Просмотр содержимого документа
«Презентация к игре- викторине "Сила языка"»
фи махуэ фIыуэ,цIыкIухэ, пщIэ зыхуэтщI ди хьэщIэ лъапIэхэ!
Далее
Анэдэлъхубзэм иIэ къару лъэщымрэ абы и IукIэм псэм кърит гукъыдэжымрэ къызыхэщ джэгу- зэпеуэм фыкъыдогъэблагъэ!
Бзэм и къарур
МУРАДХЭР:
- ЦIыкIухэм бзэр фIыуэ ялъагъуным я гур къыхуэгъэушын;
- Анэдэлъхубзэм хуаIэ гулъытэм хэгъэхъуэн;
- Бзэр шэрыуэу къагъэсэбэпыфу егъэсэн.
Сэ хьэфизу сыкъалъхуауэ щытыгъам, Кавказ, слъагъун папщIэ iуащхьэмахуэ, си нэр къэплъэжынт!
ХЪУЭХЪУКIЭ ДЖЭГУ-ЗЭПЕУЭР КЪЫЗЭIУАХ
- Хъуэхъур ди бэу, дыбагъуэу,
- Губгъуэу диIэр бэвылъэу
- Лъэуджыджэ тхэмыту
- Iей тхэтыныр ди жагъуэу
- Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу
- Дяпэ идгъэщ щымыIэу
- Ди фIыгъуэр здэдгуэшу
- Гукъеуэр здэтшэчу
- Ди чэт гъэлъэхъу щымыщIэу
- Дищ1 бэвылъэр темыпыIэу
- Ди хъыджэбзхэр щIыкIафIэу
- Ди щIалэфIхэр лIы хахуэу
- Ди Iуэху дэна ямыщIу
- Iуэху щIэн жаIэм,къэжану
- Нанэ жиIэм едаIуэу
- Дадэ жиIэр я гуапэу
- Пэрытыныр я хьэлу
- ХьэгъуэлIыгъуэр яублэу
- Бланэм хуэдэу гуащIафIэу
- МафIэм хуэдэу къэмыскIэу.
- КIадэу диIэр гъэшылъэу,
- Ди сабийхэр насыпыфIэу
- Ди балигъхэр акъылыфIэу
- ФIыгъуэм дыщымыщIэу
- Хъугъуэф1ыгъуэр ди бащэу
- Илъэсисищэр дыугъащIэ!
»
»
2.ПСАЛЪЭЖЬХЭМКIЭ ЗЭПЕУЭ
- Гуп къэс псалъэжь тхурытху къыхэфщIыкIын хуейщ къывата псалъэхэм.
2.ПСАЛЪЭЖЬХЭМКIЭ ЗЭПЕУЭ
Дыщэхэр
Дыжьынхэр
- Узэгугъур къогугъуж
- Уи анэ къыбжиIэм едаIуэ
- Бзур зыIэтыр дамэщ
- Гъэмахуэм къыумылэжьар
- Акъылым уасэ иIэкъым
- Уи адэм жиIэр гъэзащIэ
- УзэлIалIэр къолIэлIэж
- Гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым
- ЩIымахуэм бгъуэтыжыркъым
- ЦIыхур зыIэтыр акъылщ
- Зи нэхъыжь едаIуэ
- Уи бынхэм къыпхуащIыжынщ
- Зи жьэ куэд жиIэм
- Нэхъыжьыр гъэлъапIи
- Зы хьэщIэм хьэщIэ и жагъуэщи
- И Iэ куэд ищIэркъым
- И Iуэху мэкIуатэ
- Уи щхьэ лъапIэ хъунщ
- Уи адэ-анэм яхуэпщI нэмысыр
- ХьэщIытIыр бысымым и жагъуэщ
Жэуап пэжхэр
Дыщэхэр
- Узэгугъур къогугъуж ,узэлIалIэр къолIэлIэж.
- Уи анэ къыбжиIэм едаIуэ,уи адэм жиIэр гъэзащIэ.
- Бзур зыIэтыр дамэщ,цIыхур зыIэтыр акъылщ.
- Акъылым уасэ иIэкъым,гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым.
- Гъэмахуэм къыумылэжьар щIымахуэм бгъуэтыжыркъым.
Дыжьынхэр
- Зи нэхъыжь едаIуэ иIуэху мэкIуатэ.
- Уи адэ-анэм яхуэпщI нэмысыр ,уи бынхэм къыпхуащIыжынщ.
- Зи жьэ куэд жиIэм и Iэ куэд ищIэркъым.
- Зы хьэщIэм хьэщIэ и жагъуэщи,хьэщIытIыр бысымым и жагъуэщ.
- Нэхъыжьыр гъэлъапIи,уи щхьэ лъапIэ хъунщ.
Адыгагъэм теухуа псалъэжьхэр бзэм къыщагъэсэбэпу егъэсэн .
4.Псалъэжьхэм щыуагъэхэр къыхэгъэкIын
Дыщэхэр
- «КIуэдщ жыпIу уыщымшынэ,мэщIэщ жыпIу уытемыгуышхуэ».
- «Гуыпсысэ псалэ, зыплIыхьи тыс».
Дыжьынхэр
- «Лажьыгэм уегъалъэпIэ,щхьэхьынэгэм уегъэпыуд».
- «Нэсыпншэм мэшхъэм тесыми, хэ къуодзэкъэ»
Жэуап пэжыр
Дыщэхэр
«Куэдщ жыпIэу ущымышынэ,мащIэщ жыпIэу утемыгушхуэ».
«Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс».
Дыжьынхэр
«Лэжьыгъэм уегъэлъапIэ,щхьэхынагъэм уегъэпуд».
«Насыпыншэм махъшэм тесми, хьэ къодзакъэ»
5.ПСЫНЩIЭРЫПСАЛЪЭХЭМКIЭ ЗЭПЕУЭ
- НАНЭРЭ ДАДЭРЭ ЗЭБЛОПСЭЛЪЫКI, КЪЫЗЭБЛОПСЭЛЪЫКIЫЖ.
- Е СЕМЫШУ СЕЗЭША? Е СЕШАУЭ СЫЗЭША?
- ЩАКIУЭ ЩIАКЪУЭМ ЩIАКIУЭ ЩIАГЪЫМ ЩIАКХЪУЭ НЫКЪУЭ ЩIЭЛЪУ ЕХЬ.
- ХЬЭНДЫРКЪУАКЪУЭ ЩIАКЪУЭР КЪУАНЩIЭ ЛЪАКЪУЭМ ЩIОКЪУР.
- КЪЕПСЫР КЪЕПСУ КЪЕПСЫХЫЖРИ, КЪЕПСЫР КЪЕПСРИ БЗЭХЫЖАЩ.
- ПЫЖЬ ПЫЗУ ПЫТУ ИТУ ЩЫТУ ЖЫГ.
6.Псалъэхэм антонимхэр къыхуэхьын.
- ЩIыIэ
- Ин
- Жьы
- Хуабжь
- КIыхь
- IэфI
- Псыф
- Шыбжий сыр
- ЛъапIэ
- Ныбжьэгъу
- ФIей
- Хахуэ
- Хьэлэл
- Губзыгъэ
Жэуап пэжхэр
- ЩIыIэ хуабэ
- Ин цIыкIу
- Жьы щIэ
- Хуабжь хуэм
- КIыхь кIэщI
- IэфI гуащIэ,шугъэ
- Псыф гъущэ
- Шыбжий сыр дэгу
- ЛъапIэ пуд
- Ныбжьэгъу жагъуэгъу
- ФIей къабзэ
- Хахуэ къэрабгъэ
- Хьэлэл быдэ
- Губзыгъэ акъылыншэ
7. Къуажэхьхэр
Къуажэхьхэр жыжьэ къыщожьэ. Абыхэм къагъэлъагъуэ цIыхум и губзыгъагъэр, и акъылыр и жанагъыр. Къуажэхь джэгуным дихьэхырт сабийри балигъри. Къыщыхъу щыIэт къуажэ гъунэгъухэр щызэпеуи, хэт и къуажэхьыр нэхъ дахэми, нэхъ къэщIэгъуейми зэхагъэкIын мурадкIэ.
7.Къуажэхьхэр къэщIэн. псалъэзэблэдзым итхэн.
- 1. ВакIуэ дэкIым кIэлъоджэ, къаджэ-наджэу къекIухь.
- 2. КIуэ пэтми, бжьиз зымыкIу.
- 3. Бырыбыплъ, бырыб лъэщ, зауэлIищэм я напэ.
- 4. Цыпхыдзэр зи пащIэ, хуэмып1ащIэу дзыгъуащэ, гуащэ жьан тIэм дэмыкI, зи кIэ цIыкIур зыгъэджэгу.
- 5. Дэнэ укIуэми пкIэрымыкI.
- 6. Уд фIыцIэ пэ дыд, тхьэкIумакIэм зыхесэ, уэсэпс къехмэ мэмэх, хьэ хыжыгъуэм мэятэ, мэкъуауэгъуэм мэтэдж.
- 7. Башыпэ кIапсэ, кIапсэпэ мастэ.
- 8. Ди гуэн цIыкIу лы изщ.
- 9. Хэт къакIуэми фIэхъус ирех.
- 10. ЩабэрыкIуэ, мэз кIуэрей.
- 11(Къехыу: Нашэ-къашэ, хьэ лъакъуэжь, и нэр къопщ, и пщэр кумбщ, «жьгъумпIыкъ» жеIэри псым хопкIэж).
Къуажэхьхэр псалъэзэблэдзым итхэн
8. IуэрыIуатэмкIэ упщIэхэм жэуап етын
- Нарт лIыхъужь нэхъыщхьэщ, лIы фIыцIэ гъущIынэщ,зи мэIуху дыщафэ, афэр зи джанэ куэщI, дыгъэр зи пыIэ щыгу. Хэт хъуну ар?
- ЩIым гъунэ зэримыIэр, цIыхум и Iэплъэпкъыр цIыхум нэхърэ зэрынэхъ быдэр къэзыхутар сыт хуэдэ нарт лIыхъужь?
- Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу, хьэрхуэрэгъу зи бащэ, хьэхуншэ шу, и шабзащхьэ мэзышхуэ хуэдэщ; и дамэ ижьым дыгъэр къыщопс,и дамэ сэмэгум уэсыр къыщос. Хэт хъуну ар?
- Сосрыкъуэ и шым дауэт зэреджэр?
- Нарт жылэр зэчэнджэщыну, унафэ ящIыну щызэхуэсу щыта щIыпIэм дауэт зэреджэр?
- Сыт хуэдэ нарт пшыналъэ зыщыщыр мы пычыгъуэр:
«СЭТЭНЕЙ БЛИТI ЗЭТЕЛЪЫМ
ЗЭБЛЭДЗЫП1ЭМ БАШ НЫХЕIУ
БАШ ЩЫХИIУМ БЛИТIЫР КЪАЩТЭРИ
Я ШЭРЭЗХЭР КЪРАДЗАУЭ, ЗЫЗЭРАДЗЭУЭ ЩIАДЗАЩ»
9. Гуп пашэхэм я зэпеуэ. Псалъэрыджэгу.
Иджыпсту гуп къэс я пашэхэр зэпедгъэуэнщ. Адыгэбзэр мыхьэнэншу, къулейсызу жаIэр. Ар пэжкъым. Иджыпсту ар зэрыкъулейр наIуэ къащIыну абыхэм «Анэдэлъхубзэ» псалъэм хэт псалъэ нэхъыбэ къыхимыгъэкIрэ. Сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэри хъунущ.
Ди зэпеуэм и кIэухыу зыкъыфхуэзгъэзэнущ хъуэхъу псалъэкIэ:
Нобэ мыбы кърихьэлIахэм, гугъу къыддехьахэм:
Фи гъащIэр кIыхьу,
Фи нэмысыр лъагэу,
Фи насыпыр куууэ,
Фи акъылыр хурикъуу,
Гухэхъуэр фи куэду,
Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу!
УЗЫНШЭУ ФЫЩЫТХЭ !
Зы Хэку,
зы хабзэ,
зы бзэ,
зы лъэпкъ!