Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение Средняя общеобразовательная школа с. Псыншоко»
«Однокоренные (родственные) слова»
(методическая разработка урока кабардинского языка во 2 классе)
Учитель начальных классов
А.М.Нафонова
Мурадыр:
Псалъэ лъабжьэр къазэрыгурыIуар убзыхун, ар щыуагъэншэу псалъэм къыщагъуэтыфу егъэсэн;
Псалъэ зэлъабжьэгъухэр жегъэIэн;
Гъатхэм теухуа псалъэмакъ егъэкIуэкIын, псалъэжьхэр, къуажэхь- хэр еджакIуэхэм жегъэIэн, бзэм зегъэужьын.
Природэр фIыуэ ялъагъуу, яхъумэу сабийхэр гъэсэн.
Урокым ехьэлIапхъэхэр: сурэтхэр, карточкэхэр, презентацэ
«Гъатхэ»
Урокым и екIуэкIыкIэр
-ЕджакIуэхэр урокым зэрыхуэхьэзырым кIэлъыплъын, темэмрэ му- радымрэ щыгъуазэ щIын. (слайд №1, 2)
«Удзхэри къощхъуантIэ, дыгъэри къопщIыпщI. ПцIащхъуэ цIыкIунитIэм бжащхьэм абгъуэ щещI. Дыгъэри щIэращIэщ, гъатхэри гум фIэфIщ.
СегъэдаIуэт, дахэ, уэрэд псэм фIэIэфI»
-Гъэм и сыт хуэдэ зэман усэм зи гугъу ищIыр?
-Сыт хуэдэ гъэм и зэман дызэрытыр?
-Фыкъеджэт доскам ит псалъэхэм.
гъатхэ, гъатхэпэ, гъатхэкIэ, къуаргъ (доскам итщ)
-Сыт хуэдэ псалъэ лейр? (Къуаргъ)
-Адрей псалъэхэм щхьэкIэ сыт жыфIэфынур? (Ахэр псалъэ зэлъаб- жьэгъущ)
-Хэт къизжиIэн нобэ ди урокым и темэр?
Нобэ, цIыкIухэ, псалъэ лъабжьэм, псалъэ зэлъабжьэгъухэм те- ухуауэ тщIэр едгъэбыдылIэнущ. БлэкIа темэхэр къэтпщытэжынущ. Гъатхэм дунейм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм дытепсэлъыхьы- нущ.
-Гъатхэм теухуа сурэтхэм я выставкэ.
Гъатхэм теухуа сурэтхэр хъарзынэу фщIащ. Сурэтхэм хэтщ гъатхэ- пэр къыщыгъэлъэгъуаи, гъатхэкIэр къыщыгъэлъэгъуаи.
-Сочиненэ «Гъатхэ»
Гъатхэм теухуа сочиненэхэм еджак1уэхэр къоджэ.
- Гъатхэ. Мы гъэм гъатхэр пасэу къихьащ. Дунейр нэхъ хуабэ хъуащ. Дыгъэ къопс. Уэсыр мэткIу. Псыхьэлыгъуэхэр мажэ. Гъат- хэм псори къопсэуж. Къуалэбзухэр ди щIыпIэм къолъэтэж. Абыхэм абгъуэ ящI. Дэ ахэм дыхуосакъ. Къуалэбзухэр сэбэп мэхъу. Сочи- ненэхэри фIы дыдэу фтхащ. Гъатхэм къэхъу зэхъуэкIыныгъэхэм фызэрыщыгъуазэр си гуапэщ. АдэкIэ ди урокым къыпыдощэ.
-Тхэным ди 1эпэхэр хуэдгъэхьэзырынщ.
Iэбэдзыуэ-дзыуэ Ланэ изогъэщI.
И Iэ цIыкIухэр цIууэ Шхэгъуэ къэс етхьэщI. Iэбэдзыуэ-дзыуэ,
Ланэ джэгурей,
Ещхьщи жэнэтбзум ар, Уафэм долъэтей.
Iэбэдзыуэ-дзыуэ, Уэгур къелъэтыхь,
Вагъуэ цIыкIухэр цIууэ Ланэ цIыкIу къытхуехь
-Жыджэру фи Iэпэхэр тхэным хуэвгъыхьэзыращ, фытIысыжи доскамкIэ фыкъаплъэ.
- Мы псалъэхэм зэщхьу сыт хуэдэ хьэрф хэтыр? (гъ)
гъатхэ, гъатхэпэ, гъатхэкIэ, къуаргъ (доскам итщ)
-Сыт къызжефIэн а хьэрфым теухуауэ? Хьэрф гъ-р дамыгъитIу зэ- хэтщ)
-Сыт хуэдэ макъ къигъэлъагъуэр а хьэрфым? (гуэгъу зиIэ макъ дэкIуашэ жьгъыжьгъ)
-Хэт къищIа нобэ ди урокым дахэу, къабзэу, пэжу тхэным хухэха дакъикъэхэм тхыну хьэрфыр? (Гъ, гъ)
-Сыт ар хьэрфышхуэрэ хьэрф цIыкIуу щIыщытыр? (Правилэр къыжаIэ, щапхъэ къахь).
-Нэхъ дахэу фтха хьэрфыр къэфтхъыхь.
-Псалъэухахэм фыкъеджэ.
Къуаргъ.у зыкъом жыгым тест. Гъатхэм пасэу
п.щIэр бжьыхь- эм игъуэ мэхъу.
-Хьэрф дэгъэхуахэр хэвгъэувэж. Псалъэм хэт хьэрф ы-м сыт и къа- лэныр? (правилэр къыжаIэ)
-Псалъэухахэм щыщу псалъэжьыр дэтхэнэра? Дауэ къывгурыIуэрэ псалъэжьым и мыхьэнэр? Псалъэжьыр тетрадым иратхэ.
БлэкIа урокхэм яджар къэпщытэжын
1. Словарнэ диктант (сурэткIэ, слайд № 3)
Къанжэ, къуаргъ, пцIащхъуэ, къру, хьэндрабгъуэ, аргъуей, жьын- ду, бжэндэхъу, пкIауэ, пцIащхъуэ. (Проверка в парах)
-Гъудэ бадзэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр плъыжьу, къуалэбзухэр – удзыфэу щIэтхъэн.
-Къуалэбзухэм щхьэкIэ сыт жыфIэфын?
(Къуалэбзухэм языныкъуэхэр бжьыхьэм хуабапIэ щIыпIэхэм мэлъ- этэжхэр. Гъатхэм деж абыхэм къагъэзэжри абгъуэхэр ящI, бзу шыр цIыкIухэр къраш).
Сыт хуэдэ бзухэра ар?
ПцIащхъуэ цIыкIухэр IэнэщIу къэлъэтэжакъым, абыхэм фэ лэжьыгъэ къыфхуахьащ. (слайд № 4)
- Феплъыт сурэтым. Сыт щыфлъагъур? Фыкъеджэт пцIащхъуэ цIыкIум къыфхуихьа псалъэухам.
Псыхьэлыгъуэ цIыкIухэр йожэх.
- Абы хэт псалъэхэм упщIэ яхуэвгъэув.
Псыхьэлыгъуэ псалъэм и лъабжьэгъу къэвгупсыс. (псы, псынэ, псыкъуий, псылъэ, псыежэх)
-Псалъэхэр тетрадым ифтхэ. (Тетрадми досками псалъэхэр щатх, еджакIуэхэр зэрызурэ къыдэкIыурэ)
ДжэгукIэ. «Сыт лейр?» (слайд № 5, 6)
-Гъатхэм щымыщу сыт сурэтым къыщыгъэлъэгъуар? (Уэс дадэ, жыг, мэракIуэ)
-Сыт художникым зыхигъэзэрыхьар? (сэхуран, къэрабэ, розэ)
Гъатхэ зэманым теухуауэ куэд зэрыфщIэр наIуэ къэфщIащ.
Иджы тIэкIу зыдгъэпсэхунщ.
Физминуткэ (слайд № 7)
Урокым и темэр джыным пыщэжын
-ЩIымахуэ псом жей псэущхьэхэри щы1эщ. Иджыпсту къуа- жэхьыр къафщIэмэ къэфлъагъунущ абыхэм ящыщ зы. Абы къыфхуихьащ езыр-езыру вгъэзэщ1эну зы лэжьыгъэ.
ТхылъымкIэ гъэлэжьэн (слайд №8, мыщэ)
-лэжь. 171 (нап. 92)
(Лэжьыгъэр къапщытэж, щапхъэ доскам итым еплъурэ)
Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэ (слайд №9, бажэ)
Зи Iэр бацэ Зи цыр щабэ, Губгъуэрысу Дзыгъуэ ещэ, ПыIэ ящIу Зи фэр ящэ.
-Бажэ цIыкIуми фхуигъэхьэзыращ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн. Си гугъ- эщ фигу ирихьыну.
«Зоопаркым псэущхьэ много щопсэу. Животные гъущIхъархэм сидят. Абы ис псэущхьэхэм ящыщу левыр хуабжьу бзаджэщ.
Обезьянэ – псом нэхърэ нэхъ хьэлэмэтщ. Зоопаркым щыплъ- агъунущ: лиса, лошадь, волк, слон, медведь, джэду.
Абы змея абрагъуэ гуэр исщ заяц пэмыжыжьэу».
-Текстым фыкъеджэ.
-Урысыбзэ псалъэхэр адыгэбзэкIэ зэфхъуэкI.
-Псэущхьэхэм я цIэхэр адыгэбзэкIэ фтхыж.
-Текстым цIэ фIэфщ.
Творческэ лэжьыгъэ (слайд № 9)
-Фи гупсысэм зригъэужьым фIэфIу нобэ ди урокым къытхуеблэгъ- ащ иджыри зы псэущхьэ. ФедаIуэт къуажэхьым.
Мастэ Iэтэ кърехьэкI,
Дэрбзэр IуэхукIэ зы лъэмыкI.
Цыжьбанэ- псалъэм псалъэхэр къыхащIыкI. Ар вгъэзэщIэн и пэ къихуэу классым гупитIу зывгуэш.
(ГупитIу ягъэзащIэ)
(цы, жьэ, банэ, анэ, нэ, бацэ, цыбэ, жьы, бэ, бжьэ)
Мэз псалъэм и лъабжьэгъу къэгупсысын (къэпщытэжын)
-Сыт нобэ щ1эуэ къэфщ1ар?
-Сытым нэхъ гугъу фыдехьа?
-Сыт хуэдэ лэжьыгъэр фигу ирихьа?
Слайд 1
Слайд 2
Слайд 3
Слайд 4
Слайд 5
Слайд 6
Слайд 7
Слайд 8
Слайд 9
Слайд 10
Мастэ Iэтэ кърехьэкI
Дэрбзэр IуэхукIэ зы лъэмыкI.
Слайд 11
Слайд 12