СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Сохраним язык -сохраним народ. 4 класс

Нажмите, чтобы узнать подробности

Классный час "Сохраним язык -сохраним народ. " предназначен для 4-х классов.

Разработка поможет в подготовке и проведении

Международного дня родного языка  классным руководителям.  начальных классов

 Мероприятие проводится с целью повышения осведомленности о

языковых и культурных традициях своего народа.

Просмотр содержимого документа
«Сохраним язык -сохраним народ. 4 класс»

Уи бзэр пхъумэжмэ уи лъэпкъри мык1уэдыжын.

Мурадыр:

1.Бзэм и къулеягъыр, и гуащ1агъыр зэхегъэщ1эн, лъэпкъыр ф1ыуэ ялъагъуу, иригушхуэу къэгъэхъунымк1э гъэсэныгъэ лэжьыгъэ ядегъэк1уэк1ын;

2. Уи бзэр пхуэмыхъумэжмэ, лъэпкъри зэрык1уэдыжыныр хьэкъ ящыщ1ын;

3. Я бзэм зегъэужьын,я зэхэщ1ык1ым зегъэубгъун.


Егъэджак1уэм:

Зджащ нэмыцэр, зэи

Дзы хуэсщ1ыкъым.

Урысыбзэр хъуащ си 1эщэ лъэщ

Ауэ ф1ыуэ слъагъуу адыгэбзэ макъым

И дахагък1э зыри пэмылъэщ

Налкъут щыгъэу ар къызэролъэлъыр.

Жэнэт бзууэ къо1ущащэр зэм…

Си лъэпкъ уардэ – Нобэ ф1ыуэ слъытэм

И къежьап1эр ди уахътыншэ бзэрщ.


Егъэджак1уэм:

Фи махуэ ф1ыуэ, хьэщ1эхэ, ц1ык1ухэ!

«Ди бзэр ди псэщ», - жаIэ адыгэхэм. Лъэпкъым и анэ­дэлъхубзэр къыдекIуэкIыу, къы­щIэхъуэ щIэблэм ар Iурылъу къэ­тэ­джыныр уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. Адрей тхыбзэхэм еплъытмэ, адыгэ тхыбзэм къикIуа гъуэгуанэр кIы­хь­къым, арщхьэкIэ абы зыкIи игъэлъахъшэркъым абы и лъапIагъыр, игъэмащIэркъым и IэфIагъыр. Ди лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр. Аращ усакIуэ гъуэ­зэджэ КIыщокъуэ Алим адыгэбзэр дэтхэнэ ди цIыхуми и гъуэгу къежьапIэу, ди лъэпкъыр зыIэт, адрейхэм езыгъэлъагъу, езыгъэцIыху дамэу, адыгэр дызэрыгушхуэ, дызэрыпагэ, ди напщIэм телъ лъапIэныгъэу къыщIилъытар.

Щ1. Адииху: « Гъуэгу къежьап1э» КIыщокъуэ Алим

Егъэджак1уэм:

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэси 160-м щIигъуащ адыгэхэм тхыбзэ диIэ зэрыхъурэ. Абы и щIэдзапIэу ялъытэ адыгэ еджагъэшхуэ Бырсей Умар «Адыгэ псалъалъэ» тхылъыр къыщыдигъэкIа зэманыр: 1853 гъэм и гъатхэпэм и 14-р. Ар и тегъэщIапIэу, адыгэу дунейм тетым ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм - Дунейпсо Адыгэ Хасэм - 2003 гъэм унафэ щхьэхуэ къищтащ гъатхэпэм и 14-р илъэс къэс Адыгэ тхыбзэм и ма-хуэу дгъэлъэпIэным ехьэлIауэ. Ди бзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн пап-щIэ, апхуэдэ лъэпкъпсо унафэм мы­­хьэ­нэшхуэ иIэщ, шэч хэмылъу.

Сыт хуэдэ зэмани ди лъэпкъым и цIыху пэрытхэр, хэкупсэ нэсхэр иропIейтей адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум. Пасэ зэманым абы елэжьахэщ лъэпкъ узэщIакIуэхэу Хъан-Джэрий ­Сулъ­тIан, Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий сымэ. Абыхэм ­кърахьэжьа Iуэхум пищэу, адыгэбзэм и тхыбзэр зэфIэгъэувэным елэжьащ лъэпкъ еджагъэшхуэ Бырсей Умар. Абы и лэжьыгъэм пащащ Бырсейм и ужь ита ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм, къэхута­кIуэхэм. 1917 гъэм екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэшхуэм и ужькIэ адыгэбзэм и алфавитыр урыс хьэрфхэм хуагъэкIуауэ щытащ. ИлъэситI-щы нэхъ дэмыкIыу бзэм и макъхэр къэгъэлъэгъуэныр хьэ­рып хьэрфылъэм хуагъэкIуэжащ. АбыкIэ къэбэрдей школхэм щрагъэджащ илъэс зыбжанэкIэ.

Адыгэбзэр хъумэным елэжьыр щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм, егъэджа­кIуэхэм я закъуэкъым - абы ирогузавэ къэрал унафэщIхэри. Ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр ­хъумэным, абыхэм адэкIи зегъэужьыным хуэунэтIа унафэ зэмылIэужьыгъуэхэр ­КъБР-м и Парламентым къищтащ.

Лъэпкъым и блэкIари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр тхыбзэрщи, абы сыт щыгъуи гулъытэ хуэщIыпхъэщ.

«Ухыгъэмрэ къэхъугъэмрэ зи Iэмырым солъэIу анэдэлъхубзэм хузиIа лъагъу­ныгъэр зыдэзыгуэшын щIэблэ си ужь къи­хъуэну», - адыгэбзэр и псэм щыщ Iыхьэу зэрыщытыр гум къиIукI апхуэдэ псалъэхэмкIэ къигъэлъэгъуауэ щытащ адыгэ еджагъэшхуэ Нэгумэ Шорэ. Лъэпкъым хуэгъэпса апхуэдэ хъуэпсапIэ дэтхэнэ адыгэми дигу илъын хуейщ, бзэр тIэщIэкIмэ, лъэпкъкIуэдыр къытхуэкIуэнкIэ зэрыхъунур тщIэжу.

Р. Лианэ «Адыгэбзэ» Бемырзэ Мухьэмэд.


Т. Сабинэ:

Си адыгэбзэм и ныбжьыр лъэпкъым и ныбжьырагъэнущ.

Сэ сыадыгэщ! – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи.

Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри. Бзэ нэхъыбэ пщ1эху уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым.

Щ1ып1э куэдым щикъухьащ ди адыгэхэр. Сыту гуапэт а къомыр зыуэ зэгъусэу культурэми, бзэми, псэук1эми зэрагъэузэщ1у щытамэ. Дэнэ ущымы1эми, уадыгэщ. Ц1ыху куэдхэр зэмыщхьущ зэрыпсэур: зыр къулеягъэм къызэгуеуд, ет1уанэм емыгъэлеями, зыхуей игъуэту мэпсэу, адрейм гъащ1э к1апит1ыр щызэлъимыгъэ1эсыфыр нэхъыбэщ. Къапщтэмэ, псоми а зы бзэр т1урылъщ, дэтхэнэм къыжьэдэк1ри къызэри1уатэр ди адыгэбзэ шэрыуэщ, блэ шэрэзыр къыхэмыхьэну дэтхэнэми дгъэдахэрщ.

Гъу. Амир:

Упсэу уэ куэдрэ си адыгэбзэ!

Уэ лъэпкъым ури напщ1эщ, и ури лъабжьэщ.

Упсэу уэ куэдрэ удигуф1эгъуэу.

Утхуэпсэухук1э ди лъэпкъыри мык1уэдыжын.


Т. Дианэ:


Дунейм сыт хуэдиз лъэпкъыу тет. Апхуэдизк1э куэд мэхъури 1эпэк1э къыпхуэбжынукъым. Дэтхэнэ зы лъэпкъми езым гъуэгуанэ къик1уащ, зыми ейм емыщхьу. И1эщ дэтхэнэ зыми бзэ, тхыдэ, хабзэ, псалъэжь, 1уэры1уатэ. Абык1э сэ жыс1эну сызыхуейр мыращ: дунейм тет дэтхэнэ лъэпкъми езым еиж щытык1эхэр и1эжщ, ц1ыху «1э сурэтыр» зэрызэмыщхьым хуэдэу. Ауэ щы1эщ зы щытык1э, мывэ лъап1эм хуэдэу, мыхьэнэшхуэ и1эу. Ар ц1ыхум, лъэпкъым и бзэрщ, и анэдэлъхубзэрщ.

Бзэр т1эщ1эхумэ – дылъэпкъым. Бзэр т1эщ1эк1мэ, напэтехщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, иджырей зэманым мащ1экъым бзэр 1эщ1ыб зыщ1 ц1ыхухэр. Апхудэхэр дэтхэнэ лъэпкъми и1эщ. Зи бзэр 1эщ1ыб зыщ, и бзэм ирипсалъэну зищхьэ тезмылъхьэ. Ар къемызэгъщ, емык1ущ. Апхуэдэ ц1ыхур лъэпкъыншэщ, тхьэмыщк1эщ. Ди бзэр ди1эхущ ди лъэпкъри зэрыпсэуныр.


Щ1.Адииху:

Адыгэбзэр бгъэлъэп1эн, бгъэбэгъуэн, бгъэбзэрэбзэн папщ1э, уадыгэ нэсу, адыгагъэ пхэлъу, адыгэлъ пщ1эту ущытын хуейщ. Уи л1ыгъэм бэр икъутэу уадыгэл1у ущытми, щхьэзакъуэу зыри пхуэщ1энукъым. Абы и щыхьэтщ адыгэхэм «мывэ закъуэ къалэ хъуркъым» жыхуи1э псалъэжьыр.

Дэтхэнэ зы лъэпкъми бзэр зы1эщ1эдгъэк1 1эщ1ыб тщ1ы хъунукъым. Ди бзэр ф1ыуэ тщ1эуэ, адыгэ хабзэм хэтщ1ык1ыу, зетхьэу, бзэм зедгъэужьыну дэрэжэгъуэу ди1эу дыщытын хуейщ, бзэр ди нэщи, ди псэщи ди зэф1эк1щи. «Бзэр зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ, фом нэхърэ нэхъ 1эф1щ, джатэм нэхърэ нэхъ жанщ» жыхуа1э псалъэжьыр зэик1 зэщыдгъэгъупщэ хъунукъым.


И. Роксанэ: «Си адыгэбзэ» Къэгъырмэс Борис.

Узэрымыпсалъэ бзэм уригупсысэкъым, узэрымыгупсысэ бзэр щымыIэ пэлъытъэщ – зэрызепхьэм, зэрыбгъэпсэуалъэм елъытащ лъэпкъым пщэдейм щиубыдыну увыпIэр. Жьабзэр фащэмэ, тхыбзэр Iэщэщ, айтIур зэпэIэщIэ хъумэ, зэмыгъусэу щытмэ, бзэм ихьын щыIэкъым. Ар гъащIэм къихьа зы пэжщи, жьабзэри тхыбзэри зэдгъэкIун хуейщ; щIэблэм анэдэлъхубзэр ищIэнымкIэ мыкъутэж шэсыпIэ дыщиувэфынур абдежщ. Адыгэбзэ псэлъэкIэмрэ тхыгъэмрэ щызэлъэIэскIэ, щызэкIэлъыщIыхьэкIэ, бзэм иджыри ущыгугъ мэхъу, щIэблэри абы хуэшэрыуэу къызэрытэджынумкIэ


Дэ федгъэдэ1уэну дыхуейщ адыгэ лъэпкъым хуэгъэза хъуэхъу


В. Андзор: Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,

Щlым и лъащlэр ди тlысыпlэу,

Уафэгъуагъуэм дыкъимыгъаскlэу,

Къаскlэхэр ди бийхэр арауэ,


Л. Аслъэн: Хъуаскlэхэр ди жьэгу мафlэм къыдидзу,

Дыгъэ къуэпсым и нэхур къытхидзу,

Пшэхэр ди къуэш пэлъытэу,

Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,


Е.Сальмэ: Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,

Жагъуэгъухэм ягу щагъэфlхэр ткъутэу,

Езыхэм ди щхьэц налъэ яхуэмыкъутэу,

Ди къуэшхэм щынэлыр ядэткъутэу,


Къу.Беслъэн: Ди пщащэхэм закъутэрэ загъафlэу,

Ди губгъуэ lэнэхэр дыгъафlэу,

Гупсысэ lэфlхэр гухэм щыдгъафlэрэ

Къытпэщылъ lуэхухэр щlыкlафlэу,


Ш. Азэмэт: Гъуэгу къытпэщылъыр къызэнэкlыгъуафlэу,

Нартхэ я лъэужьыр хэмыгъуащэу,

Гъуащэхэр нэ къыдэзыщэхэр арауэ,

Ди унэ гуащэхэр lущабэу


Гъу. Аслъэн: Дызытеувэр щlы фlыцlэ щабэу,

Зыддзымэ дымыщэ пlащэу,

Ди пщащэхэр къытхуэгумащlэу,

Адыгэ Хабзэр ди щlэблэм едгъащlэу,


Къ. Миланэ: Шыгъу пlастэм зыщыдмыгъащlэу,

Фlы щlэным дыхуэпlащlэу,

Нэщхъеягъуэхэр ди мащlэу,

Ди псы уэрхэр lуедмыгъащlэу,


Къу. Темболэт: Ди псыхъуэжь кlуэцlхэр къабзащэу

Адыгэ цlыхухэр щэджащэу,

Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,

Адыгэщlхэм дыщытепщэу,



С.Арианэ: Жьы махуэхэр къытхуепщэу,

Ди псыхэр мыутхъуэрэ,

Псынэпсхэр бжыгъэншэу къыщlэжу,

Ди lэнэм тетыр тхъущlэжу,


Н.Аслъэн: Ди тхыдэ телъыджэр тщlэжу,

Щlэблэр къуэпс бжыгъэншэу къыткъуэжу,

Сыт тхузэфlэмыкlами зытщlэжу,

lуэху зэпыдгъэуахэм тхупыщэжу,


П. Лаура: Ди напэхэр мылъку щхьэкlэ дымыщэжу,

Тщыгъупщэжар къытхуэщlэжу,

Гъавэр хадэхэм щыгъунэжу,

Къуэпс ныкъуэфхэр пыдгъэжу


П.Алан: Зэпыча псор тхузэпыдэжу,

ЩхьэгъэпцIэныр дымыдэжу,

Ддэр цlыхугъэрэ напэу,

Адыгэ Хэкум и lуэхур тфlэнэхъапэу,


К1у. Арианэ: Зэгурыlуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу

Щхъужь къыдатхэр тфlэфоматэу,

Зыми зедмыгъэщхьрэ

Псоми зыкъыдагъэщхьыу,


П. Ратмир: Ди псыежэххэм я щlагъыр мывэкlэщхъыу,

Дыгуфlэгурэ дыгушхуэу,

Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дигъэпсэу.





Удж хэш сабийхэм ягъэзащ1эу


Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!