ымахуэм и дунейм и гъуэт зэхъуэк1ыныгъэхэм, щ1ымахуэм ц1ыхухэм я щыгъынхэр зыхуэдэхэм гу лъагъэтэн, зэрыджэгу щ1ык1эхэм щыгъэгъуэзэн.

-Зэхахыр, зытепсэлъыхьыр я нэгу къыщ1агъэхьэфу, я логическэ гупсысэк1эр я жьабзэм зегъэужьыным , предметхэр зэралъытыфу егъэсэн.

-Дахэр ялъагъу, дуней къэзыухъурейхьыр зыхуэдэр къагуры1уэу, абы пщ1э хуащ1у егъэсэн. Бзухэм хуэсакъыу егъэсэн. Мэзым щыпсэу псэущхьэхэм я тепсэлъыхьын.


Псалъалъэ: Щ1ымахуэ, щ1ы1э, уае, уэс къос, жьыбгъэ щ1ы1э къопщэ, хужь, уэс 1эшк1э, уэс гуащэ, къежэхак1уэ, мыл, щтын, чын къэгъэфэн, лъэрыжэ, 1эжьэ, коньки, лыжэ, къежэхын, щ1ымахуэ бзухэр, гъэшхэн, гъэшхалъэ, гувауэ нэху щын, щ1эх дыгъэр къухьэн, гувауэ къыкъуэк1ын, щ1ымахуэ щыгъын.


Материалхэмрэ оборудэвэнэхэмрэ

Гъэлъэгъуапхъэхэр: Картинэ "Щ1ымахуэр къуажэм (къалэм)".

Щ1ымахуэм бжьыхьэм теухуауа картинэхэр; бзу лъэтэжхэм, щ1ымахуэм къэна бзухэм я сурэтхэр, ц1ыхухэм бжьыхьэмрэ щ1ымахуэмрэ я щыгъ щыгъынхэр (сабийхэр зэрыдзэгу джэгук1эхэр, ягу зэрыхагъахъуэхэр (1эжьэхэр, коньки, лъэрыжэхэр, елкэ праздникыр).


Занятием и ек1уэк1ык1эр.

( Гъэсак1уэм сабийхэм ярегъэлъагъу картинэ "Щ1ымахуэр къуажэм (къалэм)". )


Гъ. -Ц1ык1ухэ къафщ1э къуажыхьыр.

Уэсыр къос

Псыр мэщт

Сыхъэр зэрехьэ

Жьыбгъэ щ1ы1э зэрехьэ

Сыт щыгъуэ ар къыщыхъур?

С. -Щ1ымахуэм.

Гъ. - Феплъыт мы щ1ымахуэр зэрыдахащэм!

-Уэсым щ1ыр игъэщ1эрэщ1ащ. Ат1э ар сыт хуэдэ зэман?

С. - Щ1ымахуэщ.

(Ц1ык1ухэм зэпаплъыхь"Щ1ымахуэр къуажэм (къалэм)" картинэр.

Гъ. -Ц1ык1ухэ, сыт хуэдэ зэман мы сурэтым къыщыгъэлъэгъуар?

С. -Щ1ымахуэ.

Гъ. –Сыт хуэдэ нэщэнэхэм ар къыдагъащ1эрэ??

С. -Сурэтым дэнэ щ1ып1и уэс телъу щыболъагъу.

Гъ. – Абы сыт и теплъэ ?

С. - Хужь.

Гъ. - Ат1э щ1ымахуэм и теплъэр сыт хуэдэ?

С. -Хужьщ.

Гъ. - Жыгхэми губгъуэхэми унэхэми- псоми я джэдыгу хужьыр ящит1эгъащ.

Гъ. -Щ1ымахуэм дунейр сыт хуэдэ?

С. -Щ1ы1эщ, уоп1ыщ1э, уэс телъщ, дыгъэм уигъэхуабэркъым. н.

(Гъэсак1уэм ц1ык1ухэм ярет щ1ымахуэм бжьыхьэм дунейм и щытык1эхэр къэзгъэлъагъуэ сурэт ц1ык1ухэр.

Гъ. -Щ1ымахуэм и щытык1эхэр къэзгъэлъагъуэ сурэтыр ифлъхьэ хъурей хужьым.

(Ц1ык1ухэм къыхах сурэт уэс телъу (жьыбгъэм уэс зэрихьэу, уэс къесу. н.).

Гъ. -Щ1ымахуэм бзухэр куэд?

С. -Хьэуэ.

Гъ. –Дэнэ ахэр здэлъэтэжыр?.

С. –Къуалэбзухэм я нэхъыбэр щ1ып1э хуабэм мэлъэтэжхэр.

Гъ. -Сыт щ1элъэтэжхэр?

С. -Яшхын ягъуэткъыми. Хьэп1ац1э ц1ык1ухэр щ1ымахуэм щы1экъым, щ1ы1эм щошынэхэр.

Гъ. - Сыт хуэдэ бзухэра лъэтэжхэр?

С. -П1ц1ащхъуэр(ласточкэхэр),бжэндэхъухэр (скворецхэр),вындхэр (грачхэр), (перелетные птицы).

Гъ. –Дыдеж къанэхэм я ц1эр къедвгъэбжэк1ыт?

С. -Къуаргъхэр, тхьэрыкъуэхэр, вындыжьхэр..

Гъ. -Сыт а бзухэм зэреджэр?

С. -Щ1ымахуэ бзу(зимующие). Ахэр щ1ы1эм щышынэхэкъым.

(Ц1ык1ухэм сурэтхэр тралъхьэ).

Гъ. -Дауэ уадэ1эпыкъуыфыну бзухэм щ1ымахуэм?

С. -Бгъашхэмэ хъунущ.

Гъ. - Сыт ябгъэшхынур?

(Ц1ык1ухэм жэуап ират).

(Гъэсак1уэм сурэт-гъэшхалъэр(кармушкэр) жыгым ф1элъу ярегъэлъагъу.)

Гъ. - Сыт флъагъур мы картинэм?

С. - Гъэшхалъэ.

Гъ. -Гъэшхалъэр ц1ык1ухэм жыгым ф1алъхьэри бзу ц1ык1ухэм шхын иратри езыхэм елкэ къуагъым зыщагъэпщк1уауэ бзухэм к1элъоплъхэр ахэр зэрышхэм.

Гъ. -Сыт хуэдэ бзу къэлъэтахэр?

С. -Воробейхэмрэ синицэхэмрэ.

Гъ. -Дапщэ хъухэрэ?

С. -Воробейхэ- тху синицэхэр- щы.

Гъ. -Сыт бзухэр щ1ы1эм щызыхъумэр?

С. -Ахэм ятетщ къабзи цы хуабэр.

Гъ. -Дэри щ1ыбым дыщыщ1этк1э дауэ зызэрытхуэпэн хуейр?

С. -Щыгъын хуабэ щытт1эгъэн хуейщ.

(Гъэсак1уэм ярегъэлъагъу щ1ымахуэ, бжьыхьэ щыгъынхэр. Ц1ык1ухэм щ1ымахуэ щыгъынхэр зэрыт сурэтхэр къыхахыурэ тралъхьэ).





Гимнастикэ


Джэдыгу ц1ык1у, (Усэм жи1эхэр сабийхэм ягъэзащ1э)

Джэдыгу ц1ык1у,

Гуащэ ц1ык1ур

Гъэхуабэ,

И щхьэ ц1ык1ум

Пы1эр щхьэрыт1агъэ,

Тхьэк1умэ ц1ык1ур

Щ1эхъумэ.

И 1эц1ык1ухэм

1элъэр 1эрыт1агъэ,

1элъэ ц1ык1ухэр!

Умыпск1э, укъемыпс.

Уи пщэ ц1ык1ум

Пщэдэлъ дэлъхьэ.



Гъ. -Щ1ымахуэми джэгук1э зэхуэмыдэхэк1э уджэгуфынущ. Сыт хуэдэ джэгук1эк1э уджэгу хъуну уэс къыщеск1э?

С. -Уэс 1улъхьэ ц1ык1ухэр къэбубыдыфынущ, лъагъуэ ц1ык1ухэр хэпшу щ1ыбым удэтми уи гур хуохъуэ, уэс 1эшк1э пщ1ыурэ узэдэджэгуфынущ, 1эжьэк1э укъызэрешэк1ыфынущ, лыжэк1э къэбжыхьыфынущ.

Гъ. -Сыт уэсым къыхэпщ1ык1ыфынур?



С. -Уэс дадэ.

Гъ. -Щ1ымахуэм зэрыджэгу щ1ык1эхэр зэрыт сурэтхэр къыхэфхи къытефлъхьэ.

(Бжэм зыгуэр къытот1ыркъэ)

Гъ. -Хэту п1эрэ хьэщ1ап1э къытхуэк1уар?

(К1уху ц1ык1у къыщ1охьэ матэ и1ыгъыу)

К1у. -Фи махуэ ф1ыуэ ц1ык1ухэ.

С. -Нэхъыф1ыжу.

К1у. -Си ц1эр сэ К1уху ц1ык1ущ.Сэ къыфхуэсхьащ зэрыджэгу хьэпшыпхэр, къуажэхьхэр.Фэ ф1ыуэ флъагъурэ къуажэхь ц1ык1ухэр къэфщ1эну?

С. -Нт1э.

К1у. -Фыкъэда1уэ нт1э.

К1у. -Мэзым щопсэу,

Шынэкъэрабгъэщ.

1упэ дыкъуакъуэщ,

И тхьэк1умэхэр дзасэщ.

Сыт ар ?


С. -Тхьэк1умэк1ыхь.


К1у. -И фэр дыщафэщ

Щэхурыпхъуэщ,

И к1эр дахащэщ,

Зек1уэрейщ.

Зиудыгъуэу ар мэдыгъуэр.

Сыт ар?


С. -Бажэ.


К1у. -Мап1к1э, малъэ,

Щэхуу маплъэ,


Щак1уэ псоми ар яц1ыху.

Ар нэ ц1ык1ущ,

Ар пэ ц1ык1ущ

К1э бырыбщ.

Сыт зэреджэр фэ къэфц1ыхут?


С. -К1эпхъ.


К1у. -Хьэк1экхъуэк1э индыдэщ,

Лъапэ 1ушэщ, ар бэлацэщ,

Щ1ымахуэр абы гъуэм щегъак1уэр,

Гъэмахуэм мэзым щызоджадэр

Сыт ар?


С. -Мыщэщ.


К1у. -Жыжьэу уеплъмэ, хьэ къыпф1ощ1,

Ар мэл псоми я псэхэхщ,

Зыщышырэр мэлыхъухьэщ,

Зихущыхьу мэзым щ1этщ.

Сыт ар?


С. -Дыгъужьщ.


К1у. -Жеуэ щылъмэ,

Цы хъурейщ.

Къэушамэ,

Нэхъык1эжщ.

Уе1эбынщи,

Къыпхэуэнщ.

Ублэк1амэ

Ар гуф1энщ.

Зыщышынэр куэду мащ1эщ.

Хэт къищтэну?

Банэ защ1эщ.

Хуэзэ псори

Абы блок1….

Сыт абы зэреджэр?


С. -Цыжьбанэ.



К1у. -Сыту фы1ущ фэ ц1ык1ухэр, къуажэхь ц1ык1у сыкъызэджауэ хъуам я ц1эхэр

Къэфщ1ащ . Мис абы щхьэк1э мы матэ ц1ык1ур къыфхузогъанэ и лъащ1эм

илъщ фи тыгъэ ц1ык1ухэр.

Сэ сок1уэж. Ф1ык1э, хъерк1э дызэхуэзэхэ!

С. -Ф1ык1э!


Къызэщ1экъуэжын.


Гъ. -Гъэм и сыт хуэдэ зэман 1эжьэк1э укъежэх щыгъунур джабэм? Уэс 1эшк1э ущыджэгуфынур? Уэс гуащэ щыпщ1ыфынур?

С. -Щ1ымахуэм.

Гъ. -Щ1ымахуэм и теплъэр сыт хуэдэ?

С. -Хужьщ.

Гь. -Сыту?

С. -Уэс куэд къуосри.

Гъ. -Щ1ымахуэр урысыбзэк1э жыдвгъы1эт.

С. -Зима.

Гъ. -Щ1ымахуэр къихьащ.

С. -Наступила зима.

Гъ. -Уэс къос.

С. -Идет снег.