9 класс (адыгэбзэ)
Темэр: Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым нагъыщэхэр зэрыщагъэувыр.
Мурадхэр: 1. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым нагъыщэхэр зэрыщагъэувыр
еджак1уэхэм къазэрыгуры1уар къэпщытэн, егъэбыдыл1эн.
2. Б/з. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъыр бзэм шэрыуэу
къыщагъэсэбэпу егъэсэн.
Бзэм теухуа псалъэжьхэр егъэщ1эн.
3. Бзэм и дахагъыр, къулеягъыр зыхегъэщ1эн, ар ф1ыуэ ялъагъуу,
абы и мыхьэнэр къагуры1уэу щытыным хущ1экъун.
I. Урокым къыщыдгъэсэбэпынухэр: ИКТ, слайдхэр, тестхэр, псалъэжьхэр, усэхэр, жы1эгъуэхэр, уэрэд.
Доскам итынухэр:
"Зи лъэпкърэ зи бзэмрэ зымыджыжыр ар адыгэ хъун?!" Щоджэнц1ык1у А.
2. Псалъэухар синтаксическэу зэпкърыхын.
1. Лъэпкъым щыщ дэтхэнэ зыми ищ1эу щытын хуейщ псалъэжьхэр, таурыхъхэр; жи1эфу щытын хуейщ хъуэхъу дахэхэр.
2.Уи анэдэлъхубзэр п1урылъыныр псом нэхъыщхьэщ, уи бзэмк1э угупсысэу ущытыпхъэщ.
Псалъэжь: Бзэ lей щы1экъым, бзэр lейуэ зыщ1э мыхъумэ.
Ещхьщ си дежк1э псы1эрышэм,
Ар уэрэду зэхэзохыр,
Къурши губгъуи къыдэушу.
К1ыщокъуэ А.
II. Урокыр зэрек1уэк1ынур:
1. Командэхэр т1ууэ догуэш, ц1эи яф1эдощ. " Акъыл жан", "Зэгуры1уэ".
Упщ1эхэр зы командэм адрейм ирет.
Сыт псалъэуха зэхэлък1э зэджэр?
Сыт хуэдэ псалъэуха зэхэлъхэр ди1э?
Союзыншэ псалъэуха зэхэлък1э зэджэр сыт? Щапхъэ.
Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым сыт хуэдэ нагъыщэхэр ягъэуврэ? Щапхъэ.
Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым запятой, точкэрэ запятойрэ щагъэувыр сытым деж? Щапхъэ.
Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым яку точкит1 щагъэувыр сыт щыгъуэ? Правилэхэр щы мэхъу. Щапхъэхэри щы хъун хуейщ.
Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым хэт псалъэуха къызэрык1уэхэм яку тире щагъэувыр сытым деж? Правилэхэр тху мэхъу. Щапхъэхэри апхуэдиз хъун хуейщ.
III. 1. Магнитофонымк1э къеуэ пычыгъуэр сыт хуэдэ тхыгъэм къыхэха? Хэт ар
зытхар?
- Бзэр т1эщ1эк1мэ, дылъэпкъкъым,
Акъыл ин ухуэмей,
Къыбгуры1уэу а т1эк1ур,
Утетыну дунейм.
Адыгэбзэ отделенэм щ1эс студент гупым къахэт1ысхьэжащ щ1алэ
бжьыфlэшхуэ. Гупым и щ1ыхьыр къи1этырт ар ф1ыуэ зэреджэм.
«Хэт сыт жи1эми, ди адыгэ гупым нэхъыф1 ди институтым щ1эскъым.
Дэращ ди бзэмрэ ди лъэпкъ культурэмрэ яужь итын хуейр…» Алихъан
апхуэдэу жи1эу гушхуауэ къэхэува нэужь, къыддеджэхэм я гукъыдэжыр
зыми хуэмыдэу къи1этырт. ( Къэрмокъуэ М. и «Азамэт» романым щыщ
пычыгъуэ).
3. Нт1э бзэм теухуа псалъэжь фщ1эуэ п1эрэ фэ? Псалъэжьхэр жа1э.
4. Ахэр тетрадхэм иратхэ.
IV. Унэ лэжьыгъэу – Союзыншэ псалъэуха зэхэлъу тху тхын, литературэм къыхэхауэ.
V. Урокыр къызэщ1экъуэжын. Тек1уа командэм и ц1э къы1уэн. Оценкэхэр гъэувыжын.
VI. Тек1уа командэм папщ1э уэрэд.
Тест №1 (Акъыл жан)
Нагъыщэхэр гъэувыжын. Псалъэухар и пкъыгъуэк1э зэпкъырыхын:
а) ,
б) ;
в) –
Адыгэ ц1ыхухэр хабзэмк1э адыгагъэмк1э нэмысымк1э псыхьын хуейщ абы и лъым хэпщауэ щытын хуейщ и анэдэлъхубзэри.
Усэр и к1эм нэгъэсыжын.
Хэт ухуейми сыкъыдожэ,
1эджэм япэ сэ сищащ….
…………………………….
Союзыншэ псалъэуха хэтмэ, къэвгъуэт мы усэм.
Усэр зытхар.
а) Щоджэнц1ык1у А.
б) К1ыщокъуэ А.
в) Нало З.
Усэм и ц1эр.
а) «Адыгэбзэ»
б) «Си анэдэльхубзэ»
в) «Гъуэгу къежьап1э»
Тест №2 (Зэгуры1уэ)
1 Нагъыщэхэр гъэувыжын. Псалъэухар и пкъыгъуэк1э зэпкъырыхын:
а) :
б) ;
в) –
Ди бзэмрэ ди хабзэмрэщ ди блэк1ар ди нобэр ди пщэдейр ар дэ зэик1 зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым.
2 Усэм ипэ ит сатырхэр тхыжын.
……………………………………
Гъуэгу тетыныр сэ щызухк1э
Уи 1эр с1ыгъыу сыухынщ.
3 Союзыншэ псалъэуха зэхэлъ хэтмэ, къэвгъуэт мы усэм.
4 Усэр зытхар.
а) Щоджэнц1ык1у А.
б) Пащ1э Б.
в) К1ыщокъуэ А.
5 Усэм зэреджэр.
а) «Гъуэгу къежьап1э»
б) «Си адыгэбзэ»
в) «Анэдэлъхубзэ»
ДЕПАРТАМЕНТ ОБРАЗОВАНИЯ МЕСТНОЙ АДМИНИСТРАЦИИ Г.НАЛЬЧИКА
МОУ СОШ № 6
УРОК – ПРЕЗЕНТАЦЭ
9-НЭ КЛАСС
ТЕМЭР: «СОЮЗЫНШЭ ПСАЛЪЭУХА ЗЭХЭЛЪЫМ
НАГЪЫЩЭХЭР ЗЭРЫЩАГЪЭУВЫР»
ЕГЪЭДЖАКIУЭР: БОЗИЙ Ф.А.
Налшык 2024гъ.